АДЫГЭ
ХЪУЭХЪУ-СЭЛАМХЭР
Адыгэ хъуэхъу-сэламхэр зыбжанэу зэтегъэпщIыкIащ. Хъуэхъу-сэламыр цlыхур зэлэжьу зыпэрыт IэнатIэм теухуащ. Сэлам хъуэхъур зытыр 6гъэдыхьарщ, къеIызыхыy жэуапыр зытыжыр лэжьыгъэ зыщIэу IэнатIэм пэрытырщ. Абы къыхэкlыу адыгэм лэжьыгъэ бжыгъэм тещIыхьа тыкlэ зэхуэмыдэхэри иlащ.
Зыбгъэдыхьар вэуэ ирихьэлlамэ:
- Бов апщий! - жреIэ. Абы къикIыр - «увэм къытекlэр бэв Тхьэм ищI!» - жыхуиlэщ.
- Бэв хъун Тхьэм къуит, фIыкlэ пшхыжыну! - къыжреlэж.
Зыбгъэдыхьар мэкъу еуэу, гуэдз е мэш къихыу, нартыху къыдичу ирихьэлlамэ:
- Шхуошх апщий! - жреlэ. Абы къикIыр - «еншэу ушх!» - жиIэу аращ.
- Еншэу пшхын Тхьэм къуит! - къыжреIэж. Зыгуэр къищэхуу ирихьэлlамэ:
- Хъер пхухъу, е угъурлы тхьэм пхуищI! - жреlэ.
- Хъер хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Зэхъуэхъуар нэхъыжьмэ, «жьыщхьэ махуэ ухъу!»- жеIэри дыщlегъур.
Е ехъуэхъур нэхъыщIэмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! - жеlэри дыщlегъу. Зыгуэр ищэу ирихьэлlамэ:
- Уасафlэ тхьэм пхуищl! - жреlэ. Ари ехъуэхъуам и ныбжь елъытакlэ къохъуэхъужыр.
Зыбгъэдыхьар 1эщыхъуэу , е Iэщ щаlыгъ уэтэру щытмэ:
- Бохъу апщий! - жреlэ. Абы къикlыр - «уи Iэщыр Тхьэм пхуигъэбагъуэ, куэд Тхьэм пхуищI,» жыхуиlэщ. - Куэд хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж. Зыбгъэдыхьар Iуэуэ хьэмым тетмэ:
- Хьэмбов апщий! - жеlэ.
- Бэв хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Iэщ гуэр иукlыу е зэlихыу ирихьэлIэмэ:
- ФIыкlэ фышх е фIыкlэ Тхьэм фигъэшх! - жреlэ.
- ФIыкlэ пшхын тхьэм къуит! Еблагъэ, ди ныш хьэзырщ! - къыжреlэж. .
Гуп уэршэрым ябгъэдыхьэмэ:
- Уэршэр фlохъу апщий! - яжреlэ.
- Тхьэр аразы къыпхухъу, къеблагъэ, удгъэуэршэрынщ! - къыжраlэж.
Пщэдджыжьым зэрихьэлlамэ:
- Пщэдджыжьфlохъу апщий! - жреlэ.
- ПщэдджыжьыфI Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Махуэу зэрихьэлlамэ:
- Уи махуэ фlы ухъу! -жеIэ.
- МахуэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Пщыхьэщхьэу зэрихьэлlамэ:
- Пщыхьэщхьэфlохъу апщий! - жреIэ.
- Пщыхьэщхьэфl Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Илъэсыщlэр къихьауэ щызэхуэзэкlэ:
- Етlанэгъэм фIыкlэ унэс, илъэсыщlэр угъурлы Тхьэм пхуищI! - жаlэри зохъуэхъухэр.
ПщlыхьэпIэ зылъэгъуам пщэдджыжьым гу нэщIу и пщlыхьэпIэр иlуатэркъым.
Пщlыхьэпlэ слъэгъуащ,- жиIэмэ;
- Хъер ухъу, уи пщIыхьэпlэр! - жраIэ. ЩакIуэу губгъуэм итым ирихьэлIамэ:
- Хьэкъуэж апщий! - жраIэ.
- Си хьэм къуэжар Тхьэм къуит,- къыжреIэж. КъищэкIуаIауэ кърихьэлIамэ, зыдегъэгуашэр.
IуэхуншитI зэрихьэлIамэ, нэхъыщIэм: - Уи махуэ фIы ухъу! - жеIэ.
- МахуэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Гуп уэршэрым яблэкI лIы гъуэгурыкIуэм:
- Сэлам алейкум! - яжреIэ. «Сэламым» къикIыр «Къайгъэншэу, мамыру фыпсэ,у!» жыхуиlэщ, езыр хьэрып псалъэщ.
- Уахьэлекум сэлам! - къыжраlэж. «Уэри мамыру Тхьэм уигъэпсэу» жыхуаIэщ.
Пщыхьэщхьэм гъунэгъум е хамэ унагъуэ щIэсауэ къыщыщIэкIыжкIэ:
- НэхулъэфI фыкъикI! - яжреIэ.
- Уэри укъикI, жьыщхьэ махуэ ухъу е насыпыфIэ ухъу! - жраIэ и ныбжьым елъытауэ.
Бацэ трахыу, е цы ящу ирихьэлIэмэ: - Бощ апщий! - жраIэ.
- Бэуэ къэпщын Тхьэм къуит! Е бэ Тхьэм къуигъэщ! - къыжраIэж.
Бжыхь яхуу е псэуалъэ гуэрхэр ягъэуву ирихьэлIэмэ: - Бжэгъулъэ махуэ апщий! Псэуалъэ угъурлы тхьэм фхууищI! - жраIэ.
- Жьыщхьэ махуэ ухъу! - къыжраlэж, ар нэхъыжьу щытмэ. Ауэ къайхъуэхъуар нэхъыщlэу щытмэ: - Насыпыфlэ ухъу! - къыжраlэж.
lэщышхуэ е lэщ цlыкlу къахэхъуауэ ирихьэлlэмэ:
- Хъер Тхьэм фхуищl, минкlэ Тхьэм фхуигъэбагъуэ! - жраlэ.
- Хъер хъун Тхьэм къуит! - къыжраlэж. Мафlэм пэрысу ирихьэлlэмэ:
- Мафlэхъу апщий! - жраlэ.
- Упсэу апщий! Е жьыщхьэ махуэ ухъу, еблагъэ, е насыпыфlэ ухъу! - къыжраlэж.
Сымэджауэ къэтэджыжам ирихьэлlэмэ: - Лъапэ махуэ къыухьэжьэж! - жраlэ. Къехъуэхъуар нэхъыжьмэ:
- Жьыщхьэ махуэ ухъу! - къыжраlэж. Ауэ къехъуэхъуар нэхъыщlэмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! - жаlэ. Гъуэгу теувэм:
- Гъуэгу махуэ! - жраlэ. Къехъуэхъуар нэхъыжьмэ:
- Тхьэр аразы къыпхухъу, жьыщхьэ махуэ ухъу! - жраlэ. Нэхъыщlэмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! - жраlэ.
Гъуэгум тly щызэрихьэлlамэ, нэхъыщlэм: - Гъуэгуфlыж апщий! - жеlэр.
- Дызэдижьэ апщий! - къыжреlэ, и гъусагъэр ищтэу щытмэ. И гъусагъэр къимыщтэу щытмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! Гъуэгу махуэ апщий! - къыжреIэж. Мыдрейми ар къыгуроlуэри, и шым йолъэдэкъауэри и гъуэгу тоувэж.
Гъуэгу тетар къэсыжамэ:
- Фlэхъусыж! - жраlэ. ФIэхъусыжыр жезыlэр нэхъыжьмэ:
- Жьыщхьэ махуэ ухъу! - жреlэж. Ауэ нэхъыщlэмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! - жреlэж.
Хьэщlэ къыдыхьамэ е шу гъуэгурыкlуэ къепсыхамэ: - Фlэхъус апщий! - жраlэ. Абы къикlыр - «ФIыкlэ укъэкlуауэ Тхьэм къыщlигъэкl» - жыхуиlэщ. - Упсэу апщий! - жреlэж.
- Узэпэщым, уузыншэм? - жреlэ бысымым.
- Тхьэм уигъэузыншэ, псори фlыщ! - жеlэ къыдыхьам.
Шу е лъэс блэкIмэ:
- Еблагъэ, хьэщlэ утщlынщ! - жраlэ. . - ФIым дыхуиблагъэ! - къыжреlэж.
Тутнакъэщым къикlыжауэ ирихьэлlэмэ:
- Абы нэхърэ нэхъ бэлыхьрэ, нэхъ гугъуехьрэ тхьэм къыуимытыжкlэ! - жраlэ. Къехъуэхъуар нэхъыжьмэ:
- Жьыщхьэ махуэ Тхьэм уищl, Тхьэм гузэвэгъуэншэ уищl! - жреlэ. Ауэ, къехъуэхъуар нэхъыщlэмэ: - насыпфlээ ухъу! - жреlэ.
3ыхуэзам фыз къишагъащlэмэ:
- Жьы Тхьэм фызэдищl! - жраlэ .. Ауэ ауан псалъэу «пщlэгъуалэр хъейр пхухъу!» - жраlэ. Езыри нэхъыжь. нэхъыщIэм зэрыхуэфэщэнкlи къадогушыlэж.
Къуэ къыхуалъхуамэ:
- Тхьэм пхуигъэпсэу, псэ быдэ Тхьэм пхуищl! - жаlэ.
Езыми, нэхъыжь-нэхъыщlэкlэ зэрыхуэфэщэнкlэ жэуап къетыр. И ныбжьэгъухэр и тхьэкlумэм йокъу.
Удын игъуэтауэ, е и къупщхьэ къутауэ, е уlэгъэ хъуауэ щlэупщlакlуэ хуэкlуэм*,~
- Фэбжь хъуами, Тхьэм лажьэ имыщlкlэ! - жраlэ.
Езыри зэрахуэфэщэнкlэ кlуахэм къохъуэхъу.
Фадафэ гуп яхыхьэмэ:
- «Гуп махуэапщий! - яжреlэ.
- Уа, упсэу апщий! - Е а къыщlыхар нэхъыжьмэ, «жьыщхьэ махуэ ухъу! - жаlэри ари дыщlагъуж. А къы щlыхьам «гуп махуэбжьэ» иратри ирагъафэ, ямыгъэтlысу щыт кlыщlэ. Абы ират бжьэм зэреджэр «гуп махуэ бжьэщ» е «сэламчэтыбжьэщ». Ауэ а къахыхьар нэхъыжьу щытмэ, «гуп махуэбжьэ» ирамыту, жьантIэм дашэу псори зэщlэтаджэу ягъэтIысын хуейщ. Бжьэ хурагъахъуэрэ lэщlагъэувэмэ, абы и унафэр езы нэхъыжьым ищlынщ.
Нэхъыжь къепсам~
- Жьыщхьэ махуэ ухъу!, - жраlэ.
- Насыпыфlэ фыхъу! - къажреlэж.
Нэхъыщlэ къепсмэ:
- Упсэу, насыпыфlэ ухъу! - жраlэ.
- Жьыщхьэ махуэ фыхъу! - къажреlэж.
Хъыджэбзым нэхъыжь псы иригъэфамэ:
- Насыпыфlэ защIэ ухъу! Псым хуэдэу уаулъагъу!
Насыпыфlэ, лlыфl натlэ ухъу! - жраlэ.
- Уи хьэлэлщ, дадэ! Е уи хьэлэлщ, нанэ! - жреlэж. Ягъашхэм и бгъэм тенэрэ игъэпсчамэ:
- Уи хьэлэлщ! - жраlэ.
Сату зэдэзыщlа Tlyp зохъуэхъуж: «хъер пхухъу!» жаlэурэ. Щыгъыныщlэ зыщызытlэгъам ирихьэлlэмэ:
- ФIыкlэ улажьэ, узыншэ щыгъын тхьэм пхуищI! жаlэри йохъуэхъу. Ауэ пыlэмрэ вакъэмрэ ехъуэхъуркъым. 3и адэ, зи анэ лlам:
Гуэныхьыншэ Тхьэм ищI, псоми Тхьэм фlы кlэлъывигъэгъащlэ, абы имыгъэщlар фэ Тхьэм фигъэгъащlэ! жаlэри хуогузавэ.
3и бын лlам:
_ Тхьэм укlэлъигъэпсэу, шэфыхьэту Тхьэм къыуитыж! - жаlэри хуогузавэ.
Мазэщlэ къэунэхугъащIэм адыгэхэр ехъуэхъурт:
Я Алыхь! Мазэщlэ къытхуэунэхуар мазэ угъурлы тхуэщI, мазэ узыншэ тхуэщI, мазэ уэфI тхуэщI, фlыгъуэ къытхудэгъакlуэ, дыдэгъэузыншэ, зауэ-банэ щымыlэу, дунейр мамыру щыбгъэтыну дынохъуэхъу, дынолъэlу!
Адыгэм хъуэхъум пщlэшхуэ хуащlу щытащ. Хъуэхъу дахэкlэ дунейм къэхъукъащlэхэр къагъэlурыщIэну хэтт. «Хъуэхъур куэд хъуркъым», «узыхъуэхъур къохъуэхъуж», «хъуэхъум и пэри и кlэри хъуэхъущ». А псоми къарыкlыр зыт - «хъуэхъум и къарур инщ, умыщхьэхыу узэрыхъуэхъуэн»,- жыхуаIэт.
Абы къыхэкlыу, адыгэм илэжь дэтхэнэ зы Iуэхуми щIидзэн ипэкlэ «Iуэху пэублэ хъуэхъу» къабжырт:
Ди тхьэ, Тхьэшхуэ, псынщlэ теlуэ, ф1ы теlуатэ, Iэ ижьым егъэублэ, Iэ сэмэгум егъэух, узыншагъэкlэ къедгъэхьэлIэж, гуфIэгъуэкlэ дыгъэшхыж! - жаIэрти лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыувэрт.
Абы къинэмыщlауэ ялэжь Iуэхугъуэм елъытауэ хъуэхъу куэд къаIэтын хуей хъурт. «Унэщlыхьэ хъуэхъу», «Вабдзэ телъхьэ хъуэхъу», «Гъунэилъ хъуэхъу», «ВакlуэдэкI хъуэхъу», «Амыщ и хъуэхъу», «Iэнэгу хъуэхъу», «Нысашэ хъуэхъу», «Щауэишыж хъуэхъу», «Бэракъ е вакlуэихьэж хъуэхъу», «Махуэшхуэ хъуэхъу».
Адыгэм фадэбжьэ къиIэту щытакъым, хъуэхъу трыжимы1ыхьу, ар сыт хуэдэ Iуэхугъyэм къыхуащтауэ щытми. 3эрыхабзэти, фадэбжьэм нэхъыжьыр техъуэхъухьти, нэгъуэщI зыгуэрым иритырти иригъафэрт. Хъуахъуэу езыр ефэжьщу ха'бзэтэкъым. 3ритар ефа нэужь къритыжти, ит1анэт хъуэхъуар щефэр. «Хъуахъуэрэ ефэжмэ, Джылахъстэнейщ»,- жаlэу а псалъэр къыщlежьари аращ.
Ауэ мыпхуэдэ хъыбари щыlэщ: Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэч и пщыгъуэ зэманым Iэпхъуэшапхъуэурэ щlыпlэ зыкъомым щыпэуащ. ИкIэм ар Къэщкъэтау щыдэсам щыгъуэ, лIэмэ, абы щыщlалъхьэну кхъэлэгъунэ - чэщанэ иригъэщlат. Чэщанэр зыщlахэр къыщlишэри Iэнэ къахуищтащ, фадэ къахуищтащ. Ауэ махъсымэбжьэм ефэн щхьэкlэ, мыхъуахъуэу хъунутэкъым. Ар хабзэт. 3ытехъуэхъухьын хуейр - чэщанэ иригъэщар арат. Хъуэхъуэн хуейр гупым я нэхъыжьырати, Iэнэр къащIыхуищта чэщанэм щхьэкlэ хъуэхъу жиIэн къыхуэгупсыстэкъым. Абы хэту, Аслъэнбэч и чэнджэщэгъу Къэзанокъуэ Жэбагъы щымыlауэ, хэящlэ къикlыжауэ къыщlыхьащ. Къыщlыхьэм бжьэ ират хабзэти, «мыбы си къалэныр сщхьэщихынщ» жыхуиlэ щIыкlэу, нэхъыжьым, ищIэни жиIэни имыщlэу, иlыгъ бжьэр Жэбагъым иритащ. Жэбагъы щlэупщlащ, фадэм щlефэ щхьэусыгъуэм.
_ Аслъэнбэч куэдрэ Тхьэм тхуигъэпсэу, ауэ лIэмэ, щlалъхьэжыну кхъэлэгъунэ - чэщанэ 'дигъэщlати, гугъуехьыпщlэу Iэнэ къытхуищтауэ аращ,- жиlащ нэхъыжьым.
_ Атlэ, а чэщанэм и кlуэцlыр нэщlрэ и щlыбыр щlэращlэу гъэ минкlэ Тхьэм щигъэт! - жиlэри ирифащ.
Шу ягъэшэсауэ щыдагъэкIкlэ ехъуэхъурт:
_ Уанэ махуэ теплъхьауэ Тхьэм жиlэ! Уи гъуэгур бзэпсу, уи псыр чэнжу, тхьэкlумэкlыхь нэхъ лъэщ къыпхуэмызэу узыншагъэкlэ къэбгъэзэжыну, Тхьэм долъэlу! - жаIэрти дагъэкIырт.
АДЫГЭМ Я ЗЭДЭЛЭЖЬЭК1ЭУ ЩЫТАР
Пасэрей адыгэм зэдэщIыгъуу, зыр зым дэIэпыкъуу зэдэлэжьэныр фIыуэ ялъагъуу щытащ.
Зы адыгэ щыIэу щытакъым езым и закъуэ къарукlэ унэ е псэуалъэ гуэр игъэуву. Унэу щрет, гуэщу, шэщу, къинэмыщI псэуалъэу щрети, зыгуэр ищIыну мурад зэрищIу, ирихьэлlэну пхъэкIэбжьэкIэхэр къызэригъэпэщырти, зыгуэр зыщIэфыну къуажэм цIыху зыбжанэм хъыбар яригъащIэт: - Пщэдей щIыхьэху сиlэщ, мыпхуэдэ псэуалъэ тIэкIу согъэуври къомыхьэлъэкIыу укъысхуэкIуэтэмэ, си гуапэ хъунт,- жиIэрти. .
- Алыхь-алыхь, ар пхуэзмыщIэм сыт пхуэсщIэн! - жиIэрти къигъэгугъэрт.
Пщэдджыжьым къызэхуэст хъыбар зригъэщIа псори, хэт джыдэ, хэт пхъэх, хэти Iэдэ-уадэ яIыгъыу. Щхьэж зыхуэкъулейм еувалIэрти, зэрахузэфIэкIкIэ, хьэрычэт хащIыхьу, жэщ хъуху елэжьхэрт. Дауэ ящIми, а махуэм хуаухырт и псэуалъэ гъэувыныр.
Апхуэдэ щIыхьэхур, зэрыхабзэти, хэт хъыбар иригъащIэми мыкIуэну Iэмал иIэтэкъым.
Езыми махъсымэ иIэт, ныш иукIати игъатхъэрт, фIыщIэ яхуищIырти, иутIыпщыжырт.
Адыгэ щIыхьэхур псэyалъэм и закъуэкъым. ЩIыхьэхур лъэныкъуэ зыбжанэкlэ ирагъэкIуэкIыу щытащ адыгэхэм нысашэ иIэу щытмэ, хьэблэр къызэхуэсырти пхъэ гулъэ зырыз къыхуашэт, курыбэ ирагъэжьэну, нысашэр зэфIэкIыху ягъэсыну. Благъэхэри къыдэIэпыкъурт.
И мэкъу, и мэш къыхуемышэлIэжу фIэкIуэдмэ, гукIэ къызэхуэсырти къыхурашэлIэжт.
Мэкъуауэгъуэ хъуамэ, «мэкъуауэгъу»,- жаIэрти, зэрымыгъэзэшу лэжьэн щхьэкIэ унагъуитIу зэгухьэрти, мэкъу зэдыпаупщIт.
ЗэгъунэгъуитIу лажьэу зым япэ иухамэ, и гъунэгъур къигъанэу IукIыжтэкъым, кIуэрти, а къыкIэрыхуам дэIэпыкъурти хуиухт. Абы дэмыIэпыкъуу IукIыжыныр – ц1ыхугъэншагъэт, адыгагъэ хэлътэкъым.
ЩIакIуэ ящIынуми, цей яхъуэнуми цIыхубз гуп къызэхуашэсырти, зэдэIэпыкъуурэ ящIт.
И мэшыр къыхуемыхьэлIэжу фIикIуэдэжмэ, и нартыхур къыхудэмычыжу уэсым фIыщIиубыдэмэ, е гузавэрэ нэхъ щIэхыу зэфIэкIын щхьэкIэ нартыхур мытхъыу къыдифыщIыкIрэ къишэжамэ, щIыхьэху ищIырти иригъэтхът.
Цы япхынумэ, «цыпх щIыхьэху» - жаIэрти, пщыхьэщхьэм хъыджэбз куэду къызэхуашэсырти,' нэху щыху цы япхт. Ар Iэ закъуэкIэ илъэскIи зэфIэкIынутэкъым. Бжыхь къудей яхунумэ гъунэгъухэр къыдэIэпыкъурт емылъэIуми. Ар хабзэт.
1 Псалъэр «щIэхьэху» жиIэу къежьауэ щытащ, иужькIэ «щIы хьэху» хъужащ. «Хьэхурэ хуэщIэ» н. ж. «хьэхуу хуэщIэ Iуэху» жыхуиIэщ.
Вак1уэдэк1
Мэкъумэш лэжьыгъэм япэ дыдэ зэрыщIадзэр вакIуэт.
Гъатхэм вакIуэ дэкIыгъуэр къызэрысу, мэкъумэшыщIэхэр зэрызехьэу щIадзэрт. Абыхэм дзей (вэгъу) къалъыхъуэу хуежьэрт. «Дзей»! - жыхуаIэр унагъуитI-пл1ы зэгухьэурэ зы пхъэIэщэкIэ зэдэвэныр аращ. ЦIыхухэр къулейсызт, и закъуэ зы пхъэIэщэ зэщIищIэу вэфыну къуажэ псам унагъуэ щlагъуэ дэстэкъым, зы пхъэIэщэм и нэхъ мащIэр арауэ вий (8) щIэщIэн хуейт2, псы кърашэнуи щхьэхуэу витI хуейт. А къомыр зы унагъуэм зэримыIэм къыхэкIыу ехулIа ищIт, унагъуитI-щыр зэгухьэу зэдэвэн хуейуэ.
Дзейуэ (вэгъуу) дэтхэнэ зыми къилъыхъуэр - вы бжыгъэкIи, шы бжыгъэкIи, щIы IыхьэкIи езым хуэдэт. 3ым нэхъыбэ щIищIэу адрейм нэхъ мащlэ щIищIэу, зым щIыуэ унэ Iыхьэ пса иIыгъыу, зым унэ Iыхьэ ныкъуэ иIыгъыу зэгурыIуэнутэкъым.
Ипэкlэ щIыр унагъуэкIэ ягуэшт. Пащтыхь къалэныр къулейсызхэм яхуэгъэкъаруртэкъыми, щIыуэ Iыхьэ ныкъуэ фIэкIа къыIрахтэкъым, къалэнри Iыхьэ ныкъуэу ящIэн щхьэкIэ. 3эдзейуэ зэгухьэхэр мис а псоми еплът. Ауэ къэхъут: и закъуэ пхъэIэщэ зэщlищIэфрэ вэуэ унагъуэ.
Дзейуэ щIызэгухьэр абыкIэ зэфIэкIтэкъым. Абы хуэдэурэ пхъэIэщи 9-1О зэгъусэ защIырти, зэдэщIыгъууэ вакIуэм дэкIти, псори зы увыгъуэ гуэрым щетIысэхт, я пщыIэр, к1ыхьу зэпыту ящIти щхьэж и хьэпшыпыр и пщыlэ щIилъхьэрт. ЩIыхэр фlагъкIэ зэрызэхуэмыдэм елъытауэ пычыгъуэ-пычыгъуэу зэпычат, дэтхэнэ пычыгъуэми псами я щIы Iыхьэ хэлът. А зыщlыпlэр щыухмэ, зэрыгупу Iэпхъуэрти, адрей увыгъуэм щетIысэхт. Апхуэдэурэ вэн зэдаухт.
А пхъэlэщэ къомыр зэгъусэу щымысыну Iэмал имыIэу ехулIа зыщIри мырат: махуэм зэрыва выхэр Iэмал имыIэу жэщым гъэхъуэкlуэн хуейт. Махуэм ва лIым жэщым
БЫр хуэгъэхъунутэкъым. Унагъуэ къэс выхъуэ лlыщlэ яIыгъын? Псоми зэхэту зы выхъуэ лIыщIэу къащтэрти, я выхэр жэщым хагъэпщт. Абы ещхьыркъабзэу я вабдзэхэр яхуиуIуну гъукIи яIыгъын хуейт. Абыхэм ящlхэр хуавэн хуейт. Ахэр зы унагъуэкIэ зэфIэкIынутэкъыми, абыхэм зэрихулIэрт гупу зэтIысылIэныр.
ВакIуэм зэрыдэкIыу, гупым я нэхъыжьхэр зэхэтIысхьэрти унафэ ящIт: вакIуэ ихьэжыхукIэ гупым я унафэр иригъэкIуэкIыну зы пхъэIэщэжь хахт. ПхъэIэщэр щыщIэщIэн хуейм и деж бэракъыр зыгъэуври, шхэгъуэ хъуауэ щIэтIыкIын щыхуейми бэракъыр езыгъэуэхри а пхъэlэщэжь хахар арат. Вэн яухыхункIэ а гупым ящIэн хуей псарикI яубзыхут. Чэзууэрэ махъсымэ ящIурэ къашэну, дэтхэнэ унагъуэми сыт щыгъуэ, сыт хуэдэ махуэм къишэн хуейми белджылыуэ хуагъэувт. А ящIа унафэм къыхэпIэнкIыкI щыIэтэкъым, унафэ зэращlам тету ягъэзэщIэн мыхъумэ. Вэн щаухыну зэманым тегуэшауэ махъсымэ чэзури ягъэувт. А щIыкIэм тетурэ, вэн яухыху я махъсымэри зэпыутэкъым. А махъсымэр къэзышэм, абы хуэфэщэн гъуэмыли къишэрт, махъсымэм и гъусэу.
А гупым ящыщу нэхъ унагъуэ къулейуэ унагъуи 2-3 чэзууэ махъсымэ къэзышэнум хамыгъыхьэу иужь кърагъанэрт, вакIуэихьэжым и деж хуэзауэ кърагъэшэну.
ПхъэIэщэхэм гъунэ иралъыным ипэ ихуэу, вакlуэ гупыр псари зэхуэсырти, пхъэlэщэжь унафэщIу хахам «гъунэилъ хъуэхъу» - жиIэрт:
Я дэ ди Тхьэ,
Тхьэшхуэ,
Тхьэгъэлэдж,
Телъыджэр зи Iэужь, Едгъэжьа Iуэхур гъэбагъуэ! И гугъур яхуэмыIуатэу, Матэ щIэдзауэ дыпсэууэ, Псапэр хэтщIыкIыу, К1ыщыр дгъэгуфIэу,
Ди фIыгъуэ тIэкIур гъэбагъуэ! Я ди Тхьэ,
Вабдзэм и махуэр щIэдгъэлъауэ,
Гъунэм и махуэр итлъауэ, ЩIылъэм и хуабэр хыхьауэ,
Бэвым и кIуапIэм дытехьауэ,
Я дэ ди тхьэ, къыщIэгъэкl.
! «Гъунэилъ хъуэхъур» къэзыIуэтэжар - Нало Мащlэщ, зытхыжар Нало Заурщ.
I Д з е й - «зэдзылlа» жыхуиlэщ. 2 Ви-l0-кlэ, 12-кlэ вэ щыIэт.
з А дзейуэ зэгухьэ унагъуэхэр апхуэдизкlэ зэсэрти, «ив лlэри и дзей хэкlыжащ» жыхуаIэм хуэдэу; зыгуэр къащымыщIмэ, зэкlэрымыкlыжу илъэс Iэджэкlи вэгъуу зэрыIыгът.
Ар щытIуэжкIэ пхыр и матэу,
Iэтэ и нэду,
Гъасэгу и гулъэу, Гужьхэр игъэщIыщIэу, ГущIэхэр игъэпсалъэу, Хьэм гъунэр гуигъэзу, Хьэм нэзыр гуиуду.
Зэ кIыщтэгъуэр -
Ху гуибгъуу,
ЕтIуанэ кIыщтэгъуэр Ху гуипщIу!
Унагъуэ и гуэн пщIырыпщI зэбгъурыту. Абы къыщхьэщыттыкI- ныщхьэщыттыкIым псапэри гуапэри иритщIэу
Гъэ минкIэ дыгъэпсэу. – «ВакIуэихьэж хъуэхъур» къэзыIуэтэжар Уэзы МутIщ, зытхыжар КъардэнгъущI 3рамыкущ.
Ефэхэрт, шхэхэрти, вакIуэлIхэр хуит ящIыжырти къуажэм дыхьэжхэрт. ВакIуэ тхьэлъэIур абыкIэ яухырт. Ар вакIуэкъихьэж псоми зэрахабзэт.
«Къэбакъ» жыхуаIэр - вакIуэихьэж тхьэлъэIухэм ящыщ зыт. Ар ипэкIэ икъукIэ нэгузыужьышхуэу щытащ, вакIуэлIхэм я мызакъуэу, къуажэ цIыху псами щхьэкIэ. Ар иджы щымыIэж хабзэхэм ящыщщ. Ар зищIысымрэ зэрекIуэкIыу щытамрэ мыпхуэдэущ:
Къэбакъ къэзышэжыну мурад зыщIа гупым, вэн иухыным мазэ, нэхъыбэ иIэу къэбакъыр зэрагъэпэщу щIадзэрт. Ар хуабжьу къупынщыпынт, IэпщIэлъапщIэ хуейт. Езы вакIуэ гупым я къарукIэ икъукIэ елIалIэу зэрагъэпэщт.
«Къэбэкъ» жыхуаIэр зэрыщытар мыпхуэдэущ: пхъэ къурагъ к1ыхьым и пэ дыдэм пхъэбгъу щIыкIэу щIауэ зэблэдзауэ фIаукIэрт, ябдзырти. Пхъэм къыхащIыкIыурэ шы, мэл, жэм, хьэ, кхъуэ н. къ. Iэджэм я сурэт ящIурэ а пхъэ фIабдзам траIулIэрт. Вэн яуха нэужь, мыдрейхэр зэрыжытIам хуэдэу псари ирагъэкIуэкIырти, я шхэни я ефэни зэрызэфIэкIыу, къэбакъыр щытувыгум ику дыдэм ирагъэувэрти, мыхъеин х,уэдэу быдэу ирапхэрт. Мыр куэдым зэрагъэпэщыфтэкъыми, закъуэтIакъуэххэт къэбакъ, къэзышэжыфу къэхъур. Ар зэбгъэпэщын щхьэкIэ гупым хvабжьу IэпщIэлъапщIэ яхэтын хуейт. Зэрызэгъэпэщыгъуейм къыхэкIыу зэзэмызэт ар къызэрыхъури, цIыхуу щыIэм яфIэгъэщIэгъуэнт.
Абыхэм щыгъуэм езы цIыхухэри IэмыкIуэлъэмыкIуэт.
Арати, хуабжьу цIыхухэр хуэяврт, яфIэгъэщIэгъуэну. ИщхьэмкIэ зэрыщыжытIауэ, я вакIуэ тхьэлъэIур губгъуэм щашхт, щрафти, ахэр зэрызэфIэкIыу, я пщыIэр якъутэжти, пщыIэ пхъэкIэ-бжьэкIэхэри я гухэм иралъхьэжт, пщыIэ бгъэнми мафIэ ирадзти фачкIэ хэуэжти, ягухэр зэщIащIэжт. Япэ дыдэ ит гум нэхъыжьхэр ит1ысхэрти лIыжьхэм щхьэкIэ къагъэна махъсымэри гъуэмылэхэри а лIыжьхэм я гум иралъхьэрт. уэрэдрэ «уэредадэрэ» жызыIэну гупыр къэбакъыр зэрыт гум иувэрти, хъурейуэ къеувэкIауэ къэбакъым кIэрыувэрт. Ар нэхъыжьхэм я ужь къиувэжти, «уэредадэр» ину къыхадзэрт.и къежьэжт, я факIэщIыжьхэр кърахрэ ягъауэу. Ажыгъафэм и сэшхуэжьыр кIэрыуэу дэлъей-къелъыхыу псами япэм иту. Дунейр якъутэжу Iэуэлъауэшхуэу къэкIуэжырт.
МыдэкIэ къыздэкIуэж къуажэми, «къэбакъ къашэж»· жаIэрти, къуажэм цIыху къыдэмынэу уэрамым къызэрыдэхуауэ зэрызехьэрт. ЛIыжьхэри къапэплъэрт.
Къэбакъыр зрашэлIэну унагъуэм куэд щIауэ хъыбар· кърагъэщIауэ, абыи хуабжьу загъэхьэзырауэ щытт.
ВакIуэлIхэм дунейр ящIэщыгъуэу, ину «уэредадэ» жаIэу, фач ягъауэу, лIыжьхэр здэщыт къуажэбгъум къызэрысыжу гухэр къэувыIэрти, вакIуэлI нэхъыжьхэр къикIырти «сэлам» жаIэрти лIыжьхэм ябгъэдыхьэрт.
Сэлам зэрахт, псалъэ гуапэкIэ зэхъуэхъурти, вакIуэ Iэнэ пхъэбгъу цIыкIухэр kъахьти къагъэувт. Щынэл гъэвахэри гъуэмылэй{эри тез къащIти, махъсымэр пхъэ шынакъ кIы гъуанэжьым кърагъахъуэрти нэхъыжьым иратт. ЛIыжьхэр зэралъэкIкIэ хъуахъуэрти, махъсымэри ирафт, шхынри яшхт. Ажыгъафэми и сэшхуэжьыр кIэрыуэу дунейр хъурейуэ къифыхьт, зэрызимыщI къигъанэртэкъым, цIыхуу щыIэр ныбафэуз хъуауэ дыхьэшхыу абы и ужь итт.
ЛIыжьхэм ешхэнри ефэнри зэфIагъэкIырти, вакIуэ тхьэлъэIур яухт.
- Иджы, берычэт бесын, лIы хуэдэу фыкъэкIуэжащ, фывахэри бэв тхьэм ищI, IэфIрэ гуфIэгъуэрэ тхьэлъэIукIэ фшхыжыну тхьэм жиIэ, фи гъуэгу фытеувэж! - жаIэрти, лIыжьхэм гуапэу сэлам ирахыжти, вакIуэлIхэр хуит ящIыжырти, я гъуэгу теувэжырт.
Абыхэм иджыщ Iуэхушхуэ щаIэр: зэрыкIуэм хуэдэурэ, хуабжьу уэрэд жаIэурэ, къэбакъыр здашэну пщIантIэм дыхьэрт. Къэбакъыр зэрыт гур пщIантIэку дыдэм щагъэувырт, хъыджэбзхэр пшынэ еуэрт, ажыгъафэм ислъэмей ищIу утыкум итт, жылэр абы и ужьым итт.
А къэбакъым пыт сурэтхэр зыри къыпамынэу къыпаудын хуейт, фочкlэ дэуейуэрэ. Ахэр къыпамыуду унэм щlы:хьэ яIэтэкъым. Жэщ хъуху абы дэуейуэ иужь итт. Ахэр псори къыпыудын яухырти, тхьэлъэlури ефэ-ешхэри зэфlагъэкIырт. К:ъэбакъыр зи пщlантlэ зыдаша унагъуэми тхьэлъэlушхуэ къращIэкIт.
Абы иужькlэ джэгури тращIыхьыжти, нэху щыхункlэ джэгурт. Икъукlэ нэгузыужьышхуэу яIэт. Гъатхэ тхьэлъэlу, абы нэхърэ нэхъ ин зыри щымыlэу, къуажэ псоми яIэтырт, къэбакъым и Iуэхур.
А псом яужьыжкlэ шыгъажэшхуэ ящIырт. Сыт щыгъуи зэхуэфlу, къэжэным хуэхьэзыру, абы хузэрашэу шыгъажэш зиlэ псоми я шыхэр къыщlашырти къагъажэрт. Зиш къытежым саугъэтышхуэхэр иратырт. Ар къэбакъым и кIэухт.
Абы нэмыщlауэ илъэсым и кlуэцIкlэ зэ е тlэу Къэбэрдей псор зэхуэсырти шыгъажэшхуэ ящIырт. Ари икъукlэ ягъэлъапlэу, нэгузыужьу ирагъэкlуэкIырт.
Абы ещхьыркъабзэу Къэбэрдей псор илъэсым зэ зэхуэсырт, ерыскъымрэ фадэмрэ куэду кърашалIэрти, дахэу уэрэд жыIэнкlэ, Iэзэу хъуэхъуэнкlэ зэпеуэхэрт. Абы икъукlэ гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ иIэт. Сэрмакъ къуажэм щыщ Жыкъуэ Чаус къызэрыджиlэжамкlэ, апхуэдэ зэпеуэ гуэрым щатекlуауэ щытащ хъуэхъуэнкlэ и адэ Джэтэжьокъуэ Екъуб. Зэрыгъыж къуажэм щыщ Хьэмгъуокъу Хьэжби къызэрыджиlэжамкlэ, Къэбэрдей псор уэрэдкlэ щызэпеуам Инарыкъуейм (Курп Ипщэм) щыщ Инарокъуэ Шумахуэ ятекlуауэ щытащ. Ари хабзэу екlуэкIырт.
АДЫГЭХЭМ ЯКУ ЗЭХУИЛЪА ХАБЗЭХЭР
Пасэрей адыгэхэм яхэлъу щыта ха6зэхэр унафэу яхурикъуу щытащ. «Уадыгэкъым, адыгагъэ пхэлъкъым» жримыгъэIэн щхьэкlэ адыгэлIым и псэр итыну щытащ. Лlэныгъэм нэхърэ eмык1ум нэхъ фlэлIыкlыу щытащ. «ДыIуохьэри даукI, дыlуокlри ди напэм едгъэкlуркъым»,жаlащ япэ дуней псо за~ щыlа адыгэхэм.
Пасэрей адыгэхэм лlыуэ ялъытэу щытар, зи щхьэ фlыуэ зыгъэпсэужыфу щытар аракъым, атlэ хэкур зыгъэпсэу, зи къуажэр зыlыгъыфыр, лей зыщыщIым къыщыж, къулейсызым дэIэпыкъу, дэхуэхар къызэфIэзыгъэувэжыр арат.
Ипэкlэ лlы зыфlащу щытар, езым щхьэ закъуэ Iуэхум иужь ЗЭРИтым нэхърэ И къуажэ цIыхухэм я Iуэхум нэхъыбэрэ иужь иту щытарщ.
Лlыгъэ зиlэу ялъытэм, пщыхьэщхьэ зэрыхъуу, И шым уанэ трилъхьэрти дэкIырт. Абы губгъуэ гъунэгъухэр къызэхикlухьт, хутыкъуа щыIэмэ, зигу уфэрэкlа щыIэмэ, шым идза щыIэмэ ядэIэпыкъурт. Губгъуэм Iэщ кIэрутlыпщ къинауэ игъуэтмэ, къахурихулIэжт, хэт ейми, ахэр хьэм яримыгъэшхыу. Пшапэр зэхэуэу цlыхухэр я пIэм изэгъэжыху къуажэбгъухэм щысакът. Абы имыщlэу къуажэм, губгъуэм зыгуэр къыщыхъуну и щхьэм хуигъэфащэртэКъым. А зэманым куэдрэ пхъэр къэхъуу щытащ. Апхуэдэ зыгуэр къэхъуамэ, цlыхухэр игъэпхъэрт.
Псом хуэмыдэу, адыгэм гъунэгъумрэ ныбжьэгъумрэ ягъэлъапlэу, щlыхь хуащIу щытащ. ИгъащIэми псалъэжьу къогъуэгурыкlуэ: «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ»,- жаIэу. Абы къикlыр - щыгъыным щыщу япэ дыдэ зэпхъуэр, укIытэр щlэзыуфэ гъуэншэджыр аращ. Абы ещхьуэ, япэ дыдэ 1эпхъуэри, япэ къигъуэтри гъунэгъур арат. Мис арат а тlyp щlызэригъэщхьар.
«Гъунэгъур унэгъущ»,- жаIэрти, унэгъуу къалъытэрт.
Гъунэгъуу къалъытэр гъунэгъум къигъунэгъужыр арат. Ар псалъэжь пэж дыдэщ. «Гъунэгъур унэгъущ» жыхуаlэр зэрыпэжым мыр щыхьэту тоувэр: гъунэгъум мэл иукlыу ялъэгъуамэ, езым пlастэ ящlу щытащ, а гъунэгъум яукlа мэлым дашхыну. Пэжу икlи дашхырт, къапцIэртэкъым.
А зыр щыхьэту ирикъункъэ, гъунэгъур унэгъуу ялъытэу зэрыщытар уи фIэщ ирихъуну.
3ыгуэрым мэл е зы Iэщ гуэр иукIамэ, Iэмал имыIэу гъунэгъуитIым е щым Iыхьэ хуащIт «гъунэгъу Iыхьэ» жаIэрти, лэпсри щIэту.
Гъунэгъум ещхьыркъабзэу ныбжьэгъури ягъэлъапIэт, ягъэпэжт. Адыгэм ныбжьэгъу пэжыр къуэш папщIэут зэралъагъур. «Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфI»,- жаlэу я псалъэжьт, Ар икъукIэ псалъэ шэрыуэщ.
Уеблэмэ, ныбжьэгъуфlыр къуэшым щытекIуэ щыlэт.
Къуэш дыдэм дзыхь зэрыхуамыщI псалъэкIэ ныбжьэгъур чэнджэщэгъу щащI щыIэт. Икlи lуэху щэхур ныбжьэгъум нэхъ къыщыкъуэнэ щыlэт.
Адыгэм ар ямыкъутэу ткIийуэ яlыгъыу къадэгъvэгурыкIуэныр къызыхэкIыр нэхъыжьымрэ нэхъыщlэмрэ яку зэхуилъ хабзэр арат. Псом хуэмыдэу, нэхъыжьым хуабжьу щышынэу, щукIытэу зэрыщытырт.
Адыгэ лIыжьхэр къуаншагъэ зылэжь еIуящlэ гуэрхэм ярихьэлlамэ, «мыбы сыт хузиlуэху»,- жаIэу блэкIтэкъым. Къуаншэм ешхыдэт, хуэфащэу щытмэ, теухьыпэт. «Щхьэ уешхыда е щхьэ уеуа, сыт абы уи lуэхуу хэлъыр»,- жаlэу псалъэмакъ щыIэтэкъым. Уеблэмэ, теухьым къыщимыгъанэу, щIалэр и адэм и деж ишэжти и быным илэжьа мыхъумыщlагъэр жриlэрти, иригъэшхыдэрт, иригъэубэрэжьт. Уеблэмэ, а ишэжа щIалэм нэхърэ зыхуишэжа и адэр нэхъ къыщышынэрт, «лIыжьыр къызэшхыдэнщ е eмык1у къысхуищlынщ»,- жиlэрти. Мис ар хабзэу зэрыщытым нэхъыщIэхэр хуабжьу игъэшынэрт игъэукIытэрт. «Хьэмэ къилъхуа, хэт и щlалэ ар? Фызабэм и къуэу къыщlэкIынщ!»,- жиlэрэ лIыжьыр щlэгубжьамэ щIалэм ар удыну хурикъунут.Абы иужькIэ, лIыжь илъагъуху шынэнут. Мис абы хуэдэ хабзэм къыщlэтаджэти яхэпщауэрэ къадэгъуэгурыкIуэт. Абы иужькIэ щlалэр апхуэдэ lуэху къилэжьыжтэкъым.
Нэхъыжьым нэмыс зэрыхуащIыр щышынэ къудейуэ аратэкъым. И нэхъыжьыгъэм щхьэкIэ нэхъыбэу щlыхь хуащlт, хабзэ кIэлъызэрахьэт. ЩIалэгъуалэр нэхъыжьхэм ялъагъуу тутын ефэртэкъым, фадэ ирафтэкъым. 3и щlалэгъуэр тутын ефэрэ пэт, лIыжь гуэр къыкъуэкlамэ, а лIыжьым аlбы гу лъримыгъэтэн щхьэкIэ, псынщlэу и lэгъуапэм, е и Iэбжьыбым иригъапщкIуэрт.
ЛIыжьым и Iэнэм щlалэ дэтIыстэкъым, и бын дыдэу щытми. Нэхъыжьхэр фадэ ефэу щыIмэ, т1ыc ямыlэу нэхъыщIэхэр ящхьэщытт.
Къуажэм гуфIэгъуэкIэ е гузэвэгъуэк1э Iуэху къыдэхъуамэ, унафэр зыIэщIэлъыр а къуажэм дэс лIыжьхэр арат. Абыхэм ящIа унафэм щIалэхэр зыкIи тепсэлъыхьтэкъым, ящIа унафэр ягъэзащIэ мыхъумэ.
Езы лIыжьхэми, уемыдэIуэну Iэмал имыIэу, адыгэ нэмысрэ хабзэрэ яхэлът. ЛIыжьыр цIыхум зэрепсалъэр нэмыс хуищIу, щIыхь хуищIут. Уеблэмэ, н фыз дыдэм нэмысыншэу епсалъэртэкъым. Ар дэнэ къэна, и фызым «сыгъашхэ», жриIэныр нэмысыншагъэу илъытэрт, «си ныбэ lуэху дауэ сытепсэлъыхьын», жиIэрти.
Адыгэ цIыхубзхэр сыт щыгъуэ зэмани лIым и унафэм щIэту къэгъуэгурыкIуэрт. И лIым имыщIэу и фызыр бжэщхьэIу ебакъуэртэкъым.
ЦIыхубзыр хамэ цIыхухъум дэшхэн дэнэ къэна, езым н щхьэгъусэ и лIым илъагъуу игъащIэкIи шхэнутэкъым, езым дэшхэн дэнэ къэна, уеблэмэ, быни ямыIэу езы лIымрэ фызымрэ я закъуэу зэдэпсэуми, я гъащIэкlи зэдэшхэнутэкъым. ЛIыр япэ щIыкIэ шхэрти щIэкIырт е гъуэлъыжырти, итIанэ фызыр шхэрт. Абы щыгъуэми и шхэ макъыр е и еlуб макъыр лIым зэхихын фlэщIу и псэр IукIауэт зэрышхэр. Губгъуэ дыдэми езы т1ум я закъуэу лажьэу итмэ, лIыр щхьэхуэу шхэрт. Фызыр гу къуагъым е Iэтэ къуагъым къуэтIысхьэрти, лIым имылъагъуу шхэрт. Ар дэнэ къэна, и лIыр гъунэгъуу щытмэ, и жьэм зыгуэр дрихьейуэ къилъагъун фIэщlу и псэр Iукlауэ сакъырт. Мнс абы хуэдэ бэлыхь ятелъу зэдэпсэууэ щытащ цlыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ.
Адыгэ хабзэр зытеухуар: лIым кърихьэлIэу, абы кърихьэлlэр фызым зэригъэзахуэу арат. Унагъуэ lуэхур нэхъыбэу зи фэм дэлъыр фызыр арат. «Мор дыгъэшх, мыр дыгъэшх, мор дэнэ кlya, мыр дэнэ кIya?»,- жиIэу лIым н фызыр зэрихуэну емыкlут. Лlым кърихьэлIэн, фызым ипщэфIын, арат хабзэр.
Ауэ фызыр лlым еупщIтэкъым: «Дэнэ ущыlа? Дэнэ укlуэрэ?» - жиIэу.
КъызэраIуэтэжымкIэ, Жэбагъы н етlуанэ фызыр хъыджэбз цlыкIуу, сабий дыдэу къишэри езым игъэпскlыу, и щхьэр хуижьу, хуэжьыщlэу, ин хъумэ, унагъуэр зэрызэрихьэн хуейм хуигъэIущу, хуиущийуэрэ къигъэхъуат. ИкIэм хъыджэбз цlыкIур ишэгъуэ щыхъум, езым щхьэгъусэ ищIауэ дэпсэурт.
Ар и фызу дэпсэууэ Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч и пщыгъуэу, абы Кьэзэнокъуэ Жэбагъы и чэнджэщэгъуу щыщыта зэманыр арати, зэгуэрым Аслъэнбэчыр Жэбагъы и деж щепсыхащ. Аслъэнбэч унэм щIыхьэу зэретIысэхыу Жэбагъы и фызым а т1ум я пащхьэм Iэнэ къригъэуващ. Бысым фызыр хьэщlэм зэрыхуэхьэзырыр хуабжьу игъэщIагъуэу Аслъэнбэч фызми Жэбагъыи еплъащ. Аслъэнбэч
щысыху, я Iэнэр щэней къахузэригъэпэщащ фызым яхузэрихъуэкlыурэ. Ещанэм ныш къахутрилъхьащ.
Фызым Iэнэр Iуихыжу заригъэтхьэщlыжа нэужь, Аслъэнбэч жиlащ: «Уесшэжьэну арат, Жэбагъы, зыщlыпlэ дымыкlуэу хъунукъым»,_ жиIэрн. Ар щызэхихым, фызым зыри жимыlэу щIэкlри щыгъыныгъуищ къыщlихьэри къигъэт1ылъащ, «узэгуакlуэр зыщытlагъэ», жыхуиlэу. Аслъэнбэч абы гу лъимытэу къэнакъым. Аслъэнбэч зыкъызэридзэкIыжри:
- Псори къызгурыlуащ, Жэбагъы, уесшэжьэнукъым, сыщlегъуэжащ,_ жиlащ.
Жэбагъы, мо лlы Iущым, къыгурыIуэри щlэупщlащ: - Сыт Аслъэнбэч къыбгурыlуар, дебгъэжьэну жыпlауэ щхьэ ущlегъуэжа?
- «ФызыфIкlэ узэджэнур сыт хуэдэ?» _ жаlэри псалъэмакъ къытхыхьатн, фызыфIкlэ узэджэ хъунур нобэ слъэгъуащ, ар уи фызыращ,_ жиlащ Аслъэнбэч. Апхуэдэ фызхэр щыlащ пасэм. А фызым и сынщ Жэбагъы и сыным бгъэдэту иджы Налшык парк цIыкlум итыр.
Адыгэлlыр ищIэну Iуэхумкlэ и фызым еупщIыжтэкъым, чэнджэщэгъуи ищIтэкъым. «Фыз упщlэж ирахьэлIэркъым»,_ жыхуа1э псалъэжьым тетт. Ищlа Iуэхуи жраIэртэкъым. Ари зытращlыхьыр, пасэрей лIыхэм Iуэтэн хуэмеи Iэджэ ялэжьу зэрыщытарт. ЛIым и щэхур фызым зэхихмэ, иlуэтэным, и щэхур нахуэ хъуным щышынэу арат. Апхуэдэкlэ дзыхь хуимыщI пэтми, адыгэлlыр и фызым еубзэрт, дэIэпыкъурт. «Лlыхъур фыз дэубзэщи, лIыбзыр фыз дэуейщ»,_ жаIэрт. Абы къикlыр, лlыгъэ зиIэ лlыр и фызым ешхыдэркъым, езауэркъым, мамыру допсэу, жиlэу арат. Абы къикIыр, лlы хуэмыхур и фызым езэуэрейщ, ешхыдэрейщ, жыхуиlэщ.
Быным зэхахыу адэмрэ анэмрэ зэшхыдэну, псалъэ гумыlу зэжраIэну адыгэ хабзэмкlэ нэмысыншагъэт.
Нысэ къашамэ, къызыхаша лъэпкъым балигъ хъуауэ цlыхухъуу яIэми, благъэ гъунэгъум цIыхухъуу яIэми я цlэр жиlэ хъунутэкъым нысащIэм. Абы ещхьыркъабзэу цIыхубзу лъэпкъым ящыщми, благъэ гъунэгъуу яIэм и цlэр жиlэ хъунутэкъым, сабийуэ щымытмэ. Абыхэм псоми цlэ зэрызыххэ яфIищын хуейт, езы нысащlэр иреджэну.
И лIым и цlэр игъащIэкIи жиlэ хъуххэнутэкъым. И лIым тепсэлъыхьын е и гугъу ищIын хъумэ, «унэм исыр», «лlыр», «цlыхухъуp», «езыр» жиIэрт.
ЛIым псэтыншыпIэуи гушхуапIэуи иIэр и щхьэгъусэр арат. Аращ «пIэщхьагъыфI Тхьэм къуит!»,_ щIыжаIэр.
«ЛIыхъуыр фыз Iейм добжьыгуэри, лIы Iейр фызыфIым добжьыфIэ», жаIэрт.
Фызыр пщхьэпэу щытмэ, езыр щымыIэу хьэщIэ гуп къыхуепсыхами лIыр гузавэртэкъым икIи укIытэртэкъым. Езы фызри лIыр щымыIэкIэ мыгузавэу, хьэщIэ къакIуэрэ и лIым и цIэкIэ къэджамэ, «лIыр дэскъым, ар дэмысми, сэ сыщыIэщ, мыр и унагъуэщ, еблагъэ, езыри къэкIуэжынщ!»,_ жиIэрти иригъэблагъэрт. ЛIыр щымыIэкIи къэмыгъанэу, хьэщIэр зэрыхуэфащэкIэ игъэхьэщIэрт, имыцIыхууэ щытми.
Адыгэм хьэщIэр икъукIэ ягъэлъапIэрт. Уеблэмэ, унэр зейр дэмысу, хьэщIэ къыхуэкIуамэ, гъунэгъур кIуэти, хьэщIэр иригъэблагъэт, зэрыхуэфащэкIэ хуигъэхьэщIэрт.
ЦIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я Iуэхури я лэжьыгъэри зытэкъым. ЦIыхухъур губгъуэ лэжьыгъэм, мэкъумэшым, мэз лэжьыгъэм, пхъэ IэщIагъэхэм, къинэмыщI IэщIагъэ нэхъ Iэпхъашэ-лъэпхъашэхэм теухуат.
ЦIыхубз IэщIагъэр шхын Iуэхум, дэн-бзэным, цыхэкIым, упщIэ, щIакIуэ, цей, бащлъыкъ, Iэлъэ, лъэпэд, вакъэ, къинэмыщIхэр щIыным теухуат. КIэщIу жыпIэмэ, лъэныкъуитIми щхьэж хуэфащэр илэжьурэ, зыхуеи псори езыхэм къалэжьыжурэ псэуахэщ.
Адыгэм ямыIэу, ямыIэнуи Iэмал зимыIэхэр урысхэм я деж къыщахъуэжхэу щытащ. Псалъэм щхьэкIэ, шыгъу, гъущI, гъуаплъэ къннэмыщIхэр. Ахэр мэкъумэшхэкIкIэ, IэщхэкIкIэ, фэ, цы, бацэ, упщIэ, щIакIуэ къннэмыщI хуэдэхэмкIэ къащэхууэ къахъуэжу щытащ.
Урысыр къытхэмыхьэу дэ ди IэщIагъэрэ ди лэжьыгъэкIэ дыпсэужу щыщытам, нэхъыбэу дызыхуэныкъуэу, куэдрэ гугъу дызыдехьыр шыгъур арат. Ар дэ диIэ хьэпшыпхэмкIэ къахъуэжт.
Ди цIыхухэм мэкъумэшу ящIэу щытар: нэхъыбэу мэш, хьэ, гуэдз, авост. Мис ахэр яшэти, урысхэм я деж шыгъу къыщахъуэжт. Ауэ а шыгъум и зыIэрыгъэхьэным икъукIэ гугъуехьышхуэ пылъу щытащ.
Пасэрей цIыхухэр зэнэсэIуасэу, зэхэгъэрейуэ, зэхыхьэзэхэкIыу щытакъым. Зэщымыщ лъэпкъитIыр зэхыхьэну дзыхь зэхуамыщIу зэщышынэу щытащ. Мис абы къыхэкIт, шыгъум гугъу дехьыныр. Шыгъушэ кIуэн папщIэкIэ, гупышхуэ зэрыгъэхъухэрт, икъукIэ вы лъэрызехьэ, лIы лъэрызехьэ хуейт. АбыкIи зэфIэкIтэкъым, шу гуп я гъусэн хуейт, Iэщэ яIыгъыу, зэрызэуэным хуэщIауэ.
Абы гугъуехьу пылъар адыгэ таурыхъыжьхэми къаIуэтэж. Псалъэм щхьэкIэ, гу зыбжанэу зэдэщIыгъуу, шу гупи я гъусэу шыгъушэ кIyaт. Шыгъури къахъуэжри, къежьэ-
жауэ къэкlуэжурэ, гъуэгуанэм иригъэзэша я выхэр увыIэри къэмыкlуэжыфу гъуэгум къытенащ. «Вы къэфху», - жаlэри лlы къагъэкlуэжащ Шыгъушэ к1уахэм я фызхэр зэхэзежэ хъуауэ, вы зэрагъэпэщт. Къэтхэм ящыщ зыгуэр и фызым зигъэхъейртэкъым, фызхэр абы еупщlащ:
- Слlожь, уэ зыбгъэхъейркъыми, вы ебгъэхунукъэ?-жа1эри.
- Алыхь, сэ си лlыр сабийхэм ядэзмыгъэшха, абы и выхэри шкIэхэм ядимыгъэшха, сэ силlри сиври къэмыкъкlуэжыфынкlэ сышынэркъым, - жи1эри вы иригъэхуакъым. А зэрыщыгугъам хуэдэуи къэкlуэжащ. Мис апхуэдиз гугъуехь пылъу зы1эрыгъэхьэу щытащ щыгъур. Ди адыгэхэр шыгъум зэреджэу щытар «хыгъущ», хым къыхаха гъур жиlэу къикlыу. Псалъэр зэрагъэкlуэкIри шыгъукlэ еджэу хъуащ.
Ди цlыхухэр зэрыпсэу щытар мэкъумэшщ, Iэщщ. Псом хуэмыдэу мэл куэд зэрахуэт, шы фlыуэ ялъагъут. Шыхэри мэлхэри гъэJахуэми щ1ымахуэми губгъуэм щагъэхъуакlуэу щытащ.
Ди цIыхухэм шхыну яшхыр нэхъыбэу лырэ гъэшхэкIрэт. Махъсымэ щыщIэххэтэкъым. Гъавэм щыщу нэхъыбэу ящlэр хут. Гъавэу яшхыр псори къызыхащIыкlыр хут: пlастэ, хьэнтхъупс мэжаджэ, мырамысэ, хьэл1амэ, шэ хьэтыкъ, тхъурымбей, н.къ.
Цlыхубзхэр губгъуэм щылажьэу щхьэкlэ, къыдэхуапlэ ямыlэу унагъуэ къалэныр къайлыжт. Упщlэри, щlакlуэри, цейри, дэтхэнэ зы щыгъын л1эужьыгъуэри цым къыхащIыкIт. Абы зэи к1эух и1эу щытакъым. Абы дэкlуэу, вакlуэ гъуэмылэ, вак1уэ махъсымэ, быным яшхэн. Ахэр псори къызыхащ1ык1ыр хур арат. Хур Iэкlэ яужьгът, гухъукlэ ягут ар ялъэсырти ягъэгъужт, 1эрыщхьэлкlэ яхьэжырти, хьэл1амэ, мэжаджэ ящIырт. А псори ц1ыхубзым 1эпщэк1э къалэжьырт.
Адыгэм нартыху яшхыу щытакъым. Нартыху ящIэми, Iэщхэм ирагъэшхыну арат щ1ащ1эр. Адыгэм нартыху яшхыу зэрыхъурэ куэд щlакъым. . Дэ ди ныбжьым къриубыдэу дощlэж нартыху яшхыу къыщаублар. Япэ дыдэ нартыху мэжаджэ осетин къущхьэхэм яшхыу адыгэхэм ялъэгъуащ.
- Мыр сы т? – жа1эри адыгэхэр щlэупщlащ.
_ Мыр «чырзынщ» нартыхум къыхащ1ык1ауэ, - къыжраlащ. Чырзыныр яхужымыIэу «чыжын» жаlэри осетинхэм нартыхум къыхащIык1ри яшх» жа1эу яф1эгъэщ1эгъуэну адыгэхэми хуэм-хуэмурэ яшхыу къаублащ. Адыгэхэр абы зэреджэн ящ1этэкъыми, осетинхэр зэреджэмк1э еджэурэ «чыржыным» къытенащ. Абы Джылахъстэней лъэныкъуэр зэреджэр - «нартыху хьэтыкъщ». Нартыху хьэтыкъри къызыщежьар мыращ: «нартыху яшхыу щыщымытахэм щыгъуэ, хьэ яхьэжурэ яшхыу щытащ. Ар хъурей цIыкlуу тебэкlэ ягъажьэрт. Хьэтыкъыр - хьэм къыхащIыкlа тыкъыр жыхуиlэщ. Чыржыныр яшхыу къаубла нэужь, абы ирагъэщхьри, нартыхур дыщlагъури, «нартыху хьэтыкъкlэ» еджащ.
Адыгэм жыг хадэ, унэ хадэ ягъэкlыу щытакъым. Помидор урысым зэрахьэу ялъагъумэ, кхъуэлым зэрыщымэхъашэм хуэдэу щымэхъашэу щытащ, «шыкJуртIым»жаlэри. Ар пшхы хъу,уи ящIэххэртэкъым. Абы «пIэтlрэжанкlи» еджэу щытащ. Ауэ нащэ яшхт. Нащэри езыхэм ящlэ хъуну къагурыlуэрт_ым, зыщlи щыlакъым. Яшхыу щыхъуами, урысхэм я де~·къыщащэхут. Нащэр урысхэм къашэрти, ахъшэкlэ, джэдкlэ, джэдыкIэкlэ, хьэкlэ, хукlэ, нартыхукlэ къахъуэжт. Иужькlэ, жыг хадэ тIэкlуи, хадэ цIыкlуи ягъэкlыу щlадза нэужь, хъарбыз тIэкlуи ящlэ хъуа нэужь, зыри ящэу щытакъым. Ящэнуи ягу къэкIтэкъым, гъунэгъухэмрэ къуажэ цIыхухэмрэ яшхт.
Iэщышхуэ щызэрахуэм: щыгъуэ, Къэбэрдей лъэныкъуэм Дзэлыкъуэ хъупIэм щыщ къагъэсэбэпу щытащ. Ауэ Джылахъстэнейм къызэрагъэсэбэпышхуэ щымыlэу, езым я щlыпIэм щагъэхъуэкlуэжт. Шыбз зиlэ пщыжь-уэркъыжьхэм хуагуэшауэ я шыбзхэр щагъэхъуакlуэт, къалеекIlамэ, ящэу щlы Iыхьэ яlэу щытащ Дзэлыкъуэ хъупIэм щыщ.
Къэбэрдей пщыжь-уэркъыжьхэмрэ Джылахъстэней пщыжь-уэркъыжьхэмрэ хуитыныгъэкlэ зэхуэдакъым.
Къэбэрдейр хэкуиплlу зэпыудауэ щытащ: Хьэтlохъущыкъуей, Мысостей, Къетыкъуей, Джылахъстэней щыхьэрибгъу,- жаlэу.
Къуажэхэр абыхэм ятегуэшауэ щытащ: Хьэтlохъущыкъуейр къуажэ 12 хъурт: 1. Къэрмэхьэблэ (Каменномост) , 2. Бабыгуей (Сэрмакъ), 3. Ашэбей (Малкэ), 4. Абыкъухьэблэ (Дзэлыкъуэ), 5. Хьэсэнбий и къуажэ (Куба) , 6. Лафыщхьэблэ (Псыхъурей), 7. Къуэнхьэблэ (Къулъкъужын), 8. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ - Атажукин 1 (3еикъуэ), 9. ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ - Атажукин 2 (Къызбрун 1), 10. Тохъутэмыщей (Лашынкъей), 11. Къундэтей 1 (Шэджэм: 1), 12. Къундэтей2 (Шэджэм2).
Мысостейр къуажи 7 хъурт: 1. Ислъэмей (Къызбрун 2), 2. Кушмызыкъуей (Ст. крепость), 3. Дыгулыбгъуей (Къызбрун 3), 4. Тыжьей (Кыщпэк), 5. Къэсейхьэблэ (Баксанёнкэ), 6. Иналхьэблэ (Къэрэгъэш), 7. Ехъущыкъуей (Алтуд) .
Бэчмырзейхэмрэ Къетыкъуейхэмрэ зэхэту къуажэ 14 хъурт: 1. Къуэшыркъуей (Кенжэ), 2. Щхьэлыкъуэ (Шалушкэ), 3. Шыпшхьэблэ (Къэхъун), 4. Къуэжьыкъуей Ищхъэрэ (Нижний Черек), 5. Къылышбий хьэблэ (Нартан), 6. Мысостей (Урвань), 7. Дыгъужьыкъуей (Аущыджэр), 8. Къуэжьыкъуей Ипщэ (Жэмтхьэлэ), 9. Жаныхъуэтхьэблэ (Псыгуэнсу), 10. Дохъушыкъуей (Старэ Черек), 11. Аргудан, 12. Андзорей (Старэ Лэскэн). 13. Къуэгъулъкъуей (Старэ Урыху), 14. Хьэтууей (Урыху).
Джылахъстэнейр щыхьэрибгъуу ябжт:
1. Ислъэмей (Курп Ипщэ), 2. Къаншыуей (Курп Ищхъэрэ), 3. Хьэпцlей (Хьэмидие), 4. Болэтей (Терекскэ), 5. Абей къуажэ (Урожайнэ), 6. Борыкъуей (Арыкъ къу.), 7. Мэртэзей (Дейскэ къу.), 8. Астемырей (Акъбащ Ипщэ), 9. Ботэщей (Плановскэ).
АДЫГЭ
ХАБЗЭ ЦIЫКIУ ЗЭЩЫМЫЩХЭР
Адыгэ хабзэу щыlахэр нэмысымрэ лlыгъэмрэ теухуат. Уи щхьэ ущытхъужыныр, умыщIа лlыгъэ пIуэтэныр, пкIэрымылъ щытхъу зыкIэрыплъхьэныр, къомыкIун Iуэхум зыкlэрыпщlэныр адыгэ хабзэмкIэ eмыкlyy ялъытэрт.
Пасэрей адыгэхэм eмыкlyy, лlыгъэншагъэу ялъытэрт къилэжьа Iуэху «сыхъуат»,«сыщIат», жиIэу иIуэтэжыныр. Ар адыгэлlым и щхьэ хуигъэфащэртэкъым. «Сеуэри сыуIащ», «сеуэри сыукlащ»,- жиlэу адыгэлIым хъыбар пхуиlуэтэнутэкъым. «Сеуащ»,- жиlэну и щхьэ трилъхьэртэкъым. Атlэ, хъыбарыр щиlуэтэжкlэ: «Си Iэм lэщlэлъ къамэр ехуэхри, лlыр уlэгъэ хъуащ, си Iэм lэщIэлъ фочыр уэри лlыр джэлащ»,- жиlэрт. Апхуэдэхэр зэриlуатэр, езым и Iуэху хэмылъу, ауэ къэхъуа хуэдэут.
Къипсэлъынкlэ eмыкly зыпылъ пеалъэм щхьэтечу фlаща и цlэ дыдэмкlэ еджэртэкъым. Апхуэдэ Iуэхум щхьэтечу темыпеэлъыхьу, жиlэнкlэ eмыкly зыпымылъ цlэ къыхуигъуэтырт. «Псыунэм сыкlуэ пэт» жиlэртэкъым, «емыкlуншэ гъуэгу сытеувауэ», жиlэрт. «Къубгъан есхьэжьауэ е гъутхьэкlуэ сык1уэу», жаlэртэкъым. «И пхэр» жаlэртэкъым, «И щlыбыр», жаlэрт. «И мыстыр», жаlэртэкъым, «И укIытапlэр», жаlэрт. «И быдзыр къыпхеш», жаIэртэкъым, «И бгъэр къыпхеш», жаlэрт. «Iэплlэ иришэкIащ» жаlэртэкъым, «ебэнащ», жаlэрт. «Имыстащ» жаIэртэкъым, «ищlыжащ», жаlэрт, «игъэшэншащ» жаlэрт. «Ба хуищlащ», жаlэртэкъым, «ебэуащ», жаlэрт. Цlыхубзыр «псэф хъуащ», жаlэртэкъым. «гъум хъуащ», жаlэрт. Мис апхуэдэ защlэт eмыкly зыпылъхэм зэрытепсэлъыхьыр. «Си фызыр», жаlэртэкъым, «унэм щlэсыр», «унэгуащэр», «пщыlэтесыр», жаlэрт.
Хьэщlэм хуэдэу нэхъыжьхэми нэмыс хуащIт. Нэхъыжьым андез ищтэмэ, абы и пыlэр щхьэрихти, иlыгъыу щхьэщытт нэхъыщlэр, андез щтэн иухыху. Ауэ апхуэдэм нэхъыбэу щхьэщытыр цlыхубзт. И пыlэр иlыгъыу, и дамэм напэlэлъэщlыр еупцlэкlауэ щхьэщытт, андез щтэн иухыху. Андез щтэн зэриухыу, напэlэлъэщlыр иритырти зригъэлъэщ1ырти, и пыlэр щхьэритIэгъэжырт. Ауэ андез зыщтэм псыр тракlэурэ ирагъащтэ хабзэкъым, езым и Iэкlэ зытрикlэжырт.
«Анэмэту узот», жиlэрэ зыгуэрым зыгуэр иригъэхъумэну е зыгуэрым ирыригъэтыну иритамэ, ар хуэмыгъэзащlэмэ, цlыхутэкъым. Абы и пщэм къыдалъхьа Iуэхур имыгъэзэщlэну Iэмал имыlэу адыгэ хабзэм ехулlа ищlырт. «Анэмэтым гъерэт ухуэмыхъу!» жыхуаlэ псалъэр абы къытекlащ. Абы къикlыр - «анэмэтым уемыпцlыжу хуэгъэзащlэ!» - жыхуиlэщ.
ЦIыхуитlу зэдэщlыгъуу кlуэмэ, нэхъыжьыр ижьырабгъумкlэ щыту, тIэкlунитlи нэхъапэlуэ ит щlыкlэу кlуэн хуейт, нэхъыжьым здиlуэнтlэныр ищlэн, япэм илъадэу нэхъыжьым зэран хуэмыхъун щхьэкlэ.
Ипэкlэ щыlа пщыжьхэм зэрахьэу щыта лейхэм щыщщ: пщым къарэхьэлъкъ гуэр иукlамэ, ар зыукlа пщыр яукlыж хъууэ щытакъым. Ауэ ялъ ямыщlэжыну Iэмал имыIэмэ, ар зыукlа пщым и пщылlхэм ящыщ яукIт, лажьэ имыlэу. Адыгэлlым ауэ нэпцlу lэщэ кърихтэкъым, кърихами, хуэфащэ имыщlауэ ирилъхьэжтэкъым. Ирилъхьэжми лlыгъэншэт. «Нэпцlу lэщэ къыумых, къипхами, хуэфащэ ирумыщlэу йомылъхьэж!» - жаlэу псалъэжь щыlэщ. «Зауэ джэгурэ дауэ джэгурэ щыlэкъым»,- жаlэрт. Абы къикlыр: «уедауэм, едэуапэ, уезауэмэ, езэуапэ!», жыхуиlэт.
Адыгэм къадэгъуэгурыкlуэ хабзэхэм ящыщщ: жэм къащэхумэ, пщlантlэм къызэрыдыхьэу хугу lэбжьыб къыщlахти, жэмым тракlутэрт, «Яалыхь, мыпхуэдизкlэ тхуэгъэбагъуэ»,- жаIэрти.
Зыгуэр шым шэс пэт ирихьэлlамэ, и лъэрыгъыпсыфэр иубыду игъэшэсын хуейт. «Уи адэу щытми, уи лъэрыгъыпсыфэр егъэубыд!»,- жаlэрт.
Былым лъыхъуэ кlуэмэ, япэ щlыкlэ хэгъэрей зрагъэгъуэтырт.
Ипэкlэ адыгэм я хабзэу щытащ сабий быдзафэ къану къахьрэ япlу. Быдзафэ къэзыхьым, езыми быдзафэ иlэу щытащ. А сабиитlыр зэдапlт. Зы быдзышэ щызэдефэкlэ, зы анэ къилъхуа хуэдэу зэкъуэш хъурт. Абы хуэдэ быдзафэр шым шэсу кlуэжыф хъухункlэ ягъэкlуэжтэкъым. Шым тетlысхьэф зэрыхъуу, шы-уанэ зэтелъ хузэрагъэпэщт, фlыуэ яхуапэт, шу гуп дыщlагъурти, къэзылъхуам я деж ягъэкlуэжт. Щlалэр зейми тхьэлъэlу къарищlэк1ыу Iихыжт. Арати, къану къахьу япlар зьшlам бын дыдэ яхуэхъут, къалъхуам хуэдэу.
Апхуэдэ быдзафэ къану къахьыр нэхъыбэрэ пщыжьуэркъыжьхэм я бынт. Пщыжьхэмрэ лlакъуэлlэшхэмрэ я фызыр щылъхуэнум И деж абы къилъху сабийр къану яхьыну хузэпещэу, яхузэрымыгъэгъуэту щытащ. Ар зылъысым насыпу щыlэр къехъулlауэ зилъытэжт.
ЦIыхухэр зэдэIэпыкъуу, хабзэ зэхуаlэу щытащ. Зыгуэрым нысашэ хуэдэ гухэхъуэ гуэр иlэмэ, мэл зиlэхэм я деж кlуэрти елъэlут: «Мыпхуэдэ Iуэху сиlэти, зы хьэщlэныш щхьэкIэ лъэIуакlуэ сыкъыпхуэкlуащ»,- жиlэрти. А здэкIyaм тIэкlунитIэ цlыхугъэ хэлъу щытмэ, ныш къримыту къигъэкIуэжтэкъым. Нышу нэхъыбэрэ ятыр щынэт.
Адыгэм ижь лъандэрэ хабзэу къадэгъуэгурыкIуэрт зыгуэрым и щыгъын, и хьэпшып нэгъуэщl къехъуэпсауэ «мыр сыту дахэ», жиIамэ, «уехъуэпсамэ, узот!» жиlэрэ икlи ириту. «Узот» жиlэныр хабзэщи, жеlэр, ар жызыlэ псоми яткъым, зратыну псоми lахтэкъым:- Ауэ гъунэгъу, ныбжьэгъу хуэдэхэм зэlахыныр ха6зэт. «Ущехъуэпсакlэ», жиlэу лlыгъэкlэ езыти щыlэт. А хабзэр дэ ди деж хуэмыдэу мышкъышхэм я деж щыхуабжьщ. Абыхэм я хабзэмкlэ «узот» жыпlэным унимыгъэсу, «сехъуэпсащи къызэт!» - жиlэнкlэ емыкlукъым. Иумытынри лIыгъэкъым.
Хабзэу адыгэм къадэгъуэгурыкlуэу щытащ, зи ныбжь хэкlуэта цlыху лlэмэ, щылlэкlэ уэсят кърагъэщlу. Ар жыхуаlэр, лlэну зи псэм къигъэгужьея цlыхум бгъэдэтlысхьэрти, «умылlэнуи абы щхьэкlэ улlэнкъым, зыгуэрхэм тепсэлъыхь, уи жьэм къыжьэдэкlыр аращ ахърэтым щыбгъуэтыжыну жыхуаlэр. Сыт хуэдиз пхуагъэкIуэдыну уарэзы, сыт пхуагъэкIуэдыну ухуей, сыт хуэдэ унафэ къызэбнэкlрэ?» - жаIэрти, зыхуейри зыхуэмейри кърагъэбжт. Абы жиIахэр дунейм къытенахэм щхьэкIэ хабзэт. Абы жиIахэр хуамыгъэзэщIэну Iэмал имыIэ хъурт. Мылъку имыIэми, абы къыздинэкIа унафэр хуагъэзэщIэн хуей хъурт. Ар щылIэм деж гугъэ ирагъэщIырт, а зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэр псори зэрынэсу къыбгъэдалъхьэжыну, тхъэжу щыIсэуну. Бынунэ къулейсызым щхьэкIэ абы къызэринэкIа унафэхэр икъукIэ гъэзэщIэгъуейт. ХуамыгъэзащIэми, уэсятыр ягъэзэщIакъым, жаIэрти зы бэлыхь гуэр къалэжьа къыфIагъэщIт, гуэныхьышхуэ къилэжьауэ ялъытэрт.
Адыгэм Iэщ, псом хуэмыдэу, шы фIыуэ ялъагъуу щытащ, нобэми ялъагъу. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр шыкIэ ерыщт. ШыкIэ зэныкъуэкъуныр фIыуэ ялъагъут. Къызэдэжэну, шыбгъэрыуэ зэдэджэгуну, шы гъэджэгункIэ зэныкъуэкъуу, шы жэрыжэм тесу еIэбыхыурэ зыгуэрхэр къащтэнкIэ зэныкъуэкъуу щытащ. ЩIалэгъуалэр мис абыхэм елэжьырт, абы нэхъ дихьэхырт.
ЦIыхубзхэм я IэщIагъэр: щIакIуэ ящIт, упщIэ ягъапцIэт, цей зэIуаlЩЭТ. Абы джанэ, къэптал, гъуэншэдж, цей, босцей, лъей, лъэпэд, Iэлъэ, бащлъыкъ къыхащIыкIхэрт.
ЦIыхубзхэм цеяпхъэхэр зэрапщ щапхъэу яIар мыхэ-
рат: къулаш, IэфракIэ, бжьэ, Iэдакъэбжьэ, Iэпэбжьэ, тхуалэ, плIалэ, щалэ, тlуалэ, залэ.
Хадык1 хадыкIыну, гъуэншэдж щхьэпс, лъэгупс, уагъэ, щагъэ зэIуащэну ерыщу щытахэщ.
ПсыпцIэ къамыл здэщыIэхэм ерыщу арджэн щызэIуащэт, упщIэ, щIакIуэ щаrщIкIэ фыз зыкъом щIыхьэху ящIти, зыдагъэIэпыкъут. Псом хуэмыдэу, ди хъыджэбзхэр шылэ хьэпIацIэ ягъэшхэнкIэ ерыщхэу щытащ. Арат Iуданэу зэрахъэри.
Фызышэр щекIуэкIым деж, джэгуакIуэу нэхъ ауаныщIхэм ящыщ зыгуэр хахти, хьэжы щыгъынкIэ яхуапэт, нэф ящIыpти и Iэпэр яIыгъыу ирашажьэрти унэхэм яшэрт, нысашэ пщIантIэм и кIуэцIкIэ къыщрашэкIт, фызыжьхэм пэрашэрт, гухэхъуэм хэт цIыхухэм бгъэдашэрт, абыхэм гъэщIэгъуэнхэр яжриIэурэ игъэдыхьэшхырт, абы щхьэкIэ зыгуэрхэр къратт. Апхуэдэр а тхьэлъэIу псом нэхърэ нэхъ яфIэгъэщIэгъуэнт. Ахэр псори зытеухуар нэгузыужьыр нэхъри зэраIэтынт. Апхуэдэм хъуанэцIанэ жаIэми, eмык1у зыпылъ къалэжьми ягъэ ирагъэкIтэкъым, хуагъэгъурт. ЦIыхухэм я нэгу зригъэужьын къызэрилэжьым папщIэкIэ хуагъэгъурт.
Ахэр псори зытеухуар тхьэлъэIур нэхъ нэгузыужь ящIын, кърихьэлIахэм я гухэхъуэр нэхъыбэ ящIын щхьэкIэт.
А щIыкIэм тетурэ Iэджи къыхахти, зэхэтIысхьэрти ирафыжт, яшхыжт.
Псом хуэмыдэу гухэхъуэр зыгъэбжьыфIэр джэгуакIуэхэмрэ ажыгъафэхэмрэт. Ажыгъафэхэр икъукIэ нэгузыужьышхуэу яIэу щытащ а зэманым.
ХЬЭЩIЭМ КIЭЛЪЫЗЭРАХЬЭ ХАБЗЭХЭР
ХьэщIэр лIэужьыгъуэ Iэджэм тету мэхъу. ГъэхьэщlэкIэхэри а хьэщIэ лIэужьыгъуэхэм ятеухуат. Н. ж. хьэщIэр бысымым къриджауэ къэкIуэнкlи хъурт, имыщIэххэу къэкIуэнкIи мэхъу. Гъэхьэщ1эн IуэхукIэ а т1ум я eмык1уp зэхуэдэтэкъым бысымым дежкIэ.
- ХьэщIэу къысхуэкIуэ! - жиIэу къриджамэ, и къару ехьэлIауэ игъэхьэщIэн хуейт, гугъу зыдригъэхьу. Ауэ имыщIэххэу къэкIуа хьэщIэм апхуэдэу гугъу зыдримыгъэхьми емыкIутэкъым. «ХьэщIэ хьэзыр щхьэкIэ, бысымыр хьэзыр?» - жыхуаIэр арати, унагъуэр зыхуэхьэзырымкIэ игъэхьэщIэрт. «Унэ зиIэм унэ и пIалъэ ещIэ»,-жыхуаIэу, езы хьэщIэми eмык1у къыхуищIынутэкъым, хуэфэщэн хуэдизкIэ имыгъэхьэщIэми.
ХьэщIэр цIыхухъууи цIыхубзуи хъункIэ мэхъу. ЦIыхухъу хьэщIэр нэхъыбэрэ къызэрыкIуэр шууэт. ЦIыхубзыр гукIэт. Шу хьэщIэм и фащэр мырат: щIакIуэ-бащлъыкъ щыгът, дохъутейм илъу адыгэ фоч, щIакIуэм и щIыIукIэ пщIэхэлът. Къамэ, сэшхуэ, фочкIэщI кIэрыщIат. Шу хьэщIэр пщIантIэм зэрыдыхьэу, шы фIэдзапIэм екIуалIэрт. Шур емыпсых щIыкIэ бысымыр къэсырт. Шум сэлам къитырт. Бысымым сэламыр къыIихти, шум и ижьырабгъумкIэ бгъурыхьэрт. Бысымым и Iэ ижьымкIэ хьэщIэм и шхуэмылакIэр иубыдт, и Iэ сэмэгумкIэ лъэрыгъыпсыфэр иубыдти хьэщIэр къригъэпсыхырт. К:ъепсыха Нэужь, бысымым «фIэхъус апщий!» жиIэрти, сэлам ирихт, «дауэ фыщыт, сыт фи узыншагъэ?» жиIэрти щIэупщIэрт. Бысымыр езым нэхърэ нэхъыжьмэ, «Жьыщхьэ махуэ ухъу, дыхъарзынэщ, лажьэ щыIэкъым»,- жиIэрти, жэуап къритт. Бысымыр хьэщIэм нэхърэ нэхъ щIалэмэ, «тхьэм уигъэпсэу, насыпыфIэ ухъу», къыжриIэрти, Я фIэхъусри, я сэламри абыкIэ зэфIэкIт. Сэламым иужькIэ хьэщIэм и шыр бысымым пхъэлъантхъуэм фIидзэрти, хьэщIэм и щIакIуэ, и бащлъыкъ, и фоч, и къамышыхэр бысымым къыIихырти, «еблагъэ!» жиIэрти, бысымыр хьэщIэм и сэмэгурабгъумкIэ бгъурыувэрти иришажьэрт.
ХьэщIэр унагъуэм я Iыхьлы гуэру щымытмэ, хьэщIэщымкIэ иригъэблагъэрт. Ауэ хьэщIэр унагъуэм я Iыхь-
лыуэ щытмэ, «уэ ухьэщIэщ хьэщIэкъым», жиIэрти, унэм иригъэблагъэрт.
Хьэщlэр щрагъэблагъэкIэ, бысымым нэхърэ нэхъапэ унэм щIагъыхьэрт. Ауэ, унэм къыщыщIэкIыжкIэ, бысымыр япэ къыщlэкIт. Ахэр хабзэ щIащIар хьэщIэр и ужь итмэ, хьэр къыжьэхэмыпхъуэн, къыщыщIэкIыжкIэ, хьэщIэм бий сыт иlэмэ, бысымыр япэ Iууэн щхьэкIэт.
ХьэщIэм и фочыр бысымым къыщыIрихам и деж къыщыщIэдзауэ ежьэжыху, и пщIантIэм дэкIыжыху, бысымыр хьэщIэм щхьэкIэ хъумакIуэт. И пщIантIэм дэту хьэщIэм зыгуэр къыщыщIмэ, бысымым и напэр текlат, и лlыгъэри къутат.
А хабзэр икъукIэ зэман жыжьэм къыщожьэ. Мис абы щхьэкIэ Нэгумэ Шорэ итхыжар: «ХьэщIэкIэ адыгэхэр фlыуэ зэрыщытам и фэеплъыр а зэманым щыIа хабзэу хъыбарыжьхэм яхъумащ. ТхьэмыщкIагъэмрэ Политическэ зэхъуэкIыныгъэ куэдхэмрэ щхьэкIэ къэмынэу, а хьэлыфIыр иджыри къамыгъэлэлауэ яхъумэр. Ди дежкIэ ди унэ бжэщхьэIум къебэкъуа гъуэгурыкIуэр псом нэхърэ нэхъ лъапIэ дыдэщ.Абы нэщхъыфIэу IуощIэ, гуапэу ягъэхьэщlэ, нэхъ пlэ тыншым ягъэгъуэлъ, щIыхь ин хуащIу ирагъэхьэж, и щхьэр хъума хъун папщIэ, зым адрейм Iэрылъхьэ хуещI. Хамэи и щхьэр хъумэнымкlэ унагъуэр зейр лъэпкъ псом и пащхьэм щыжэуаптакIуэт, икIи хэт и хьэщIэр мыгъуагъэм щнмыхъумэфами, е ар дэнэ къэна, и жагъуэ ящIамэ, апхуэдэу зыщIам суд тращIыхьырт икIн хуагъэгъуртэкъым. ХьэщIэм и гъащIэр ихъумэн папщIэ, абы хуей хъууэ щытмэ, унагъуэр зейм и псэр щIитын хуейт». ХьэщIэм щхьэкlэ бысымыр хъумакIуэт, адыгэ хабзэкIэ жэуаплыт.
КъэкIуар фыз хьэщIэмэ, къызэрыкlуэнур выгут. 3эрыхабзэти, выгум гущхьэ телът, гущхьэм упщIэ теубгъуат, щIигъанэу, упщlэр щагъэ хужь бгъуэшхуэкlэ тепхат зэпрыдзауэрэ. ПщIантIэм къызэрыдыхьэу гум и IумпIэр бысымым иубыдти, гур къызыщыувыIэн хуейм и деж ишэрт.
Ауэ фыз хьэщlэр гум къишынри егъэблэгъэнри зи Iуэхур цIыхубзт. ЦIыхубзыр сыт хуэдэ хьэщIэми, хьэщIэщым ирагъэблагъэртэкъым. ЦIыхубзыр хамэми благъэми унэ хьэщIэт.
Хамэ цIыхухъур хьэщIэщым щIыщагъэхьэщIэр унагъуэм ис цlыхубзхэр щыукIытэн щхьэкIэт. Езы хьэщlэри цIыхубз зыщыlэбэ-зыщылъабэм щытынштэкъым, хуиту зыщигъэпсэхутэкъым.
Ауэ цIыхубзыр и къарусызыгъэмрэ и нэмысымрэ щхьэкIэ хьэщIэщым щIадзэртэкъым, лъэныкъуэегъэз ящlыну хуагъэфащэртэкъым.
ЦIыхухъумрэ цIыхубзымрэ яку илъ нэмысым теухуауэ хьэщIэщыр зыщагъэуври цIыхубзхэм я зекlуапlэу щымыт щIыпIэт. Дауэ хъуми, сыт хуэдэ хьэщlэми щхьэж зэрыхуэфэщэнкIэ ягъэхьэщIэрт.
ХьэщIэ зыхуэкlуэ зн хабзэ адыгэ унагъуэм IэнэщI зимыщIу, хьэщIэм хуэмыбэлэрыгъыу щытт. Адыгэр хьэщIэм щхьэкIэ, псом япэу, махъсымэ щыщIэртэкъым. Абы щIыхуэсакъыр, а зэманым фадэу щыIэр махъсымэти арат. Иджы хуэдэу узэрыдэжу фадэр къэпщэхуну бгъуэту щытакъым. 3ыщыукIытэн хьэщIэ къыхуэкIуамэ, махъсымэ лъыхъуэ хэт и деж кIуэнт? ХьэщIэм Iэджэ бгъэдэсын хуейт. Ауэ нэщIу щигъэсыну бысымым дежкIэ нэмысыншагъэт, лIыгъэншагъэт. Мис абы щхьэкlэ махъсымэ зыщамыгъащlэу щытащ.
Пэжщ, махъсымэр куэдрэ щымыту зэкlуэкIыу щытащ.
Ауэ, а зэманым, махъсымэр щlэх зэмыкlуэкIын щхьэкlэ, Iэджэуи зэтегъэпщIыкlауэ яIыгът, щытыхункlэ нэхъри ефIакlуэу, нэхъри къару нгъуэту. Абы хуэlэзэу махъсымэр быдэу фокlэ ягъэlэфIырт, илъэскlи, илъэситкlи, нэхъыбэкIи зэмыкlуэкlыу щыт хъууэ.
Махъсы:мэр лlэужьыгъуэ куэд хъурт: махъсымэ къызэрыгуэкI, фо махъсымэ, махъсымэ пlащlэ, махъсымэ Iув, мэрэмэжьей. Ахэр псори зэтегъэпщIыкlауэ яхъумэрт, щхьэж хуэфащэ щыкъум иту. Абыхэм ирагъафэри езы хьэщlэ кърихьэлlам зэрых,уэфащэкIэт.
ХьэщIэм и гъэхьэщIэкIэм хабзэ зыбжанэ ехьэлlат. Адыгэ гъэхьэщIэкIэм адыгэ шхыныр быдэу пыщlат.
ХьэщIэм адыгэхэм нэмысышхуэ, хабзэшхуэ кlэлъызэрахьэрт. Хьэщlэр къызэрысу лэкъум, хьэлывэ, хуагъажьэрт, самовар хуагъэувти фошыгъу шей ирагъафэт. Абыхэмкlэ хьэщlэ бгъэхьэщIэну сытым щыщ,- жаIэнщ иджырейхэм. Ауэ а зэманым абыхэмкlэ икъукlэ хьэщlагъэ ирахыу арат. Сыту жыпIэмэ а зэманым фошыгъу шей ирафу щытакъым ди адыгэхэм. Фошыгъу шей ирафу къызэраублэрэ куэд щIакъым. Самоварыр гъуэтыгъуейт, лъапIэт, цIыхухэм яIэтэкъым, фошыгъури арати, къежьагъащlэт. Апхуэдэ зэманым самоваркlэ хьэщIэм фошыгъу шей хуэбгъэвэныр щlыхьт. «Самовар къищэхуащ»,- жаlэу яфlэгъэщlэгъуэну цlыхур плъакlуэ щыхуэкlуэ зэмант.
Мис а зэманым самовар зиIэм къыщIихрэ бжэlупэм щигъэуву щытащ, дунейр икъутэжа фlэщlу. Ари хьэщlэ дыдэ къыхуэкlуамэ. Самовар ягъэувауэ жыжьэу къаплъэрэ ялъэгъуамэ, хьэщlэ зэраlэр ящIэт, самоварыр ауэ джэгуу зэрамыгъэувамкlэ .
ХьэщIэр апхуэдизкIэ щIэщыгъуэт, гъэщIэгъуэнти, кIуами здэкIуами зыгуэр къэхъуа яфIэщIыжт. ХьэщIэ ямыIэмэ, езым я щхьэм щхьэкIэ самовар ягъэувынутэкъым. Я фIэщ кърагъэкIмэ, щаищ иратынурэ зы фошыгъу джэронкIэ къащэхуну арат.
Ар зэрыщIэщыгъуэм хуэдэу а зэманым гуэдз лэкъумри щIэщыгъуэт. Абы щыгъуэми лэкъум ягъажьэу щытащ, ауэ нартыху лэкъумт, щэ дагъэкIэ е кIапэ дагъэкIэ гъэжьауэ. Шейм хакIэну шэ е шатэпс Iэнэм трагъэувэрт. Варенэ яIэн дэнэ къэна, езыр яцIыхуххэртэкъым, ялъагъуми ящIэнутэкъым. Абы и гъусэу тралъхьэрт: кхъуей, лы гъур гъэжьа, хыв шатэ щIэгъэпщтхьа хуэдэхэр. Япэ дыдэ кърагъахъуэ шейр бысымым хутрагъэувэрт, шейудз вахуэ кърихмэ, хьэщIэм лъамыгъэсын щхьэкIэ. Мы жытIахэмкIэ хьэщIэм и мэжэщIэлIагъэр ирагъэкIыу арат.
ХьэщIэр хьэщIэ хэгЪэрейрэ я нэIуасэу щытмэ, джэk Къаз, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ жаIэми абыхэмкIэ фIагъэкIт.
Ауэ нэхъ ягъэлъэпIэн хуейуэ хамэ хьэщIэмэ, Iэмал имыIэу, ныш xyaук1т. Нышу нэхъыбэрэ яукIыр щынэт, «хьэщIэ ныш», жыхуаIэри арат. Щынэ имыIэм е щынэр къаймэщIэкIынумэ, гъэлъэхъу, мэл яукIт, Iэмал имыIэмэ, бжэн. Ауэ кIапэ зыпымытыр ныш лъапIэ дыдэу ялъытэртэкъым.
ХьэщIэхэр Гупышхуэрэ, Iэщ цIыкIур къаймэщIэкIынумэ, выщIэ, жэмыщIэ хуэдэ xyaук1ырт. Абыи къыщымынэу, быдэу ягъэлъэпIэн хуей пщы хьэщIэу щытмэ, езыхэри гупышхуэмэ, шэ ефэ шыщIэ xyaук1ырт. ШыщIэм нэхърэ нэхъ лъапIэ нышым яхэттэкъым. Абы нэхърэ нэхъ IэфIи лы щыIэкъым. Пщы хьэщIэм Iэмал имыIэу арат нышу xyaук1ыу щытар. Ауэ абы хьэщIэ нышкIэ еджэртэкъым. «ХьэщIэ ныш» зыфIащыр Iэщ цIыкIур арат. Пщы хьэщIэр нэхъри ягъэлъэпIэнумэ, бланэшкIэ е бланэ къыхуаукIырти Iэнэм хутралъхьэрт.
1 «Бланэшкlэхэр зи хьэщIэныш, Бланэшэхэр зи Iэпэшыпс» жеlэ Хьэтх Мыхьэмэт и уэрэдым.
2 «Арыкъыжьым и бланэ пшэрыр пщы дадэм и хьэщIэнышr» жеlэ Хъымсад и уэрэдым. •
Унагъуэм щхьэкIэ мыпхуэдэ къохъу: гъатхэ хъуарэ щынэм имычэзууэ, мэлыр уэду, псэфымрэ мыпсэфымрэ белджылы мыхъуауэ, езым хьэщIэ къыхуэкIуарэ ныш имыIэну амал имыIэу. «Гъатхэ унэ гъуанэщ», жыхуаIэр арати, зыми и мычэзууэ. Абы щхьэкIэ хьэщIэ къэкIуэн щигъэтыжын? Адыгэ унагъуэм ищIэрт абы хуэдэ зэман къызэрыкIуэнури, абы хуэбэлэрыгътэкъым, IэнэщI дыдэу зригъэхьэлIэртэкъым. Абы Iэмалу иIэр мырат:
Адыгэ унагъуэ хуэкъулейм Iэмал имыIэу бжьыхьэм «бжьыхьэ ук1ын» жиIэрти, мэл зыбгъупщI иукIырт. Абыхэм я лыр игъэгъурти игъэтIылъыжт. Ахэр щIымахуэ шхынти, щIымахуэм икIуадэрт. Абыхэм я щхьэ-лъакъуэхэ фIыуэ ягъэлыгъуэрт, быдэу ягъэкъабзэри ягъавэрт. Чейм къундэпсэу иракIэрти щхьэ-лъакъуэ гъэвахэр а чейм халъхьэрти ягъэувыжырт. Ар илъэскIэ щытами зэкIуэкIынутэкъым.
Абыхэм нэмыщIу, выжь, жэмыжь хуэдэ зыщымыгугъыжхэр пшэр хъухункIэ .быдэу ягъашхэрти яукIыжт. Абыхэм я лыр чейм ирашыуэрти ягъэувыжырт. Ари зэмы кIуэкIыу зэман кIыхькIэ щытт.
Абыхэми нэмыщIу, лы пшэрыр зэхаупщIатэрт щабэ хъуху, абы бжьын, бжьыныху хаубэрти, кIэтIийм иракудэрти, ягъэгъурт. Ари фIыуэ щылъынут зэмыкIуэкIыу.
Абы адэкIэ, шыл яшхыу щытащ, кърым тэтэрхэм къытрахауvэ. Шыл пшэрым щыщ фIыуэ бжьыныхукIэ шыуауэ кIэтIийм ирагъэжэхырти, быдэу ягъэгъурти ягъэтIылъыжт. Ар - «шыкъазы» жыхуаIэр арати, абы нэхърэ нэхъ IэфI щыIэтэкъым. Мис ахэр зиIэ унагъуэр гъатхэми гузавэртэкъым. Абыхэм емыIусэу гъатхэ нэсыху яхъумэрт, хьэщIэм хуэсакъыу. А зи гугъу тщIахэр пасэрей лIыжьхэм сыт хуэдэл нэхъри нэхъ къащтэрт. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри ныш нэхърэ нэхъ ягъэикIэртэкъым.
Чейм иралъхьэу ягъэтlылъа щхьэ-лъакъуэхэр арат «щхьэфIэIукIэ» зэджэр. ЩхьэфIэIур апхуэдизкIэ пасэрей лIыжьхэм яфIэфIти, сыт хуэдэ ныш нэхъри нэхъ къащтэрт. Уеблэмэ, щхьэфIэIу яшхын щхьэкIэ, ар зиIэм я деж кIуэрт, хамэ къуажэу щытми. Сыт хуэдэ хьэщIэ къахуэкIуами, Iэнэм щхьэфIэIу хутралъхьамэ, сыт хуэдэ ныш нэхъри нэхъ къащтэрт, ныш xyaукIa пэлъытэуи ябжт.
Иджы хуэдэу, япэ щIыкIэ Iэнэр ягъэуву, итIанэ шхыныр тралъхьэу щытакъым. Iэнэм тралъхьэну псори тралъхьэрти, ягъэувт. Iэнэ хъурей цIыкIум пIастэр хъурейуэ кърагъэтIыIъэкIти, шыпсыр и кум ирагъэувэрт, шыпсылъэ цIыкIукIэ. ПIастэм и щIыIум телъу лыри хъурейуэ кърагъэтIылъэкIыжт. Шыпсыр шху шыпсуи лэпс шыпсуи хъункIэ хъунут.
Ауэ Iэнэр яхьыным ипэкIэ, Iэмал имыIэу, тас-къубгъан яхьти, хьэщIэхэм зрагъэтхьэщIт. ЗатхьэщIа нэужь, Iэнэр умыхьу бгъэгувэныр емык1ут. Абыхэм ящIэрт зыщIрагъэтхьэщIар Iэнэ яхьыну арауэ зэрыщытыр.
1энэр яхьырти ягъэувырт. Абы иужь иту махъсымэр яхьт, 1элъэныкъуэ кхъуэщынк1э е пэгунк1э.
Адыгэхэм 1энэм я пэрысык1эр: хьэщ1эхэр зыт1ущ нэхъ мыхъумэ, зыбгъэдагъэт1ысхьэр зы 1энэ хъурей ц1ык1ут, лъакъуищ щ1эук1ауэ.
Псори шэнтщхьэгуэ ц1ык1у тесу хъурейуэ къет1ысэк1ауэ 1энэм бгъэдэст зэрыхуэпам хуэдэу, я къамэ-бгырыпххэри зэращ1эпхам хуэдэу.
Гупым 1эмал имы1эу зы тхьэмадэ я1эт. А тхьэмадэр хэгъэрейхэм ящыщу щытынут. Хьэщ1эр сыт хуэдизк1э ягъэлъап1эми, гуп тхьэмадэ ящ1тэкъым. Хабзэтэкъым. Бысымыр псомк1и унафэщ1у, хьэщ1эр абы и унафэ щ1этын хуейуэ зэрыщытыр арат, хьэщ1эр тхьэмадэ щ1амыщ1ыр. «3эгъунэгъуит1 я мэл бжык1э зэщхькъым»,- жыхуа1эм хуэдэу, щ1ып1эм щыхабзэхэр хьэщ1эм имыщ1энк1э хъунут.
Махъсымэр ирагъахъуэти, гуп нэхъыжьым иратт. Нэхъыжь зратар 1энэми хьэщ1эми теухуауэ хъуахъуэрти, нэхъыщIэхэм ящыщ зыгуэрым иритыри, иригъафэрт. Хъуахъуэрэ езыр ефэжмэ, адыгэ хабзэк1э емык1уи щытащ. Иджы нэхъыжьыр мэхъуахъуэ, ар ефэху, мыдрейхэр ефэркъым. Нэхъыжьыр зытехъуэхъухьу нэхъыщ1эм ирита бжьэр, нэхъыжьым къы1эрыхьэжа нэужь, езы нэхъыжьым и сэмэгумкlэ хьэщ1э къыбгъэдэсу щытмэ, езы нэхъыжьыр емыфэ щ1ык1э а хьэщ1эр иригъафэти, ит1анэт езы нэхъыжьыр щефэр. Апхуэдэу щ1ащ1ыр, махъсымэр зэрек1уэк1ыр ижьырабгъумк1эти, нэхъыжьыр зэрефэу ижьымк1э ириут1ыпщхьэк1ын хуейт. Абы щыгъуэм махъсымэм гупыр хъурейуэ къик1ухьыху хьэщ1эм и деж къэмысурэ псоми яужь къинэнути, ар иужь кърамыгъэнэн щхьэк1эт. Къек1уэк1ыу псори зэрызэ ефа нэужь, шхэным щ1адзэрт. Нэхъыжьыр хэмы1эбауэ зыри 1энэм хэ1эбэртэкъым. Гупым ящыщу махъсымэбжьэр зы1ыгъым игъэувыну хуиттэкъым. Махъсымэбжьэ бгъэувыну адыгэ хабзэтэкъым.
1энэм пэрыс псоми а зы шыпсылъэ ц1ык1ум ирагъэпщ1т. 1энэм телъыр былымылу щытмэ, адыгэ хабзэкlэ, шыпсым п1астэ ирагъэпщIкъым, ирагъэпщ1ыр лыр аращ. Ауэ 1энэм телъыр 1эщ ц1ык1уу щытмэ, п1астэр иригъэпщIыну хуитщ. Ауэ хабзэр зытеухуар п1астэр егъэпщ1ын хуэмейуэ аращ.
Махъсымэр зэрырафыр къамыл шыплъэт е пхъэшынакъ кlыгъуанэт. Чэзууэ ефэурэ хъурейуэ кърагъэкlуэк1ыу зэрефэр а зы шынакъырт. Ефам езым и ижьрабгъумкlэ къыщысым иритурэ ирагъэкlуэкIт. Мащlэу изыфынри хуитт, куэду изыфынри хуитт, зыри иримыфу, ауэ и 1упэр хищlэ хуэдэу ищIурэ, езыгъэкlуэк1ынури хуит.
Ауэ, Iэмал имы1эу, махъсымэр зы1ыгъыр щефэм и деж, емыфэ щIык1э, зритыну и гъунэгъум еджэн хуейт, «нокlуэ», жи1эу. Ар щефэнум и деж зритынум емыджамэ, е еджарэ зэхимыхамэ, зритынум Iихынутэкъым, «укъызэджакъым, къызэджи ефэ!» - жиIэрти, къригъэгъэзэжти, етlуанэу иригъэфэжт. А зэджами жэуап кърет: «гъуэгуфlщ, уэ укъелмэ, сэ сыщыlэщ»,- жиIэрти.
Апхуэдэу ефэу здэщысхэм, гупым ящыщу махъсымэбжьэр зы1ыгъым «зэ езгъэфарэт», жиIэу гупым ящыщ зыгуэр лейуэ иригъэфэну мурад хуищIмэ, иригъэфэну хабзэт. «Си бжьэ укъысхуефэну си гуапэщ»,- жи1эрти иритт. 1ихти хуэфащэк1э къехъуэхъути, ефэти къритыжт.
Ауэ нэхъыжьым кърита бжьэм нэхъыщlэр техъуэхъухьтэкъым, быдэуи ефэртэкъым, ауэ т1эк1у и Iупэр хищlэ хуэдэу ищIти, хуишиижт. Ефэнуи хабзэтэкъым. Ауэ бжьэр езыта нэхъыжьым гу къылъетэ щIалэр зэремыфами, «ефапэт, шынэхъыщIэ!»,- жиIэти, къригъэгъэзэжт. Абы щыгъуэм сыт хуэдиз ирифынуми щIалэр хуит хъуащи фlыуэ йофэри иретыж.
Iуэхур псори зэрекIуэкIыр гупым я нэхъыжьым и унафэт. Абы еупщlурэ хуитыныгъэ къыlахт. Апхуэдэ къабзэу щхьэгъырыти яlэт. Щхьэгъырытхэри ирагъафэрт, хуашийуэрэ.
Адыгэ хабзэкIэ бысымрэ хьэщIэрэ, зэдэшхэу щытмэ, бысымыр япэ хэмыlэбэу, хьэщlэр хэlэбэныр eмык1ут. Абы мыпхуэди хэлът: абы зы щхъухь гуэр, зы шынагъуэ гуэр зэрыхэмылъыр бысымыр зэредзэкъамкIэ хьэщIэм быдэу и фlэщ хъурт. Ар фадэу щытми, бысымыр япэ ефэн хуейуэ хабзэт.
Фадэр, зэрыжытlам хуэдэу, хъурейуэ къекlуэкlыурэ ефэрт, «фадэр гуакlуэрыефэщ»,- жаIэрт къэбэрдейхэм, джылахъстэнейхэм «фадэр зыфlэфlрыефэщ»,- жаIэрт. 3эрыжаIэти, щхьэж зыфlэфIым хуэдиз ирифырт.
Адыгэр дахэу, eкlyy, Iэдэбу Iэнэм пэрыст. «Iэнэм упэрысу къэбгъащlэр гъащIэм щыщкъым»,- жаIэрт. Ар адыгэхэр Iэнэм зэрыпэрыс зэман мащlэр гухэхъуэу, дахэу зэрагъакlуэр арат.
Махъсымэ фалъэр хъурейуэ тlэу-щэ къекlуэкlа нэужь, нэхъыжьым уэрэд ищIэмэ, къыхидзэрт, имыщIэмэ, зыщIэм къыхидзэну хуит ищIырти, жрагъэIэрт. Гупыр псори абы ежьурт.
Абы иужькlэ, хьэщIэм уэрэдыщlэ къыздихьамэ, къажриIэну елъэlурт. Хьэщlэр къыздикlа щlыпIэм уэрэдыщlэ къыщежьауэ, ар хьэщIэм къыздихьамэ, къыхидзэрти, зы едзыгъуэ жиIэрт, абы иужькlэ и ежьури жиIэрт.
уанэ едзыгъуэр жиlа нэужь, гупым ежьур ящlауэ, хьэщIэм и уэрэдыщIэм псори ежьыуфырт.
Гупым уэрэд щыжаIэкIэ, уэрэдыр къыхэзыдзам и кIыхьагъкlэ жиIэртэкъым, атIэ зы едзыгъуэ жиIэрти, «зыщIэм и дежкIэ нокlуэ!»,- жиIэрти, яхиутIыпщхьэрт. Ар нэгъуэщIым къипхъуатэрти, пищэрт. Апхуэдэурэ а зы уэрэдыр зэпрадзыжу цlыху куэдым жаIэрт.
Пасэм щыгъуэ псом и уэрэд ящIэрт, псоми уэрэд жаIэрт, яфlэфIу. Мис а щIыкIэм тету ефэурэ, бысымыр тIэкlу къэгумащlэрэ, хьэщlэр тIэкIу нэхъыбэIуэ иригъэфэн мурад ищIмэ, е щIагъуэу емыфэ фlэщIмэ, унафэ ищIырти бжьакъуэ къригъэхьырт. Бжьакъуэмкlэ япщурэ ирафу щlадзэрт. Ар «гъэкIыкъиефэ» жыхуаIэр арат. Абы къэбэрдейхэр «изырафэкlэ» еджэрт, джылахъстэнейхэр «гъэкIыкърафэкlэ» еджэрт. Бжьэ щlыфIащар а бжьакъуэмкIэ ефэу зэрыщытар арат. Шыплъэри а зэрекIуэкIыу щытам хуэдэу екlуэкlыу, бжьакъуэмкlи иригъафэурэ бысымым игу игъэзагъэрт. Бжьакъуэм къибнэIауэ къыпIахыжыртэкъым езы бжьакъуэр итIауэ бгъэувыж хъуртэкъым.
Ауэ сыт хуэдиз уефэми, адыгэ хабзэкIэ чэф бгъуэтыныр eмык1ут. Псом хуэмыдэу хьэщIэм чэф игъуэтыныр емыкlушхуэт. А зэманым махъсымэ зэрыраф пщалъэу стакан яlакъым, пщалъэу зэрырафыр бжьакъуэт. «Си бжьэ къефэ!» жыхуиIэр, «си бжьакъуэ къефэ», жиIэу арат.
ХьэщIэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ ящхьэщыту жыхафэм щхьэгъырыт зыкъом темытыну Iэмал иIэтэкъым.
Iэнэм щыс нэхъыжьхэм махъсымэбжьэ къыхуэшииуэрэ а щхьэгъырытхэри ирагъафэрт. Бжьэ зыхуашииуэ зрагъэфам, Iэмал имыlэу, пlастэ Iыхьэрэ лы Iыхьэрэ зэтеубыдауэ иратти (абы зэреджэр «лыlут») едзакъэрти, я Iэр я лъейм щахуэжырт. Я Iэр я лъейм щахуэжыныр хабзэу аратэкъым, абыкlэ ялъэщIыжу арат.
Махъсымэр къизыгъахъуэ бгъуэщlэсыр етlысэх имыIэу ящхьэщытт. Ар гупым ятеплъэкъукI хъунутэкъым. Арат гуп Iуэхур псори зыгъэтэмэмыр, хэт ефами, хэт емыфами хэт къемызэгъын илэжьами. «Уефэнумэ, бгъуэщIэсым еджэ»,- жыхуаIэр арат. «Бгъуэщlэсыр ебгъафэмэ, уригъэфэжынщ»,- жыхуаIэт. Абы псынщIэу илъагъун хуейт махъсымэ зэрыраф шынакъым щимытыжыр.
Iэнэм пэрыс нэхъыжьхэм ящыщ щIэкIын хуеймэ, жыхафэм тет щхьэгъырытхэм ящыщ дыщIэкIын хуеит, Iэмал имыlэу. Ауэ Iэнэм пэрыс хьэщIэхэм ящыщ щIэкIын хъумэ езы Iэнэм щысхэм ящыщ дыщIэкIырт. Абы щхьэкlэ къэмыгъанэу, жыхафэм тет щхьэгъырытхэм щыщи ядыщIэкIырт, хьэщlэр ягъэлъапlэу. КъыщыщIыхьэжкlэ, хьэщlэр япэ иту, хэгъэрейр и ужь иту къыщIыхьэжырт. Сэламыр къэзытри япэ итыр арат.
- Гуп махуэ апщий! - жиIэрти, къызэрыщIыхьэжу, сэлам къитырт.
- Упсэу апщий, къеблэгъэж! - жаIэрти, псори зэщlэтаджэрт, хьэщIэм щlыхь ху,ащlу, тхьэмадэ закъуэм инэмыщI къэмынэу. Ауэ тхьэмадэр тэджтэкъым. Бжьэр зыIыгъым сэлам къэзытам иритырт. Ар «саламчэтыбжьэ», «гупмахуэбжьэ» жыхуаlэр арат. Абы ирата бжьэр езым иримыфу, езым и ужь иту къыщIыхьэжам ириту езыгъафэ зи хабзи щыIэт, езым ирифу зи хабзи щыIэт. Псалъэм щхьэкlэ, Джылахъстэней лъэныкъуэм бжьэр зратам езым и ужь иту къыщlыхьэжам иретри ирегъафэ. Дапщэ и ужь итми, бжьэр зритыр езым къыкIэлъыкlуэ дыдэр аращ. Ауэ Къэбэрдей лъэныкъуэм езы бжьэр зратам иреф. Фадэр кърагъэхъуэжри бжьэр къезытам иритыжырт. АрзэфIэкlыху гупыр псори мыт1ысу зэхэтт, хьэщIэм пэплъэу. Ар зэрызэфIэкlыу хьэщlэр и пIэм ягъэтIысырти, псори щхьэж и пIэм тIысыжырт.
Гупмахуэбжьэу зы фIэкIа щыIэкъым, тlощI къыщIыхьами, а зы бжьэр аращ хуашийр. Гуп нэхъыжьыр щIэкIми арат хабзэр. Гупым я нэхъыжьыр щIэкIмэ, къыщIыхьэжыхункlэ унафэр и Iэмыщlэ илъыну зыгуэр и пIэм къринэрт. Нэхъыжьыр, къыщlыхьэжу сэлам къыщихкlэ, гупыр псори мэтэдж, хьэщIэм пщlэ зэрыхуащIым ещхьыркъабзэу. Гуп нэхъыжьыр къыщIыхьэжамэ, гупмахуэбжьэр кърату, зэрыжытlам хуэдэу иригъэкlуэкlыу, бжьэр къезытам иритыжыху, гупырпсори мыт1ыcy зэхэтт, гуп тхьэмадэм пэплъэу. Псори зэфlигъэкlыу нэхъыжьыр и пIэм зэритlысхьэжу, псори тIысыжт.
Гупым ящымыщ зыгуэр нэхъ иужьыlуэкlэ къыщIыхьамэ, зэрыха6зэти, гупым ящIэрыхьэжын щхьэкlэ «Мысостей бжьищ» е «Къетыкъуей бжьищ»,- жаIэрти, зэkIэлъыкlуэу щэ ирагъафэрт. Ар адыгэ фадафэ хабзэт. А бжьищыр ирифа нэужькIэт щагъэтlысыр.
- Сыт «Мысостей бжьищ», «Къетыкъуей бжьищ» жыхуаlэр? Ар щIыжаlари сыт? - жаlэу гупым куэдрэ щыщIэупщlэу зэхыдох.
«Мысостей бжьищ» щlыжаlар мыращ: ПщыIэпщокъуэ и къуэ Къазий (ар езыр Беслъэн Пцlапцlэ и лIакъуэт, н.ж. Беслъэн Пцlапцlэ и къуэ Къетыкъуэ и къуэрылъхут, къуитху иlащ: ХьэтIохъущыкъуэ (ХьэтIохъущокъуэ лъапсэр къызытепщIыкlар) Щолэхъу, Жамболэт, Мысост, Ислъам сымэ. Я ажалкIэ лlэжами, е къаукIами сытми щолэхъурэ Жамболэтрэ пасэу дунейм ехыжащ.
Къазий щылIэм къыщIэна и къуищым Бахъсэн псыхъуэм и Iэшэлъашэ щIыхэр яхуигуэшащ, мамыру зэдэпсэуну уэсяти къахуищIащ. Къазий лIа нэужькIэ зэшхэр ээман заулкIэ мамыру ээдэпсэуащ, ауэ фыгъуэн-ижэныр яку къыдыхьэри пщыгъэмрэ мылъкумрэ яхузэрымыгъэгуэшу, ээрымыгъэпщ-ээрымыгъатхъэу зы анэ къилъхуа ээкъуэшищыр бий кIэруфIыщI ээхуэхъуащ.
Апхуэдэу ээлъимыхьэу куэдрэ ээбия нэужь, Мысост мурад ищIащ зэшхэр зэригъэкIужыну. И къуэшитIыр къригъэблэгъащ, фадэ Iэнэ къахуищтэри, езыри яхэтIысхьэжащ. .
- Дэ зы анэ дыкъилъхуащ, эы быдзыжь дефащ. Ди адэм и ,уэсятыр ткъутауэ сыт щхьэкIэ дызэбий? Зэшзэхуефэ дывгъэщIи дызэвгъэкIужl - жиIэри я пащхьэм бжьэ зырызыхэ иригъэуващ. Зышищыр Iэнэм пэрысщ, я щхьэхъумэхэри Iэщэ-фащэкIэ зэщIэхуэпыкIауэ къащхьэщытщ.
ХьэтIохъущыкъуэ нэхъыжьти, хабзэкIэ япэ ефэн хуейр арат, ауэ икъуэшым щхъухь хилъхьауэ шэч ищIырти ефэртэкъым. ХьэтIохъущыкъуэ емыфэу, абы Мысост кIэлъыкIуэрти, ари ефэ хъуртэкъым. Ислъам нэхъыщIэ дыдэти, и къуэш нэхъыжьитIыр емыфауэ ефэну хабзэтэкъым.
Зыкъомрэ зраIуэнтIыхьу щыса нэужь, Мысост къэгубжьащ:
- Уэ, ХьэтIохъущыкъуэ, ущlемыфэр щхъухь хэздзауэ уи гугъэу аращ, ауэ сэ апхуэдэ напэ сиIэкъым. Нобэ щыщIэдзауэ си IэмыщIэ илъ си блыгу щIэтхэм хабзэу яхузогъэув «Мысостей бжьищ» жаlэу гупым къыкIэрыхуар тезыру ирагъэфэну! - жиlэри, Хьэтlохъущыкъуэ и бжьэр къищтэри езым ирифащ, абы иужькlэ езым и бжьэри къищтэри ирифащ. А тIури ирифа нэужь, Ислъам и бжьэри ирифащ. Мис а щIыкlэм тету къежьащ «Мысостей бжьищым» и хабзэр.
«К:ъетыкъуей бжьищым» и хабзэр къыщежьар иужькIэщ.
Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэч и пщыгъуэ зэманым АргуданыщIым къыщыщIэдзауэ Елъхъуэт нэс, ипщэкIэ осетинхэр зыщыпсэу къуршым и жьэгъум еуалlэу а щIыпIэ псори IэщIэлъащ. Осетинхэр къыдэкIамэ, къызэтехьэр Аслъэмбэч ищIт. Абы щхьэкIэ осетинхэр Аслъэмбэчым къеубзэн хуей хъурт.
Арати, зэгуэрым осетин алдар Къэбан и къуэм Аслъэмбэчыр хьэщIэу иригъэблэгъащ. Аслъэмбэч Мамхэгъхэ ящыщ и пщафlэ гъусэу кIуащ.
Къэбан и къуэр зи ныбжьыр илъэсищэм щ1игъу лIыжьт.
Iэнэ къыхузэIуахри Къэбан и къуэжьыр къэтIысащ.
Аслъэмбэчыр хьэщIэти и ижьрабгъумкIэ жьантIэм дришейуэ игъэтIысыну къелъэIуащ. Аслъэмбэч адыгэ хабзэм фIыуэ щыгъуазэт, езыри хьэщIэу, пщыгъэкlи нэхъ лъагэу щыт пэтми, илъэсищэм фIэкIа лIыжьым ипщэкlэ кIуэуэ т1ысын имыдэу и сэмэгурабгъумкIэ щытIысащ. Осетинхэр къыщхьэщыуващ.
- Си бжьэм къысхуефэ, Аслъэмбэч! - жиIэри лIыжьым Аслъэмбэчым бжьэ къыIэщIигъэуващ. Къущхьэ аркъэ гуащIэр зэрыт фалъэр къызэрыгуэкI бжьэтэкъым. Зы пхъэм къыхэщIыкlауэ фалъищу зэтетт. И щIагъым щIэтым щефэкIэ адрей тIури абы къилъадэрти, ирифын хуейт. Аслъэмбэч и лIыгъэр осетинхэм гъэунэхупIэ ирагъэуват: япэр арауэ, Аслъэмбэч хьэщIэт, хьэщIапIэм зыщиIыгъын хуейт, eмык1у къимыхьу. ЕтIуанэу Аслъэмбэч пщыт, къратым емыфэфмэ, ефэрэ чэф игъуэтмэ, и пщыгъэ напэм екIуртэкъым, и щIыхьыр осетинхэм я пащхьэм щыкъутэнут. Апхуэдэ напэтех къыщымыщIын щхьэкJэ, адыгэлIым зигъэлIэнут. Аслъэмбэч езыр лIышхуэт икIи къарууфIэт. Осетинхэм къыIэщIагъэува бжьэр ирифри и пlащIэр иIуэнтIэжащ. Фалъэр щахуишиижым, К:ъэбан и къуэм жиIащ:
- Уи хьэлэлщ, Аслъэмбэч, улIщ, лIыгъэ уиIэщ. А фалъэр си фэеплъу зепхьэну уэ пхуезгъэщIащ.
Аслъэмбэч лIыжьым фIыщIэ хуищIри, фалъэр къыщхьэщыт и пщафIэм иритащ.
Аслъэмбэч выгъашхэ къыхуаукIати, выщхьэр гъэвауэ къахьри и пащхьэм кърагъэуващ.
- Уэ ущысу сэ щхьэр дауэ скъутэн!,- жиIэри, щхьэр лIыжьым и дежкIэ иригъэкIуэтэкIащ.
Ари лlыжьым игу ирихьащ.
Выгъашхэм и щхьэр ауэ IэкIэ пхуэкъутэнт?! Зэрикъутэн сэ щхьэкIэ лIыжьым зыщиплъыхьым, Аслъэмбэч и пщафIэ щIалэ Мамхэгъым и къамэщIэлъысэр къыщIипхъуэтри, хуишиящ. ЛIыжьым сэр Iихри тхьэкlумэр къытригъэжри, сапэм пылъу сэр зейм къыщыхуишийм, сэр къыIимыхыжу сапэм пылъ тхьэкIумэр и Iэгур иущIри Iэгум кърыригъэлъхьащ. Щхьэр зэхиупщIэтэн щхьэкIэ лIыжьым сэр иIэн хуейт Iэмал имыIэу. Ар Аслъэмбэчым игу ирихьащ.
Аслъэмбэч апхуэдэу осетинхэм къагъэлъапlэу къагъэхьэщIэри къэкIуэжащ, саугъэту кърита фалъэри къыздихьри. Мамхэгъым и зыIыгъыкlам къыхэкIыу пщIэ хуищIу уэркъ ищIащ. Тыгъэ къыхуащlа фалъэр щыуэ зэтету зэрыщытым и цIэкIэ «Къетыкъуей бжьищ» жаIэу гупым къыкIэрыхуауэ кърихьэлlар тезыру ирагъэфэну хабзэу и цIыхухэм я деж щигъэуващ. Аращ «Къетыкъуей бжьищ» жыхуаlэр къызытекlар.
Аслъэмбэч и адэр Къетыкъуэти и адэм и цIэкlэ игъэуващ. Аращ хъыбарым зэриlуэтэжыр.
Ауэ «сэламчэтыбжьэми», «гупмахуэбжьэми» техъуэхъухьтэкъым.
Адыгэ фадафэм зэрыщыхабзэти, гуп зэхэсыр техъуэхъухьрэ зыгуэрым и узыншагъэкlэ бжьэ къаIэтмэ, а зи узыншагъэкlэ хъуэхъу жаlам, абыхэм къыщаIэтым езым и бжьэр къимыIэту, езым щхьэкlэ ефэныр ефа нэужь:
- Фэ си узыншагъэкlэ фефащи, берычэт бесын! Иджы сэ фэ фи узыншагъэкlэ сефэнщ! - жиIэрти, гупым еухъуэхъурти, ефэрт.
Адыгэм хьэщlэр нэхъыжькlи нэхъыщIэкlи къамыгъанэу ягъэлъапIэрт.
Хьэщlэр щlалэу щытми, «хьэщlэ щlалэ щыIэкъым», жаIэрти, нэхъыжьхэр здэщысым и деж драшейрти бгъурагъэтIысхьэрт.
Гуп зэхэсым я ешхэн-ефэныр зэфIэкlа нэужь, Iэнэр Iуахыжырти, жыхафэм щыт щхьэгъырытхэм хуагъэувт. Абыхэм я кlэр зэщlакъуэрти, хьэмбыlуу Iэнэм къетlысэкIырти, къытенахэм хэшхыхьырт. Ар, зэрыхабзэти, емыкlуи хэлътэкъым. Iэнэр здэщытам и дежыр жыхапхъэкlэ къапхъэнкIыжт, тас, къубгъан къахьырти, зрагъэтхьэщlыжырт.
Хьэщlэр пщы хьэщlэу щытмэ, абы и Iэнэм цlыху дэтIыстэкъым, дэтIысынуи хуиттэкъым. Езы пщым нэхърэ нэхъыжьми нэхъыщIэми псари щхьэщытын хуейт, шхэн иухыху. Ауэ езы пщым унафэ хуищlрэ игъэтIысмэ, дэшхэну хуитт. Абы «къэтlыс!» зыжриIэнури лъхукъуэщауэ лlыхъу гъусэрт. Ар пщым и бейгуэлт. Ар жыхуаlэр, пщым и мыпщылlу, ауэ пщым и унафэкlэ псэууэ, пщыр ежьэмэ, дежьэу, абы дэщlыгъууэ къэзыкlухьыр арат.
Ар пщы гъусэу зэрыщытым щхьэкlэ лlакъуэлIэшым нэхърэ нэхъ ягъэлъапIэрт. Абы «уэркъщауэ», «лlыхъугъусэкlи» еджэрт. Утыку Iуэху сыт хъуами лъхукъуэщауэр нэхъ ягъэлъапIэрт, нэхъ дзыхь хуащIт, унафэр нэхъ Iэщlалъхьэрт. Пщылlыр Iуагъэкlа щхьэкlэ, пщы хабзэр якъутакъым ревалюцэр къэсыху.
Адыгэ хабзэкlэ ущышхэкlэ Iэнэм къытумынэlауэ ушхэну eмык1ут, ныбэблагъэт, «Iэнэкlэ имыщlу шхащ, мэхти», къыпхужаIэрт. Ар хабзэ щlэхъуар Iэнэр къыlуахыжым, щхьэгъырытыр зыгуэр едзэкъэн хуейуэ арауэ къыщIэкIынт. Хьэщlэр сыт хуэдизкlэ ирагъафэми, чэф игъуэтыну емыкlуу ялъытэрт. Хьэщlэр дэнэ къэна, адыгэ хабзэкlэ, чэф зыгъуэтым eмык1у хуащIт. Ди лъэныкъуэми хуэмыдэжу, Псыжь лъэныкъуэхэмкlэ щыхьэдэгъуэдахэ дыдэу щытащ зыгуэрым чэф игъуэтыныр. Уеблэмэ, чэф игъуэтауэ ялъэгъуамэ, цlыхуфэ ирамыплъыжу щытащ и нэмысыр фIэкlуэду.
Сыт хуэдэ тхьэлъэlууи щрет, сыт хуэдэ хьэщlэ Iэнэуи щрет, Iэнэм иужь дыдэкlэ тралъхьэр нышыр арат. Ар хабзэ щlэхъуар, хьэщIэм и ежьэжыныр бысымым зыкъомкlэ тещlыхьауэ зэрыщытыр арауэ къыщIэкIынт. Хьэщlэр игъэгувэнуми игъэщIэхынуми - бысымыр хуитт. Бысымым и хьэщIэнышыр Iэнэм къытемыхьауэ хьэщlэр тэджыжыну хуиттэкъым. ХьэщIэнышыр Iэнэм къызэрытехьэу, хьэщIэм къыгурыlуэрт бысымым яхуищIэнур зэрахуищlар, абы иужькlэ ежьэжынум~ хьэщlэр хуит зэрыхъуар.
Ауэ лыр къызэрытралъхьэу зэфIэкIтэкъым, щхьэлъэныкъуэр къахьын хуейт. Щхьэлъэныкъуэр лым дэщlыгъууэ яхьу хабзэтэкъым. Лым хашхыкIынур хашхыкlа нэужь, щхьэр нэгъуэщI лы дэщIымыгъуу тепщэчкlэ яхьырти трагъэувэрт. Щхьэр Iэнэм къытехьа нэужь, абы къикIырт, «фежьэжынум хуит фыхъуащ»,- жиlэу. Ауэ щхьэр ямыкъутэу ежьэжыну хуиттэкъым. Щхьэр якъута нэужь, шхэн яухати, лэпс къахьырт. Абы иужькlэ шхэ щыIэжкъыми, тэджыжыну хуит хъуат.
Щхьэр уэ узыфlэфIым, хутебгъэувэну ухуиткъым. Нышыр щlаукlар нысашэ, нэгъуэщI тхьэлъэlу гуэру щытмэ, щхьэр гуп нэхъыжьым хутрагъэувэрт. Ауэ нышыр зыхуаук1ap хьэщlэу щытмэ, щхьэр зейр а зыхуаукlа хьэщlэр арати, абы хутрагъэувэрт. НэгъуэщIым хутебгъэувэну ухуиттэкъым. Щхьэм хуитыр хьэщlэр арауэ хутрагъэува пэтми, езым икъутэнуи, нэгъуэщIым ириту иригъэкъутэнуи хьэщlэр хуитт. Нэхъ тэмэмыр, гуп тхьэмадэм хутригъэувэу абы иригъэкъутэну арат.
Iэнэм тралъхьэр - щхьэлъэныкъуэ ижьрабгъур арат. Зы Iэнэм щхьитI тралъхьэртэкъым. Зы унэми щхьитI щIахьэртэкъым.
Цlыхубз Iэнэм щхьэ тралъхьэртэкъым. Ари къызыхэкlыp, дэ къызэрытфlэщIымкlэ, «щхьэр лlыжь Iыхьэщ»,жаlэу лIыжьхэм нэмыс хуащlу аращ.
Адыгэ хабзэкlэ щхьэм нэмысышхуэ иIэт, адэжьхэм я Iыхьэу зэрыщытым щхьэкlэ. Ар хэт къыпыщIэхуэми зэхифыщlэу ежьэж хъуртэкъым. Щхьэр сыт хуэдизкlэ ягъэлlъапIэми, лы Iыхьэ папщlэу Iэнэм тралъхьэртэкъым. Лым хашхыкlынур хашхыкlа нэужь, щхьэхуэу щlахьри арат.
Адэ зиIэм щхьэ ишхтэкъым, и адэм и нэмысыр ихъумэу.
Щхьэр уэ узэрыфlэфlу пкъутэмэ, къыпщыдхьэшхынут. Абы хабзэ белджылы иlэщ. Щхьэр къыщахькlэ- сэ дэщIыгъуу къахьын хуейщ, иракъутэн щхьэкIэ. Иджы нэхъыбэу зэрахьыр сэ имыгъусэущ. Сэр и дэщlыгъууэ къа-
хьамэ тхьэмадэм япэ дыдэ тхьэкIумэр къытреупщIыкIри, езыр зыфIэфIым ирет, е нэхъ тэмэмым ухуеймэ, езым и сэмэгурабгъумкIэ къыбгъэдэсым ирет, и пэнцIывыр къыпещIыкIри и ижьрабгъумкIэ къыбгъэдэсым ирет. И нэщIащэр кърехри езым ишхынуи хуитщ, тепщэчым ирилъхьэу зыфIэфIым ишхынуи хуитщ. Адыгэ хабзэкIэ щхьэр тхууэ къутэн хуейуэ ялъытэр, абы тету зыкъути щыIэщ. Ауэ щхьэр зыкъутэ лIыжьым и къарууншагъэм тращIыхьри, Iэмал имыIэу щыуэ къутэн хуейуэ ялъытэр, тхьэкIумэр, пэнцIывыр, нэщIащэр.
Ауэ щхьэм дэщIыгъуу сэ къахьакъым. Щхьэр зэрикъутэн сэлIыжьми иIыгъкъым. Абыхэм щыгъуэм псоми я къамэм сэ щIэлъу щытащ къамэщIэлъысэкIэ еджэу. жыхафэм тет щIалэ жанхэм абы гу щылъатэкIэ, ахэм ящыщ , зы щIалэ гуэрым и къамэщIэлъысэр къыщIепхъуэтри щхьэр зыкъутэнум ирет. Япэ дыдэ тхьэкIумэр къытреупщIыкIри, сапэм пеIури, сэр къезытам хуешии. Аращ «сапэпылъкIэ» зэджэр, сэр къезытар къигъанэу тхьэкIумэр нэгъуэщIым иритыну хуиткъым, адыгэ хабзэкIэ. Абы и сэмкIэ тхьэкIумэр къилэжьащ.
ИпэкIэ мэл яукIамэ, гъунэгъухэм лы Iыхьэ хуагъэхьу щытащ. Ауэ гъунэгъур лIыжьрэ щхьэлъэныкъуэ хуэфащэмэ, хуагъэхьу щытащ щхьэлъэныкъуэ сэмэгур, щхьэ ижьырабгъур унэм ирахыу щытакъым адыгэ хабзэкIэ. Ауэ унагъуэ хьэщIэм ижьрабгъур арат хутралъхьэр.
Нышым (lэщ цIыкIум) щыщу нэхъ лы Iыхьэ пэрыту ялъытэхэр: дзажэдакъэ, шхужь, куэпкъ, блэгъухэр арат .. Ауэ пщы хьэщIэу щытмэ, IэфракIэ хутралъхьэрт. «3ылъэмыкI IэфракIэ и Iыхьэщ»,- жаIэу псалъэжьи диIэщ, ауэ пщыми Iыхьэу хутралъхьэрт, нэхъ Iыхьэ икIэу ялъыти нышым хэлъкъым.
Джэдкъазу щытмэ: щхьэлъэныкьуэу ябжыр и гъурщ. Ауэ абы и нэгэгъур мэлыщхьэм хуэдэу щхьэхуэу тралъхьэркъым. Ауэ лым хэлъу нэгэгъур зэрылъ тепщэчыр нэхъыжьым хуагъазэ. Къазу, 'бабыщу щытмэ, нэхъыжъ, Iыхьэр куэр, пщэкъур, кIапэр, бгъэлыгубэхэр аращ .. Джэдылу щытмэ: и куэ зэщIэтыр, И бгъэлыгубэр. Гуэгушу щытмэ: куэпкъыр, бгъэлыгубэр, кIапэр, нэгэгъур. Гуэгушым и кIэбдзым нэхърэ нэхъ ягъэикIэ хэлъкъым.
Сыт хуэдэуи щрети, иреджэдкъаз, иреIэщ, адыгэм лыр яшха нэужь, лэпсыр трафыхьыжыр. Ауэ абыхэм я лэпсым хабзэ щхьэхуэ яIэт.
Джэдкъаз лэпсу щытмэ, шынакъым къыпхуракIа умыухыху къибнэну eмык1ут, «джэд лэпс, къаз лэпс сыт и къинэж!» - жаIэу псалъэжьщ. Ауэ Iэщ лэпсу щытмэ ухуеймэ зэ-тIэу нэхъ уемыIубу увыIэж, ухуитщ, ухуеймэ - зыри къыумынэ, ухуеймэ - уемыIубыххэ.
Сыт хуэдэ хьэщIэуи щрети, хьэщIэм нэхъыбэIуэ ишха, ирифа зэрыхъуным иужь итщ бысымыр. Езы бысымыр шхэну . хуэмейми, «хэIэбэ, хьэщIэ!» - жиIэурэ хьэщIэр тригъэгушхуэн щхьэкIэ, езы бысымыр кIыхьлIыхьурэ машхэ. Бысымыр хуэмейуэ щIэшхэр мыращ: бысымыр увыIэжа 'нэужь, хьэщIэр шхэну емыкIущ, къeмызэгъ хуэдэуи мэхъу. Ауэ щыхъукIэ, хьэщIэм шхэн иухыу увыIэжыху, хуейми хуэмейми, бысымыр шхэн хуейщ, хьэщIэмыгъашхэ мыхъун щхьэкIэ.
Нэхъыжьрэ нэхъыщIэрэ зэдэшхэми аращ, нэхъыщIэм шхэн иухыху, хуейми хуэмейми, нэхъыжьыр шхэн хуейщ. Нэхъыжьыр увыIэжа нэужь, нэхъыщIэр шхэну емыкIущ икIи укIытэгъуэщ.
ХьэщIэми, нэхъыщIэми, шхэныр нэхъыжьым нэхърэ нэхъапэ иухын хуейщ. Бысымыр апхуэдэу хуэсакъыу имыгъашхэмэ, «хьэщIэ мыгъашхэкIэ» .йоджэ.
Апхуэдэ къабзэу шхэн щыщlадзэми бысымыр нэхъапэ хэIэбэн хуейщ, апхуэдэ къа1бзэу нэхъыжьрэ нэхъыщlэрэ зэдэшхэми, нэхъыжьыр нэхъапэ хэIэбэн хуейщ.
ХьэщIэм нэмыс кlэлъызэрахьэу, ямыгъэзэшу ягъэхьэщIэрт. Ауэ хъэщIэр сыт хуэдизкIэ езэшами,«зызыгъэпсэху» жиIэнутэкъым, тхьэмахуэкlэ зэхэсами, зишыlэнут.
ХьэщIэр езэшауэ зигъэпсэхун хуей хуэдэу къащыфlэщlым «пэублэ зиlэ дэтхэнэ зыми кlэух иlэщ»; жьrxуаI'эр аращ, «ди хьэщlэри езэшащ, зрегъэпсэху»,- жаlэрти ХьэщIэм бгъэдэсхэр тэджыжырти «уи хьэщlэгъуэ фIы ухъу, нэхулъэфl укъикI»,- жаIэрти~ щIэкIыжырт.
Iэнэр Iуаxыжт, Iэнэр здэщытар къацхъэнкIыжырт, хьэщIэм зрагъэтхьэщIыжырти, бысымым хьэщlэр щIыбым щIишт.
ХьэщIэм къубгъан ирихьэжьамэ, къыщыкIуэжкIэ бысымыр пежьэрти, хьэщIэм иIыгъ къубгъаныр къыlрихти, хьэщIэм и сэмэгурабгъумкIэ къыбгъурыувэрти, къишэжт. Ауэ, хьэщIэм зимыгъэинын щхьэкIэ, къубгъаныр бысымым иримыту, езы хьэщIэм иIыгъыу щыщIыхьэжи щыIэт.
ХьэщIэр зэрыщIашу, цIыхубз щIыхьэрти, хьэщIэм и пIэр ищIыжт. Ар хьэщIэщми унэми, хамэ цIыхуми, благъэ хьэщIэми, Iэмал имыIэу пIэр щащIыжынум деж, хьэщIэр щIыбым щIашт. ХьэщIэр щ1эсу зэи и пIэр ящIыжтэкъым. Ар зэфIэкIыу,«фыкъыщIыхьэж!»_ жаIэху, хьэщIэр щIыбым дэтт. Ар дэни зэрыщыхабзэти., емыкIутэкъым, хьэщIэми ищIэрт а зэманым и деж щIэкIын зэрыхуейр. Хуит зэращIу хьэщIэр къыщIашэжт
Пlэр зыщlыжам хьэщIэм и вакъэ-лъейхэр хулъихырти, щIэкIыжт. Е хуабжьу зыщукIытэ зыгуэру щытмэ, зыкъримыгъэлъагъуххэу пlэр зэрищlыжу къыщlэкIыжт. ЦIыхубз щыту хьэщIэм зитlэщlыну емыкlути, абыи щыукIытэрт. Абы щыгъуэм хьэщlэм и вакъэ лъейхэр бысымым хулъихырти игъэгъуэлъыжт.
Ауэ хьэщlэр зэрыгъуэлъыжу, бысымыр къыщlэжыжтэкъым. Абы щхьэщыувэжырти, хьэщlэ гуэлъыжам зыкъомрэ дэуэршэрт, хьэщlэм и жеин къакIуэу «кlуэ иджы, зыгъэпсэху!» - жиlэу хуит къищlыжыху. Абы щыгъуэм бысымыр хуит хъуати, «Нэху лъэфI укъикI»,- жиIэрти,.къыщ1эк1ыжт, хьэщ1эми зригъэпсэхут.
Хьэщ1эр ц1ыхубз хьэщ1эу щытмэ, и п1эр щащ1ыжым и деж щ1ыбым щ1аштэкъым, сыт хуэдэ хьэщ1эу щытми. Унагъэ зи1э ц1ыхухэм хьэщ1эм щхьэк1э яхъумэу теп1эн-щ1элъын къабзэ т1эк1у яхъумэу щытащ.
Хьэщ1эхэр зэрагъэхьэщ1эр псори зэхуэдэтэкъым. Хьэщ1эр хьэщ1э хамэ ц1ыхурэ, ауэ жэщырыпщ щрихыу ежьэжынумэ, шыгъуп1астэрэ фадэк1э ягъэхьэщ1эрт. Я благъэ дыдэу щытми, и ныбжьыр хэк1уэтамэ, абы и гъэхьэщ1эк1эри арат.
Ауэ къэк1уахэр зи щ1алэгъуэрэ я благъэу щытмэ, 1эмал имы1эу джэгу хаущ1т. Апхуэдэм джэгу хуащ1ын щхьэк1э щ1алэгъуалэхэр къызэщ1агъэвэн хуейт.
Хъыджэбз хьэщ1эр зэрагъэхьэщ1эу щытар.
Гу зэщ1ащ1эти хъыджэбз хьэщ1эри хъыджэбз хэгъэрейхэри ирагъэт1ысхэрти, пшынэ еуэурэ къуажэ уэрамхэр къажыхьт, ц1ыхухэм зыкърагъэлъагъуурэ. Абык1э я мурадыр: зы лъэныкъуэк1э хьэщ1эм къуажэр ирагълъэгъут, ет1уанэ лъэныкъуэк1э, хъыджэбз хьэщ1э зэрыщы1эр кърагъащ1эурэ щ1алэхэр къызэщ1агъэвэну арат. Ар зылъагъу щ1алэхэр зыр зым еупщ1ыжурэ хъыджэбз хьэщ1эр зейр зрагъащ1эрт. Щ1алэхэм нэгъуэщ1 зэштегъэуп1э я1этэкъыми, «джэгу щы1энущ», - жа1эти гуф1эт. Джэгум и нэмыщ1 зыпылъ хъыджэбзхэр зыщалъагъун щы1этэкъыми, пщыхьэщхьэ зэрыхъуу щ1алэу щы1эр къызэхуэсырт. Арат щlалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зэпылъыпlэуи нэгузыужьыпlэуи яlэри, яхуэмышэчыжу джэгу къэхъуным пэплъэрт. 3и щlалэгъуэхэр абы пэплъэу, щlэхъуэпсу дунейр яхьт. Джэгу къэмыхымэ, нэгъуэщI зэхуэзапlэрэ зэрылъагъупlэрэ яIэтэкъым.
А зэманым джэгу пщlыну къызэгъэпэщыгъуафlэтэкъым. Щlалэхэр я щхьэ хуиту къакlуэ щхьэкlэ, хъыджэбзхэр, я гъунэгъу дыдэу щытми, кlуэуэ емыlъэlуу къэкIуэнутэкъым. Къакlуэми, eмык1ут, «емылъэlу щlыхьэхут» фlащынур.
Хъыджэбз къалъыхъуэн папщlэ, хъыджбзитlрэ зы щlалэрэ …кlэ къуажэм хыхьэрт. Къашэну зыхуей хъыджэбзхэм я деж кlуэрт. Хъыджэбзыр кlуэну хуейми, абыкlэ зэфIэкIтэкъым. Лъэlуакlуэ узыхуэкlуа хъыджэбзыр къэкlуэну и щхьэ хуиттэкъым, къэкlуэну пlэцlеижми, хъыджэбзым и адэ-анэм елъэlуу хунт кърагъэщlу къыlахын хуейт.
- Хъыджэбз хьэщlэ къытхуэкlуауэ джэгу тIэкlу тщIынути, хъыджэбзым щхьэкlэ лъэlуакlуэ дыкъэкlуат. Нытхуебгъакlуэтэмэ, хуабжьу ди гуапэ хъунт,- жаIэрти адэ-анэм елъэlурт..
Пасэм щыгъуэ хъыджэбзыр зыфlэфI псом ягъакlуэртэкъым хуабжьу ткlийуэ яIыгът. Лъэlуакlуэ здэкlуэ хъыджэбзхэм я нэхъыбэр къыхуагъакlуэртэкъым, языныкъуэри къыхуагъакlуэрт.
Мис а щIыкIэм тету хъыджэбзхэр зэхуашэст. Щlалэхэр къызэхуэсагъэххэти, джэгу ящlт. Хъыджэбз хьэщlэр хэгъэрей хъыджэбзхэм я нэхъ цlэрыIуэхэм я зэхуакум дагъэувэрт. А хъыджэбз хьэщlэр къыщагъэфэнум деж, зи зэхуаку дэт хъыджэбзитIым абы и блыпкъ зырызыр яIыгъыу къыдашти, утыкум кърагъэувэрт. Ар къэзыгъэфэну щIалэр къыдэкIыу утыкум къызэрихьэу, къыдэзыша хъыджэбзитIым ягъэзэжти, я пIэм иувэжт. Къэфэн иухауэ къыщытекIыжкlэ, дэзыша хъыджэбзитIым хъыджэбз хьэщIэм и блитlьiр яубыдырти, къыдашэжырти ягъэувыжт.
Адыгэ хабзэхэм ящыщти, хъыджэбз хьэщIэр къуажэ щlалэхэм зыми къахуэгъэпсалъэртэкъым Щlалэ мыцlыхухэм епсэлъэныр нэмысыншагъэт. Ауэ абы ипэкIэ и хэгъэрейуэ щытамэ, къепсэлъэнкlэ мэхъу. Ар зрагъэпсэлъэну я гугъэу жылэ щlалэр ежауэ иужь итт. ЖрамыIи зэрызыхуамыщIи къагъанэртэкъым. 3эрыхабзэти, хъыджэбз хьэщIэр «выл-шыл» жиIэу имыцIыху щIалэхэм епсэлъэныр нэмысыншагъэу.ялъытэрт.
Мы жытIахэр унагъуэм я хъыджэбз хьэщIэу щытмэ, арат хабзэр.
Щlалэ хьэщlэм кlэлъызэрахьэу щыта хабзэр
Къуажэм ящыщ зыгуэрым щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, къуажэм и кIуэцIкIэ джэгу, нэгузыужь щIыпIэ гуэрхэм щыIэмэ, хьэщIэм и нэгу зрагъэужьыну а гушыIэ здэщыIэм яшэрт. Абы хуэдэ хьэщIэри ирагъэблагъэрти, гуп зэ-
хэс здэщыIэм щlашэрт. Ирагъафэ-ирагъашхэрти, къыщlашыжырти джэгум Iуашэрт. А унагъуэм нэхъ и гъунэгъуу щыт хъыджэбзхэм хьэщIэм фадэбжьэ къыхуахьырт. Джэгум Iутхэм хэгъэрей зыкъыхуащIырт, нэжэгужэу къыбгъyрыувэхэрт. ХьэщIэм и гупэмкlэ цlыху къэуву джэгум Iут нэхъыжьхэм ядэртэкъым, «хьэщlэр щlыбагъ умыщI!» - жаlэрти.
ХьэщIэм имычэзууэ цlыху къыхущыту, хьэщlэр зей бысымым идэртэкъым. Бысым имыIэмэ, джэгум Iут нэхъыжьхэм ядэртэкъым, «хьэщlэр Алыхьым и хьэщIэщ, Алыхьым нэужькlэ дэ ди хьэщIэщ!» - жаIэрти. Ауэ нэхъыбэрэ къызэрыхъу хабзэти, щlалэ хьэщlэ къахуэкIуамэ, къуажэм шыгукlэ хыхьэрти, хъыджэбзхэр, Я адэ-анэм елъэlуурэ, къыхашти, джэгу хуащlт. Хъыджэбзхэр къыхашу зылъагъу щlалэхэр епlэщIэкIыу, езыр езыру къызэхуэсхэрт. А къомыр. зэрагъэпэщыху, щlалэ хьэщIэр хуэфащэ ныбжьэгъу бгъэдэсу ирагъафэт, ирагъашхэт, ягъэхьэщIэт.
Къуажэ щIалэхэр джэгур зэхаублауэ мэджэгури бжэIупэм Iутщ. Зы зэман хьэщlэрй къыщIашт. «Хьэщlэ щыIэщ, фытекIуэт!» жаIэрти джэгум Iутхэр 3элъыlукlуэтырти, хьэщIэм увыпIэ иратт. Джэгум Iут нэхъ лъэрызехьэIуэхэри къэкlуатэрти, хьэщIэм фIэхъус кърахт, зыхуэфащэхэри къыбгъэдэувэрт. Утыкур инт, хъыджэбзхэри унэ блыным еувэкIауэ зэбгъурытт, щlалэхэр мыдэкIэ жыжьэу, хъурейуэ еувэкIауэ зэхэтт. Хъыджэбзхэр чэзууэрэ къыдэкIырт, къыщыфэнум и деж. ЩIалэхэри чэзуyрэ техьэурэ къафэхэрт.
Джэгу утыкум «джэгу гъуакIэ» еджэу зыгуэр итт. Абы и унафэт утыкум щекlуэкIыр: къэфэнури, пшынэр зэхъуэкIынри, Iэгу еуэн хуейми. Хьэщlэр къыщыфэкIэ пшынэри Iэгури щIагъэхуабжьэрт, нэмыс хуащIу. ЦIыхухъуу зэхэтыр псори Iэгу уауэ, ауэ хьэщIэр Iэгу еуэну и пщэ дэлътэкъым. lэгу еуэнуми хуитт, eмыкIy къыхуащIынутэкъым. «ХьэщIэр къаофэ»,- жаIэу хэгъэрейхэм къыдамышу, езыхэр къыдэкlыу къызэрыфэм хуэдэу къэфэнутэкъым, нэху щыху щытами. ХьэщIэр къыщыфэнум, «фыкъыдэмыж, хьэщIэ щыlэщ!» жаIэрти, зыри къыдэмыкlыу зэтраубыдэрти, хьэщlэр къы1ехьэнум пэплъэхэрт. ХьэщIэр къыдашт. Хъыджэбзхэм ящыщу нэхъ Iэкlуэлъакlуэ е пшынауэр къыхудашти, къыдагъафэрт. Зыгуэр къэфэну къыдэкIауэ хьэщlэр къагъэфэну мурад ящIамэ, а къыдэкlар къэмыфэу игъэзэжти, и пIэм иувэжт, хьэщIэм нэмыс хуищlу утыкур хуит хуищIт.
Ар хьэщIэр армыру, хэгъэрейхэм ящыщу щlалитl зэуэ къэфэну къыдэкlамэ, т1ум язми ягъэзэжыну яфIэпудыгъэти, - утыкум щызэщыхьэу къэхъурт. Къэфэну къыдэкI ам къафэ мыхъуу нэгъуэщI зыгуэрым и зэранкlэ къэмыфэу къытекIыжыныр фIэпудыгъэти, хуабжьу къигъэгубжьырт. Ар апхуэдизкlэ пудыгъэу ялъытэрэ пэт, хьэщlэ гугъу зэращlу къэмыфэу къытекIыжырти, и пIэм увыжт. ХьэщIэм щхьэкlэ, ар зэрыхабзэти, пудыгъэу ялъытэртэкъым.
Джэгум Iут хъыджэбзхэр Iэгу еуэртэкъым адыгэ хабзэкlэ. Ауэ хьэщlэр къыщыфэкlэ хъыджэбзхэри Iэгу еуэрт, хьэщlэр ягъэлъапlэу.
Цlыхубз хьэщlэ
Пасэрей ди цlыхубзхэр куэдрэ унэм икlыу щытакъым. «Цlыхубзым и Iуэхур жьэгупащхьэмрэ бжэщхьэlумрэщ»,- жаlэу щытащ. Абы къик1ыр «цlыхубзыр унэм икlыу нэгъуэщI щlыпlэ щIэкIуэн щыlэкъым»,- жаlэу арат. Пэжу, лIым кърихьэлlэр фызым зэригъэзахуэу, зэригъэпэщу унэм щlэсу щытащ. Унагъуэм зыгуэр къехьэлIэным цlыхубзым и Iуэху хэлътэкъым,
Цlыхубзыр зэзэмызэххэт щежьэр, Iыхьлы гъунэгъухэр илъагъуну. Цlыхубзыр зэрежьэр выгут. Выгум Iэмал имыlэу гущхьэ телът. Гущхьэр и кIыхьагъкlэ щlэуфат упщlэкlэ, щагъэ хужь бгъуэшхуэкlэ тепхауэ. Гущхьэр, Iэмал имыlэу, щIытелъыр Э1!>I лъэныкъуэкlэ уэшхымрэ дыгъэмрэ щихъумэрт. Пасэрей ди цlыхубзхэр, иджы хуэдэ, цlыхухъухэм я нэlуасэу, еплъхэу, къеплъыжхэу, зэlущlэхэу щытакъым. ЦIыхубзым нэмыс лей хуащIт.
ЦIыхубз ису гу кIуэуэ, шу закъуэ къакlуэу ярихьэлlамэ, цlыхубзым нэмыс хуищIу шум дигъазэрти, зыкъомрэ дэкlуатэрт. Пщы шу е уэркъшу я пщафlэ щlалэ я гъусэу цlыхубз зэрыс гу ирихьэлlамэ, я пщафlэ щlалэр цIыхубзхэм ядэкIуэтэну къахуигъанэрт. «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ»,- жыхуаlэ псалъэжьыр къызытекIар аращ. Цlыхубз зэрыс гу псым зэпрыкIыну нэблэгъауэ шу къакlуэу къарихьэлlамэ, ядигъазэрти, псым зэпригъэкIт, «цlыхубзым къулейсызыгъэ къыщыщIым»,- жиIэрти, абы хуэсакъыу.
ЦIыхубз хьэщIэр здэкlуэм зэрынэсу, бысымылIым IумпIэр иубыдырти, пщIантIэм дишэрти, гур къызыщыувыIэн хуейм и деж къыщигъэувыIэрт. Ауэ цIыхубз хьэщIэр цIыхухъум иригъэблагъэртэкъым. ЦIыхубзхэм ирагъэблагъэрт. Сыт хуэдэ цlыхубз хьэщlэуи· щрети, хьэщIэщым цIыхубз ирагъэблагъэртэкъым.
Цlыхубзыр нэхъ зэрагъэхьэщlэ хабзэр джэдкъазт, гъэшхэкIт: кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ, къ. хуэдэхэр арат. Ныш хуаукlыуи къэхъут, ныш хуамыукIми емыкlутэкъым.
Адыгэ хабзэкlэ, зы унагъуэм зы цlыхухъурэ зы цlыхубзрэ зэрихьэлlауэ зэхьэщlэгъу хъуамэ, зэнэсэlуасэу щымытмэ, зэдэуэршэрыну, зэдэшхэну хабзэтэкъым. Ар къызыхэкlыр цIыхухъумрэ цlыхубзымрэ зэхуаlэ нэмысыр арат. Ауэ хьэщlэхэр щlалэ зи къэшэгъуэрэ хъыджэбз зи ишэгъуэрэу щытмэ, а тlyp зэрагъэцIыхут, хэгъэрей зэхуащIт, зэдагъэуэршэрт.
Хамэ цlыхухъу здэтlыс Iэнэм цlыхубз ядэтIысыртэкъым, ядэшхэртэкъым. Ядэшхэн дэнэ къэна, Iэнэм хьэщlэ щысмэ, цlыхубзхэр щIэкIырт е мыт1ыcy щхьэщытт, шхэн яухыху.
Адыгэ бысымыр ерыскъыкIэ хьэлэлт. Адыгэр хьэщIэкlэ зэрыфIым ещхьыркъабзэу, ерыскъыкlэ, шыгъупlастэкlэ хьэлэлт, цIыхум хуэгумащIэт, «си шыгъупlастэ цIыхум ишхарэт»,- жиIэт. Адыгэ лIыжьхэм я шхэгъуэ хъуамэ, зыщагъэгувэ щыIэт, «зыгуэр къыдыхьамэ, дызэдэшхэнт»,- жиlэу. Псом хуэмыдэу, хьэщlэщ зиlэ адыгэ лlыжьхэр хьэщlэщ щlэсрейуэрэ цlыху къарихьэлlэу здагъашхэурэ есати, цlыху здагъэшхэну яфlэфIт. Абыхэм я закъуэ шхэну я жагъуэт, «зэдэпщlэ щlэхщи, зэдэшхэ Iэфlщ»,- жаlэрт.
Бысымыр и пщlантIэм дэту е и куэбжэпэм щыту, хьэщlэ гуэр блэкlыу сэлам къритамэ, сэламыр къыIихти, «еблагъэ, зодгъэгъэпсэхунщ, хьэщlэ уrrщIынщ, бысым уимыlэм!»,- жриIэрт. Ар зыжриlа хьэщlэр, жэщым а къуажэм къыдэнэн хъурэ, бысым имыIэм, къигъэкIэрэхъуэжти, еблагъэ къыжезыlам и деж щепсыхырт. Ар, бысымым пщlэ къыхуащlауэ, щlыхьу къилъытрт.
Адыгэ бысымыр хьэщlэм щихъуэжыр зэзэмызэххэт. Апхуэдэ къыщыхъуми, а хьэдэгъуэдахэр къуажэ псом зэлъащIысырт. Бысымым и дежкIэ ар хьэдэгъуэдахэт, напэтехт. ХьэщIэм и дежкlи бысымхъуэж ищIыныр напэтэкъым. «Бысымхъуэж зыщIым чыцI ажэ xyaукI»,- жаIэу псалъэжьщ. Бысым хъуэж зыщlа хьэщIэм чыцlыхъу xyaук1ырт, «бысымхъуэж щыпщlакlэ аращ уэ пхуэфащэр»,- жиlэу къикlыу.
Зы хьэщIэм зы хьэщlэр и жагъуэщи, бысымым хьэщlитlыp и жагъуэщ»,- жаIэрт. Ар апхуэдэу щlыжаlэр бысымым хьэщIитI зэуэ имыгъэхьэщIэну аратэкъым. Атlэ, хьэщIитI зэрихьэлlамэ, бысымым и дежкlэ гъэхьэщlэгъуей зэрыхъур, зыхуей хуэзэу имыгъэхьэщIэфынкlэ хъурти арат.
«Хьэщlэр Алыхьым и хьэщlэщ, Алыхьым нэужькlэ дэ ди хьэщlэщ»,- жаIэрт. «Хьэщlэр угъурлыщ, фlыгъуэр, берычэтыр къыдокlуэ»,- жаIэрти, яlэ псомкlи ягъэхьэщIэрт, щыгуфIыкlыу.
Цlыхухъу хьэщIэм дэшхэр цIыхухъут, щхьэж зыхуэфэщэнкlэ. Хьэщlэр щlалэу щытмэ, нэхъ щlалэгъуалэхэм дагъашхэрт, лIыжьым дагъашхэтэкъым. Ар лIыжьым щIыдамыгъашхэр, зэрыхуейм хуэдэу шхэнутэкъыми арат, укIытэнут.
Цlыхубз хьэщIэм дэшхэри цlыхубзт, хьэщlэр цlыхухъуми цlыхубзми абы дэшхэ бысымым, хьэщIэм нэхърэ нэхъапэ шхэн иухын хуейтэкъым, хьэщIэм ишхыныр ишхыху.
Хьэщlэ къакlуэхэр я хьэщlагъэкlи я Iуэхукlи зэхуэдэтэкъым. Хьэщlэр къызэрысу къащIэфынукъым сыт хуэдэ хьэщlэми, хьэщlэр къызэрысу къыздикlа- къыщIэкlуа, и Iуэху зыlут зрагъэщlэну еупщI хабзэтэкъым. Езы хьэщlэми бысымыр еупщlыху къажриIэртэкъым: хьэщlэр а зы жэщ закъуэм къыхуэхьэщlэу ежьэжынкlэ хъунут, нэгъуэщI Iуэхукlэ къыхуэкlуагъэнкlэ хъунут. ХьэщIэм щlэхыу еупщIыну eмык1ут, адыгэ хабзэкlэ. Ауэ зы махуэ зытIущ, зы тхьэмахуэ хуэдиз зигъэпсэхуа нэужь, бысымыр еупщIт:
- Си хьэщlэр, дэнэкlэ укъикlрэ, дэнэкlэ укlуэрэ? - жиIэрти. Абы щыгъуэ хьэщIэм и Iуэху зытетри, къыщlежьари къыжриIэрт. Ар сыт щхьэкlэ къыхуэкlуами бысымым хузэфIимыгъэкIмэ, лlыгъэ иIэтэкъым, адыгэлIтэкъым.
ХьэщIэгъуакIуэ,
уэкъулэ
«Хьэщlэр уеджэу хьэщlэгъуакlуэ къыумышэ, ауэ къакIуэмэ, ухуэмынэщхъей!» - жаlэу псалъэжь щыlэщ. Абы къикlыр «хьэщIэр къыпхуэкlуамэ, нэщхъейуэ ухущымыту, къыщIэкlуа зыхуейр хуэщlэ!» - жиlэу аращ. Ар нэхъыбэу зытражыlыхьыр, ипэкIэ мылъку лъаlуэ кlуэ куэдрэ къэхъуу щытащ. Ар сыт хуэдэ хьэщIэуи щрет, сыт хуэдэ мылъку щхьэкlэ къокlуэлlауи щрет, хуомыгъэзащIэмэ, улIтэкъым.
Езым и къару закъуэкlэ хузэмыгъэпэщми, и ныбжьэгъу зыдигъэIэпыкъурти, и хьэщ1эм и Iуэхур хуигъэзащIэрт. Псалъэм щхьэкlэ, мыпхуэдэу куэ):фэ къэхъурт:
къулейсызыгъэм кърихужьауэ, вы пэлъэныкъуэ хуейуэ, гъавэ ишхын имыIэу. Пэлъэныкъуэ щхьэкIэ къыхуэкIуамэ, абы псалъэмакъ хэлътэкъым, бысымыр ежьэрти, пэлъэныкъуэ Iэджэ къыхуихунти иритынт.
Зыгуэрым ишхын имыIэу «уэкъулэ» и благъэ е бжьэгъу и деж гъавэ лъаIуэ кIуэнумэ, махъсымэ иригъэщIт, хуэфащэ гъуэмылэ тIэкlуи щIигъурти Здэкlуам, къэкlуам хуэфащэ хуимыщIэфынумэ, и ныбжьэгъухэм хъыбар яригъащIэрти къызэхуишэст. Iуэхур зэрыщытыр ягуригъаIуэрти, и махъсымэри ирафт, ишхынри яшхырти, пщэдджыжь пlалъэ къыхуащIырти зэбгрыкIыжт. Пщэдджыжьым гу зэщIащIэрти, жэщым щыIахэм я деж кlуэрт. Зэрыхабзэти, ху меркlэ нэхърэ нэхъ мащlэ къезыт щыIэтэкъым. Къэп къезыти къэхъурт. Ап-, хуэдэм зэреджэр «меркlафэт», ху меркIэ къызэрыратым, щхьэкlэ фIащауэ. Абыхэм къратам зыхуэчэмыр бысымым хикlутэжти, гъавэ гулъэ ирагъашэрт. Арат «уэкъулэкlэ» зэджэр. Уэкъулэр мы гъавэу, хъарбыз лъаlуэу е нэгъуэщIуи хъункIэ хъурт.
Мис апхуэдэ щIыкIэкlэрэ адыгэхэр зэдэIэпыкъууэ зэщIэгъэкъуауэ зэдэпсэууэ щытащ. «Сымэжэщlалlэщ» жызыlэу къыбгъэдыхьа цIыхум дэIэпыкъун щхьэкlэ, езыми мэжалlэ зигъэлlэфрэ абы дэIэпыкъуу щытащ.
Абы хьэщlэгъуакlуэкlи уэкъулэкIи еджэрт.
Адыгэ
унэм: ди щхьэр фи хьэщlэщ ...
Iэджэрэ къэхъууэ щытащ, нэгъуэщI хамэ лъэпкъхэм къахэкlыу лIы иукIамэ, бий игъуэтауэ «мыбы сыкъыкъуэнэнщ»,- жиIэу и щхьэ кърихьэлIэу. Апхуэдэр езы зэкIуэлlэжам къуэшу зыгуигъэувэрти, унагъуэ ищIырт. Езым и деж щыIэурэ, мо зи унэцlэ ямыщIэм, а здэщыIэм и унэцIэмкlэ еджэурэ, абы ей дыдэ хъужырт. Иджыпстуи лlыжьхэм, хъыбар щаIуатэкIэ, зэныкъуэкъуу зэхыбох, «тхьэ дыгъыlэ, ахэр зыкIи зэмыкъуэш, зыкIи зэмыблагъэ, зыкlи зэбгъэдэмыхьэ, япхъу зэрышэ хъунум. Ар лIыукIкlэ мопхуэдэ лъэпкъым къахэкIри «сыкъыкъуэнэнщ»,- жиIэри и щхьэр кърихьэлIати, и унэцIэр ящIэтэкъыми абы и унэцIэмкlэ еджэурэ, унэцIэ хуэхъуауэ аращ»,- жаlэу.
Е езым зыгуимыгъыхьэу, къуажэгъууэ къаригъащтэрти, къуажэм щыщ ищIуи хъурт. Апхуэдэм и унэцIэр ямыщIэу, езыр къызыхэкIа лъэпкъымкIэ еджэурэ, ар унэцIэ дыдэу къыхуэнэрт. Апхуэдэ ди куэдщ, адыгэ къытхэхъухьыжахэу. Къапщтэу щытмэ: Къущхьэхэ, Къущхьэунэхэ, Ингушхэ, Шэшэнхэ, Насрэнхэ, Сулыхэ, Таркъыхэ, Къумыкъухэ, Гуэбэшыхэ, Сонэхэ, Къэзанхэ, Тэтэрхэ, Нэгъуейхэ, Къалмыкъхэ, Балъкъэрхэ, Къэрэшеихэ, Урысхэ, Джаурхэ, Джаурджийхэ н. къ. мин бжыгъэкIэ.
Е мыпхуэдэуи къэхъут: Iэщlагъэрэ щIэныгъэрэ щыдимыIэхэм щыгъуэм нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкlыурэ IэщlагъэкIэ къытхэзэрыхьхэри, я унэцlэр ямыщIэным къыхэкlыу я IэщIагъэмкlэ еджэурэ унэцlэ яхуэхъужауэ: Дыщэкlхэ, Гъуэплъащlэхэ, Молэхэ, Ефэндыхэ, н. къ.
Апхуэдэурэ адыгэм къыхыхьауэ щыIэхэм я лъэпкъыцlэхэр къэплъыхъуэжмэ, езы адыгэ нэсу щыIэм хуэдиз хъунущ.
Е адыгэм и хабзэмрэ и лIыгъэмрэ папщlэ къахыхьэурэ Iэджэ адыгэ хъужащ, ахэр езы къызыхэкlа лъэпкъым я нэхъ лъэрызехьэу, я нэхъ шэрыуэу щыт пэтми. Апхуэдэхэр адыгэм къащыхыхьам я унэцlэ дыдэр къыздахьащ.
Малъхъэишэ,
Мальхъэтехьэ
Адыгэм хьэщIэ псори ягъэлъапIэрт, щIыхь хуащIт. Ауэ малъхъэм щlыхь хуащIтэкъым, хьэщ1афэ ираплътэкъым «малъхъэрэ шыдрэ жыхуаlэр аращ»,- жаIэрти, жыхафэм трагъэкIтэкъым. Малъхъэр а унагъуэм я малъхъэ хъуным ипэкlэ унагъуэм я хэгъэрейуэ, я насэlуасэу щытами, малъхъэ зэрахуэхъуу зэтеплъэ мыхъуж хъурт. И фызыр зипхъухэм щыщ илъэгъуамэ, дзыгъуэм джэду илъагъум зэрызыщIидзэм хуэдэу, зигъэпщкlурт. Ар я бийуэ аратэкъым, хъыджэбзым и адэ-анэхэм я малъхъэ хъуар ялъагъуну пlэцlеижт, ауэ хабзэм гъуэгу къариттэкъым. Я пхъур иша нэужь, зэрымылъагъуурэ илъэс зытхухи, зыбгъупщlи дэкIырт, зэтеплъэ мыхъууэ. Итlанэ хъыджэбзым и адэ-анэм мурад ящIырт зытрагъэхьэну.
Малъхъэр зытрагъэхьэн папщIэ къайгъэ Iэджэ пыщIат, ауэ «къыттехьэ, дыкъэлъагъу», жаIэкIэ зэфIэкIынутэкъым. Япэр арати, щlалэм и адэ-анэм я деж ягъакIуэти ирагъэлъэlут:
_ Щlалэр фэ фызэрибыным хуэдэу, дэри ди бынщ, тлъагъуну ди гуапэщи, фи жагъуэ мыхъунумэ, къэвгъакlуэу дыкъевгъэлъагъутэм, ди гуапэ хъунт! - жаIэрти. - Алыхь-алыхь, куэду ди гуапэщ,- жаIэрти, щыгуфIыкIырт. Малъхьэр и щыкъум кlуэну и адэ-анэм хуит ящIт. Кlуэну хуит ящIа нэужь, хъыджэбзым и адэ-анэм загъэхьэзыру щIадзэрт. хьэзыIp зэрыхъуу, я малъхъэм хъыбар ирагъащIэрт:
- Мопхуэдэ пщыхьэщхьэм къакIуэ! - жаIэрти. Малъхъэм зигъэхьэзырт, и ныбжьэгъуитI-щыми хъыбар яригъащIэрти, абыхэми загъэхьэзырт. Пщыхьэщхьэ пIалъэр къэсырти, и ныбжьэгъу зыжриIахэри и гъусэу, малъхъэр щыкъуунэм кIуэрт, малъхъэтехьэ. ЗдэкIуам «ди малъхъэр' къокIуэ»,- жаIэрти Iэджэ къызэхуэсауэ зэхэсу ярихьэлIэрт. Сэлам гуапэкIэ ирагъэблагъэрт. Ауэ адэ-анэхэм я деж щIашэртэкъым, нысэ лэгъунэ яIэмэ, абыкIэ ирагъэблагъэрт. Нысэ лэгъунэ ямыIэмэ, унэ нэщI гуэркIэ ирагъэблагъэрт.
ХьэщIэхэр псори ягъэтIысырти, малъхъэр жыхафэм и деж щагъэтт, ямыгъэтIысу. Мис арат «малъхъэр хьэщIэ пудщ», жыхуаIэр. Малъхъэтехьэ («Малъхъэишэ» жаIэр къэбэрдейм) дыщыIа хуэдэу дыкъагъэхьэщIащ»,- ' жыхуаIэр арати, икъукIэ къагъэхьэщIэрт, хьисиишхуэ, къращIэкIт. Абы малъхъэми малъхъэм и ныбжьэгъу кIya хэми саугъэт лъапIэхэр яхьт. Малъхъэмрэ и гъусэхэмрэ зэрынэсу, яхьахэр адэ-анэм я деж щIрагъыхьэрт.
Зыкъомрэ ефэ-ешха нэужь, малъхъэр адэ-анэхэм я деж яшэрт, щIалитI-щы и гъусэу. Малъхъэр зэрыщIыхьэу бжэкъуагъым и деж увырт. Мыдрейхэм здэкIуа адэ-анэхэм сэлам ирахырти, я малъхъэмкIи ехъуэхъурт. ЩIалэхэр, ягъэтIыст. Бжьэ къыхуащтэрти, ирагъафэт, хъуахъуэхэрт. Малъхъэми бжьэ къратт. Я малъхъэм дэщIыгъууэ кIya щIалэ нэхъыжьым адэ-анэхэм псалъэ дахэ яжриIэрт, ехъуэхъурт. Адэ-анэхэм адыгэбзэ къыжраIэт, малъхъэм адэ.анэу къазэрыхущытынур къыжраIэрти къехъуэхъухэрт. Ахэр зэрызэфIэкIыу, абы къыщIашыжырти здыщIэк1ам къашэжт.
Мис а щIыкIэм тету адэ-анэм ятехьа хъуати, сытым и деж фIэфIми кIуэну хуит хъуат. Езыри бын яхуэхъут. Абы «МалъхъэтехьэкIи», «ЩыкъуанэтехьэкIю>, «МалъхъэишэкIи» йоджэ.
Жэщым нэху щыху ирагъафэт,ирагъашхэт, ягъэджэгурт. ТехьэпщIэу яхьым зыри гъунапкъэ иIэтэкъым, езы кIуэхэм я щхьэм зэрыхуагъэфащэт, армыхъумэ хабзэ пыуxыкIa иIакъым.
Псыжь адыгэхэмрэ дэрэ ди хабзэр куэдкIэ зэтехуэт, ауэ малъхъэ IуэхумкIэ хуабжьу дызэгуэкIт. Дэ малъхъэр зы зэман къомкIэ зыбгъэдэдмыгъыхьэми, зыгуэр зэтшэлIэжт. Абыхэм я хэгъэрей дыдэу, я кIуэгъужэгъуу щытами, я пхъур зэришэу я бий хъурт, ялъагъу мыхъужу. Абыхэм малъхъэр зэикI зытрагъыхьэртэкъым. И гъащIэкIи я пщIантIэм дыхьэртэкъым. Апхуэдэу щытащ япэм. Иджы зэрыщытыр белджылыщ.
Къэбэрдеймрэ Джылахъстэнеймрэ малъхъэтешэр зэфIэкIамэ, «шыду» щыта малъхъэр «къахъужти «малъхъэрэ къанрэ» жаIэу, абы нэхърэ нэхъыфIу ялъагъу зыри щыIэтэкъым. Уеблэмэ, бын дыдэм щытрагъакIуэ щыIэт.
Хьэщlэ
гъуэгурыкlуэм кlэлъызэрахьэу щыта хабзэр.
ХьэщIэм нэмыс щыхуащIри, хабзэ щыкIэлъызэрахьэри унэм и закъуэтэкъым, дэнэ щыхуэзэми хьэщIагъэ ирахт.
Гъуэгум шууэ кIуэрэ пэт, шу гуэрым щIэрыхьэм «хьэщIэу къыщIэкIынщ»,- жиIэу хуэсакъыу. и сэмэгурабгъумкIэ бгъурыхьэн хуейт, хабзэм тету ижьырабгъур хьэщIэм иритын щхьэкIэ. Зэрыгугъам хуэдэу къыщIэкIрэ, зыщIэрыхьар хьэщIэу нэхъыжьу щытмэ, тэмэму бгъурыхьати, абы тету кIуэхэрт. Армырауэ ижьырабгъур езым нэхъ хуэфащэу щытмэ, зыщIэрыхьар къекIуэкIырти, сэмэгурабгъумкIэ къэувырт.
Зы хьэщIэрэ зы хэгъэрейрэ зэдэщIыгъууэ кIуэмэ, хьэщIэр ижьырабгъумкIэ игъэувын хуейт нэхъыщIэу щытми, и щIым икIыхункIэ. И щIым икIа нэужь, нэхъыжьым нэхъыжьыпIэр къыхуонэж.
Шууэ кIуэурэ нэхъыжьыр лъэсу кIуэуэ ирихьэлIамэ, епсыхыу сэлам ирихын хуейт. Шым тесу нэхъыжьым сэлам ирахыу хабзэтэкъым.
Зы хьэщIэрэ зы хэгъэрейрэ зэдэщIыгъууэ макIуэ. ХьэщIэр шущ, хэгъэрейр лъэсщ. Лъэсыр дэнэкIэ увын хуей? Iэмал имыIэу лъэсыр ижьырабгъумкIэ увын хуейщ, икIи нэхъыщхьэу икIи хэгъэрейуэ щыт пэтми. Чэм мыхъуу хьэщIэр ижьырабгъумкIэ, щытын хуейуэ аратэкъэ жытIэр? ХьэщIэр шым епсыхын хъумэ, хэгъэрейр епхъуэу и Iэ ижьымкIэ шхуэмылакIэр иубыду, Iэ сэмэгумкIэ лъэрыгъыпсыфэр иубыду иригъэпсыхын хуеЙщ. Ар иригъэпсыхын щхьэкIэ лъэсыр, зэрыхабзэм тету, и сэмэгумкIэ щытмэ, шур щепсыхкIэ лъэсым теувэнущ, езы лъэсри ижьырабгъумкIэ къекIуэкIыу шыIумпIэр иубыдыху шур къежьэу щытын? Нэхъыжь шурэ нэхъыщIэ лъэсрэ зэдэщIыгъуу кIуэми, аращ хабзэр.
Шу
гъуэгурыкlуэхэм яку зэхуилъа хабзэр
Зы хьэщIэрэ зы хэгъэрейрэ, тIури шущ, зы шы Iэдэжи яIыгъщ. Iэмал имыIэу шы Iэдэжыр хэгъэрейм иIыгъын хуейт. Шы Iэдэжри ижьырабгъумкIэщ зэрыIыгъын хуейр, сэмэгумкIэ иIыгъмэ, шым епсыхыпIэ иритынукъыми Iэмал имыIэу хьэщIэр ижьырабгъумкIэ щытын щыхуейкIэ, хэгъэрейм шы Iэдэжыр иIыгъын щыхуейкIэ, шы Iэдэжри
ижьымкIэ Iыгъын щыхуейкIэ, шы Iэдэжыр шууитIым я. зэхуакум дэту мэхъу. Абы щыгъуэм ижьырабгъумкIэ щыт хьэщIэр дауэ къепсыхыну, шы Iэдэжым къытемыувэу? Мыбдежым хьэщIэм хуащIын хуей хабзэр шы Iэдэжым екъутэ. ЗэрыхъумкIэ, шы Iэдэжыр зыIыгъ хэгъэрейр хьэщIэм и ижьырабгъумкIэ щытын хуей мэхъу. КъызэрыувыIэу, хэгъэрейр псынщIэу къепсыхыу хьэщIэм и шы IумпIэр иубыду къригъэпсыхын хуейщи, ижьырабгъумкIэ щыт шы Iэдэжыр зэран къыхуэмыхъуу къепсых хъунущ. Хэгъэрейр сэмэгумкIэ щытмэ, епсыхын щыхъукIэ хэгъэ рейр епсыхыу, езым итри, шы Iэдэжри, хьэщIэм ишри къикIухьу, хьэщIэм и ижьырабгъум зыкъригъахуэу къригъэпсыхыху, хьэщIэр абы къыпэплъэу щытын хуей мэхъу, къепсыхми, шы Iэдэжым къепсыхыпIэ иритынукъым. А хабзэ ягъэувахэр Iэмал имыIэурэ ягъэуващ. Абыхэм узэрытек1ыу зыри зэхуэмыхъуж мэхъу.
Адыгэм
шы тесыкIэу яIар.
Адыгэхэр зэхуэдэу шым тесу щытакъым. Пщыр, лъхукъуэлIыр (адыгэлIкIэ дызэджэр) шыбг уанэм зэрытесым нэхърэ нэхъыбэкIэ зэфIэту лъэрыгъым итт. Ауэ уэркъыр и куэмкIэ зэпрууэ уанэм тесу, шы джабэм гуэсу тест. А зэрытес и куэ лъэныкъуэр ешамэ, адрей куэ лъэныкъуэмкIэ тетIысхьэрт. Ар уэркъ шы тесыкIэт. Ар апхуэдэу щIытесыр зэрыуэркъыр къащIэн щхьэкIэт. Апхуэдэ шы тесыкIэр революцэм иужькIэ дэ тлъагъужащ. Псыгуэнсум щыщ Лъостэн Къалгъэ и гъащIэр апхуэдэу тесу ихьащ.
Адыгэр шым щIопщымкIэ еуэрти, пщIантIэм дыхьэрт, зэрыдыхьар зэхахын щхьэкIэ. Елъэдэкъауэрти къыдэкIыжырт. Ауэ шым щIопщымкIэ еуэу къыдэкIыжамэ, бысымым хуэмыарэзыуэ арат.
Нысэ
къэшэкlэ хабзэу щыlахэр
Адыгэм фыз къишэн щхьэкIэ мылъку иIэн хуейт, н. ж. … дэкIуэ щыIэтэкъым, щыIэр ятрэ ящэрэт. ЛIым фыз къишэну иужь ихьэ хъунутэкъым, къищэхуну пэувын мыхъумэ. Ар къызэрищэхунур хузэмыгъэпэщурэ щIалэм и къэшэгъуэр блэкIт, и ныбжьыр илъэс 40-м нэсыху къэзымышэф щыIэт. ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрышэну зэгуакIуэми, пхъур зейхэм иратынутэкъым, иращэну мыхъумэ.
Уеблэмэ, хъыджэбзыр дэкIуэну фIэфIу и Iыхьлыхэм къащIамэ, Iыхьлыхэр зэгуэпынурэ ирамыту икIи ирамыщэу пагъэуджэнут. «Дэ дымыщIэу уэ лIы щэху уиIэу къыщIэкIай!» - жаIэнурэ къэу1эyбжьынут. Мис абы къыхэкIыу хъыджэбзыр щIалэм ехъуэпсауэ лIэми, Iыхьлыхэм закъримыгъащIэу зиущэхурт. Адэ-анэм я пащхьэм пхъум хуитыныгъэ зыри щиIэтэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, ящэу инэмыщI, дэкIуэ щыIакъым.
ЩIалэм хъыджэбз гуэр къишэну мурад ищIамэ, лъыхъуурэ илъэс IэджэкIэ иужь итт, Iуэхум кIэ имыгъуэту.
3и ишэгъуэ хъуа хъыджэбз зэкIэлъыкIуэм тIy-щы зэдежауэ щылъыхъуэ Iэджэрэ къэхъурт. Абыхэм ящыщ зы щIалэ, хъыджэбзым нэхъыфIу илъагъуми, Iыхьлыхэр зэплъри нэхъ къыхахри, абыхэм ящыщ нэхъ унагъуэ къулейр арат. Хъыджэбзыр зратыр лIыжьми быIуэбышэми, ахэр зыуи къалъытэртэкъpым, «ИщIэнрэ ишхынрэ щигъуэтынущ» - жаIэрти, хъыджбзыр хуэмейуэ илIыкIми, яубыдти гъуэгы:у, иратт, уасэ фIыуэ къыIрахти.
Пасэрей щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зэрышэну зэрызэрыгъуэтыр мыпхуэдэут: щIалэм и къэшэгъуэ зэрыхъуу, хамэ къуажэ дэс яблагъэ зыгуэрым ягу ирихь хъыджэбз къыхущIахт. «Ди къуажэ мыпхуэдэ зы хъыджэбзыфI гуэр дэсщи, дуней мылъкум нэхърэ ар нысэу фиIащэрэт» - жаIэрти щIагъэхъуэпст. Апхуэдэурэ унагъуэр щIагэхъуэпсти, я щlалэм къыхуашэну мурад хуащIт. Абы щыгъуэми щIалэмрэ хъыджэбзымрэ я гъащIэми зэтемыплъауэ икIи зэрымыцIыхуу.
Абы нэмыщIкIэ, щIалэм емыупщIыххэу, апхуэдэ Iуэхухэм фIыуэ щыгъуазэу, езым хыхьэхэкI иIэу, жьакIуэу лIы шэрыуэ къалъыхъ1эрти ягъакIуэрт, зи хъыбар къыжраIа хъыджэбзым лъагъэхъуну. 3эманым зэрихабзэти, хъыджэбз улъыхъун папщIэкIэ, хъыджэбзым и адэ-анэм я унэм кIуэртэкъым, абы къыщыщIадзэртэкъым. Iуэхум хэпсэлъыхь хъун я Iыхьлы гуэрым и деж екIуалIэрт. Псалъэм щхьэкIэ хъыджэбзым и анэш, и пхъурылъху, и адэ къуэш хуэдэ зы гуэрым екIуалIэрти абы щригъажьэрт:
_ Мыпхуэдэм сралIыкIуэщ, мыпхуэдэм ипхъу фи хъыджэбз цIыкIумкIэ благъэ фыкъащIыну; мурад къыфхуащIауэ сыкъагъэкIуащ. Iуэхур угъурлы:уэ едгъэжьауэ тхьэм къыщIигъэкI. Хъыджэбзыр ишэгъуэ щыхъукIэ, яшэн хуейщ, щIалэми и къэшэгъуэ щыхъукlэ, къишэн хуеищ. «ЩIалэр унэ-унэм я малъхъэщи , хъыджэбзыр унэ-унэм я нысэщ»,- жыхуаIэр аращ. Тхьэм иухам зыми хуэкъутэнкъым тхьэм имыухам зыми хузэфIэгъэувэнкъым. Ауэ «Iуэху пщIыр Iуэху мэхъу»,- жыхуаIэр аращи, Iуэхури цIыхум хьэрычэт зэрыхищIыхьым елъытащ, мы Iуэхур уэ
1 ЛIэужьиблкIэ лъыкlэ къыбгъэдыхьэ кърагъэшэну ягъэдурысу щытакъым.
зэребгъажьэщ зэрыхъунури, уэ уфIэфIмэ, зэрызэфIэувэныр сщIэуэ сыкъокIуэлIащи, Iуэхур зэрыхъункIэ унафэ къытхуэпщIмэ, ди гуапэщ. Уэ къомыдэIуэн абы яхэткъым! - жиIэрти, абы щригъажьэрт, Iуэхур псори абы и фэ дэлъ къыфIигъэщIу.
- УкъыщIэкIуари угъурлы Тхьэм ищI, игъуэджэ хэлъкъым, хъыджэбз щыхъукIэ. яшэн хуейщ, щIалэ щыхъукIи къишэн хуейщ. Ауэ, плъагъуркъэ, сэ сы адэкъуэшми, сы анэшми, сэ нэхърэ нэхъапэщ, и адэ къэзылъхуар, и анэ къилъхуа и дэлъхур. Абыхэм я унафэншэу сэ уэст жэуапыр жэуап хъункъым. УкъыщIэкIуа Iуэхур абыхэм яжесIэнщи, плъагъункъэ, сэ слъэкIымкIэ Iуэхукъутэ сымыхъуну узогъэгугъэ, Iуэхур зэрыхъункIэ слъэкIымкIэ хьэрычэт хэсщIыхьынщ,- жиIэрти, къигъэгугъэрт.- Мопхуэдэ махуэм къакIуи жэуапыр къэпщIэжынщ,- жиIэрти, къиутIыпщыжырт. Е:
- Мы Iуэхур си деж щумыгъажьэ, мопхуэдэм и деж щегъажьи, сэ абы чэнджэщэгъу, сыкъамыщIу къэнэнукъым. Iуэхур зэрыхъункIэ си чэнджэщ яхэслъхьэнкIэ псалъэ узот,-жиIэрти, езым къызыщххэщигъэкIт.
- Iэджэм Iэджэ пхъурылъху яIэщ, сэ уэстыр жэуап пхуэхъункъым. Сэ нэхърэ нэхъ гъунэгъущ и анэ къилъхуа и дэлъхур, къэзылъхуар. Абыхэм хъыбар езгъэщIэнщ укъыщIэкIуа IуэхумкIи, плъагъункъэ жаIэр! - жриIэрти махуэ пIалъэ къритырти, къиутIьшщыжт. ПIалъэ къратар къэсырти, лIыкIуэр кIэлъокIуэ, Iуэхум кърихъуар зригъэщIэну.
- Iуэхур зэтеплъа щIыкIэкъым, модэ мопхуэдэм хъыбар ищIэн хуейти, щыIэкъым! - жаIэрти, пIалъэ къратырти, жэуапыншэу къаутIыпщыжт.
Мис а щIыкIэм тету, кIуэм, къэкIуэжурэ, Iуэхум кIэ имыгъуэту, жэуап пыухыкIаи ящимыгъуэтурэ илъэскIэ, илъэсит1кIэ кърашэкIырт. Ар къызыхэкIыр ирагъэзэшу къыпагъэкIыну арат.
Ауэ лъыхъуу езыгъэжьам щхьэкIэ, лъыхъури къратакъым, жрамыгъэIэн щхьэкIэ кIэрыкIтэкъым, пудыгъэу ялъытэрти. КIэщIу жэуап къыщIрамытыр, хъыджэбзыр зейхэм лъэпкъкIэ нэхъ загъэину, нэхъ загъэфIу, лъыхъур нэхъ ягъэикIэу арат. Е, абы нэхърэ нэхъ къулей къылъыхъумэ, мыр пагъэкIыу абы иратыну арат. Iуэхум кIэ имыгъуэтурэ езэшти къыпыхужт. Е, «ди пхъур щIалэщ, ишэгъуэ хъуакъым»,- жаIэрти, щхьэусыгъуэ хуащIти, къыпагъэхужт.
Ар пыкIа нэужь, пхъур зейхэр а къылъыхъуам щыдыхьэшхыу зыкIэщIагъэIукIт, «Тхьэ, гъэщIэгъуэнтэм мобыхэм благъэ дыкъащIыну ямураду, еттыпэнуми, ауэ къудей щхьэ къыдакуфа? Ахэр дэ ди фызщIэгъуу зэрыщымытыр щхьэ ямыщIэжрэ? Езыхэм яхуэдэ зыгуэр къралъыхъуэж»,- жаIэрти ауан ящ1т.
Е, щхьэтеч дыдэу къыжраIэти, пагъэкIт:
- Фэрэ дэрэ дызэфызщIэгъукъым, фэ къывэкIун къэфлъыхъуэ! Модэ ди хьэбзыжьыр лъхуэм, абы къилъхум щыщ фэттынщ,- жаIэрт зызыгъэуэркъыу зызыхэзышхэм.
Нысэм лъыхъуу езыгъэжьа лъэпкъым ар щызэхахкIэ, щхьэжэ ящыхъут. Абы лъыхъуу езыгъэжьа щIалэм тIэкIунитIэ лIыгъэ хэлъыххэмэ, ар яхуимыгъэгъуну хуежьэрт. А щIалэр апхуэдизк1э абы къызэгуигъэпти, и щхьэр текIуадами идэрт. Пхъур зейм ящыщ IэщIэкIуадэми идэрт. Губжьым къыхэкIыу хъыджэбзыр къихьу лIыгъэкIэ къатрихыну ещэу хуежьэт. Хъыджэбзыр къатримыхауэ е зы бэлыхь къимыкIауэ увыIэртэкъым. Дауэ ищIми, «благъэ, хэгъэрей» жиIэми зыдигъэIэпыкъурти, хъыджэбзыр къихьырт, кIуэж мыхъууэ Iэрубыд ищIырти къыхуэнэрт, и гур ятригъэзэгъауэ.
Апхуэдэу зыдэзыIэтейхэм я пхъум мыпхуэди къащыщIу Iэджэрэ къэхъут: хъыджэбзыр зейхэр зэкIэлъыкIуэу, лъэрызехьэу зэрыщытым щхьэкIэ, благъэ ящIыну яфIэфIу я пхъум лъыхъуу щIалэ куэд зэдежэрт. Къалъыхъур зэрамыпэсу IуагъэкIыурэ, псори ягъащтэрти, «сэ Бэрокъуэ нэхъри Хьэрун нэхъри сынэхъыфIкъым, абыхэм кърамытар сэ дауэ къызатын?» - жаIэти, лъыхъунухэми дзыхь ямыщIыж хъути, зыри лъымыхъужу щIыбагъдэдзэ хъужти, зыми яфIэмыIуэхужу къыдэнэжыпэт. Зи щIалэгъуэхэм щхьэкIэ хъыджэбз тIорысэIуэу, зи фыз лIа лIыжьхэм щхьэкIэ щIалэIуэу, абы нэсырт. ЛъэныкъуитIми хуэмыкIуэжу къыдэнэжыIэти, зы зэман зи фыз лIа зыгуэрым ишэжт. Хъыджэбзыр и чэзум и деж дэкIуэну и щхьэ хуиту зэрыщымытам мис апхуэдэ мыхъумыщIэхэр къыхэкIт. Абы нэса нэужь, цIыхубзым лIыри гъащIэри фIэIэфIыжтэкъым.
* * *
Пасэм щыгъуэ адыгэ щIалэм фыз къишэн щхьэкIэ бэлыхьышхуэ хэмыту, гугъуехьышхуэ зэпимычу хъууэ щытакъым. Псалъэм щхьэкIэ щIалэ зэкIэлъыкIуэ гуэрым къишэну мурад ищIащ, и фыз къэшэгъуи хъуащ. Ауэ абыкIэ къыдэIэпыкъуну, ахэр хузэригъэпэщыну ади, ани, къуэши, шыпхъуи иIэкъым. Езы щIалэми мылъку бгъэдэлъкъым. Фыз къишэну хуожьэри, уасэу иритын иIэкъым.
Лъыхъуауэ къратыну, хъыджэбзри къыдэкIуэну псори зэпэщауэ щытми, абы ирихьэлIэу нэгъуэщI мылъку зиIэ зыгуэр къылъыхъуамэ, а уасэ къезытыфьrну нэхъ къулейм иратырти мыдрейр хьэсэкIыу къыдэкIырт. нэгъуэщI лъэпкъми ядэрт, хъану, къулейуэ щытмэ.
А Iуэхугъуэм теухуауэ щапхъэ дэгъуэщ Шэджэмокъуэ Хьэсаншрэ абы и къэшэн Дадусэрэ я кIуэдыжыкIар. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Дадусэ къызыхэкIар лIакъуэлIэш лъэпкът, унагъуэ къулейт. Шэджэмокъуэ Хьэсанш _ лIыгъэкIэ, хыхьэхэкIкIэ цIэрыIуэу щIалэ закъуэт, зытес, и пцIэгъуэплъыжьым фIэкIа мылъку лъэпкъ бгъэдэмылъу. Ауэ и хахуагъэ, и цIыхугъэм папщIэ урыс хъыджэбзхэри къыхуагъэлъагъуэрт, къратыну. Ауэ езым фIыуэ илъагъур Дадусэт. НыбжьыщIитIыр лIэн-къэнэну зэгуэкIуауэ фIыуэ зэрылъагъу пэтми, Хьэсанш Дадусэм щIитын мылъку зэримыIэм щхьэкIэ, хъыджэбзым и Iыхьлыхэм нэгъуей хъаным мылъкушхуэкIэ иращащ. Хьэсанш нэгъуэщI зыри къыхуэнакъым, нэгъуей фызышэм къапэтIыcy и къэшэныр къатрихыжын нэмыщI.
Хьэсанш жыгыщхьэрыс ищIауэ пэплъэурэ нэгъуей фызышэр къыщыблагъэм, и пцIэгъуэплъыжьыр зэщIикъузэри, шэсри ярихулIащ. Нэгъуейхэр игъэбэлэрыгъщ, къэдабэ гущхьэр яфIытридзри, Дадусэ дахэр и пщэрыдзэну, банапцIэм яфIыхыхьэжащ. Нэгъуейхэм банапцIэм лыгъае мафIэр ирадзащ. Хьэсаншрэ Дадусэрэ мафIэм хисхьэу щыхуежьэм, лъагъуэ закъуэмкIэ къыхэкIыну къежьащ, ауэ абыкIэ нэгъуейхэр пэтIысауэ къыщIэкIри, Хьэсэншыр яукIащ.
- Мыбы и хьэдэр щIыхь пылъу, зэрыхуэфащэкIэ щIэвмылъхьэу сынывдэкIуэнукъым! - жиIэри Дадусэ гуащэр уващ.
Мащэр къатIу, Хьэсанш и хьэдэр иралъхьэу, щIыр тратхъуэжын щыхъум, «Сэ езым зэзгъэзэхуэжынущ»,жиIэри, Дадусэ мащэм ехщ, бгъурыгъуалъхьэри и щхьэцым гъэпщкlyауэ хэлъ лэныстэмкIэ зиукIыжащ. «3и тыхь щIасэр зи кхъахэм щагъэтIылъыжыр Шэджэмокъуэм и къуэкIэ Хьэсаншщ»,- щIыжиIэр аращ уэрэдым. (Тхьэм тыгъэ къыпхуищIа, къыпхуигъэфэща щхьэгъусэр, жыхуиIэщ) .
Хъыджэбзым «а щIалэм сыдэкIуэну нэхъ сфIэфIщ»,жиIэу ауэ къудей, и жьэм къыжьэдигъэкIыну хуиттэкъым. Iыхьлыхэм мобы мылъку иIэу щалъагъукIэ «уасэ фIыуэ къыдитынщ»,- жаIэрти, хъыджэбзым игу иримыхьу илIыкIми, иратт. Модрей щIалэ закъуэм къыIэрищэхуни мылъку иIамэ, къратынут.
Мес а щIыкIэм тетурэ щIалэ зэкIэлъыкIуэр зылъыхъур къызэрищэхун имыгъуэтым, зэ зы хъыджэбзым зэ адрейм къыпагъэкIыурэ, лIыжь хъурти, хъыджэбзыжь къыдэнэжа е фызабэ къишэрти, дунейм и IэфIыр имылъагъуурэ лIэжт. Iэмал имыгъуэтыж хъуа нэужь уасэр къуэгъуэнапIэм къыщидыгъурт е къихъунщIэрт щэху цIык1уу, уасэ мащIэ иритырти, фызабэ е хъыджэбзыжь къищэхурт.
* * *
Нэхъыбэми мыпхуэдэу къэхъурт: и къэшэгъуэ хъуами. уасэншэу къызэрырамы1ыхынур ищIэрти, «уасэу естын зэзгъэпэщынщи, итIанэ сылъыхъунщ»,- жиIэрти, ар хуэмыгъэкъарууэрэ екъуурэ хузэфIэмыкIыу лIыжь хъурти, къыдэкIуэн имыгъуэту къыдэнэжыпэрти, фызыншэу дуней ихьт.
Пасэм щыгъуэ, иджы хуэдэу, мылъку къэгъуэтыгъуафIэу, дэнэ и дежи лэжьапIэ щыIэу щытакъым. Къулейсызыр тхьэмыщкIапIэм зэрикIын Iэмал щыIэтэкъым, нэхъри зэреупIэхын мыхъумэ. ТхьэмыщкIэм мылъку хэкIыпIэу иIэр, и фIэщ къригъэкIми, къулейхэм яхуэлIыщIэурэ зытIэкIу къыхуашииным арат. Ари IэфI щIэлъу къратыртэкъым, языныкъуэхэри щхьэусыгъуэкIэрэ фIаубыдыжт. ЛIыщIапщIэкIэ узэрыпсэуни, фыз къызэрыпшэри зэбгъэпэщыну пхузэфIэкIынутэкъым. Абы гуащIи зэмани хуейт. Уи щIалэгъуэм узугъуеяр, лIыжь ухъуа нэужь пхуэугъуеижынутэкъым. Къулейхэм илъэсым лIыщIапщIэу къратыр и быным зы тхьэмахуэ яхурикъунутэкъым. Мис абыхэм якIэрыщIауэрэ и унагъуэ имылэжьыхьыжыфурэ нэхъри еупIэхт. ТхьэмыщкIэм и мыгъуагъэм и нэхъ нныр къэзышэр мырат: езыр жэщи махуи къэкIуэж мыхъуу къулейм хуэлажьэрт. И щIы Iыхьэ тIэкIур зыкIи къимыгъэсэбэпу фIэкIуэдти, а здэщыIэ къулейм уасэ мащIэ тIэкIукIэ IэщIигъэкIти, ари зыIэщIилъхьэжт. Дэнэ и деж абы зыкъыщиIэтынур? Къулейсызыр нэхъыбэ хъуху, къулейр абыхэм я къарукIэ нэхъри ефIакIуэрт. Мис а бэлыхь къомым къыхэкIыу, уасэу иритын имыгъуэтурэ, нэхъыбэм фыз къыщашэр я ныбжьыр илъэс плIыщI хъуа нэужьт.
ЩIалэм хъыджэбзыр къигъэбырсейрн къыдихьэхауэ, къыдэкIуэну пIэцIеижу щытми, щIалэр лъыхъуу хуежьэрэ, уасэ иритын зэримыгъуэту, «хэт и хъыджэбз атIэ уэ уасэншэу къыбдэкIуэнур?»,- жиIэрти, хъыджэбзми зыщIилъэфыжти къыдэкIуэн идэжтэкъым. Абы къыIрихыну уасэр езы дэкIуэну хъыджэбзым и мылъкуу зэрыщытыр
къыгурыlуэртэкъым. Ар былымым хуэдэу имыщэхуу дэкlуэныр фlэикlагъэт. Абы щыгъуэми ар зыдэкlуэр дэнэ, зращэри хэт? Ар зыми дэкlуэртэкъым, «дыздэгъэпсэу!» жаlэрти, псэуэгъуу зэгуэувэу арат. Ар хъыджэбзми щlалэми я зэхуэдэ Iуэхут, щlалэм хьэрычэту хищIыхьым хуэдиз хъыджэбзми хищlыхьын хуейт. Ауэ а зэманым екlуэкl хабзэр арати, хабзэ щыlэр къыхуамыщlэу ядэнутэкъым.
Пасэрей хъыджэбзхэм загъэпагэти, зыдэкlуэнум мы.лъкуу иlэр уасэу къыlэщlигъэкlти, факъырэ хъуа нэужь кlуэрти, унэ нэщlым щlэтIысхьэрт. Абы зыхуей игъуэту щlалэм имыгъэпсэуфмэ, щlалэм ягъэ? Мо зи унагъуэр ирагъэкъэбзыкlа лlым зимыужьыжыфурэ я гъащlэр къулейсызу ирахьэлlэрт. Цlыхубзыр делагъэкъэ апхуэдэу зэса Iуэхум къытемыкlыжыфу пхэнжу гъуэгум тетми, хъыджэбзым и Iыхьлыхэм щхьэкlи къэгупсысыгъуейтэкъым, «мыбы иlэр псори къыlыдох, ди пхъур сытым хэпсэукIын, мэжэщlалlэ хъункъэ!» - жаlэу егупсысыну. Ауэ цlыхум и нэгу щlэкlыурэ зэса Iуэхум къытешыгъуейт, егъэбгынэгъуейт. Абы зыкlи егупсысу щытакъым, зэралъэкIкlэ мылъкуу иlэр къыпахын мыхъумэ. Сыту жыпlэмэ, уасэр хабзэт. Уасэ къыlамыхамэ, абы щыгъуэми хужаlэн ягъуэтт: «Игъэлъэщыджауэ lэщlагъуэжауэ къыщlэкIынщ»,- жаIэрт. Былыму щыщымыткlэ, цlыхубзыр щэным куэд щlауэ пыкlауэ щытын хуеящ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ ди зэманым и хабзэмкlэ пхъур пщэну хуимыт пэтми, щэхуу уасэ къеlызых гъунэжщ.
Пасэрей хабзэм цlыхубзым бэлыхьу ятримылъхьэрэ пудыгъэу яримыхрэ щыlакъым. Е зыфlэфlым дэкlуэну хуитакъым, е дэпсэу мыхъумэ, къикIыжыну хуитакъым. Ауэ щыlащ гушхуэ зыкlуэцlылъ цlыхубзхэри, зы щхьэкlи къамыгъанэу, лъэпкъ нэхъыфl, нэхъ икIэми емыплъу зэгуэкlуам дэкlуэсэф е Iэмал хуекlуэу зезыгъэхьыф. Апхуэдэу дэкlуэсат, зи гъыбзэ дахэр ди деж къэса Адииху. Iэмал хуекlуэри дэкlуат Хъымсад.
Къэбэрдейм иужь дыдэу пщы уэлийуэ щыта Жанхъуэт и къуэ Кушыку ипхъу нэхъыжьт Хъымсадыр. Езыр дахэт, цlыхубз зэкIэлъыкlуэт. Хъымсад ищlэт мылъкушхуэ кърамыту зэрырамытынур, и адэр и пхъум и арэзыныгъэ лъэпкъ зэрыхуэмейр. Езы Хъымсади быдэу и гум ирилъхьат, зыфlэфlым фlэкlа дэмыкlуэну.
Аргудан Хьэмырзэхэ я джэгум Талъостэнхэ я къуэмрэ Хъымсадрэ уджым щызэрыцlыхуащ, щызэпсэлъащ.
- Сэ си адэм сэр щхьэкlэ мылъкушхуэ къыппиубыдынущ, ауэ уэ лlыгъэ уиlэмэ, сыхь! Сэ мэрем махуэм мэракlуэхьэ зезгъэшэнщ Маргъущ лъапэ! - жиlэри пlалъэ зэратащ. Пlалъэр къэсри, Талъостэнхэ я къуэр щолэхъуш лъэпкъ тесу, и нэм фlэкlа къыщlэмыщу, и щхьэр бащлъыкъкlэ фlэпхыкlауэ къакIуэри, Жанхъуэтхьэблэ къуажапщэм Псыгуэнсу псыхъуэ екlэпцlэм къыхэуващ.
Хъыджэбзрэ щIалэрэ зэхэту, шу гъусэхэр яlэу, выгу гъэщlэрэщIам ису, Хъымсад мэракlуэхьэ здэкIуэм, Талъостэнхэ я къуэр къыхэжри, шухэр зэбгрихури, Хъымсадыр и шыплlэм дигъэтIысхьэри, Вындыб джабэ задэм кIэрылъэдащ. Абы цlыхуитI тесу шы дэкIын дэнэ къэна, лъэс дэкIыфкъым. Хъымсад и гъусэ шухэр, Кушыку зыхуаухеежын щхьэкIэ кIэлъыщlэпхъуахэт, ауэ ахэр зытесыр бгым кIэрымыхьэфу къагъэзэжащ.
Талъостэн и къуэм и шым цlыхуитlри дихри и щхьэм щынэсым езы шыр зэгуэдащ. ЩIалэм шым телъ уанэр къытрилъэфщ, Шым и к1эм телъ дамыгъэр къытригъэжри, дамыгъэри уанэри щIитlащ, Хъымсад зыхьар къамыгъуэтын щхьэкIэ. Езы т1ум я lэпэр зэрубыдри, мэз щIагъ защlэкlэ лъэсу щIэкlри, Къуэгъулъкъуэ и къуэм и деж я щхьэр ирахьэлlэри хьэщlэ зыхуащIащ. Ар хабзэт. 3и щхьэ къозыхьэлlа хьэщIэм щхьэкIэ бысымым зигъэлIэн хуейт. Тхьэмахуэ дэкlа нэужь, Къуэгъулъкъуэ и къуэм къэбэрдей уэркъыжьхэр къызэщIикъуэри, Хъымсадыр Талъостэнхэ я къуэм езым и деж зэрырихьэлIар Кушыкум жраIащ. «Дэ уэркъыжьхэр дыфкъуэмытмэ, фэ пщыхэм фи закъуэ сыт фщlэфыну? » - жаIэри ежэри ирагъэдащ.
Талъостэн и къуэри пщыт, дауи, уасэфI кърита хъунт, ауэ пщы уэлийр мылъкукIэ арэзы пхуэщIынт.
Къуэгъулъкъуэ и къуэм, хабзэм ипкъ иткIэ, езым и деж иригъэшыжри фызышэшхуэу мо тIyp Талъостэнхэ иригъэшэжащ.
Кушыкум мурад ищIат Талъостэн и къуэм кърищIар хуимыгъэгъунуи, щауэр Къуэгъулъкъуэхэ ирашыжу Талъостэнхэ щашэжынур къригъащIэри, Тэрч зэпрыкIыпIэм деж и шухэр игъакIуэри пигъэтIысат, Талъостэн и къуэр иригъэукIыну. Ауэ мыдрейхэри бэлэрыгъыртэкъыми, нэгъуэщI щIыпIэкIэ дадзыхри Тэрч зэпрыкIыжри кIуэжащ.
Иужьым Талъостэн и къуэр Мудархэ къаукIыу Хъымсад фызабэ щIалэу къыщынэм, Кушыкум щыгъупщэжатэкъым и пхъум кърищIауэ щыта напэтехри, нэхъыбэу а гужьгъэжьым къыхэкIыу нэгъуей былымкIэ нэгъуеипщ Тыгъуэнхэ Беслъэн щIрищауэ щытари аращ. Уэрэдыр Хъымсад щIиусари арат.
* * *
Мыпхуэдэуи къэхъурт: щIалэ гуэрым зы хъыджэбз гуэр къишэну мурад ещI. Дзы къыхуащI мыхъуну, къишэнури къэзышэнури лъэпкъкIэ зэхуэдэу. Хъыджэбзым
лъагъэхъуну зы лlы хэплъыхьа гуэр ягъакlуэрт. ЗэрыжаIащи, а кIyap щIэкlуа хъыджэбзым я унэ дыдэм кIуэркъым, здэкlуа лъэпкъым ящыщу нэхъ зыхуэфащэм йокlуалIэ.
_ Мыпхуэдэм сралIыкlуэщ, Къетыкъуэм и хъыджэбз цIыкIумкlэ благъэ фыкъащIыну мурад къыфхуащIауэ сыкъагъэкIуащ. СыкъыщIэкIуар лъэныкъуитIымкIи Iуэху угъурлы Тхьэм ищI. Сыкъэзыгъэкlуа унагъуэр хуахьу елъэIуу зратым хуэдэщ, дагъуэншэ унагъуэщ, хъуэпсэгъуэ ябгъэдэлъу мэпсэу. Хъыджэбз цIыкIур зэ унагъуэ ихьэну щытмэ, абы хуэдэ унагъуэ блэбгъэкI хъункъым!- жиIэрти, дыгъапIэри дыгъэмыхъуэри хуигъэлт.
Сыт хуэдизкlэ щlалэр щlалэфIми, унагъуэр хъуэпсэгъуэми, къратыну пlэцlеижми, зэуэ жэуап къраттэкъым. Адыгэ хабзэкlэ зэуэ жэуап иратмэ, «ауэ иратыну бампIэ…>, къыхужаIэнут. Абы къыхэкlыу, зэман кIыхькIэ зрагъэлъэIун, зрагъэлlэлIэн хуейт, Къратыну зэгурыIуауэ щытми, кlэщlу жэуап къратынутэкъым.
Ауэ улъыхъуу къуамытынур пудыгъэти, зимыгъэпудыным къыхэкlыу лъыхъун щIэзыдзари увыIэжтэкъым. КIэрымыкlыурэ я щхьэусыгъуэр яригъэухти, жэуап къратт.
_ Хъыджэбзыр иджыри сабийщ, и шэгъуэ хъуакъым, ауэ «инагъ и ныбжьщ»,- жыхуаlэр аращи, цIыху къыщыщlэупщIэкIэ и зэман хъуауэ къыщIэкIынщи, фи пхъэ хэддзкъым! Мопхуэдэ махуэм къакlуи, жэуап бгъуэтынщ. Iэджэм Iэджэ адэ къуэш иIэщ, ауэ къэзылъхуахэмрэ къыдалъхуахэмрэ сайпсэлъылIэнщи, кlэщIу жэуап бгъуэтынщ,- жиIэти къиутIыпщыт.
Пlалъэ къритар къэсти кIэлъыкIуэт. Адэ къуэшым зэрыжиlам хуэдэу псорикI белджылы ищIауэ къригъэхьэлIэрт. Ауэ Iуэхушхуэр «хъыджэбзыр зратыр зыхуэдэ» зрагъэцIыхун хуейт.
_ Захуэщ, фи благъагъэр къыдощтэр. Ауэ фыкъытщIэупщIащи, дыфщIэупщIэжынщ! Мопхуэдэ махуэм унаплъэ дынэкIуэнщ! - махуэ пIалъэ къратырти къаутIыпщыжт.
_ «Унаплъэ къокIуэ»,- жаIэти зэралъэкIкIэ загъэхьэзырт. ПIалъэ къратар къэсырти, лIы зыщыплI къакlуэрт. Жэщым нэху щыху къэкIуахэр ирагъафэт, ирагъашхэт. Нэху зэрыщу я уни, я жьэгуи, я псэуалъи, къанэ щымыIэу, къаплъыхьт, псорикI зрагъэлъагъурти ежьэжхэт. Мыпхуэдэ унафи къыхуащIт:
_ Захуэщ, фи благъагъэр къэтщтащ. Мопхуэдэ махуэм нэчыхьытх фынакIуэ! - жаIэти.
А зэманым нэчыхьыр хъыджэбзыр дэсу я унагъуэм шатхырт, зытхыну кIуэхэр нысэр зей лъэпкъыр арат. Иджы нэчыхьыр зыщатхыр нысэр зейм я дежщ. Зытхыну кIуэри хъыджэбзым и лъэныкъуэхэрщ.
Пlалъэр къызэрысу, къуажэм дэс лlыжь нэхъыфlыlуэхэм ящыщу зытхух ирагъэтIысхьэрти, зы молэи яхэтуи, нэчыхьытх кIуэрт. Здэкlуэм «нэчыхьытх къокIуэ», жаIэти, я благъи, я ныбжьэгъуи, къанэ щымыIэу къызэхуэсауэ ирагъэхьэлIэти, хьэщIэхэр ирагъэблагъэти, зы унэ щызэхагъэтIысхьэрт щхьэхуэу.
А Iуэхум хэтын хуейуэ кърихьэлIа хэгъэрейхэр нэгъуэщI vзы унэ щхьэхуэм щызэхэтIысхьэрт. ХьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ зэхэту зэпсалъэртэкъым. ХьэщIэхэмрэ хэгъэреихэмрэ зэрызэпсэлъэнур лIыкlуэкIэт. Абыхэм Iэджи зэпаубыvдынут, хьэщlэхэр жаlэр хэгъэрейхэм ямыдэу, хэгъэреихэм жаlэр хьэщIэхэм ямыдэу.
Хэгъэрейхэм ящыщу, апхуэдэм щыгъуазэу, лIитI хахырт, лIыкIуэр а гупитIым я зэхуакум дэтыну, зым ящI унафэр мыдрейм къыжраIэжу. Абыхэм уасэ Iэджэ зэпаубыдынут, щIыкlей защIынут.
Уасэу хуагъэлъэгъуэнухэр жраIэну я пiцэ иралъхьэрти, а хахаитlыр хьэщIэхэм я деж яутIыпщт.
- Уасэу мыпхуэдиз, щыгъыныпхъэу мыпхуэдиз, нэчыхьу унэм илъыну мыпхуэдиз, мохэр, мыхэр къыдэфтмэ, дыIуэхущIэгъущ, къывжаIэ пхъур зейм! - жаIэти, лIыкIуэхэм хъыбар ирагъащIэрт.
- Апхуэдизи, нэхъыби Тхьэм къывит, дэ хэкум щымыlэ хабзэ къэдублэфынкъым, ивогъэлеикlыщэр. Хэкум щызекIуэр мис мыхэр аращи, цIыхухэм ящIэ хабзэр фхуэтщIэнщ, ямылей жыфIэн хуейкъым! - жаIэрти лIыкIуэхэр ягъэкlуэжт.
А щIыкIэм тетурэ, ягъакIуэ-къагъэкlуэжурэ , нэхущ нэсыхунк1э зэныкъуэкъурт, зэгурымыIуэу. Бысымым куэд Iеи жаIэрт, хьэщlэхэр ар нэхъ мащIэ зэрыхъуным пылът.
Дауэ ящIми, уасэм и нэхъ мащIэ дыдэр мыбы хуагъакIуэрти, мыбыкIэ зэгурыlуэрт: витI, жэмитI, зы шы дэгъуэ (шы пэрыт), зы шы мэсхьэт, щыгъыныпхъэу тумэн пщыкIутху. Ахэр хъыджэбзым И адэ-анэм иратт уасэу. Нэчыхьу унэм илъыну сом щитI. Ар нысэм и мылъкуу унагъуэм илъынут, ирагъэкIыжмэ, е и лlыр лIэмэ, щыхуей махуэм къахихыну хуиту. Дыщэ щIыlу-6гырыпх (пхъур зейхэм жыхуаIэ дыщэкIым ищlауэ), тасышхуэ, тас цIыкIу, къубгъан, гуэгуэн, гъуэлъыпIэкIэн (пхъэ гъуэлъыпIэ), уэншэку дэкlуеигъуэ (зы пlэ псо), пхъуантэшхуэ, гъуджэ, лентIрэ дариймрэ къыхащIыкIауэ зы фэилъхьэгъуэ, къинэмыщI Iэджэ. Ахэр псорикI пхъур зейм я деж
яшэрти, нысэр къыщашэкlэ гу щхьэхуэкlэ кърагъэшэжт, е нысэм и лэгъунэм хущlагъэувауэ къыщlашэрт. А псори уасэ пщалъэ тэмэму ялъытэу арат. Абыхэмкlэ зэгурыlуа нэужь, бысымхэр хьэщlэхэр зыщIэсым кlуэрти псори зэхыхьэжти нэчыхьыр ятхт. Нэчыхьытхыр зэрекlуэкlыу щытар, япэр арати, зыгуэр ягъакlуэрти хъыджэбзым ирагъэупщIт:
- Мыпхуэдэм уеттыну, уи нэчыхь едгъэтхыну уарэзы? - жаIэрти. А зэманым щыlа хъыджэбзхэм «сарэзыщ» жиlэу игъащIэкlи пхужаIэнутэкъым. Ауэ «сарэзыщ» жиIэным и пIэкlэ, гъыт. «Гъамэ, зэфIэкlащ, арэзыщ», жаlэрти, жэуапу къалъытэрт. Ауэ абыкlэ къамыгъанэу, и нэчыхьыр иригъэтхыну хуиту зыгуэр уэчыл кърагъэщIт. Ар уэчыл къызэрищlамкlи щыхьэтитI ягъэувти, и нэчыхьыр ятхт. Абы ещхьыркъабзэу щlалэм и лъэныкъуэкlи зы уэчылрэ щыхьэтитlрэ ягъэувт.
Ахэр зэфIэкlа нэужь, бысымхэм жаIэт, «иlэ иджы молэр къэвгъэтэдж!» Ар жыхуаIэм къикlыр - «молэм и нэчыхь тхыпщlэр къэвгъэтlылъ!» - жаlэу арат. Ар къэзытын хуейр хьэщlэхэр арат. Нысэр зейм нэчыхьтхыпlэрp къызэригъэтlылъу, молэр къэтэджырти, утыкум къиувэрт. Хъыджэбзым И уэчылымрэ щlалэм и уэчылымрэ утыкум къришэрти я Iэпхъуамбэшхуитlыр зэгъэкъуауэ зэригъэубыдырти, а т1ум я Iэр езы молэм иубыдыжырти, тlуми чэзууэрэ щэрыщэ еупщIырт: «уэ узиуэчыл хъыджэбзыр мыр зи уэчыл щlалэм дэпсэуну ептрэ?» - жиIэрти. Жэуап къитырт «Изот». «Уэ узиуэчыл щlалэм мыр зи уэчыл хъыджэбзыр къыхуэпшэрэ, дэпсэуну?» - жиIэрти, щlалэм и уэчылым еупщIт. Жэуап: «къыхузошэ!» Апхуэдэурэ щэрыщэ яупщlа нэужь, зэфIэкlати, я Iэгур яущIти яухат. АпщIондэху псори къэтэджауэ зэхэтт.
Ауэ уасэ Iуэхукlи, сыт и лъэныкъуэкlи, зэраухылlа псори уэчылхэри, щыхьэтхэри къанэ щымыlэу молэм итхырт. Ахэр зэфIэкlа нэужь хьэщlэхэри, бысымхэри, ирагъафэт, ирагъашхэрт1
Ари зэфIэкIти хьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ быдэу зэхъуэхъухэт, сэлам зэрахыжти хьэщlэхэр ежьэжт.
Мыдэкlэ къыздэкlуэжым «ди нэчыхьытхыр къокlуэж»,- жаIэрти, хуабжьу загъэхьэзырауэ кърагъэхьэлIэжт. Тхьэлъэlу иращIэкIт, джэгу ящIт, благъэхэр, ныбжьэгъухэр, гъунэгъухэр къакlуэурэ къайхъуэхъурт.
1 Шэрджэсхэм нэчыхьытх къафэ яIэт щхьэхуэу, нэчыхьытхыр щекIуэкI дакъикъэм деж ягъэзащIэу. Нэчыхьытхыр щызэхыхьэ пщыхьэщхьэм, зи нэчыхь ятх хъыджэбзыр зыщIэс пэшым и ныбжьэгъу, хъыджэбзхэр къыщызэхуэсхэрти, «нэчыхьытх» къафэм еуэу, къафэхэу, гушыIэу, зи нэчыхь ятх я ныбжьэгъур трагъэууэ зэхэст.
* * *
Къишэмрэ къэзышэмрэ зэрыцlыхуу зэрышэр икъукlэ мащIэт. Ар къызыхэкlыр къэзышэрэ дэкlуэрэ зэрыщымыIэр арат. Атlэ щыlэр къыхуашэрэ иратрэт. Къэзышэмрэ яшэмрэ зыкlи Iуэхум щыщтэкъым, къыхуэзышэмрэ езытымрэ зэгурыlуамэ, езы т1ум зыри хамыщIыкIми ягъэ кIыртэкъым.
Хъыджэбз гуэрым и хъыбарыфI жаlэу адэ-анэхэм зэхахарэ, къашэну мурад ящlамэ, щlалэм еупщIыххэтэкъым. Зэрылъыхъун, къызэрашэным иужь ихьэрт. Ар щlалэм идэн, имыдэн, жыхуэпIэм зыкlи пылътэкъым.
Уеблэмэ, мыпхуэдэ дыдэуи къыщыхъу щыIэт: лlыжьитI хьэщlэу зы щ1ыпэ щызэрихьэлlауэ ныбжьэгъу зэхуэхъурэ фlыуэ зэрылъэгъуамэ, «уэ пхъу уиlэщ, сэ щlалэ сиlэщ, щхьэ зэблагъэ зыдомыгъэщlрэ?» - жаlэрэ, ар дыдэм щызэгурыlуамэ, Iуэхум кlэ игъуэтауэ зэбгрыкlыжырт. Абы фIэкlа хэмылъу, нысэр зей хъунум игъакlуэрэ нэчыхь иригъэтхыу щытащ. Абы щыгъуэми щlалэми хъыджэбзми зырикI хамыщIыкlыу.
Ауэ, мыпхуэдэуи къэхъут, щlалэм тIэкIунитlэ лlыгъэ иIэмэ, благъэ, ныбжьэгъу, жиIэми къыхуамышэ щIыкlэ хъыджэбзыр зригъэлъагъурэ хэгъэрей къищlыфу. Лъэрызехьэу щымытмэ, а зэримыцIыхум хуэдэу къыхуашэрт.
Нэчыхь щатхкlэ Iуэхугъуэу зэраухылlэ псори ятхт. Ар Iэмал имыlэу молэм итхын хуейуэ аратэкъым. Атlэ Iэмал имыlэу ар молэм итхын хуей щlэхъуари мырат: ахэр итхыфын хуэдэу тхылъ зыщlэ къуажэм дэстэкъым. Тхылъ зыщlэу дэсыр писыр закъуэр арати, ари урысти адыгэбзэ ищIэтэкъым, адыгэхэм урысыбзэ ящIэтэкъым, ар гурагъаlуэу ирагъэтхыфыну. Тхылъ зыщlэу къуажэм дэсыр хьэрып тхылъ еджахэр арат. «Модэ Батыр ефэндыр къевджи, абы тхуитхынщ!» - жаIэти кърагъашэти ирагъэтхт, зы сом-сомитI Iэщlалъхьэти, езыри гуфlэу хыхьэжт. Мис абы къыщежьащ нэчыхьыр молэм итхыныр. Ар молэм итхыу зэрыщытам щхьэкlэ, диным щыщ къафlэщlауэ, нобэми щагъэтыжыфкъым. Aбы дин Iуэху лъэпкъ хэлъкъым, ауэ быдагъэ щхьэкlэ ятхыу аращ.
А зэраухылlэхэр ямытхыну Iэмал имыlэу щlэхъуари мырат: пасэрей ди адыгэ цlыхубзхэр яфlэфIым икlыжу, яфlэфIым ису хуиттэкъым. И лIым хуит имыщlу фызыр икlыж хъунутэкъым. И лIым дэпсэу мыхъуну дагъуэ иlэми, лIым развод ириту хуит имыщlауэ икlыж хъуртэкъым.
Ауэ фызым дагъуэ лъэпкъ имыIэми, лIым иригъэкlыжыну хуитт. ЗикI дэпсэу мыхъуххэрэ лIыгъэкlэ фIикlыжын хъумэ, судкlэ е шэрихьэткlэ мыхъумэ икlыж хъур-
тэкъым. Мис абы щыгъуэм, я Iуэхур судым къитlэщIын хуей мэхъу. Судыр щlоупщlэ: сыт щыгъуэ щыдэкlуар, хэт и нэчыхьыр зытхар, и уэчылу щытар хэт, уэчыл зэрищlамкlэ хэтрэ хэтрэ щыхьэтыр, Iуэхуу зэраухылlар сыт, и нэчыхьу унэм сыт хуэдиз илъа? Илъэс зыбгъупщI, нэхъыбэ дэкlамэ, хэт а къомыр гукlэ зыщIэжынур? Мис абы хуэсакъыу арат нэчыхьыр ятхыным езыхулlэр.
Фызыр иригъэкIыжмэ, е и лlыр лIэмэ, фызым и нэчыхьу унэм илъ сом щитlыр къахихыну хуитт. Ар хабзэт.
* * *
Мыпхуэдэ гъэщIэгъуэн къэхъуауэ ди ныбжьэгъу зыгуэрым къыджиlащ: революцэм ипэкlэ, лlы къулей гуэрым уасэ щIитри хъыджэбзым я нэхъ дэгъуэ дыдэ къишащ. Зыхуэныкъуэ щымыlэу, быни ямыlэу фызри мытхьэусыхэу, зыми зыгуэркlи закъримыгъащlэу илъэс 25-кlэ зэдэпсэуауэ, и лlыр лlащ. Фызым и нэкlафэхэр зэлъу хуежьами, езыр зэрыдагъуэшхуэт. Куэд дэмыкlыу, езым хуэдэ лlы зэкIэлъыкlуэ къыкъуэкlри къыхыхьэжащ. Къызыхыхьэжар и анэ къызэрилъхуауэ хъыджэбзт. Къыхыхьэжам ар имыгъэщlагъуэн хъунт? «Сэ укъэсша щхьэкlэ лlы сыхъуркъым. Узыхуеи псори бгъуэту узгъэпсэунщ, ауэ сумыlуатэ»,- жиlэри къызэлъэlуати, си цlыхубз напэр схъумащ. «Си лlыр лlы хъуркъым»,- жысlэу сежьэжакъым»,- жиlащ фызым. Апхуэдэ цlыхубз бэшэчи яхэтащ ди адыгэм.
* * *
Зилl лlа нысэм фызкъэмышэ пщыкъуэ иlэу щытмэ, ар хагъэхьэжырт, тlури зэхуэмейуэ щытми, залымыгъэкlэ. Абы и щхьэусыгъуэр, зи гугъу тщlа сом щитIым нэмыщl, уасэ ирату я къуэм фыз къыхуамышэн щхьэкIэт. Фызабэу къэна я нысэм бын иlэмэ, ар унагъуэм нэхъри щхьэусыгъуэ яхуэхъути, зратыж и пщыкъуэ фыз къэмышэми, бынунагъуэу щытми, т1ум щыгъуэми «ди быныр хамэм едгъэпlынукъым»,- жаlэрти, я нысэр фыз етlуанэу иратыжырти и къуэшым И быным я адэм хуэдэу ирагъэпlт. Ар хабзэт.
Хъымсад и уэрэдым «хьэгъэбанэм сыныпэплъэнути пщы уэлиймэ сэ къысхуимыдэ», щlыжиlар аращ. И лlыр яукlа нэужь, хьэгъэбанэу хьэблэм дэт и пщыкъуэ щlалэ цlыкlур ин хъуху пэплъэу щысынут, Талъостэнхэ къимыкIыжын щхьэкlэ, ауэ и адэ пщы уэлийр мылъку хуейти, ипхъу Хъымсадыр Талъостэнхэ къришыжри Тыгъуэнхэ Беслъэн, нэгъуейм, былымкlэ ирищащ.
Дэ ди зэманми къэхъуауэ дощIэж мыпхуэдэ: зи ныбжь хэкIуэта я нысэм и лlыр (ари жьы хуегъэзэкI хъуат) лIати, я нысэм нэхърэ илъэс 15-кlэ нэхъ щIалэ и пщыкъуэр залымыгъэкlэ хагъыхьэжыну иужь ихьащ. БжэмкIэ щlадзэм, щхьэгъубжэмкlэ къафlыщlэкlыжу. Бжэри щхьэгъубжэри ягъэбыдэрэ, зэнысэ-зэпщыкъуэр я закъуэ щlаубыдэу, щlалэр нэху щыхукlэ кlийуэ, гъуэгыу щlэсу. Къыщlагъэкlамэ, зигъэпщкlурэ ямыгъуэтыжу, къалъыхъуэжрэ аргуэру щIадзэжу. Нысэр и пщыкъуэм хуейрэ зэрызыхуимыщl къимыгъанэу, арщхьэкlэ, пщыкъуэр нысэм хуэмейрэ хуемыплъэкlыу. Унагъуэр куэдрэ зэныкъуэкъуа нэужь, щlалэр къагъэIурыщlащ. Абы иужькlэ щlалэм и щхьэр къыхуэмыlэту, нэщхъейуэ дунейр ихьурэ хэку зауэшхуэр къэхъури, абы кlуэри хэкlуэдащ.
* * *
ЛIымрэ фызымрэ зэгурымыlуэу фызыр иригъэкIыжыну хуежьэмэ, «си нэчыхь сом щитlыр къызэти сикlыжынщ» - жиlэрти хуигъэувт. Ар иримыту хуикIыжынутэкъым, иригъэкlыжи хъунутэкъым. А зэманым сом щитl зиIэ къуажэ псом дэстэкъым. Ахъшэр лъапlэт, гъуэтыгъуейт. ЛIым ар иритыну хузэфlэмыкlыурэ, ар иримыту хуимыкlыжурэ, lэджэрэ зэрызелъафэт. ИримыгъэкIыжыну Iэмал имыlэми, абы и гузэвэгъуэм пэмылъэщу, зыхуэмей фызыр ихъумэт.
Абыхэм икъукIэ къайгъэшхуэ пылъащ. Псалъэм щхьэкlэ, фызым (нысэм) и лlыр лlамэ, зыхэлlыкIа лъэпкъыр а лIам нэхърэ нэхъ иригузавэу щытащ «нэчыхьу унэм илъ сом щитIыр тфIихьынущ»,- жаlэти. А сом щитIыр абы ирамытын щхьэкlэ, унагъуэм мы дунейм тетыр къагупсыст. И лlыр зэрылlэу, и хьэдэр щlамылъхьэ щIыкIэ, «си нэчыхьыр хузогъэгъу», жрагъэIэну иужь итт. Ари хабзэу щыIащ: «Дызэхуарэзыуэ дызэдэпсэуащ, сыхуэрэзыуэ дунейм ехыжащ, си нэчыхьыр хузогъэгъу!» - жиlамэ зэфlэкIaт. Ар жрагъэIэн щхьэкlэ, абы цIыхухэр ирагъэпсалъэт, молэри хагъыхьэти, «мылIэжын щыIэкъым, хуэбгъэгъуну псапэщ, дуней былымым нэхърэ, Алыхьым къуитыну псапэр нэхъыфlщ!» - жиlэти диныцlэмкlэ быдэу епсалъэрт. Дауэ ящlми хурагъэгъэгъут. Ауэ «си Iыхьлыхэр къэсу саймычэнджэщауэ, жэуап фэстыфынкъым!» - жызыlи къэхъут .
* * *
«Нэчыхь» жыхуаlэм нэгъуэщl зы хабзэ lей дыди хэлъащ. Ар мырат:
Фызыр лlым дэпсэу мыхъууэ икIыжыну хуежьэрэ, лlым развод иритын имыдэу, фызыр лlыгъэкlэ фlикlыжамэ, развод ириту лlым хуит имыщlауэ фызыр игъащlэкlэ дэсами, яши дэкlуи хъунутэкъым, «нэчыхь иlэщ», жаlэрти, аукъудеи зы цыхум мурад хуищl:гэкъым. Лlыр хузэгуэпмэ, игъащlэкlи хуит ищlынутэкъым судыншэу. Е хьэрэм ищlауэ, е и лlыр лlауэ щымыlэжмэ, абы щыгъуэм дэкlуэну хуит хъурт.
Уеблэмэ, и лlыр ягъэкlуэдауэ, псоми лlами и хъыбар ямыщlэмэ, илъэсибгъу-пщlыкlэ дэсами дэкlуэну хуиттэкъым, и лlыр зэрымыпсэужымкlэ щыхьэтлыкъ зыгуэр щымыlауэ. Ар зэрылlар фlыуэ зыщlэ зыгуэр щыхьэту къытеувэмэ, е ар зэрылlамкlэ къатхауэ тхылъ гуэр щыlэмэ, е езы и лlым хьэрым къищlауэ тхылъ къитхмэ, абы щыгъуэм фызыр нэгъуэщl лlы дэкlуэну хуитт. Мис апхуэдиз бэлыхь зыпылъ Iуэхур утыкум щихуэкlэ, Iуэхур къагъэбелджылын щхьэкlэ, и нэчыхь щатхым Iуэхум хаухыхь псори ямытхыну Iэмал имыlэу ехулlа ищlт.
ЛIым и хъыбар. къащlэхункlэ фызыр лlы дэкlуэ мыхъуу зэрыщытам и щыхьэту иджыри зыгуэр къэтlуэтэжыныр мылейуэ долъытэ, Iуэхур нэхъри белджылы хъун щхьэкlэ:
Мыр революцэм ипэкlэ къэхъуа lуэхущ, фlыуэ дыщыгъуазэщ.
Ди къуажэ зы хъыджэбз цlэрыlуэ гуэр дэст. Абы хамэ къуажэ гуэр (щlалэри щlалэфl гуэрт) къылъыхъури иратащ. Зэрыхабзэти, уасэ зекlуэр ираухылlащ, нэчыхьри ятхащ. Хабзэ екlуэкlым тету, хъыджэбзыр ямышэу илъэскlэ дэсын хуейти, илъэсыр ирикъуащ, яшэну и чэзу хъуащ. Щlалэм ишэну зигъэхьэзыращ. Ишэным. ипэкlэ уасэр къыlрахын хуейти, щlалэм иlэтэкъым уасэу къаритын. Хъыджэбзыр зыlэщlаylбыдэжащ ирамыту. Щымыхъум, хъыджэбзым лlыкlуэ хуищlащ:
- Къыздэкlуэ, уасэм щхьэкlэ къыумыгъанэ! Къэзлэжьынщи естынщ,- жиlэри.
- Хэтхэ я хъыджэбз уэ уасэншэу къыбдэкlуэнур? - жиlэри хъыджэбзым идакъым дэкlуэн.
Сыт ищlэнт, щlалэм ади, ани, къуэши, шыпхъуи иlэтэкъым, и закъуэт. Щымыхъум, «уасэу естын къэзлэжьынщ»,- жиlэри, еуэри ежьащ. А зэманым фlыуэ дощlэж, «Америкэм дыщэ къыщыщlах»,- жаlэу щытащ.
Нэгъуэщl хэкIыпIэ игъуэттэкъыми, щIалэр еуэри абы кlуащ. Хъыджэбзыр абы пэrrлъэу дэсурэ илъэс хъуащ, илъэситI кlуащ, илъэситху хъуащ, илъэсипщI дэкlащ. Хъыджэбзри и нэчыхь зэратхам хуэдэу дэсщи-дэсщ, щlалэм и хъыбар щыlэкъым. «Нэчыхь иlэщ», жаlэри, цlыхум и гугъу ямыщIурэ щlы6агъдэдзэ хъури жьы дэхъухьыжащ. Щlалэм и Iуэху зыIут зыми ищlэртэкъым.
Нэгъуэщl Iэмал ямыгъуэтыжу къуажэм молэуэ дэсыр зэхуашэсри, ерагъкIэ зэтрауфэщ, къызэтрауфэжри, шэрихьэт хуащlащ, лIы дэкIуэ хъуну. Хэт къьхуеижыт абы? И фыз лIауэ зы лlыжь гуэрым иратыжри, «Бампlэм ихьащ»,- жаIэу, щlагъуэрэ мыпсэууэ лIэжащ.
Мы зи гyrъy тщlа щ1aлэ хъарзынэри «фыз уасэ къызолэжь»,- жиIэри, абы текIуэдэжащ, нобэми ныжэбэми дунеим къытехьэжакъым. Апхуэдэ мыхъумыщlэхэр къыхэкIыу щытащ пасэрей зэрышэкIэм.
Адыгэ цIыхубзхэм я нэхъыбэр уасэм пыщlа Iуэхугъуэхэм ирипагэрт, уасэ, мащlэкlэ е уасэншэу дэкlуэныр пудыгъэу ялъытэрт. «Мыбы мыпхуэдиз уасэ къратащ, сэ абы нэхърэ сынэхъ икIэ?» - жаlэти, нэхъьiбэ къызэрыпахыным иужь итт. Абы къыlрахырезым и мылъкуу зэрыщытыр ящIэртэкъым. Зышэнум мылъкуу иlэр къыlригъэхырти, езыр кIуэти лlы факъырэм бгъэдэтIысхьэт, и мылъкур и дыщым яшхт. Нэхъыбэ къыщIахыхункlэ, абы езыр ирипагэт, зэрыщыуэм гу лъимытэу.
* * *
Иджы нысашэм и Iуэхум дыхэхьэнщ. Зэрыхабзэти, зи нэчыхь ятха хъыджэбзыр зы илъэскIэ дыщ унагъуэм исын хуейт. А илъэсым и кIуэцIкIэ хъыджзбз ятам увыlэгъуэ имыIэу пхъуантэдэлъ ищIу щыст. Пхъуантэдэлъ жыхуаIэр щашэкIэ здихьын хьэпшып зэригъэпэщу арат. Псом хуэмыдэу, ар нэхъыбэрэ зи ужь итыр: гъуэншэджщхьэпс, лъэгупс зэlуищэу арат. Нысэр къэзышэнуми илъэс псом зигъэхьэзырт, уасэу итынухэр зэригъэпэщт. Илъэсыр зэрырикъуу, хабзэкIэ нысэр дыщым зэрисын хуейр ирикъут.
Нысэр къашэнум зы мазэ хуэдиз иIэжу, Хъыджэбзым и дыщым ягъакlуэрти хъыбар ирагъащIэрт.
- Иджы и чэзу хъуауэ ди гугъэщи, нысэм унэр игъуэтын хуейщ! - жаIэрти.
- Захуэщ, фэ фызэрыфIэфI дыдэмкIэ дарэзыщ!- жаlэрти къаутIыпщыжт.
Унагъуэм загъэхьэзыру зэрыщIадзэу, фыз къызыхуашэ щIалэр кIуэрти щауэ къану зыхуэкIуэну мурад ищIам хъыбар яриrъащIэт:
Къану сыкъыфхуэкIуэжыну мурад сщIащ,- жиIэрти. Ар ямыдэныр хабзэтэкъыми, къыщыгуфIыкIыу ящтэт. «Щауэ къан къытхуэкIуэнущ»,- жаIэрти, абыи загъэхьэзыру щIадзэт.
Нысэ къэзышэм и деж къэкIуэну зыфIэфI и благъэхэм хъыбар яригъащIэт, «мопхуэдэ махуэр ди нысашэщ!» жиIэрти.
Псом япэу кIытапхъэр ягъэкIт. Ар хьэзыр зэрыхъуу, хур яужьгът, хугу гулъэ иралъхьэ, кIытапхъэри иралъхьэти, щхьэлым яшэти яхьэжт. Чеи куэду къалъыхъуэти, махъсымапхъэр хапщэт. . .
Къашэным зы тхьэмахуэ хуэдиз иIэжу, щIыхьэху ящIт, зыкъомхэм елъэIурти, гукIэ мэз игъакIуэрти пхъэ къыхуашэрт, курыбэ ирагъэжьэн щхьэкIэ. Я благъэ фызхэмрэ я хьэблэ фызхэмрэ къызэхуашэсхэрти, курыбэр ирагъэгъажьэт, зэIалъхьэжырти, чейм иралъхьэт, щIауфэжти, къызэрывэным хуэдэу ягъэувыжт. Хабзэу зэрызэхуаIэти, фызхэм къаймыхьэлъэкIыу нысашэр зэфIэкIыху къадэIэпыкъурт.
Махъсымэм щыщу зи къэвэн ирикъуар щIагъэжти, чейм иракIэти щIауфэжт. Фо зыхахыхьэнуми халъхьэт, зыхамылъхьэнури чейм иракIэти зэщIауфэжт. Къызэрывэным хуэдэу хуабэу ягъэувти, и къэвэн ирикъухункIэ еIусэртэкъым.
Абыхэм елэжьу зэрыхуежьэу, щIалэ къызыхуашэнур дэкIуэсыкIти, зэпсэлъауэ щытам я деж кIуэти, щауэщI тIысыжт. ЩIалэр щауэщI здэкIуэну къилъыхъуэр я благъэ, я ныбжьэгъу, я пыхъуэпышэ хуэдэт. ЩIалэ, хъыджэбз яIэрэ, къакIэлъыкIуэ, къакIэлъыжэу щытыну фIэфIу.
Махъсымэри хьэзыр хъут, пIалъэ иратари къэсти, уасэIых джакIуэ ягъакIуэт «фыкъакIуэ!» - жаIэти.
УасэIыхым и къэкIуэгъуэм ирихьэлIэу, хьэблэ щIалэхэр къызэхуэсти къуажэм хыхьэт джэдлъыхъу. (Абы джэдиудкIи» йоджэ). Къуажэр къакIухьти, джэд зыбжанэ къыхахт. Ахэр щIалэгъуалэ зыбжанэу зэдэщIыгъууэ унагъуэ къэсыху дыхьэхэрт .
- Мыпхуэдэм я нысашэм щхьэкIэ дыкъежьащ! - жиIэу, гупым я нэхъыжьым унэгуащэм щыжриIэкIэ, къа- , щыгуфIыкIт, икIи къехъуэхъурти, зы джэди къаритти къыдэкIыжхэрт. Ауэ зыри жрамыIэми, зэрыхабзэщи, унэгуащэм джэд къиубыдауэ хьэзыру иригъэхьэлIэрти къаритырт. Джэдыр фIагъэжырти и лъакъуэр зэрапхырти бжэгъум фIадзэт. Апхуэдэу джэдыр бжэгъум фIэз хъуауэ щIалитIым я дамэм телъу кърахьэкIт. Мис а щIыкIэм тету джэдищэ зытlущ къыхахт, уасэIыхымрэ фызышэхэмрэ яшхыну. Ар зыми щымыщу, щlалэ цIыкIухэм я хьэрычэткIэ икъукlэ дэIэпыкъуэгъушхуэт. Джэд зиIэм къримыту къыдигъэкIыжтэкъым.
* * *
УасэIыхыр зэрекIуэкlыу щытар: уасэIых джакlуэ ягъакIуэм унафэ хуащIти, езы к1уам дэщIыгъуу къыздишэрти къэкIуэжт. Е хьэзыр къемыхъулIэмэ, «дэ пщэдей пщыхьэщхьэ дынэкlуэнщ, уэ кIуэж»,- жаIэти, къаутIыпщыжт. ДжакIуэм къихьыжа хъыбарым тету мыдэкlэ къыздэкlуэжахэми зызэрaгъэпэщт, хьэщIэхэм зыхуагъэхьэзырт. Я хъыджэбзхэри я пшынауэхэри, хьэщIэхэм бгъэдэсынухэри ягъэхьэзырт, зэрыхъунум хуэдэу яубзыхут. УасэIыхыр, зэрыхабзэти, игъащIэми къызэрыкlуэр пщыхьэщхьэм хэкIуэтауэт.
Зэрыжаlам хуэдэу хьэщIэхэр шууэ къыдыхьэрт.
Хьэщlэхэр къэсащ! - жаIэти, псори зэблэжт, зэрызехьэрт. ХьэщIэхэм япежьэти кърагъэчэпсыхырт. Фlэхъус гуапэ ирахти, ирагъэблагъэт. ЗдыщIыхьэм хьэщIэхэм бгъэдэсынухэр щIэсыххэт, я Iэнэм шхын гъущэ телъу ябгъэдэту. УасэIыхым яхэсыну хэгъэрейуэ лIы зытlущ нэхърэ нэхъыбэ хагъэтIысхьэртэкъым. Хьэщlэхэри зэрахуэфащэкIэ ягъэтIыст, нэхъыжь-нэхъыщIэкlэ. ХьэщIэхэм я щыщу я нэхъыщlэу щlалитI ямыгъэтlысу жыхафэм трагъэтт. Я Iэнэм хьэлыуэрэ хъыршынрэ телът. Адыгэ тхьэлъэIум япэ дыдэ Iэнэм тралъхьэр хьэлыуэрэ хъыршынрэт.
Нэхъыжьу гупым ягъэтlысыр бысым хэгъэрейхэм ящыщт. Хьэщlэ гупым ящыщ тхьэмадэу гупым ягъэтlысу хабзэтэкъым.
Гуп тхьэмадэ хэгъэрейхэм хъуэхъу жиIэти, хьэщIэхэри хэгъэрейхэри зэрызэ еlубырт. Абы иужькlэ хьэщIэхэм ящыщ тхьэмадэм хъуэхъу жиIэти, псори зэрызэ хэlубырт.
Бысымыр икъукlэ нэщхъыфIэн, нэжэгужэн хуейт. Ауэ хьэщIэхэм я нэщхъ къаIэту, хэгъэрейхэр щIагъуэу я нэгу щIагъэплътэкъым. Ар уасэlых хабзэти, уасэр къыIрахыу зэгурыIуэхукIэ, щIагъуэу нэсэlуаси хэгъэреи защIтэкъым. «Нэсэlуасэ захуэтщIмэ, дагъэукIытэнщи, дызыхуэмей уасэу къыдатынщ»,- жаIэти арат зыхуэсакъхэр. АдэкIэ ефэн ямыдэу хьэщlэ нэхъыжьым унафэ ищIырт:
- Иджы фадэри зыгуэр хъунщ, ари зыщIыпIи кIуэнкъым. Ауэ ди Iуэхум иужь дивгъыхьэ! - жиIэти.
- Алыхь-алыхь, фэ фызыхуейуэ дэ фхуэдмыщIэн щыIэ, фызыхуей дыдэр фхуэтщIэнщ! - жаIэти, бысымхэр ящыгуфIыкIт. УасэIыхым жаlэ псори бысымым ягъэ-
зэщIэн хуейт, пэрыуэну хабзэтэкъым. УасэIыхым нэхърэ нэхъ ягъэлъапlэ зыри щыlакъым. Абы сыт жаIэми, сыт . къыпаубыдми хуамыщIэну Iэмал иIэтэкъым.
Хьэщlэ нэхъыжьым ищlа унафэм тету хьэщlэхэр щlашырти, уэздыгъэ нэхукlэ былымхэр зэрыт Iуэм яшэти, уасэу иратынум щыщу зыхуейхэр храгъэхыну ирагъэлъагъут. Выхэм, жэмхэм ирагъэiiлъхэрт. ХьэщIэхэм ягу иримыхь защIырти зыдракъей-зыкъракъых защIт. Адэкlэ зэрыlушт, хэти зэхъуцацэт. Зыгуэрхэр ягу иримыхь защIт. Апщlондэху бысымри гузавэурэ щlыIэтехьэгъуэ къытехьэт, уасэр ящтэнукъым, жиlэу гузавэурэ.
А хьэщlэхэр щlызэрызешэр мыпхуэдэнкlи хъунут: бысымым зы вы нэхъыфlыlуэ игъэпщкlуауэ, ар хьэщIэхэм бзэгукlэ къащlауэ. ХьэщIэхэм ар щхьэтеч ящIырти: «фи вы джэмыдэжьыр дэнэ щыlэ? Ар къэфхужу мы Iуэм къивмыхуауэ зы былым къэтщтэнкъым»,- жаIэти, заублэрэкIти увыжт. Абыкlэ зэныкъуэкъуу щlадзэрти, сыту ящIми, ар къамыхужу зэгурыlуэтэкъым. Джэмыдэжьыр къзхужт. Ар зэрынэхъыфlыр зэрагъэпщкlуамкlэ ящIэрти, япэ дыдэ ар ящтэрт.
Апхуэдэ Iуэхум мьшхуэди къэхъут: уасэр зытыр бзаджэ гуэру щытмэ, жагъын зиlэ и выр игъэпщкlурт. Ар бзэгукIэ хьэщIэхэм зэхрагъэхти, ар къамыхужу зыри ящтэн ядэтэкъым. Ар къьrзэрахужу, япэ дыдэ ар ящтэрт. Бысымри зыхуейр арати, къехъулIаг. Абы иужькIэ адрейхэри къыхахырти зэгурыlуэрт. «Уасэр ящтащ, зэф1экlащ»,- жаIэрти, бысымхэм дамэр къатекIэрт, дунеи гуфIэгъуэр яIэу псари зэхэзежэ хъурт, езыхэм кърата хуэдэу яфIэщIыжу. Хьэщlэхэр Iуэм къикIыжти унэм щIыхьэжхэт.
Иджы щыгъьrнхэмрэ къинэмыщI хьэпшып зэраухылIахэмрэ еплъын, къащтэн хуейт. Ахэр былымым нэхърэ нэхъ къайгъэт. Бысымым имыгъуэтауэ е къыхуэмыщэхуауэ гъунэгъухэм къыIрахауэ, хьэхуу къахьа Iэджи хэлъынкIэ хъурт, хьэщIэхэр зэрыкIуэжу зэбграхыжыну, е нысэр къызэрашэу трахыжыну. А хьэпшып утыкум къралъхьахэр зэпаплъыхь-къызэпаплъыхьурэ, ягу иримыхь къыхэкIырти, зэгурымыIуэу зрагъанэрт. «Дэ жыхуэтIар мыпхуэдэкъым»,- жаIэти, ямыщтэ хъурт. Абы къыхэкIыу зыгуэрхэр шэсыпIэу увырт. «Ар фэ фызыхуей дыдэм хуэдэу фхузэсхъуэкIынщ»,- жиIэти. lуэхур абы и пщэм дэлъу мыдрейхэр ящтэти, зэгурыIуэрт.
- ЗэфIэкIащ, псамкIи зэгурыIуащ,- жаIэрти, гуфIэгъуэр яIэу бжэIупэм джэгужьыр щрагъажьэрт. ХьэщIэхэри бысымхэри хуабжьу зэщыгуфIыкIырт, IэплIэ зэрашэкIт, зэхъуэхъурт. Нэщхъуэбзащхъуэу щыта хьэщIэхэм я 6зэр къиутIыпщыжырт, нэжэгужэ къэхъужырт.
Хьэщlэхэр ирагъэблэгъэжти, къарууэ яIэр ирахьэ.пIэрт, фадэр куэду къахьырти къагъэувт, шхыныр Iэнэм тез къащIырт.
- Жэщыр хуабжьу хэкlуэтащ, дауэ тщIыми хьэщlэхэм чэф едгъэгъуэтын хуейщ, зэману къытхуэнар мащIэщ, Iуэхум епlэщIэкIын хуейщ,- жаIэти текъузауэ ирагъафэу щlадзэрт.
Фадэр зэрырафыр къамыл шыплъэт е пхъэ шынакъ кlыгъуанэти, зыр ефэрэ и ижьырабгъукlэ къыщысым иритынурэ хъурейуэ кърагъэкlуэкIт, щхьэж хуейм хуэдиз хифыкIыу, хуэмейм зыри иримыфу, ауэ хабзэм щхьэкIэ и Iупэр хищlэрэ и гъунэгъум иритурэ, чэф зимыгъэхъуну хуэсакъыу.
Iуэхур бысымыр зыхуейм хуэмыкIуэмэ, емыфэну Iэмал къезымытыну, махъсымэ пщалъэ бжьакъуэр къахьти, къэбэрдейхэм «изырызафэу», джылахъстэнейхэм «гъэкIыкъырафэу» жаIэрти ирагъэкlуэкlыу щlадзэрт. БгъуэщIэсри ящхьэщытт «куэдрэ умыIыгъыу, егъэкIуэкIыт»,_ жиlэу. Абы иужькIэ дэкlуейри къехыжри умыщlэу ирагъэкIуэк1ыу щIадзэт.
БжэIупэм пшынэмрэ Iэгумрэ дунейр щакъутэжт, унэм укъыщIыхьэжамэ, уэрэдым унащхьэр тричт. Псори зэрызехьэхэрти, щIэжри къыщlэлъэдэжри пщIэртэкъым. хьэщlэ щIалэхэр яфIыщIэкIырти джэгум яфIэкIуэрт, кIэлъыкIуэрти, къалъэфыжырти ирагъафэт.
Ауэ хьэщIэ нэхъыжьыр хъей имыIэу и пIэм ист. Чэф игъуэтыным хуабжьу щышынэрт, игъуэтынуи eмык1ут, чэф ирагъэгъуэтынуи ежауэ яужь ихьэт, ауэ езыр зэрежьэжыным иужь итт. Апхуэдэурэ нэхури щыт. Eмык1уp и фэм дэлъти, нэхъыжьыр къытриIэтыкIт, шэнт зытесым тепыIэжтэкъым.
- Дежьэжын хуейщ! - жиIэрти, нэхъыжьым унафэр иригъэкIуэкIт, бысымми ирафамкIэ игу зэгъакъыми, зигъэжьажьэрт. Мыбдежым хьэщIэхэм я ежьэжыныр зыкъомкIэ бысымым IэщIэлът. Бысымым нышыр Iэнэм къытримылъхьэу игъэгувэрт. Зэрыхабзэти, нышыр къамыхьауэ хьэщiэхэр тэджыж хъунутэкъым. Бысымыр щIэмылъэIуу, а щхьэусыгъуэмкlэ игъэгувэрт.
Иджы ежьэжми хъунщ щыжаIэм и деж, нышыр яхьт, пхъужьхэм фадэбжьэрэ шхын тепщэчрэ яlыгъыу щIыхьэт. Хьэщlэхэр ирафынкIи яшхынкIи ирикъуащи, зыри ящыкlуэжкъым, пхъужьхэм щlахьар ирамыфынуи Iэмал иIэкъым. IэщIэкI иджы абы уэ, нэхъыжь! А цIыхубзхэри хэкlуэтауэ щIэкIуари арат, зыри щыхурамыфыжым и деж
хуагъэзэну. Хьэщlэ щlалэхэри къыщlалъэфэжти зэрызехьэт.
Абы хэту щхьэр къахьырти къытрагъэувэрт. Щхьэр якъута нэужь, ешхэ, ефэ щыIэжкъым, хьэщlэхэр ежьэжы- ным хуит хъуати, тэджыжт. Къэтэджыжауэ зэхэту, «шэсыжыбжьэ» жаIэти, а зэрызэхэтым хуэдэу, мытlысыжу
зэрызэ ефэжырти, аlбыкlэ яухт.
Хьэщlэхэр къыщIэкIыжт, гуп тхьэмадэр хъеи имы1эуIэнэм къыбгъэдэнэрт. Iэнэр ауэ къигъанэу, къыщIэкI хъуртэкъым.
Бжэlупэм джэгур Iутти, пшынэри Iэгури щlагъэхуэбжьауэ дунейр якъутэрт. Хьэщlэхэр джэгумкlэ Iуашэти, я нэхъыжьри зэ къагъафэрт. Хъыджэбзхэм адыгэбзэ яжриIэти, яхъуэхъути хьэщlэ нэхъыжьыр джэгум къы1укIыжт.
Абы иужькlэ хьэщlэ нэхъыжьыр адэ-анэхэм я дежк1э щIыхьэти сэлам ярихыжт, яхъуэхъут, дахэ яжриIэти къыщIэкIыжт. УасэIыхым и Iуэхур абыкlэ зэфIэкIти, шэсыжхэрт. Уасэу къыlаха былымхэр яхуну щlалэ нэхъыщIитI къагъанэрти, адрейхэр дэкIыжырт. Хьэщlэхэр щыдэкIыжкlэ «ди фызышэр ныщхьэбэ нокlуэ, фиужь иту» - жа1эти унафэ хуащIт. Бысымхэм ящыщу шу зытlущи ядэкlуатэрт фадэрэ шхынрэ яlыгъыу. Ахэр я щIым ирагъэк1ыжыху дэкlуатэрти, абдежым щызэхэпсыхэти, фадэ дахар щрафт, шхынри щашхт, гуапэу сэлам зэрахыжти, хьэщ1эхэри ежьэжт, бысымхэри къэкlуэжти, уасэIыхым и Iуэхур, абдеж щиухт.
Былымыр зыхуну къагъэнахэр тIэкlуи джэгужырт, хъыджэбзхэми зыкъомрэ ядэгушыIэхэрти, былымыр дахути ежьэжырт. Бысымым ящыщу щlалитI шэсти, хьэщlэхэр я щIым ирагъэкlыжыху ядэкlуатэрти, сэлам ирахыжти яутIыпщыжырт. ЩlалитIми уасэ былымхэр яхути к1уэжырт.
Фызышэр
зэрекIуэкlыу щытар.
Бысымым иджыщ Iуэхушхуэ щиlэр. Фызышэр зэрагъэкlуэн абы кIуэну шухэр зэрагъэпэщу щlадзэрт. Къэзышэну лъэпкъым ящыщу шуут1 шэсти къуажэм хыхьэрт. Апхуэдэкlэ IэкIуэлъэкlуагъэ зиlэу, шы хъун, лlы хъун, къуажэм дэсхэм я деж кlуэрт:
_ Ныщхьэбэ ди фызышэщи, къомыхьэлъэкlыу утхуэкIуэтэмэ хуабжьу ди гуапэ хъунт! - жаIэрти елъэlут Тщымыгъупщэн Iуэхутхьэбзэщ, дэри зыгуэркlэ дыгъэлэжьыж,- жаlэурэ елъэlуурэ къак1ухьырт.
Зэрыхабзэти, зэлъэIухэм къамыгъэщIэхъуу, я шым уанэ тралъхьэрти, я щIакIуэ-бащлъыкъ зыщатIагъэти, я адыгэ фочыр дохъутейм илъу щIакIуэм и щIыIукIэ зыпщIэхалъхьэрти, пщыхьэщхьэм уэздыгъэ щIэгъэнэгъуэм ирихьэлIэу щууэ нысашэр зейм я деж къакIуэрт. Фызышэм кlуэну шухэр псори къызэхуэст. Къыдыхьэ шухэр епсыхти унэм щIыхьэрт. Псоми япэу фызышэгур ирагъажьэрт.
Фызышэ зэрыкIуэр выгут, гущхьэ телът, гущхьэм упщIэ теубгъуат, упщIэр щагъэ хужь бгъуэшхуэкIэ зэпрыдзаурэ тепхат. «Данэмрэ дыщэмрэ и гущхьэщ, и гублащхьитIыр дыжьынкъэ!» - жеIэ нысашэ уэрэдым.
Фызышэ зэрыкIуэ гум хъыджэбзитIрэ зы пшынауэрэ ирагъэтIысхьэт, зы гущхьэIыгъ дагъэтIысхьэт. Гум фызышэ шухэм ящыщу шу зыт1ущ гъусэ хуащIт, хъумакIуэу. Фызышэ шухэр ящIэрымыхьэу фызышэгур япэ къуажэм нэсмэ, гур къуажэм дэмыхьэу къэувыIэрти шухэр зыщIагъыхьэрт. Ар щежьэм, гум унафэ хуащIти ирагъажьэрт.
Шухэр щежьэнум тIэкlуи ирагъафэрт, зэрыкIуэн, къызэрыкIуэжынумкIи унафэ хуащIти ирагъажьэрт, фызышэ шухэр псори зи унафэм едэIуэн фызышэ тхьэмадэ хахт, абы и къуэдзэу нэгъуэщI зыи. ЗдэкIуэм щагъэкIуэдын ахъшэ зэхалъхьэрт, щыгъын зытынухэм унафэ хуащIт. Пщыхьэщхьэм сыхьэтыр 9-10-хэм и деж шухэр дэкIт. Фызышэр сыт щыгъуи хэкIуэтауэт зэрыдыхьэр. Фызышэгур нэсри къуажэбгъум къыщыувыIауэ, е нэмысыпауэ шухэр ящIыхьэрт. «КъэмыкIуэну пIэрэ?» - жаIэу цIыхухэр зэрегъэзэшауэ, хэкIуэтауэ дыхьэрт.
Къуажэм щыдыхьэкlэ уэрэд къыхадзэрт фызышэ шухэми, ину жаlэурэ дыхьэрт. Фызышэ шухэр пщIантIэм щыдыхьэкIэ, еIуящIэхэр бжыхь къуагъхэм къыкъуэтIысхьэти, ебз къраутхыу, фlей къыщахуэу къэхъурт. Шухэр нэсу зэрепсыхыххэу, белджылы къащыхъут, хэт сыт хуэдэ фIей къыщахуами. Ауэ ахэр хабзэ хьэбыршыбыру яхэлъти, уэимышхуи ящIтэкъым, загъэкъэбзэжт. Фызышэ шухэр 60, 80, 100-м щынэс щыIэт. Гур япэм иту, шухэр гум и ужь иту дыхьэрт.
Гур бжэIупэ дыдэм Iуахуэрти, фызышэ шухэм гур къаувыхьауэ щытурэ, хъыджэбзхэр гум къикIт, бысым хъыджэбзхэри къыщIэжырти, унэм щlашэрт хьэщIэхэр. ИтIанэ шухэр епсыхырт.
Фызышэ хабзэхэмкIэ Къэбэрдеймрэ Джылахъстэнеймрэ зыкъомкIэ зэщхьэщыкIт: Къэбэрдей лъэныкъуэм фызышэгум гъуэмылэ, фадэ фэнд ирагъэувэтэкъым. Джылахъстэней лъэныкъуэм Iэмал имыIэу ар здашэрт. Къэбэр-
дейхэм фызышэ кlуэ шухэм lэмал имыlэу щыгъын (къэптал) ятырт. Ар Джылахъстэнейхэм я хабзэу щытакъым.
Фызышэгур щыдэкIкlэ махъсымэу зы фэнд изрэ абы хуэфэщэн гъуэмылэрэ иралъхьэрт. Хъыджэбзхэр кърагъэк1ыу гур бжэlупэм къыlуахужа нэужь, гущхьэlыгъыр гум и хъумакlуэт, а гъуэмылэхэр кърахыху. Шухэр епсыха нэужь, а къуажэ здэкlуам я благъэ дэсмэ, я шыхэр абы ирагъашэрт, я благъэ дэмысмэ, езы бысымым щагъэбэяурт, шыхэр псори зэхэту хъумакlуэ хуащIырти.
Бжьэlупэм джэгушхуэ 1утт. «Фызышэр къэсащ!» - жаIэти, псори зэхэзэрыхьт, зэхэзежэ хъурт. ХьэщIэхэм, ящыщу зыкъомри унэм ирагъэблагъэрт, зыкъомри джэгум къыlунэрт.
Фызышэ хьэщIэм нэхърэ нэхъ ямыгъэлъапlэ адыгэм хьэщlэ яIэтэкъым. Хьэщlэхэр зыщIэсым хэгъэрей щlыхьэртэкъым. Iэни, фади, шыгъупlасти щыIэтэкъым. Фызышэ тхьэмадэм игъакlуэрти я гум илъ махъсымэри гъуэмылэри къригъэхьырти, езыр зыщIэсым щlигъэувэт.
Фызышэ шухэм зэкlэ якlэлъыплъи, я Iуэху зезыхуи щыIэтэкъым. Хьэщlэхэр езыр-езыруэ зыфlэфlыр джэгум, кlуэрт, зыфlэфlыр унэм къыщIыхьэжырти щIэст. Хьэщlэхэр зыщIэсым нэгъуэщI щIэмысу, унэ нэщIт.
Ауэ фызышэ хъыджэбзхэр щlашурэ джэгум яшэт, къашэжт. Щlалэ хэгъэрейхэр ежауэ хъыджэбз хьэщlэхэм яужь итт, хъыджэбз хьэщIэхэм ирамыпэсрэ кlэрамылъхьэрэ щымыlэу ауан ящIырт. Ар фызышэ хабзэти, езы хъыджэбзхэми загъэгусэртэкъым, я жагъуи ящIтэкъым.,
Фызышэр дэкIа нэужь, мыдэкIэ къэна щауэм и ныбжьэгъу щIалэхэр зэхуэсырти щауэм и деж кIуэрт. Абыхэм ахъшэ зэхалъхьэрти, ныш къащэхут, фадэ къащэхути нэху, щыху щауэм бгъэдэст. Абы щаукI нышым зэреджэр «щауэ нышт».
Фызышэ хъыджэбзхэм хэгъэрей щIалэхэм дзыуэ хуамыщI къагъанэркъым. Хъыджэбз хьэщIэхэр щагъашхэкIэ щlалэхэр ежауэ щхьэгъубжэм кIэрытт, хъыджэбзхэр ауан ящlу, «Iэлоухь, абы зыжьэдикуэм инагъыр, Iупэ зэв, джи быхъущ, Iэпэкlэ къищтэ хуэдэу ищlурэ IэдакъэкIэ зыжьэдекуэ. И ныбэжьыр мыжьыкъ бошкlэ хуэдэщ, абы имыхуэн щыlэ, сыту хъыджэбз дахэ дыдэ, и пэжьыр жыхьэнмэ бжэIулъэ хуэдэу! Абы и тхьэкIумэжьым инагъыр шыщIагъщlэдзу сиlащэрэт абы и тхьэкIумэжьитlыр», - жаIэу, нэгъуэщIхэри кlэралъхьэурэ дэгушыIэрт.
Ауэрэ, жэщри хэкIуатэрт, фызышэ щIалэхэри мэжалIэ лIэуэ зэрыхуежьэу, я тхьэмадэм унафэ ищIти, щIалэхэ псори зэхуишэсыжт. Я махъсымэри гъуэмылэри къащтэрти хэгъэрей закъуэтIакъуи къахэхуауэ ефэт, ешхэт. Езыр-езыру хьэщIэжт. Ар икIи емыкlутэкъым.
А щIыкIэм тетурэ нэхущ нэблагъэрт. Итlанэ бысымым Iэнэ къихьт, шхын гъущэ (хьэлыуэ, хъыршын, хьэлывэ) телъу, махъсымэр кхъуэщынкlэ къахьти къагъэувт. Дэнэкlэ щыlэ хьэщlэхэри къызэхуашэсыжт. ХьэщIэхэм яхэсыпхъэ хэгъэрейхэри яхэтIысхьэрти, ефэр ирагъажьэрт.
Нэхури щыуэ хуежьэт, фадэри зэкlэлъагъэпlащIэрт. Нэху зэрыщу нышри къахьт.
Хьэщlэ тхьэмадэри, «ежьэжыгъуэ хъуащ»,- жиIэрти пlащIэрт. Щхьэри къахьти къытралъхьэрт, ари зэфlагъэкIт.
Хьэщlэхэр ежьэжыну хуит хъуащ. Фызышэ шухэм я шыхэри кърагъэшэжт. ХьэщIэхэри хэгъэрейхэри зэрызохьэ. Щыгъыну ятынухэри зыщахри ягъэтlылъауэ зэтелъщ. Шыхэми уанэ тралъхьэжри, пщlантIэкум щызэхагъэувэжауэ зэхэтщ.
Гур щIащIэжыну хуожьэри, гум и шэрхъ лъэныкъуэр щIэтыжкъыми е бжьыр ягъуэтыжкъым. Апхуэдэр, фызышэр ягъэгувэн щхьэкlэ, щlалэхэм ягъэпщкIу хабзэт. Ерагъыу зэрагъэгъуэтыжти гури зэщlащIэжырт. Шухэр мэшэсыж. БжэIупэм Iут джэгур зэлъыIуокIуэтри утыкур ин ящI. Пшынауэр шыгъэджэгу еуэу щlедзэ. Фызышэ шу нэхъ Iэкlуэлъакlуэхэр, къытехьэурэ чэзууэ шы ягъэджэгу; шы щагъэджэгукlэ, къамышыр цlыхубзхэр здэщытымкlэ' ягъазэркъым. Дэнэкlэ къиlуантIэми, къамышыр ахэр здэщымытымкlэ гъэза lэ лъэныкъуэм ирет. Ар апхуэдэу щlащlыр, къамышыр lэщэм пащlащи аращ. Цlыхубзым lэщэ зыкlэрылъ лъэныкъуэр хуагъазэ хабзэкъым. Шыгъэджэгунри зэфlокlри зэрогъэбэяуж.
Нысащlэр зрагъэтIысхьэну гури зэщlащlэжауэ щытщи, ар зыщlэс унэбжэм и гъунэгъу дыдэу къыlуахуэри ягъэув. Гур фызышэ шухэм хъурейуэ къаувыхь. «Уэредадэр» ину зым къыхедзэр, адрейхэр йожьу.
I Иджы апхуэдэжкъым фызышэу къакIуэри адрей адыгэ хьэщIэхэм хуэдэу ягъэлъапIэ, Iэнэр кудрэ хузэблахыу, ХабзэкIэ кърагъэблагъэ, хабзэкIи ирагъэжьэж.
I «УэредадэкIэ» дызэджэ нысашэ уэрэдыр адыгэ лъэпкъ псоми яхэлъщ. А уэрэдыр я псалъэкIи я макъамэкIи зэтехуэркъым, ауэ нсоми а уэрэдыр щагъэзащIэр нысэ къыщашэ зэманым и дежщ. Бжьэдыгъухэм хъыджэбз къыщашэмрэ пхъужь къыщашэмрэ жаIэ уэрэдым хэт псалъэхэр зэпэщхьэхуэщ. Псалъэм щхьэкIэ, «Уэредадэ» уэрэдым псалъэ дахэ куэд хэтащ. Ахэр зэтемыхьэу дэиэ лъэныкъуэкIи щагъэзащIэрт. Унэм хъыджэбзыр къыщыщIашкIэ жаIэр щхьэхуэт. Къашэу къыздэкIуэжым, гъуэгум щыжаIэр иэгъуэщIт. Щауэр щрашэжкIи жаIэр нэгъуэщIт. Ахэр Къэбэрдейхэмрэ шэрджэсхэмрэ ягъэкIуэдыжа щхьэкIэ, бжьэдыгъухэмрэ шапсыгъхэмрэ ямыгъэкIуэдыжауэ иджыри яхэлъщ. Дунейм ехыжа профессор ЖьакIэмыхъу Гузер къыджиIауэ щытащ. «Кенжэ къуажэм нысашэ уэрэд щхьэхуэ яIэу, ар къэбэрдейхэм я «уэредадэм» нэхърэ куэдкIэ нэхъ дахэу». Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи ар зыгуэрым и дежи щыттхыжыну Iэмал дгъуэтакъым.
Уэредадэ махуэ, ди нысэ!
Ежьу: уойра!
Данэмрэ дыщэмрэ зи гущхьэ!
Ежьу: уойра!
(Уа) и гублащхьитlри дыжьынкъэ!
Ежьу: Уоредэ, бэрэ махуэ!
Уэредадэ махуэ, ди нысэ!
Ежьу: Уойра!
И дыжьын щlыlури алътескъэ, Ежьу: Уойра!
Алътес гъуэжьыр, ра и гъуапэщ!
Ежьу: Уоредэ, бэрэ махуэ!
Уэредадэ махуэ, ди нысэ!
Ежьу: Уойра!
Уэгум ит мазэр и напэ, Ежьу: Уойра!
Напэху дахэм зегъазэ!
Ежцу: Уоредэ, бэрэ махуэ!
Уэредадэ махуэ, ди нысэ!
Ежьу: Уойра!
Бгъащхъуэм дэхуарзэм укъешэ, Ежьу: Уойра!
Укъэзыша щауэми уэ удэжьи!
Ежьу: Уоредэ, бэрэ махуэ!
Уэредадэ махуэ, ди нысэ!
Ежьу: Уойра!
Жыр лэныстэшхуэр уогъабзэ, Ежьу: Уойра!
Жыр мастэ цIыкlуми уэ уродэ!
Ежьу: Уоредэ, бэрэ махуэ!
Уэредадэ махуэ, ди нысэ!
Ежьу: Уойра!
Щхьэнтэм утесмэ - тхьэрыкъуэ, Ежьу: Уойра!
Ра, зыбукъуэдиймэ, аслъэнкъэ!
Ежьу: Уореда, бэрэ махуэ!
Нысащlэр къыщlахыным и гъунэгъу зэрыхъуу, яхуапэт, щхьэтепхъуэ трапхъуэрти, блыным кlэрагъэувэрт, къызэрыщlахынум хуэдэу хьэзыру.
Нысэр и пщыкъуэ нэхъ гъунэгъум къыщIихыну унэм щIыхьэрт.
А зэманым и деж, фызышэ хъыджэбзхэри къитlысхьэжынхэу гум къекlуэлlэжахэу щытт. Хэгъэрей хъыджэбзхэр къабгъэдыхьэрти, фызышэ хъыджэбзхэм я бостеикlэхэр зэгуатхъырт хъурейуэ, хъыджэбзхэм къакlэщlэпlаскlуэрт, яжьэпс зэхэщlа къыщlахти гущхьэlыгъым къытракIэт, гущхьэlыгъыр гу щlагъым щlагъэпщырт. Ахэр зэманым и хабзэти, зыми зыри жиIэртэкъым, мыхъумыщlэуи ялъытэркъым.
Фызышэ шухэр унjpI.хьэм дэуейурэ фочкlэ уэнжакъыр къраудыхт. Ар зэрыхабзэщи, зэраныгъэу ябжтэкъым.
Унащхьэм зэрыдэуей фоч гъэуэныр ягъэбэяурти, нысащlэр къызэрыщlахыным иужь ихьэрт.
Нысэр къыщыщlахым хъыджэбз хьэщlэ нэхъыжьыр гум докlуейри йоувэр, дэIэпыкъуу нысащlэр гум зэрыригъэтIысхьэным хуэщlауэ.
Нысащlэр къыщIэзыхыну щlыхьар, фызхэр къежэрти яубыдт, «1эщхьэубыдыпщlэ»,~ жаIэрти. Ар жыхуаlэр, ахъшэ Iaxыну арати, ахъшэ яримыту къыщlрагъэхыртэкъым. Ахъшэ ярита нэужь, хуит хъуати, къищтэрти, къыщIихырт. Гум ирихьэлIэрти, абы къыпэплъэу ис хъыджэбзыр къыдэIэпыкъуурэ, ирагъэтIысхьэрт. Ар итlысхьа хъуа нэужь, мыдрой хъыджэбзхэри итIысхьэжт. А псор екlуэкlыху гум къеувэкlауэ шухэм, зэпамыгъэууэ, «уэредадэ» жаIэрт. Ахэр зэфIэкIырти, гум и Iумпlэр яубыдырти, бжэlупэр зэ хъурейуэ кърашэкIырти, къызэрыдэкlыжынум хуэдэу куэбжэмкlэ къаунэтIыжт.
Гъуом, «куэбжэIут къызэвмытауэ фыдэзгъэкIынукъым»,- жиlэрти иубыдт. Абыи хуэфащэ хуащIэрти, къыдэкIыжыну хуит хъуат.
НысащIэм къыздишэн хуей и хьэпшыпхэр: уэншэку дэкlуеигъуэ, и тас-къубгъан, и гуэгуэн, и тасышхуэ, н пхъуантэ, и гъуджэ, и гъуэлыпlэ къинэмыщlхэр псори езы бысымым я гум къралъхьэрти, «бзаджэтелъхьэу», «жэмхэгъасэу» къагъэкIуэнури къытрагъэтlысхьэжауэ хьэзыру щытт. Нысащlэр зэрысыр япэ иту, И хьэпшыпхэр зэрылъыр абы и ужь иту, шухэр абы и ужь итыжу, ину уэредадэ жаlэу къыдэкIыжт.
Мыбдежым щlыпIэхэм я хабзэр зэхуэдэкъым. Джылахъстэнейхэм щыгъын яту я мыхабзэ щхьэкlэ, «Iэщхьэубыдыпщlэри», «гъуоупщlэри» щыхабзэт. Уеблэмэ, гъуор къыщащтэм ираухылIэт, «хъыджэбз дапщэ яшэми, мып-
хуэдиз къеIыпхынщ»,- жаIэти. Фадэбжьи шхын хуэфащи иратт, «гъуом и Iыхьэр» жаIэрти, хьэзыр хуащlауэ щагъэтт. Ар щежьэжынум нэмыс щIыкlэ иратт.
Фызышэр уэрамым къыдыхьэжа нэужьт бэлыхьыр щрагъэшэчыр. Фызышэм еплъыну къыдэкlауэ жылэр уэрамым тетт. Абыхэм хэт джэдыкlэ, хэт пыlэжь гъуэгум къытралъхьэт, фызышэхэм ирагъэкъутэну. Ар къызэрагъэтIылъу, шухэр увыIэрт, джэдыкIэмрэ шухэмрэ зы шы илъыгъуэфI хуэдиз я зэхуакуу. Ар шухэр чэзууэ щIэпхъуэурэ зэрыжэм хуэдэурэ фочкlэ еуэу якъутэн хуейт.
(Апхуэдэ гъуэгуанэ кIэщIым и фочыр дохъутейм илъу и щIакIуэм и щIыlукlэ пщlэхэлъу, и шыр иригъэлъти, щIэпхъуэрт. Зэрыжэм хуэдэурэ зэlэбэкIти, И фочыр дохъутейм Къригъэжти, а зэрыжэм хуэдэурэ джэдыкIэм еуэрти, икъутэрти блэжт. Икъукlэ гъэщlэгъуэнт адыгэ щlалэхэм и шырэ Iэщэкlэ 1экlуэлъэкIуагъэу яIар. «Пыlэ еуэк1э зыхуещlри йоуэ» жыхуаlэр арати, а шы хуабжьым тесу зэрыблэжым хуэдэу, еуэрти джэдыкlэр икъутэрт).
Ар ямыкъутауэ блэкIыну хуиткъым. Ар зэракъутэу фызышэр хуит хъуати, ежьэжхэрт. Ауэ щlагъуэ ямыкlуу, аргуэру къагъэтIылът. Мис а щIыкIэм тетурэ шухэр къуажэм дамыгъэкlыжу зэман кIыхькlэ фызышэр зэтраIыгъэт.
Хэгъэрейхэм ящыщуи шу зыбгъупщI къадэкIуатэрт. Шухэм сэлам зэрахыжауэ щагъэзэжкIэ, хьэщIэхэм ящыщ зыгуэрым и пыIэ щхьэрачти ирахьэжьэт.
Ар къытрахыжыну ирахужьэти, е щIэмыхьэу яхьт, е щIэрыхьэти къытрахыжт. Къызытрахыжам и пыlэр къыщхьэрачти кърахьэжьэт.
Апхуэдэу зэрызехьуэурэ зэжьэхэуэти зэрыгъэджалэрт, е зэтеджалэрти, гуауэшхуэ къыщыхъуи щыIэт. Е а пыIэм и зэранкlэ зэщыхьэпэу зэбий хъужынкlи хъурт. Ар «пыIэзэфlэхь» жыхуаlэр арат.
Псыжь адыгэхэмрэ къэбэрдей-джылахъстэнейхэмрэ я хабзэр зыт, ауэ щызэтекlи щыIэт, зыкъомкIэ зэтемыхьэу. А6ыхэм я фызышэ хабзэр нэгъуэщIт: фызышэр къыщыдыхьэкlи, щыдэкIыжкlи фызышэхэм чы къуэрагъкIэ язауэурэ лlыгъэкIэ къафIыдыхьэрт икlи лlыгъэкlэ яфIыдэкIыжт. Фызышэхэр зэрыкIуэж гъуэгу дыдэхэми, лъэмыж зэпрыкlыпlэ, псы зэпрыкlыпlэ хуэдэхэм езауэурэ лlыгъэкlэ яфIызэпрыкIыжырт. Фызышэр къыздэкlуэжа дыдэми къыдамыгъэхьэжу язауэурэ лIыгъэкlэ къафIыдыхьэжт:
Абы зэреджэр «къурагъакlуэт». Ахэр хабзэ мыхъумыщIэ дыдэт, Iуэхум губжьрэ зэщыхьэрэ къыщыхэкI къэхъут.
Иджы къэбэрдеи-джылахъстэней фызышэм догъэзэж.
Фызышэр къуажэм къыдэкlыжу къызэрежьэжу, щlалитI къыщlагъапхъуэрти, хъыбарегъащlэ къуажэм къагъэкIуэжт:
- Фызышэр къыдэкlыжауэ къокlуэж, къайгъэ щыlэкъым,- жаIэти.
Гу зэщlащIэрт, фадэ, гъуэмылэ куэду иралъхьэрти, фызышэ къэкIуэжым япежьэт. Гъуэгу къызэрыкIуэжынум зы щlыпlэ и деж щыщlатIыкIти, фызышэхэр къэсыжыным пэплъэу щыст. Фызышэр абы къызэрысыжу, къэувыIэрти, псори зэхэпсыхэрт. Фадэри гъуэмылэхэри кърахт, хъыджэбзхэри кърашти, ефэт, ешхэт, хъыджэбзхэр къаiъафэрт. НысащIэми и щхьэтепхъуэр трахти еплъхэрт, «мыхъунум дэдмышэу иддзыжынщ», жаIэти:. «Хьэуэ, хъунущ, тшэнщ!» - жаIэти, щхьэтепхъуэри трапхъуэжти, абыкlэ яухт. Абы зэреджэр «гъуэмылэ пехьэжьэт», Ар шууэ прахьэжьэнкlи 6урт. НысащIэм еплъхэм хэти «къытлърагуащ, егъэгъэзэжын хуейщ!» - жиIэрт, хэти «хьэуэ, дыдейр лъидгуащ, тшэнщ!» - жаlэурэ ириаунхэрти, абыкlэ зэфIэкIт я ефэ-ешхэри, къежьэжырт.
Мыдэкlэ къыздэкlуrэжым, «фызышэр къэсыжащ»,жаIэти зэрызехьэт, цlыхухэр къызэрыдэхти, уэрамым дэхуэртэкъым. Къуажэм къыщыдыхьэжкlэ- аргуэрыжьти, джэдыкlэ ягъэтIылъти, шухэр къызэтрагъэувыIэрти аргуэрым еуэу щlадзэрт.
А джэдыкlэ къагъэтlылъар жэщ хъуху ямыкъутэфами, ар якъутэхункlэ шухэр я пIэм икI хъунутэкъым. Ар а зы джэдык1эр арамэ хъунт. Ар зэракъутэу адэкlэ кIуэтэнурэ аргуэру къагъэтIылъынут. А щIыкIэм тету, къагъэтIылъым якъутэурэ нэсыжырти, дыхьэжырт.
Гуитlыр япэм иту, шухэм ину «уэредадэ» жаlэу и ужь иту, зэрыкlуэм хуэдэурэ, гур нысащlэр зыщlашэну лэгъунэм и бжэlупэ дыдэм ирахулIэт. Шухэм гур хъурейуэ къаувыхьауэ, ину «уэредадэ» жаlэурэ унащхьэм тет уэнжакъым фочкlэ еуэурэ зы увнжакъ къытранэртэкъым, псори къракъутэхырт. Ар, Iэмал мыlэу, фызышэм и хабзэт.
Бжэlупэм джэгушхуэ Iутти, ислъэмейI ящIырт, дунейр
1 «Ислъэмейуэ еуэ!» - жыхуаIэ цIэмкIэ Къэбэрдеймрэ Джылахъстэнеймрэ зэгуокIыр. Абы Джылахъстэнейхэр зэреджэр - «мышкъыш къафэщ» (Къэбэрдейхэм «Мышхъыш» жаIэ, «мышхъышу еуэ!»·жаIэ). А псалъэр къыздикIари мыращ:
Мышкъышым хъурейуэ къажыхьу инэмыщI нэгъуэщI къафэкIэ яIэкъым. Мышкъышхэр япэ дыдэ хэгъэрейрэ нэсэIуасэрэ зыхуэхъуар Джылахъстэнейм щыщ Ислъэмей къуажэрщ. Ислъэмейр абыхэм ябгъэдэст. Абыхэм я къэфэкIэр щалъагъум, мышкъышу дыкъэфэнщ, «мышкъышу еуэ!» - жаIэурэ абыхэм я къэфэкIэр къахэзэрыхьащ. Къэбэрдей икIыу Джылахъстэней кIуэхэм а къэфэкIэр Ислъэмей къуажэм щалъэгъуащ япэ дыдэу. Ар яфIэщIагъуэу «ислъэмейуэ дыкъэфэнщ», еуэ, «ислъэмейуэ»,- жаIэурэ абы къытенащ. Мышкъышхэм нэгъуэщl къафэкlэ щlамыlар сыт? Абыхэм цlыхубз блыпкъ яубыду къагъэуджын дэнэ къэна, lэ пцlанэкlэ цlыхубзым сэлам ирах хъууэ щытакъым. Сэлам ирамыхыну Iэмал имыlэми, я Iэм хъыдан ирашэкlыу е я къэпталыкlэр я Iэгум ираубгъуэрэ ирахыу щытащ. Андез иlыгъыу цlыхубзыlэр пцlанэу иу6ыдамэ, и андезыр къутат. Мис апхуэдиз инэмыщl цlыхубзым пэгъунэгъу зищl зэрымыхъум къыхэкlыу зэпэжыжьэу хъурейуэ къажыхьу къафэу щIыщытар аращ.
якъутэжт. Нысащlэр къыщlэзыхыу гум къизыгъэтlысхьа и пщыкъуэм нысащlэр гум кърихти, IэплIэкlэ и лэгъунэм щIихьэрт. Дунейр бэтати зэрызехьэрт, адэкlэ жэри, мыдэкlэ жэри, пщIэртэкъым. Хъыджэбзхэр гум къикIыжти я бостейхэр хьэблын-чыблыну зэхэфыщlат, гущхьэlыгъыр яжьэпскlэ зэхэуцIэпI ат.
Етlуанэгум ис «жэмхэгъасэри» гум кърашырти унэм ирагъэблагъэт. НысащIэм и хьэпшып гум илъхэр кърахти лэгъунэм щIахьэт. Гухэр IэнэщI хъуати, Iуахужти бжэIупэр хуит ящIт. Шухэр емыпсыхауэ зэхэтт. Джэгур зэлъыIукlуэтти, утыкур ин ящIт. Хъыджэбзхэри блыным еувэкIт, шухэр зэбгъурыту увт. Пшынауэр «шыгъэджэгу» еуэт. Фызышэ шухэр чэзууэрэ къытехьэхэурэ я шыр ягъэджэгут.
Ар зэрызэфIэкIыу, шу нэхъ IэкlуэлъакIуэр, шым зэрытесу, унэм щIыхьэрт. Унэ кlуэцIым щепсыхти батырыбжьэ къыхуахьт, шхын тепщэчи дэщlыгъуу. Фадэбжьэри шхын тепщэчри иlыгъыу, ишри унэм къыщlашыжырти, гупым къахыхьэжт, «афэрым!» - жраIэрти, фlыщlэ хуащIт. Ар къэзылэжьыфыр шу зырызт.
А псам иужькlэ, шухэр епсыхыжырти, яшхэри зэбграшыжт. Бысымым фызышэ къикlыжахэм «фlэхъусыж» яжриIэрти, фlыщlи яхуищIт, я кlуэкlа, я къэкlуэжыкlахэмкlэ щlэупщIэрти, къэкlуэжахэр унэм иригъэблагъэрт.
Фызышэ щlалэхэр джэгумкlэ Iухьэрти ислъэмей ящIт къафэт. Ислъэмей зыщIхэм я лъабжьэм щlаубыдэурэ фокlэщIкlэ щIэуэрт.
Джэгум пщыжь-уэркъыжьхэм япхъу хэтмэ, джэгуакlуэр кlуэрти, и Iэпэр иIыгъыу къыдишти, утыкум къришэрт, «уахьэхьеи, маржэ хъун, мыбы и мыстым Дыщэ тебзащ, мыр къэзыгъэфэн щlалэфI!» - жиlэу кlийуэрэ. Абыхэм я джэгукIэм жылэр ныбафэуз ищIауэ иридыхьэшхт, нэгузыужьу щыlэ псом ятекlуэрт, джэгур яфlэмыlуэхужу джэгуакlуэмрэ ажыгъафэмрэ я ужь иту къакlyxьт. Абыхэм сыт жаIэнуми, сыт ящIэнуми хуитт, я жагъуэ ящI хъунутэкъым. Абыхэм икъукlэ хьэгъуэлlыгъуэр ягъэбжьыфIэт, нэгузыужь ящIт. Езыхэм укIытэ щхьэкlэ зыри къагъанэртэкъым.
Фызышэм къикlыжахэр еша-елlауэ къэсыжырт. Зэры зэрэ тIэурытlэрэ къэфа нэужь, псари унэм щIыхьэжт, Iэнэ яхьт, махъсымэ куэду яхьт, ефэ-ешхэр ирагъажьэрт.
Абы хэту, хъыбар зрагъэщlа я благъэхэр, нысаплъэ къащIырти, гуфIакIуэ къахуэкlуэт: гум хъыджэбзитI-щы ису, пшынауэм зэрылъэкIкIэ пшынэр игъэбзэрабзэу. Шу зытхух, зыхыбл ядэщIыгъурэ, ахэри пыIэ еуэу, Iэуэлъауэшхуэу. Нышхэмрэ фадэхэмрэ ерыскъыхэмрэ зэрылъ гур япэм итрэ, нысаплъэр къэзыщI фызыр гублащхьэм дэсрэ хъушэшэжу. ЦIыруфэрукIэ гъэщIэрэщIарэ мэлыр уимыгъэлъагъуу щlиуфауэ, дэнэ щыlэри къеблэкIауэ нышыр ист. Дунейм тетыр кlэрыбларэ гъэщlэрэщIауэ нып яIыгът. Ажыгъафэм и сэшхуэжьыр кlэрыуэу, дэлъей-къелъыхыу къафэу япэм итт. Куэбжэм зэрынэсу щIалэгъуалэм гур къагъэувыIэрти, фадэбжьэрэ шхынрэ кърамыту дагъыхьэртэкъым. Ар, зэрыхабзэщи, езы къакlуэми ещlэри, абы хуэщlауэ хьэзырыпсу иIыгъти, къаритти, хуит хъурти нысаплъэр дыхьэрт.
«Нысаплъэр къэсащ»,- жаIэрти зэблэжт. Ирагъэпсыхт, ирагъэблагъэт. Нысашэ хьэгъуэлIыгъуэр йокIуэкI. Ар зэфIэмыкl щIыкIэ, аргуэру нэгъущI нысаплъи къыдыхьэрт. АрикI апхуэдэт, псомкIи зэгъэпэщат ауэ мыбы и гум жэмыщlэ кIэрыщlат, зи гугъу тщlа мэлым хуэдэу гъэщlэрэщIат, хьэпшып цIыкlуфэкlукIэ зэщIэ6лауэ. Шухэм гъэщIэрэщlауэ ныпшхуээ яIыгът. Пыlэ еуэхэрт, Iэуэлъауэшхуэт. Сыт хуэдэ нысаплъэ къыдыхьэми, куэбжэм щаубыдти, фадэбжьэрэ гъуэмылэрэ кърамыту дагъыхьэртэкъым. Гур бжэlупэм Iуахуэрти, исхэр кърагъэкIт, илъхэр кърахти, гур къыIуахужырт. Шухэри ирагъэпсыхти, цIыхубзхэри щхьэж зэрыхуэфащэкIэ ирагъэблагъэт.
Нысэр къэзышам я унэхэр яхуримыкъумэ, я гъунэгъухэм я деж яшэрти, абы увыIэпlэ щыхуащIт. Абыхэм хэгъэрей хагъэтIысхьэрт, гъухьбжьыхьу абыхэм япщэфIэк1ын бгъуэщlэси иратти, фадэ яхуейми, шхын яхуейми абы и фэ дэлъти, зыхуей псори яхузэригъэпэщт.
Пасэрей хьэгъуэлlыгъуэхэр тхьэмахуэ псокIэ, нэхъыбэкlэ екIуэкlыу щытащ. «Унэишэри» «щауэшэжри» нысашэм пыту зыщlи щыIэт. Ауэ а зи гугъу тщIахэр махуэл дагъэкlыурэ зыщIри нэхъыбэт.
Абы хэту «нысащlэр унэм ишэн хуейщ» жаIэрти, зэрызехьэу щlадзэрт. Джэгур ину ехьэжьауэ бжэlупэм Iутт.
I Бжьэдыгъухэми шапсыгъхэми нысащlэр унэм зэрырашэ макъамэ дахэ яlэщ. Абы еуэу, къыдэфэу, дежьууэрэ нысащlэр унэ ирашэр . Абы зэреджэр «унэишэ къафэщ».
Шэрджэсхэми унэ щрашэкlэ нысащIэм и пащхьэм къызэрыщыфэ къафэ щхьэхуэ яlэщ. Абы зэреджэр «пlэтlэлейщ».
Махъсымэр чейкIэ утыкум итт. Абы хэту, джэгур нысащIэр здыщIаша лэгъунэмкIэ екIуэтэкIт. Абы щыгъуэм нысащIэр къыщIашыну aрат. Пшынэр щIагъэхуабжьэрт, Iэгур тракъутэрт, ислъэмеи зыщIхэм зыхатIэ-зыхасэт.
Абы хэту нысащIэр и лэгъунэм къыщIашт. ЩIалэхэр зэпщIэхэдзарэ зэрыIыгъхэу «уэредадэ» жаIэурэ къыщIашт. НысащIэр лентIрэ дарийкIэ хуэпати, зэщIэпщIыпщэт, дыщэ пыIэ, щхьэрыгъ, щыщ къыщIэмыщу щIиуфэу щхьэтепхъуэ къепхъухат, пхъэ вакъэ лъагэм тетти, къахэпIиикIырт. И нысэгъумрэ и пщыпхъумрэ я зэхуакум дэтти, и Iэблэ зырызыр яIыгът. Абыхэм дэнэкIэ яIуантIэми кIуэн мыхъумэ, нысащIэм зыри илъагъуъэкъым. Джэгур илэм Иl'рэ, щIалэм «уэредадэр» зэпамыгъэууэ щIыгъут. ТIэкIу кIуэтэху къэувыIэрэ ислъэмей ящIу, фоч ягъауэурэ кIуатэурэ гъуэгур зэхуэдитI ящIа нэужь, матэ цIыкIу из кIэнфет иIыгъыу зыгуэр унащхьэм къыдэкIуейрти, кIэнфетыр цIыкIухэм къахипхъэрт. Абы зэреджэр «къепхъыхт».
Пхъужьхэр утыкум ираубыдэт къагъэфэну. Къэмыфэн щхьэкIэ бжьэ къригъэхьт, е къафэти, абыкIэ зэфIигъэкIт, е къафэу бжьэи къахуэзыхь щыIэт.
Арыххэурэ и гуащэм и унэ зыщIашэнум нэст. Бжэм щыщIашэкIэ, нысащIэм и лъакъуэ ижьырабгъур къиIэтти бжэщхьэIум щхьэдагъэбэкъухт. Абы щыщIэбакъуэкIэ, нысащIэр теувэн хуэдэу, мэлыфэ цIынэ бжэщхьэIум и деж яубгъут, и цыр къыдэгъэзеяуэ. Абы щытеувэкIэ, нысащIэм фызыжьхэр къехъуэхъут «я Алыхь, угъурлыуэ къыщIыхьэу къыщIэгъэкI, лъапэ махуэ къыщIегъыхьэ! Я Алыхь, мыбы цыуэ тетым хуэдиз нэмысрэ, насыпрэ, узыншагъэрэ къет, я Алыхь, къуэбын-щэбыну тхуэгъэщащэ, лъэпкъ тхуэщI»,- жаIэти.
Ауэ хъуэхъукIэ Iэзэ фызыжь къезыджэу зыгъэхъуахъуэр нэхъыбэтI. Абыхэм мыпхуэдэ хъуэхъу дахэхэр щыжаIэрт:
Мы нэрыбгэ къыщIыхьар Хъерыгъэ пылъу, Угъурылыгъэ пылъу, ДжанэкIэхуу, Щауэхъурылъхуу, Къилъхур иузэду,
Идыр мытIэпIу,
Iупэмэ епщIу,
ЩIыфэмэ eкIyy, ЗыдэкIуэ Iуэхум
ЛIы кIэлъымыкIуэжу, Апхуэдэ ухъу!
МафIэм хуэдээу хуабэу, Джэдым хуэдэу быныфIэу, ХьэфIым хуэдэу Iy махуэу, ШыфIым хуэдэу цIэрыIуэу,
И гуащэжьыр щlэкIамэ, хуэзэшу, КъыщIыхьэжамэ, щышынэу, Шынэ, укIытэ хэлъу,
Быным якIэрыпщIауэ,
IэфIу быныр илъагъууэ, Гъунэгъум нэмыс яхуищIу,
Унэм илъым лъэIэсу,
Щысу ямылъагъуу,
Къилъхур мазэм шы шэсу,
Шу гуп псо дигъэкIыу, Къыдыхьэжыф мылъку хуэхъууэ, Хъуэхъуу хужаIэр къехъулIэу Тхьэм жьы къыддищI!
Мис а хъуэхъухэр жаIэурэ, нысащIэр драгъэкIуэтейрти, блыным кIэрагъэувэрт. И щхьэтепхъуэр драгъэкIуэтейрти, и нэкIум уиплъэу ящIт. ШейщIэтым илъу форэ тхъурэ зэхэпIытIауэ пхъужьхэм ящыщ зыгуэр нысащIэм бгъэдихьэрти, «я Алыхь, унэри жьэгури мы фомрэ тхъумрэ хуэдэу фIэIэфIу, фомрэ цымрэ зэрызэкIэрыпщIэм хуэдэу, и гур къыткIэрыпщIауэ къыддэгъэпсэу!» _ жиIэрти, хъуахъуэурэ IэпхъуамбэкIэ тIэкIунитIэ нысащIэм и Iyпэм иригъэIусэ хуэдэу ищIырти, фомрэ тхъумрэ зэрылъ шейщIэтыр щхьэгъубжэмкIэ къыдишиикIырт.
I Пасэм щыгъуэ хъуэхъукlэ Iэзэ фызыжь жьакlуэхэр къуажэм цlэрыlуэ щыхъуауэ дэст. Ахэр нысашэм кърагъэблагъэурэ щагъэхъуахъуэрт.
Бжьэдыгъухэмрэ шапсыгъхэмрэ «нысэ хъуэхъум» и пIэкlэ «нысэгъафlэ уэрэд» дахэ и гуащэм е ар жиIэну кърагъэблэгъа фызыжь жьакlуэм жриIэт нысащIэм. А уэрэд-хъуэхъум иужькlэ, шапсыгъым нысащlэр ятlэщIырти, нысащlэ щыгъыныр ягуэшырт. Ар ящIэти, дыщми щрагъашэкlэ бостей куэд хузэтралъхьауэ ирагъашэрт.
Шэрджэсхэм и гуащэм и пащхьэ ираша нэужь «нысэтехьэ уэрэд» дахэ и гуащэм жиlэурэ бгъэдыхьэрти, нысэм Iэплlэ иришэкIт.
- Джатэр зыгъэхуахуэурэ хуарэр аи Iэдэжым къытхуишар дэнэкlэ щыlэ, дотэ нэху? А Iэпхъуамбэ пlащэу шэпlащэрыуэм къытхуишар дэнэкlэ щыlэ, дотэ нэху? Си дотэ нэхуу Данэхур зи Лъэпэдым къытхуишар Дэнэкlэ щыlэ, дотэ нэху? – жиlэурэ.
Абы пэплъэу зэхэт щIалэ цIыкIухэм япхъуатэрти ирахьэжьэт. Арат «Iурыцlэлъ» жыхуаlэр. ЩIалэ цIыкIухэр вшейщIэтым илъыр къызэрехуэкlыурэ къызэрекърабзеикIырти, шейщIэтри традзэрти якъутэжт.
НысащIэм еплъынухэри еплът, абы и пащхьэм техьэпщIэ тIэкlуи къыщыIахырт, фадэбжьэ щрафти нысащlэр кърашэжьэжт. И щхьэтепхъуэри кърапхъухыжырти унэм къыщIашыжт. Къызэрашам ещхьыркъабзэу «уэредадэ» жаIэу, фоч ягъауэу, къэувыIэрэ къафэхэу къашэжырти, зыщlаша и лэгъунэм къыщIашэжт.
И лэгъунэм щIашэжа нэужь, и щхьэтепхъуэр драгъэкIуэтейт, е трахыпэрти, дыщэ пыlэр щхьэрыгъыу гъуэлъыпIэм ирагъэтIысхьэрт. Иджы ящыщ дыдэ хъуащи, а лэгъунэм зыгуэр къыщIыхьэху нысащIэр къэтэджу-тIысыжу гъуэлъыпIэм ист.
Абы иужькIэ «пхъужь къафэ» жаIэти, джэгур ину яублэрти, пхъужьу щыIэхэри, фызыжьу къагъуэтри утыкум къралъафэрти къагъафэрт, къэмыфэфмэ, фадэ кърагъэхьти, абыкIэ и щхьэр ирагъэщэхужт. Езыхэри зыхуейр арат. Фызыжьри абыкIэ яIэщIэкIт, къафэфмэ, зэфIэкIати, тезыр иIэтэкъым. А къайгъэм зыхамыгъэхуэн щхьэкIэ, фызыжьхэм загъэпщкIут. Ахэр къалъыхъуэурэ утыкум къралъафэу, нэгузыужьышхуэу зэрызехьэрт.
Фызышэм къикIыжахэри, нысаплъэ къэкIуахэри, гуфIакIуэ къэкIуа благъэхэри, хъуэхъуакIуэ къэкIуа къуажэ цIыхухэри зэхэзэрыхьауэ зэрызехьэт. Унэу яIэхэм щIэгуауэ цIыхур щIэзт, гуп-гупурэ щхьэж зэрыхуэфэщэнкIэ. ДэнэкIэ удэIуами, уэрэджыIэ макърэ джэгу макърэт.
Нысашэ гуфIэгъуэр зейр чэзууэ гупхэм яхыхьэурэ ехъуэхъут, я Iэнэхэр зыхуэныкъуэхэр зригъэлъагъути, гъухьбжьыхьхэм унафэ яхуищIт. Псалъэ дахэ яжриIэт, «ди Iуэхур фIэтащ, гyrъy зыкъытхуевгъэхьащ, берычэт бесын, тхьэлъэIурэ гуфIэгъуэм фыхузэрашэу Тхьэм гъащIэ къывит! Фефэ, фешхэ, ди куэдщ, фыщымысхь!» - жиIэурэ.
«Нысашэм» иужькIэ «щауэишэжыр» ящIт. Ар «нысэишэм» иужькIэ, а махуэ дыдэм зыщIи щыIэт, махуэл дэзыгъэкIыу зыщIри гъунэжт.
Апхуэдэу зэрызехьэхэурэ пщыхьэщхьэ хъурт. Щауэм бжьэ езытыну лIыжьхэри къызэхуэсауэ зэхэст, ефэт, ешхэт.
Щауэм и ныбжьэгъу Iэджэ, хъыджэбзи яхэту щауэр здэщыIэм кIуэрт, щауэр къашэжыну. КIуахэр щауэр здэщыIэм хуабжьу къагъэхьэщIэрт, кърагъафэт, кърагъашхэхэрт. Я нышыр ук1ат, я махъсымэр куэдт. Абы хэтур пщыхьэщхьэри хэкIуатэрт, къэмыкIуэжурэ. Щауэм бжьэ езытыну лIыжьхэри езэшт, япэплъэурэ.
ЛIыжьхэм щауэишыжым кIэлъагъакIуэт, «лIыжьхэр къывэжьэурэ , езэшащ, фъrкъэкIуэж!» - жаIэрти.
Iэ лъэныкъуэкIэ къыпхуэмыIэту къамыл шыплъэ инкIэ махъсымэбжьэрэ шхын тепщэчрэ лIыжьхэм хущIахьэти ягъэувт, щауэм зэрыратынум хуэдэу.
Пасэм щыгъуэ ауэ сыт хуэдэ шынакъкIи бжьэ ирату щытакъым. Щауэм бжьэ зэрырату щытар - къамыл шыплъэ инт, Iэ лъэныкъуэкIэ къыпхуэмыIэту. Ар абы хузэрахьэу, къуажэ псом зы-тIу дэту арат, апхуэдэ нысашэ къыщыхъум, къалъыхъуэрэ къахьу.
Ауэрэ жэщыбг нэблагъэрти, щауэри кърашэжьэжт.
Пшынэ еуэу, фоч ягъауэу, дунеир зэщIэвауэ щауэр къыдашэжти къыдыхьэжт1.
Зым къыхидзэу, гyпыр ежьууэ, «уэредадэр» жаIэу:
Нысэ махуэ идошэ, Ежьу: Уойра!
Щауэ махуэ идошэжыр, Ежьу: уойра!
Зыхуэтшэжыр Iэщхьэхукъэ!
Ежьу: уоредэ, бэрэ мачэ!
Зыхуэтшэжыр Iэщхьэхукъэ; Ежьу: уойра!
Iэщхьэху дахэр мэтэджыр, Ежьу: уойра!
Ар щIэтэджыр дэ ди щауэрщ.
Ежьу: уоредэ, бэрэ махуэ!
«Щауэр къэсыжащ!»- жаIэрти псори зэрызехьэт. А «щауэ» жыхуаIэр нэгъуэщI зыгуэр хъуа хуэдэ къафIэщIу, псоми къыкIэлъажыхьт. Щауэр къэзышэжахэр, «уэредадэр» ягъэувыIэрти, пщIантIэкум и деж щызэхэувэрт. Утыку ящIти, къафэ, уэрэд къыхадзэрти, зыхатIэ-зыхасэу абдежи къыщыфэхэрт.
Ахэр къафэу зэхэтурэ, щауэр и ныбжьэгъу щIалитIым Iуашти, щIалитIым я захуаку дэту лIыжьхэр зыщIэсым яшэрт. ЩIэмыхьэ щIыкIэ, бжэм и деж къыщыувыIэти, зыгуэр щIагъэхьэрт:
- ДыкъэкIуэжащи, дыныщIыхьэну хуит дыкъэфщIрэ? - жаIэти.
- Сыт пщIами, пхуэдгъэгъуащ, къакIуэ, къыщIыхьэ! - жаIэрти хуит ящIти, мaхъсымэбжьэр нэхъыжьым къищтэрт, шхын тепщэчыр къыкIэлъыкIуэм къищтэрти,
1 Шэрджэсхэм, абы хухэхауэ, щагъэзащlэри а дакъикъэр арауэ, щауэр къызэрашэж макъамэ дахэ яlэщ. Ар дагъэтхаш Хьэбэз къуажэ лIыжьхэм.
загъэхьэзырт. Щауэр щIалитIым яку дэту щIашэти, хэм я пащхьэм ягъэувт. ЛIыжьхэри къэтэджауэ къапэплъэу. Нэхъыжь дыдэр нэхъ тхьэмадапIэм щыт махъсымэбжьэр иIыгъыу. Абы кIэлъыкIуэр абы бгъэдэшхын тепщэчыр иIыгъыу. Щауэр укIытауэ зытеувэ щIы илъагъутэкъым, и нэр тIэкIунитIэ фIэкIа къыщIэмыплъи и пыIэр къекъухат.
Тхьэмадэм бжьэр иIыгъыу «щауэишэж» къригъажьэрт:
Щауэ фIыцIэ набдзапцIэу, ЩIыпцIэр зыгъэхулIэ,
ЛIыцIэкIэ дызэджа, ЕкIэпцIэ цIынэ къэпшами, Пхудогъэгъу,
Пхъэгъур къэпшами, Дынохъуэхъу!
Хъуэхъур зи щIасэу,
Ди псэм хуэдэу, ди щIалэ! КъэкIуэж, дыноджэ, Къеблэгъэж, дыножьэ, Жьыгъуэр дыпхуохъуахъуэ, ЩIалэхэр къохъуапсэ.
ПсэукIэщIэм щIыбодзэри узыншэ Тхьэм уищI!
Уой, ди щауэ фIыцIэ,
Уей, ди щауэ набдзапцIэ, Уей, ди шынэхъыщIэ, ЛIэщIыгъуэр зей,
Зейхэм я дэрэжэгъуэ,
Бажэ уещэмэ
Щыхь къэбукIыу,
ХъыкIэ уещэмэ
Дыщэ къихъуэу, Узыхыхьэм я дэрэжэгъуэу, Уи ныбжьэгъур куэд ухъу! Мыр лъэпкъ лъэужьым къыщежьа лъагъуэщ, Лъэпкъ мыгъэкIуэдщ,
Уи жьы хъугъуэм
Дамэгъу дэгызэщ,
Уи нузырым хъерыр хуэIэгъуэщ,
Уи ныбжьэгъухэр уи щтапIэ гъусэщ.
Сапэм лъыпэр нобэ кърегъэж, Хамэ лъитIыр -
Лъэпкъыр зейм хогъагъэ.
Дунейм и фIыгъуэр гъуэрыгъуэ шэнтщ. Пэрыт Адэмым и мылъку пэIущIэщ, ГъащIэхэм я щIэрэщIапIэщ, ЩIапIэхэм я дыгъэ-мазэщ,
Хабзэхэм я гухэхъуэшхуэщ. ФIыгъуэшхуэр лъэпкъым къихьащи, Хъуэхъубжьэр къызэхуашэс, Зэхуэсахэм хъуэхъу къыпхужаIэ. Жумарт нэсым къуита псэуэгъущ,
Псэ Iыхьэ лъапIэщ
Махуищэ уасэщ.
Псэхэр мэгуфIэ,
БлагъэфIхэр мэпэкIу,
КъэкIуахэр уэ къожьэ,
Къеблэгъэж, уэ дыноджэ. КъыпкIэлъыджэм уагъуэткъым, Узыхэтыр къытхуэщIэркъым, КъыдэпщIари догъэгъу,
Пхъэгъур къэпшами,
Дынохъуэхъу!
Пхъэ цIынэ къэпшами, Пхудогъэгъу!
Ди фадэбжьэр мэсыс, Уи нэмысым дыпоплъэ, ДыпIуплъэну дыножьэ, Ди фадэбжьэр убыд!
Уи адэ и щIапIэр гъэдахэ, Уи анэ дахэу епсалъэ.
Уэ уи лъабжьэм дохъуэхъу, Тхьэм и хъерым долъэIу! КъолъэIу гупым къахыхьэ,
Къахэмыхьэр бжьыщIэмыхьэщ, Гъуэгу темыхьэр - бэнакIуэщ. ХьэуазэпIэм укъыхэкIами, ДариипIэм щыжей,
«Сожей» жыпIэуи ухэмыжае! - жиIа нэужь, щауэр лIыжьым бгъэдыхьэрт, Iэбэрти Iэ лъэныкъуэкIэ махъсымэр къыIрихт, (IитIкIэ Iэбэ хъунутэкъым). Ар езы щауэм и ижьырабгъумкIэ къыщыт щIалэм къритт. ЕтIуанэу Iэбэрти, шхын тепщэчыр къыIрихти, и сэмэгумкIэ къыбгъурытым иритти, псынщIэу -ижьырабгъумкIэ зыкъигъэкIэрэ-
хъуэжти къыщIэжыжт. Жылэр ежауэ щхьэгъубжэм кlэрыту еплъырт.
Ахэр зэфIэкIыхункlэ, щауэр къэзышэжауэ щыта гупыр пщlантIэкум дэтт, къафэу. Махъсымэбжьэри шхын тепщэчри яlыгъыу абыхэм щауэр къахыхьэжт. Къыщlаха махъсымэр ирафт, шхынри яшхти, псори зэрызэрыlыгъым хуэдэу зы щlапIэкIэ ирагъэблагъэрт. Жэщыбг хъуху ефэу зэхэст, щауэри ямыгъэтIысу бжэкъуагъым и деж щыту.
Жэщыбгым и деж щауэкъуэтыр кIуэрти лэгъунэ бжэlупэм Iут джэгур лъэныкъуэкlэ иригъэкlуэтэкIт. Щауэр зыщIэсым къэкIуэжти, щэхуу щауэр къакlэщIишти, къуэгъэнапIэкIэрэ и лэгъунэм щIишэжт. А дакъикъэм хъыджэбз щауэкъуэтыр нысащIэм бгъэдэсу щIэст, езы т1ум я закъуэу. Щауэкъуэтри етIысэхти тIэкlурэ щыст, тIэкlуи уэршэрхэт, нысащIэри тIэкIу нэсэlуасэ къащIт. «Къыщlэнэнур дэтхэнэр арауэ пlэрэ?» - жиIэти, нысащIэри нэбгъузкlэ къахуеплъэкIт.
Щауэкъуэтым щауэм и вакъэлъейхэр хулъихти, «нэхулъэфI фыкъикI!» - жиIэрти щауэкъуэтри хъыджэбзри къыщIэкIыжт. НысащIэми абдежщ зышар къыщицIыхур3.
Хъыджэбз щауэкъуэтыр и Iуэху иужь ихьэжт. Щlалэ щауэкъуэтым башышхуэ иIыгъыу лэгъунэ бжэlупэм Iутт нэху щыху, а лэгъунэм и гъунэгъуу цlыху Iуимыгъыхьэу, хъумакIуэу. Адрей лъэныкъуэмкlэ джэгур щекlуэкIт, и хуабжьыгъуэу.
Пщэдджыжьым кIэху къызэрищlу, щауэкъуэт щIалэм хъыджэбз щауэкъуэтыр къилъыхъуэти, тlури зэгъусэу лэгъунэм кIуэрт. Щэху цIыкlуу щхьэгъубжэм теуlуэти, къаrъуэшт. Щlалэм бжэр къыlуихти, тlури щlигъыхьэрт. Щауэм зрагъэхуапэти, зыми къамылъагъууэ, псынщlэу къыщIашыжти, я деж ишэжт.
Хъыджэбзыр нысащIэм и деж къыщIэнэти, зригъэгъэкъабзэт, зригъэтхьэщIт, зригъэхуапэт, игъэщIэращIэрт. Махуэми зиужьт, цIыхухэри зэрегъэзэшати, джэгум хэт хъыджэбзхэри унэм щIыхьэжхэрт, джэгури зэкlэ ягъэбэяут. Ефэу гуп-гупу здэщысхэм, нэхъыщIэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ зэрыщIэн, я Iуэху зытетыр зрагъэлъагъун хуей хъурт. ЗэкIэлъыкlуэн хуейуэ нэхъыщlэ гупым къалъытэрт, гупыж ящIти, нэхъыщlэ гупым хагъэкIти, щlалитI махъсымэбжьэрэ шхын тепщэчрэ яIыгъыу нэхъыжьхэм я деж ягъакlуэрт:
- Гуп махуэ апщий! - жаIэти щIыхьэрт.
- Уа фыпсэу апщий! - жаIэти, зыхуэфащэхэри къэтэджт, нэхъыжьыlуэхэр щыст.
- Ди нэхъыжьхэр къэфлъагъу, я Iуэху зыlутыр зэвгъащIэ, дэ дызэфэр зыхуэдэри евгъэлъагъу, фадэри шхынри ди куэду, дытхъэжу дызэрыщысри яжефIэ! - жаIэри гупым дыкъагъэкlуащ! - жаIэти, махъсымэбжьэ яхьар я нэхъыжьым иратт. Нэхъыжьми бжьэр яIихти, зэрыхуэфэщэнкIэ щlалэхэм къехуэхъути ефэрт. Езы щIалэхэми нэхъыжьхэм ирафым щыщ бжьэ къратти кърагъафэт. Ауэ щlалэхэр нэхъыжьхэм я бжьэм техъуэхъухьтэкъым. Нэхъыжьыбжьэ техъуэхъухьу хабзэтэкъым. KIya щIалэхэр ягъэтIыстэкъым, ахэр гъуэгу тетт. Ахэр IуэхутхьэбзащIэт, тIыси хъунукъым.
- Нэхъыжь зимыlэу нэхъыщIэфI щыIэкъым, нэхъыщlэ зимыlэу нэхъыжьыфlи щыIэкъым, нэхъыжьыр вгъэлъапlэу, нэхъыщIэм фыкъагъэлъапlэу, фlыгъуэкlэ Тхьэм куэдрэ фигъэпсэу! ТхьэлъэIурэ гуфlэгъуэм фыхузэрашэу, гъащlэ Тхьэм къывит! - жиIэрти, нэхъыжьыр кlуахэми зыгъэкlуахэми быдэу къехъуэхъути щIалэхэр къыщIэкIыжт.
Щlалэхэр «гуп махуэ апщий!» - жаIэрти, зыхэкIа гупым къахыхьэжт.
- Уа, фыпсэу апщий, фlэхъусыжхэ! - жаIэрти, гупмахуэlбжьэ къратти ирагъафэрт. Ауэ гупмахуэбжьэу тIyщы яттэкъым, зы закъуэт ятыр.
- Дыкlуащ, дыкъжlуэжащ, ди нэхъыжьхэм я Iуэхур дэгъуэщ, мэтхъэжхэри зэхэсщ, я фадэри я шхынри куэдщ. ДызэрыкIуари хуабжьу я гуапэ хъуащ, хуабжьу фlыщlэ къыфхуащlащ, быдэу къывэхъуэхъуащ,- жаIэрти, здэкlуахэм я хъыбарыр жраIэжырт.
- Берычэт бесын, фи пщэ дэтлъхьар вгъэзэщlащ! - жаIэрти гупым фlыщlэ къыхуащIти я тIысыпIэм т1ысыжырт.
Абы иужькIэ, езы нэхъыжь здэкIуауэ щытахэми, ещхьыркъабзэу нэхъыщIэхэм я деж ягъакlуэрт. Мис апхуэдэ нэмыс зэх;уаlэу щытащ гуфIэгъуэкlэ зэхыхьэ гупхэм.
Нэхъыжь гупым яхэкlыу, нэхъыщIэхэм я деж щыщIыхьэкlэ, гупыр псори зэщIэтаджэрт, гуп тхьэмадэм фIэкIа къэмынэу. Ауэ гуп тхьэмадэр тэджын хуейкъым (хабзэ-
1 IЦауэкъуэтыр, зэрыхабзэти, щауэр зи къан, щауэу щlалэр арт.
2 Хъыджэбз щауэкъуэтыр - къэзыша щlалэм шыпхъу иIэмэ, арат. Шыпхъу имыIэмэ, я благъэ нэхъ гъунэгъу дыдэхэм ящыщ зыгуэрт.
3 Ар хъыджэбзыр зышар япэм ицlыхуу щымытамэ. Ауэ апхуэдэу къыщыхъур зэзэмызэт. Нэхъыбэу зэрышэр зэрыцlыхуу, джэгум щызэрихьэлlауэ, уджым щызэпсэлъауэ, зэрышэну зэгурыlуауэ апхуэдэт.
къым). «Iэнэр нэхъыжьщ»,- жаIэрти, абы и нэхъыжьыр арат щIэмытэджыр. Ауэ щlыхьам нэмыс хуищlу, тIэкlу зигъэхъей хуэдэу зищIт.
- Ди нэхъыжьхэм дыкъагъэкlуащ, «ди нэхъыщlэхэр дауэ щытми тщIэркъым, фыкlуи, зэрыщытыр зэвгъащlэ, я шхын яlэ, ирафын яlэ, дэ дызэфэр зыхуэдэри евгъэлъагъу»,- жаlэри, мы бжьэри къыдагъэхьащ»,- жаIэти, бжьэ яlыгъри я нэхъыжьым иран.
- Нэхъыжьым и фадэбжьэ нэхъыщlэ техъуэхъухькъым, нэхъыжьыфI Тхьэм тхуищlхэ, дяпэ фIыкlэ Тхьэм иригъэтхэ, нэхъыжьыфI Тхьэм дыщимыгъащIэкlэ,- жиIэрти, нэхъыщlэ гупым я тхьэмадэр къэтэджырти ефэрти, тIысыжырт. Езыхэми бжьэ къратырти, кlуахэр гупым ехъуэхъути, ефэрт.
Зэрызэ кърагъафэти, «Мыбы фыкъызэрыкlуам нэхърэ нэхъ гугъуехь фимыlэу, нэхъыжьыфlу ди япэ фитыну, дэри фэ дывдэплъейуэрэ фи хабзэ зыхэтлъхьэну, нэхъыщlэфI дыхъуну, тхьэлъэlурэ гуфIэгъуэм фыщымыщlэу куэдрэ фытхуэпсэуну Тхьэм жиlэ»,- жаIэрти быдэу къехъуэхъурти, къэкlуахэри къыщIэкIыжт.
- Гуп махуэ апщий! - жаIэрти зыхэкlа гупым Къахыхьэжырт.
- Уа фыпсэуж апщий!, фlэхъусыжхэ! - жаIэрти, гупмахуэбжьэ иратырти ирагъафэрт. Aбы иужькlэ, щlалэхэм я деж зэрыкlуа, зэралъэгъуа, здэкlуахэм хуабжьу я гуапэ зэрыхъуа, зэрыщытхэр, яшхыни ирафыни зэракуэдыр, нэхъыщlэ здэкI:уахэр быдэу къазэрехъуэхъуар, я фадэбжьэр Iэфlу зэрырафар, нэхъыжьхэм гуапэу сэлам къызэрырахыжар къыжраIэжырт. «Дыздэкlуар бын дыгъэлщ, къайгъэншэу, бэlутIэуншэу йофэ, йошхэри зэхэсщ»,- жаIэрти, здагъэкlуам я хъыбархэр псори хуаlуэтэжырт.
- Берычэт бесын, фи пщэ дэтлъхьар фlыуэ вгъэзэщlащ,- жаIэрти, фlыщlэ хуащIырти, ягъэтIысыжырт щхьэж и тlысыпIэм.
Бгъуэщlэсу, щхьэгъырыту жыхафэм Iэджэ тетт. Нэхъыжь щысхэм ахэр ящыгъупщэртэкъым. Фадэбжьэ къыхуашийуэрэ ирагъафэрт. Пlастэ Iыхьэм лы тIэкlу телъу къыхуашийти ирагъэдзакъэрт. Нэхъыжьым кърита бжьэм нэхъыщlэр техъуэхъухьтэкъым икlи зэрыхуейм хуэдэу ефэртэкъым, ауэ и Iупэр иригъэlусэ хуэдэу ищIти, хуишиижт, нэхъыжьым нэмыс хуищlу. Ар къезытам гу лъитэрти, «ефапэт, шынэхъыщlэ!» - жиIэти, къыIимыхыжу иригъэгъэзэжт. Абы щыгъуэм щlалэр хуит хъуати, сыт хуэдиз ирифынуми хуитт.
Мис а щIыкIэм тетурэ, нэхущ нэсыху зэхэсти, ефэнешхэнкlэ ирикъуа нэужь, фызышэм щыlахэри, нысаплъэм къэкlуахэри къыщIэкIыжти, псори джэгумкlэ кlуэрт.
Пшынэр ирагъэгъэувыIэрти, удж еуэну пшынауэм унафэ хуащIт. Пшынауэм удж еуэу иригъажьэрти, тlypытly зэрешажьэрт.
Зэlэпэгъухэр зэхъуцацэурэ, нэхущ уджыр ирагъэкlуэк1ырт, дыгъэр къыщIэкlыу, махуэм зиужьыху. Псом хуэмыдэу хъыджэбз хьэщlэхэр ирагъэущэкIт. Ауэ сыту ямыщIми, зэрыхабзэти, хъыджэбз хьэщlэхэр щlалэхэм къахуэгъэпсалъэртэкъым. Хъыджэбз хьэщlэр хамэ къуажэ щlалэ мыцIыхум епсэлъэну eмык1ут адыгэ хабзэкlэ.
Фадэ ефахэми я фадэр упщlыlужауэ, езэшауэ, хъыджэбзхэри ешарэ я нэр къpилэлу, езэшарэ я жеин къакlуэу, абы нэсауэ зэрыутIыпщыжырти, джэгури ягъэувыIэрт.
Къуажэм щыщу хамэ хъыджэбз щыIэмэ, ахэри кlуэжт. ЩIалэхэри зэбгрыкIыжти загъэпсэхут.
Абы хэту, нысаплъэ къэкlуахэм «дежьэжынущ»,- жаIэрти, загъэхьэзырыжу щlадзэрт. Хьэщlэ щlалэхэр щlашэжти бжьэ зырыз ирагъэфэжт. Хъыджэбз хьэщlэхэри щlашэжти ягъашхэрт.
Ауэ щауэр къашэжын хуейт. «Шэнттегуэжыр» ящIын хуейт. Абы кlуэнухэр зэрызехьэт. Абы памыгъаплъэу, хьэщlэхэри ирагъэжьэжыну ядэртэкъым. Аурэ зэрызелъафэурэ махуэми зиужьт, дыгъэри къыдэкlуэтейт.
. - Ди тхьэлъэlущ, кхъы1э, фыкъакlуэ! ~ жаlэти, жэмыхьэтым лlыжьу дэсым хъыбар ирагъащIэрти, къызэхуэст. Щауэр къашэжыну абы и ныбжьэгъу зыкъом, хъыджэбзхэри я гъусэу, пшынауи яхэту, щауэр здэщыIэм зэрыхьт.
Абы къыщрагъафэ-къыщрагъашхэрт, быдэу щыджэгурти, щауэр къыщlашыжт. Щауэр здэщыlа бысымым сэлам ирахыжт, ехъуэхъужхэрти, къыдэкIыжыну хьэзыр щыхъум, щауэр зи къаным, тIэкlунитlэ зэфIэкI иIэххэмэ, «си къаным и саугъэтщ!» - жиIэти, шы утыкум къригъэубэрт, шы фащэ дахэкlэ хуэпауэ е шы пцlанэ закъуэу. Абы щхьэкlи ехъуэхъурти, щауэр кърашэжьэжт.
Пшынэ еуэу, «уэредадэ» жаlэу, фоч ягъауэу, дунейр зэщlагъавэу я деж къыдашэжт. Джэгур бжэlупэм Iутт.
Къуажэ лlыжьхэр йофэ-йошхэри унэм щызэхэсщ. Ар «лlыжьгъашхэ» жыхуаlэр арат. Щауэр къызэрысыжам щыгуфIыкlыу псори зэрызехьэрт. Ар «шэнттегуэж» жыхуаlэр арат. Щауэр къэзышэжахэр пщlантIэкум щызэхэубыIэрти, абдежым къыщыфэу, щызэхатlэу щlадзэрт.
Щауэр и ныбжьэгъу щlалитIым яку дэту ирашажьэрти, лIыжьхэм я деж щlашэрт. Абы зы бжьэ къыщрагъа-
фэрт. Бжьэрэ шхын тепщэчрэ къратти, къыщIэкIыжт. Абы иужькIэ фызыжьхэр зыщIэсым яшэрт. Абыи, лIыжьхэм къызэрыратам хуэдэу, бжьэ къратт, шхын тепщэч къратти къыщIашыжт. Гупым къахыхьэжырти, щауэри яхэту, гупыр зыщIыпIэкIэ ирагъэблагъэрт.
БжэIупэм джэгужьыр Iутти, щIалэхэм ислъэмей ящIырт, зыхатIэ-зыхасэрт, утыкур яхуримыкъуу.
Махъсымэри чей цIыкIукIэ утыкум итт.
Абы хэту я «лIыжьгъашхэр» зэфIэкIырти, лIыжьхэри къыщIэкIыжт. 3и гур къэжана лIыжьхэр къэфэныгу хъуауэ джэгумкIэ Iузэрыхьт.
ЩIалэхэр псори зэлъыIукIуэтти, лIыжьхэр джэгум Iуувэрт, къэфэну къытехьэрт. ЩIалэхэр лъэныкъуэкIэ къэувырти, лъэкI къамыгъанэу Iэгур тракъутэрт, пшынауэми щIигъэхуабжьати, къришт, лъэкI къимыгъанэу.
ЩIалэгъуалэхэм ящыщ зыри къыдэкIтэкъым, лIыжьхэм я къэфэн зэфIэкIыу IукIыжыху. Ар «лIыжь къафэ» жыхуаIэр арати, мо зи гур къэхъурта лIыжьхэм ягу зэгъэху утыкум зыщаутхыпщIти, щIалэхэми, хъыджабз джэгум Iутхэми, нысашэр зейхэми быдэу ехъуэхъурти лIыжьхэр IукIыжт. Джэгури щIалэхэм къахуэнэжт. Джэгур абы иужькIэ куэд дэмыкIыу ягъэбэяут, езэшами загъэпсэхут. Щауэр къэзышэжахэр зэпамыгъэууэ ефэу жэщыбг хъуху зэхэсти, абыкIэ яухт.
Щауэкъуэтым щауэр щIишэжт. Хъыджэбз щауэкъуэтыр нысащIэм бгъэдэсыххэт. Щауэкъуэт щIалэм и вакъэлъейхэр хулъихти, «нэхулъэфI фыкъикI»,- жиIэти, щауэкъуэт щIалэри хъыджэбзри къыщIэкIыжт.
Щауэкъуэтыр, и башыжьыр къищтэти, хъумакIуэти, лэгъунэ бжэIупэм увыжт. Хъыджэбзыр кIуэти зигъэпсэхут. Пщэдджыжь нэхущ кIыфIым щауэкъуэт щIалэри хъыджэбзри кIуэрти, лэгъунэ щхьэгъубжэм хуэм цIыкIуу теуIуэт. Щауэм бжэр Iуихти тIури щIыхьэт. Щауэкъуэтым щауэм зригъэхуапэрт, къыщIишыжти и щауапIэм ишэжт, цIыхум гу къалъримыгъатэу.
Хъыджэбз щауэкъуэтыр нысащIэм и деж къыщIэнэрти, нысащIэм зригъэтхьэщIт, зригъэгъэкъабзэти, зригъэхуапэт, игъэщIэращIэрти, цIыхухэр къызэхуэмыс щIыкIэ игъашхэрт. Мис а щIыкIэм тетурэ, пщыхьэщхьэм щIашэжу, пщэдджыжьым къыщIашыжурэ тхьэмахуэкIи, нэхъыбэкIи щауэр зэрашэрт. Щауэри жэщыбгым къыдыхьэжу, нэху мыщу дэкIыжурэ зэман зыкъомкIэ екIуэкIт, адэ-анэхэм ящукIытэурэ.
Абы иужькIэ адэ-анэм, щIалэм и ныбжьэгъу тIущ къраджэти, «ди щIалэр къытхуефшэлIэж»,- жраIэрт.
Пщыхьэщхьэу ягъакIуэрти, щIалэр кърагъэшэжт. Ар «щауэкъегъэсэжкIэ» зэджэр арт. Абдежым иужьрей дыдэу щIалэхэр тIэкIу ягъэхьэщIэжти, абыкIэ яухт нысашэм и Iуэхур.
Абы иужькIэ щауэкъуэт щIалэри хъыджэбзри кIэрылэжьыкIыжырт. Ауэ щIалэр мазэкIи нэхъыбэкIи и адэанэм яIуплъэу, захуигъазэу хъутэкъым. ПщIантIэм тIэкIу щыпэщащэ хуэдэурэ дэтт, щхьэусыгъуэкIэ гу зэщIищIэрэ дэкIыу, къыдыхьэжу, жэщ хъуху къыщыдамыхьэжи щыIэу. Аурэ и анэм нэхъапэIуэ зыкъригъэлъагъуу, техьэу щIидзэт. ...
Аурэ екIуэкIыурэ, зы тхьэмахуэ, тхьэмахуитI дэкIырти, унэгуащэм зигъэхьэзыру щIидзэрт, унэишэ ищIыну, И нысэр зытригъэхьэну. Хьэблэ фызыжьхэм хъыбар яригъащIэрти, къызэхуишэст.
- НысащIэ цIыкIур зытезгъэхьэнущ, унэишэ тIэкIу хуэсщIынущ,- жиIэти. Ар езы фызыжьхэми ящIэрт, хъыбар зэраригъащIэу къагурыIуэрт.
Ахэри IэнэщIу къакIуэтэкъым, тхьэлъэIу яIыгъыу къакIуэрт. Я гъунэгъу щIалэхэри хъыджэбзхэри къызэхуэст, пшынэ еуэу, къафэу.
ЦIыхубз фIэкIа хэмыхьэу нысащIэр и лэгъунэм къыщIашти, и гуащэм и унэм яшэрт. И гуащэм трагъыхьэрт, хьэблэ фызыжьхэри техьэрт. Ари зэфIагъэкIырти, и лэгъунэм яшэжт. Ар унэишэ етIуанэт, «унэишэ цIыкIу»,жыхуаIэр арат. Ауэ абыи хуэмыдэу, а фызыжьхэр зэщэр нэгъуэщIт: «нысэм сыт хуэдэ «нысэтын» къихьауэ пIэрэ? Хэт сыт къыхуихьауэ пIэрэ?» - жаIэти, ар зрагъэщIэну пIэцIеижт, ахэр зрагъэлъагъуну арат Iуэхуу яIэр. Ахэр яригъэлъагъуну и гуащэри пылът. Псори зэхуэсти нысащIэм къихьахэм еплът, къишахэр зрагъэлъагъут, хэт сыт къыхуихьами зрагъащIэт.
Нысэм цIыруфэру Iэджэрэ хьэпшып Iэджэрэ къихьауэ къыщIэкIынут. Абыхэм ящыщу и гуащэм, и тхьэмадэм, и пщыкъуэм, и пщыпхъум къахуихьахэр я цIэ иIуауэ белджылыуэ щытынут. Адрейхэр хэт сыт иратми хъуну, цIэимыIуэт, ягуэш хъунут. Ахэр псори зэфIэкIти, фызыжьхэри зэбгрыкIыжт. «Алыхь-алыхь Гуэщхужь и нысэ цIыкIум къимыхьарэ къимышарэ дунейм теткъым, насып зиIэ, хьэхэрэ-щIыхэу къыхуэкIуащ»,- жаIэрти. Арат «пхъуантэдэплъэкIэ» зэджэр.
Иджыт нысэр къэзышам и благъэхэр щыфIэкIуэдынур.
Нысэр зейр хуежьэрти нысэм хьэпшыпу къишахэр я благъэхэм хуагуэшырт, щхьэж зэрыхуагъэфащэкIэ. Ауэ псори зэхуэдэу арэзы пхуэщIын, хьэпшыпу къихьари зэхуэдэ
пхуэщIын? «Нысэтын» - жаIэу я благъэхэм хурагъэхьахэм нэхъыбэр здахьам Iaмыхыу кърагъэхьыжт, яфIэмащlэ хъурти: «Сэ eмыкly пхуэсщIынкъым, мыри адэ Хъанийуэ уи благъэ гупсэм хуегъэхь»,- жаIэрти, загъэгусауэ. Абы щыгъуэм Хъаний нэхъыфI хуагъэхьауэ зэхахауэ арат, къэнэIуахуэу, зэрызигъэгусар къикIыу. Хэти щlагъуэ,у игу иримыхьурэ Iихырт. Мис абдежым загъэгусэрти, благъэу яIэм и нэхъыбэр яфIэкIуэдт. Закъуэтlакъуэт арэзы хъуауэ къахэкIыр. ЗэрыхъумкIэ, и мылъкумкlэ и благъэхэр ищэжауэ арат.
<Уасэ сот», жиIэрти, мылъкуу иIэр пхъур зейм иритт.
Пхъур зейм, уасэу иратам нэгъуэщlи хилъхьэрти, xъыд-ныкIэкlэ яхуищэрти къахуригъэхьыжт, и пхъум и гъусэу. Къызыхуихьжам я благъэхэм яхуигуэшти, арэзы хуэмыщIу, и благъэхэр бий къыхуэхъужт. Зэрыхъумкlэ, нысэ къэзышам и мылъкур тIуми я мысэбэпу яфIэкlуэдт, я благъэхэр бий къазэрыхуэхъуам нэмыщI зыри къыхамыхыу. Абы нэхърэ нэхъ делагъэ дэнэ къикIынт!
Нысэми, «Чэзим щашэм мапхуэдиз-мыпуэдизз ихьащ.
«Сэ абы нэхърэ сынэхъ икIэ»,- жиIэрти, хузэфIэкIым хуэдизыр ихьыну иужь итт, абыкIэ и щхьэр лъапlэ хъууэ и гугъэ. Я пхъум гуныкъуэгъуэ иlэу дамыгъэкIын щхьэкIэ унагъуэми зытрафыщIэжырти, яIэри ямыlэри зэщlакъуэрти ирагъэхьырти, благъэу яIэр фIагъэкIуэдт.
«Мыращ фи мылъкум къысхущIэгъэкIари, хэт фыхуейми ефт»,- жиIэрти, лъэкlыр и пхъум ирагъэхьт. Абы я мылъкур яlихыу яхуишэу къахуигъэхьжыну ар сыткlэ нэхъ Iэзэт, мылъкур зейм нэхърэ?
НысащIэр и гуащэм техьа нэужь, пщэдджыжькlэ ар гуащэм и деж кlуэурэ я пlэхэр яхузэлъыlуихт, и унэр хуипхъэнкIт, и пхъэнкIийр хуридзырти къэкIуэжт.
Ауэ и гуащэм техьа щхьэкlэ, и тхьэмадэм техьэртэкъым, нэпафэкlи теплъэртэкъым. Пшэдджыжьым ныса.щIэм и кlуэгъуэм и деж, тхьэмадэр унэм щIэкIырти зэгъуэкI зищIт, пщIантIэм Iуэху щищIэт, нысэр мышынэу, мыукIытэу хуич щIигъэхьэн щхьэкIэ. Езы нысащIэм и зекlуапIэр - шыгъуэгур арат. Пасэрей унэхэм «шыгъуэгубжэкlэ» еджэу, унэ щIыбагъым бжэ цIыкlу хэлъу щытащ, цlыхубзхэр абыкlэ щызекlуэу, щlыбым кlуэнуми зэрызекlуэр абыкIэт. А зэманым цlыхубзхэм я псыунэри щхьэхуэу щIыбагъымкIэ шыгъуэгум итт, цIыхум къамылъагъуу щызекIуэн щхьэкIэ. Нэхъыбэу а шыгъуэгубжэр зыхухалъхьэу щытар, зыми къамылъагъуу цlыхубзхэр абы иризекIуэныр арат.
Нысэр и гуащэм и унэм щIэту имыщIэу и лIыр щlыхьамэ, тIури къащтэрти, зы бэлыхь гуэр къалэжьа хуэдэу, здэкIуэнури здэжэнури ямыщIэу зэхэзежэ хъурти, зыр шыгъуэгубжэмкlэ щIэжт, «зыгуэрым г,у къытлъимытэ щIыкIэ» жиIэти гужьеяуэ, зыр ,бжэмкIэ щIэжт, зыгуэрым къилъагъумэ, я напэ текIауэ я гугъэу.
Щlалэмрэ нысащIэмрэ илъэситI-щыкlэ цIыхум къалъагъуу зэтехьэртэкъым, и Лэгдунэ къудейм махуэу щIыхьэжыну хуиттэкъым. ЩIыхьэжын дэнэ къэна, и бжэIупэмкIэ махуэу блэкIыну eмык1ут, и адэ-анэм къалъагъуу.
Пщэдэлъхьэ
Нысашэр щекlуэкIым хабзэ зэмылlэужьыгъуэ Iэджэ зыхэлъ щыlащ джылахъстэней лъэныкъуэм фызышэ джэгур щекIуэкIым, «пщэдэлъхьэ»,- жаIэти, джэгум хэт хъыджэбзхэм зы хабзэ гуэр ирагъэкIуэкIт. Ар Къэбэрдей лъэныкъуэм яхэлъакъым. Ар зищIысыр мырат: хъыджэбзищу зэдэщIыгъуу къежьэрти, джэгу утыкум къихьэрт. Зым напэIэлъэщI, зым махъсымэбжьэ, ещанэм шхын тепщэч яIыгъыу. Ахэр джэгум къеувэкIа щIалэхэм яхэплъэт къакIухьурэ, зыгуэр нэхъ къызыпыкIын хуэдэ, хьэщIэми хэгъэрейми ядэрт, напэIэлъэщIыр и пщэм далъхьэт. Ар зи пщэм далъхьам махъсымэбжьэри иратт. Шхын тепщэчыр абы къыбгъэдэтым IэщIагъэувэрти, хъыджэбзхэм кlэбгъу защIти IукIыжт.
Махъсымэр щIалэхэм ирафын зэраухыу, хъыджэбзхэр къакIуэт, напэIэлъэщIымрэ фалъэмрэ яхьыжыну. Зэрыхабзэти, я щхьэ зэрыхуэгъэфащэти, фалъэм ахъшэ иралъхьэти иратыжт. Мис а щIыкIэм тету хъыджэбзхэм ахъшэ къыхахт. А напэIэлъэщIым зэреджэр «пщэдэлъхьэт». Апхуэдэу зыщI хъыджэбзхэр нысашэ зиIэ унагъуэм нэхъ я Iыхьлы гъунэгъухэрт. Апхуэдэурэ напэIэлъэщIымкIэ ахъшэ зыкъом зыIэрагъэхьэрт.
Мастэ
хьэлыуэ
Иджы нысаши, гушыIи, унэиши, щауэ ишэжи,- псори зэфIэкIа нэужь, нысащIэр ягъэдэну, ягъэбзэну щIадзэрт. Абы щыгъуэм зыхуэфащэ хъыджэбзхэр къакlуэрт, нысащIэр дэным хуит хуащIын щхьэкIэ. Абыи «удэн хуейщ» жепIэкIэ зэфIэкIтэкъым, зы хабзэ гуэр иIэти, ар гъэзэщIэн хуейт. «Мастэнищ кърегъэун хуейщ»,- жаIэрти, мастэм дыщэ Iуданэ фlащIэрт, ар лентI бзыхьэхуэ гуэрым щэ кIуэцIрагъэлъэфти, абы иужькIэ нысащIэр дэным хуит хуэхъуат. Ари ауэ гъущэу зэфIэкIыртэкъым, «ПщэдэлъхьэкIэ» хъыджэбзхэм къыхаха ахъшэмкIэ фадэ зэрагъэ-
пэщт, хьэлыуэ Iэнэ яубэт. Адыгэхэм хьэлыуэм пщlэшхуэ хуащlу щытащ. Хьэлыуэм инэмыщlу, шхын Iэджи зэрагъэпэщт, нысащIэм и мастэнищым и тхьэлъэlуу. «Пщэдэлъхьэ» ахъшэ къезытауэ щытахэм ящыщу зылъэIэсыну къуажэмдэсхэми, хъыджэбзхэр зыпылъхэми хъыбар ирагъащIэрти, ахэри къакlуэрт.
- Нобэ ди нысащIэм мастэнищ къредгъэуати, мыр абы и тхьэлъэlущ,- жаIэрти псори утыкум кърагъэувэрт. ЩIалэхэр ирагъафэ-ирагъашхэрт. Мис абы зэреджэр «мастэ хьэльыуэт», нысащIэм и мастэнищым иращIэкIа тхьэлъэIум щхьэкlэ фIащауэ. Абы иужькlэ нысащlэр дэнуми бзэнуми хуит хъуат.
НысащIэм дэн-бзэнхэр и пщэм дэлъу, и гуащэм пщэфIэнхэмрэ гъэшхэнхэмрэ и пщэм дэлъу екIуэкIырт.
НысащIэм зэрыхьа унагъуэм я благъэхэри я пыхъуэпышэхэри ицIыхуащ. Ауэ, зэрыхабзэщи, зыми я цIэр жиlэ хъунукъым. Псоми цIэ лей яфIищын хуейт, езыр яреджэну. Абы (нысащIэм) мастэнищ къыщриуа махуэм, хъыджэбзхэри дэIэпыкъуурэ пыхъуэпыщэу яIэхэм цIэ яфlещ. Хэт ТалlэlэфI, хэт ТIалэфо, хэт ШуцIыкlу, хэт Шырфо, хэт ШырцIыкIу, хэт ГъэфIэн, хэт Дыщэнэ, хэт Дыщэжыг Н.къ. Хэти езым фIэфIыр зыфIригъэщт, «мыбыкIэ къьrзэджэl» - жиIэрти, хэти езы нысащIэм зэрыхуигъэфащэкlэ фIищт. А махуэм езы нысащIэми цIэ фIащт: Къандыгъэ, Къаннэху, Дыщэнэху, ФIыщэдыгъэ, ДыгъэцIыкIу н. къ . НысащIэм Iэмал имыlэу цlэ лей фlащти, а фlаща цIэм къытенэрти, лlэжыху а цIэмкlэ еджэрт, хъыджэбзыцlэр фIэкlуэдти.
НысащIэр къыщашэм «жэмхэгъасэу» къыдагъэкlуар мазэкIэ, нэхъыбэк1э щыIэу хъурт. Абы иужькlэ хуэфащэ саугъэтхэр хуащIти яшэжт. Ар пщыжь-.уэркъыжьхэм я деж илъэскIэ щыIэнкIи хъурт.
НысащIэ къашэр ямыгъэлажьэу, зыри ирамыгъащIэу илъэскIэ щхьэнтэм тесу щагъэст. Ауэ, лэжьакIуэIэкIэ хуэныкъуэ лъхукъуэлI унагъуэхэм апхуэдизрэ щамыгъэсми eмыкIy яIэтэкъым. «ЛъхукъуэлI нысэр зыгъэ-зыщIщ, дыжь джэдыгур зы щIымахуэщ»,- жаIэрти, щхьэнтэм илъэскIэ трамыгъэсу, унагъуэ зехьэн Iуэхум пэрагъэувэрт.
НысащIэр илъэс зэрырикъуу «дыщасэ» жаIэрти, и дыщымкIэ къикIырти яшэжт. Ар яшэжыну къакIуэрт: хъыджэбзитI, зьr пшынауэ, зы нысащIэ, зы гущхьэIыгъ, шугъуситI. Ахэр нысэр зейм я деж нэху къыщекIт. Джэгу хуащIт, ефэ-ешхэшхуэ хуащIт. Пщэдджыжьым нысэри ирагъэтIысхьэрти ежьэжырт. Бысымым ящыщу шууитIи ядэшэсырти, Я щIым икIыжыху ядэкIуатэрти, сэлам ирахыжти, яутIыпщыжт.
«Дыщасэм» къикlыр «дыщ хуэщIэ» - жиIэу арати, дыщым абы Iэджи къыхуащIэн хуейт. Нысэр илъэскIэ и дыщым щыIэт. Нысэм псори ицIыхуауэ кlуэжати, хэт сыт къыхуищIэнуми, хэт сыт къыхуихьынуми ищIэрт. А илъэсым и кlуэцIкlэ абыхэм къахуихьын, къахуищIэнухэр зэригъэпэщу игъэ!хьэзыру щыст. «Дыщасэм» къашэжа я пхъур благъэ Iэджэми яшэрт, саугъэт Iэджи къыхуащIырт.
Илъэсыр зэрырикъуу, нысэр зейхэр кlуэрти къашэжт.
Абы зэреджэр «нысэшэжт». Иджы абы къыздихьахэр, япэм хуэдэу, къэзыша. унагъуэр зэрыхуейм хуэдэу ягуэштэкъым. Псоми я цIэ и1уауэ саугъэтхэр къихьати, къызыхуихьахэм иратыжт.
Абы иужькIэ нысащIэр Iэбэнуми лъэбэнуми хуит хъуати, зыгуэрхэр илэжьу щIидзэрт. Саугъэт къызыхуихьахэр хэти арэзы къыхуэхъуат, хэти зыкъыхуигъэгусат, къыхуихьамкIэ арэзы мыхъуауэ.
НысащIэм, япэ дьrдэ лэжьэн зэрыщIрагъадзэр псы къэхьынт. Абы псыхьэ гъуэгур ирагъэлъагъун, нэсэIуасэ хуащIын щхьэкIэ, хьэблэ хъыджэбзхэр къызэхуэсырти, пшынэ еуэу, къафэу нысащIэр псыхьэ яшэрт. ЩIалэгъуалэхэри къызэхуэсти, хъыджэбзхэм ящIэмыхьэ-ящIэмынэу, яужьым иту якIэлъыкIуэрт. НысащIэр псыхьэ щашэкIэ цlыру-фэру Iэджэ здищтэрт: сабын, бэлътоку, гъуджэ ц1ыкly, мажьэ цIыкlу, н. къ.
Пасэрей цIыхубзхэм псы къэхьыныр икIукIэ къулыкъушхуэу яIэу щытащ. Псы къызэрахьыр нэхъыбэу лэгъупт, пхъэхь щIэуауэ цIыхубзитIым я дамащхьэм телъу. Е гуэгуэнт, я дамащхьэ сэмэгумкIэ тету.
Псы къуэкIийм дыхьэрти, лэгъупкIэ е гуэг.уэнкIэ псы къыдахт. КъуэкIийм къыдэкIыжу сэтейм къызэрытехьэжу, щIалэ бзаджэхэр ежэрти, нысащIэм къыдиха псыр фIрак1утырт. НысащIэм абы щхьэкIэ а цlыру-фэру ихьахэм щыщ яритт. Езыр аргуэру къуэкIийм дыхьэжти, псы къыдихт. Ари фIракIутти, абы щхьэкIи зыгуэр яритт. Апхуэдэурэ тхуэ-хэ фIракIутт, нысащIэр ешарэ зыри лъэмыкIыжу, зэрыхабзэти, зыри жиIэ мыхъуу.
ИкIэм езы щIалэхэм нысащIэр яфIэпсэкIуэд хъужти, хуит ящIыжырти, псыр кърахьэжьэрти къежьэжырт. Псыхьэ гъуэгум къэкIуэжу здытетым къэувыIэрэ хъыджэбзхэр пшынэ еуэу, Iэгу еуэу, щIалэхэр къафэу, нысащIэм и дамэм гуэгуэныр тетрэ япэплъэу щыту, хуэмышэчыжу ерагъыу къэсыжт. Арати, апхуэдэурэ нысащIэм лэжьэн щIидзэрт.
Нысэм и дыщхэм илъэс къэс «пхъужь Iыхьэу»,- жаIэти кIэбдзыр (куэр) хурагъэхьт, къинэмыщI гъуэмылэ дэщIыгъуу.
Нысэр и гуащэм и унэм кIуэуэрэ хузэлъыIуих щхьэкIэ, и тхьэмадэм зыкъригъэлъагъутэкъым. Ауэ илъэс зыкъом дэкIрэ, нысэри бынунэ хъужа нэужь, «нэгъуэщI мыхъуми, хьэнтхъупс шынакъ къысхущIихьэнщ»,- жиIэрти и тхьэмадэм зытригъыхьэрт. ТехьэпщIэ гуэрхэри хуищIт. Ауэ, техьа щхьэкIэ, нысэр тхьэмадэм епсалъэртэкъым, зыхуейр хуищIэти къыщIэкIыжт. Тхьэмадэр нысэм епсалъэрт, ауэ нысэр къепсалъэртэкъым. Абыхэм нэсыхункIэ; нысащIэм и лIыр махуэу и лэгъунэм щIыхьэжтэкъым. Бын хуалъхуахэм адэ хуэдэу епсалъэртэкъым, зришалIэртэкъым, и бынхэм едэхащIэу закъригъэлъагъуртэкъым.
Быныр нэхъ зи нэIуасэри, нэхъ къызыщIэтаджэри адэжь-анэжьхэрт. Быныр къэзылъхуа адэм и адэ-анэхэр псэууэ и быныр зришэлIэну, еубзэрэбзэну нэмысыншагъэу ялъытэрт.
Гуащэ
щIэпхъуэж
Къэзышар къуэрылъхуу щытмэ, унэишэм и деж анэшхуэр пщIантIэм дэжт «нысэм сыкъыдихуащ»,- жиIэрти кIийуэрэ, жылэр кIэрыщIауэ, къахуимыгъазэу. Ари унэишэ тхьэлъэIур ину щаIэтым хуэзауэ. Къахуимыгъазэу уэрамым дэлъадэрт. ПщIантIэм дэт псоми абы къыкIэлъажыхьт, яфIэнэгузыужьышхуэу. Ар дахэкIэ къахудыхьэжынутэкъым. «Маржэ хъужын»,- жаIэти цIыхухэр ежэрти хьэлыуэ Iэнэ, джэд гъэва, къинэмыщI шхын зэрагъэпэщхэрти куэбжэм дахт, фадэбжьэ дэщIыгъуу. Ахэр псори ягъэувти, фызыжьыр къызэрашэжыным иужь ихьэт. Ахэр псори фызыжьым: и гъэфIэжт, къызэрырашэлIэжын Iэмалт.
- ДяпэкIэ уи гyrъy къищIынукъым, фIыуэ къыпхущытынущ, «дяпэкlэ фIы Iейуэ слъагъунщ, къэфшэж!» жеIэри мэлъаIуэ,- жаIэрти елъэIут, еубзэти, фызыжьыр ерагъыу къагъэдэIуэжт. Шхынхэри фадэхэри къыдахьэжт, фызыжьым и гъусэуи, фадэри ирафт, шхынхэри яшхти, фызыжьымрэ нысэмрэ зэкIужауэ ялъытэрт. Ар нэгузыужьышхуэу ирагъэкIуэкIт. Абы иужькIэ дихунрэ димыхунрэ хэт ищIэрэт?
ТIОЛАКЪ
ЦIыхубзым бэлыхьрэ пудыгъэрэ зэрырахыу щыта Iуэхугъуэхэм я нэхъ Iей дыдэт «тIолакъ» жыхузlэр. Ар зэрыщытри зищIысри иджырей ди цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым. «ТIолакъ» жыхуаIэр зищIысыр мырат: фызыр и лIым дэпсэу мыхъуу, л1ым сыт хуэдиз мыхъумыщIагъэ кIэрылъми, ар цIыхухъу дэпсэу мыхъунуми, лIы мыхъуми, и фызыр икIыжыну хуиту щытакъым, и лIым хуит имыщIу, ауэ лIым и фызыр иригъэкIыжыну хуитт, фызым зы дагъуэ имыIэми.
Ауэ щхьэусыгъуэ гуэркIэ, гурыщхъуэпцIкIэ, бзэгукIэ зыгуэр яку дыхьэу, лIым и фызыр иригъэкIыж хъуамэ, и фызыр хьэрэм ищIын хуейт. Абы иужькIэ а TIyp ауэ къудей зэIуплъэ хъужынутэкъым. Аурэ зэман зыкъом дэкIа нэужь, фызри лIы дэмыкIуэурэ лIыми фыз къимышэурэ «сэ нэхъыфI умыгъуэтмэ, сыкъэшэж»,- жыхуиIам хуэдэу, лIыри фызри щIегъуэжрэ зэрышэжыну мурад ящIмэ, фызыр къыхуэхьэрэмщи, лIыр абы Iуплъэ хъунукъым, епсалъи хъунукъым. Ауэ фызыр зыгуэрым ишэрэ къригъэкIыжмэ, итIанэ Iуплъи, къишэжи хъунущ, хьэлэл къыхуэхъужащи.
А щIыкIэм тету лIымрэ фызымрэ езы тIyp зэIуплъэ мыхъуу лIыкIуэкIэ зэрышэжыну зэгурыIуэмэ, шэрихьэткIэ зы щIалэжь гуэр нэчыхь хуатхырти, жэщым фызым и деж щIагъэхьэжт. Жэщым нэху къекIа нэужь, щIалэжьым шэрихьэткIэ хьэрэм ирагъэщIыжырти, фызыр къабзэ хъужат, хьэлэли хъужати, илIым ишэжи дэкIуэжи хъунут.
Ауэ абы нэгъуэщI зы Iуэху пщхьэмыпэ къыщыхэкIи къэхъут: жэщым щIагъыхьэжа щIалэжьымрэ фызымрэ ягу зэрихьрэ, фIыуэ зэрылъагъурэ, и лIым дэкIуэж нэхърэ абы дэпсэум нэхъ къищтэу хъурэ къызэхуэнэу, и лlыр ауэ гъэпкIауэ къанэу. ШэрихьэткIэ я нэчыхь тхащ, зыри пхуещIэнукъым.
Ар адыгэ хабзэм шэрихьэтым къыхилъхьа хабзэт, армыхъумэ фыз игъэкIыжыр ди хабзэм хэлъакъым. Дэ ди хабзэу щытар: фызым къимылэжьын къилэжьарэ губгъэн хуащIамэ, и лъакъуитIыр шы мыгъаситIым кIэращIэрти зэкIэщIатхът. Ауэ фыз игъэкIыжыныр ди адыгэм япэ ды-
дэ къыщызыублар Къэзэнокъуэ Жэбагъыуэ жеlэр IуэрыIуатэм.
Е щlалэжьым зыlэщIимыубыдэу къиутIыпщыжмэ, и лlу щытам ишэжыну хуит хъуати, щlэрыщlэу нэчыхь хуатхт, иратыжти фызыр зеям къыхуэнэжт.
Мис аращ <Тlолакъ» жыхуаlэу щытар. Мыпхуэдэуи къэхъуу щытащ Iэджэрэ: щlалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрымьщlыхуу, я гъащIэми зэтемыплъауэ зэрагъашэрт. Апхуэдэ зэрымыцIыхуитIым я зэхуакум бзэгу Iэджэ къыдыхьэрт. Iэмал имыlэу зым зыр хуаубт. Щlалэ зратар: «набгъэу, дэгуу, мэхыу, къытехьэ иlэу, абы къыщытехьам щIиукIыхьынкlэ, щIитхьэлыхьынкlэ xъyну»,~ жраIэрти, хъыджэбзыр ягъэгужьейрт. «Ар зылъымыхъуа мы хэкум искъым, къыдэкlуэн игъуэтакъым. Уэ уагъэунэхъуащ, тхьэмыщкlэ»,- жаlэурэ и фlэщ дыдэ ящIт.
Хъыджэбзыр зэрашауэ, щlагъэлъхуауэ, яшэну зэрамыпэсу къыдэнэжауэ, цIыхум зэрыдэпсэун акъыл имыlэу, къагъапцlэри къылърагуауэ, ягъэунэхъуауэ щlалэм жраlэрт.
Мис апхуэдэурэ хъыджэбзыр ягъэшынэрт, псэ къыхэмынауэ ягъэгужьеЙрт. А зэманым иджы хуэдэу, цlыхухэр зэрьщIыхутэкъым, зэнэсэlуасэтэкъым, уеблэмэ, къуажэкlэ, къуажапщэхэр щызэрымьщlыху щыIэт. Жраlэхэр, кlэралъхьэхэр я фlэщ хъурт. Псом хуэмыдэу, зэрымыцlыхуy зэратаитlыр зэщышынэрт «сыт хуэдэу пlэрэ сызратар», «сыт хуэдэу пlэрэ къызатар»,- жаIэрти, гужьеяуэ егупсысырт. Щlалэм хыхьэхэкI иlэу, дуней и пlалъэ ищlэу щымытмэ, хъыджэбз Iуэхухэми зыри химыщIыкlыу, джэгум кlуамэ, жыжьэу къэуджхэм еплъ нэмыщI, и гъащIэм хъыджэбз блыпкъ иубыду къэмыуджам, жыжьэу илъагъу иэмыщI и гъащIэм цlыхубз емыпсэлъам, Iэщ я куэдрэ и гъащlэр былымым къахэмыкlыу уэтэртесу щытам, «Iэщ я куэдщи уасэ куэду къыдатынщ»,- жаlэу кърата хъыджэбзым и деж щlаутIыпщхьэрт, щауэкъуэтыр и гъусэу. Щауэ, адрей, мыдрей къинэмыщI, жаlэурэ зыри хэзымыщIыкI щlалэжьыр ирагъэзэшарэ зыри къыгурымыlуэжу, хэгужьеихьауэ, зыри имыщlэжу нэхъри хэзэрыхы. Хъыджэбзми бзэгуу щlалэм щхьэкlэ къыхуахьа къомыр и гум илъти, гужьеяуэ, щlыlэтехьэгъуэр къытехьауэ мэкlэкуакуэ.
Щlалэжьым дэнэ и деж къыщыщIидзэнуми ищlэркъым, сыт ищIэнуми къыхуэгупсысыркъым. _ Дауэ фыщыт, ди шыпхъу, укъыздикlахэр псори узыншэкъэ? - жиIэрти, абы къыщыщIидзэрт, нэгъуэщl жиlэн имыщIэу.
И псэлъэкIэхэмкlэ щlалэжьым тIэкlу зэрыхухэтым нысащIэм гурыщхъуэ ищIти, нэхъри гузавэу щIидзэрт. А къыжраlари нэхъри и фlэщ хъурт. «А кlэралъхьэхэр пэж дыдэ мыгъуэу пlэрэ?» - жиIэрти, гузэвэгъуэм ихьт.
Абы лей къызыгурымыlуэм сыт хуэдэ хабзэрэ нэмысрэ иlэу бгъэдыхьэну а цlыхубз мыцlыхури? Езыри: «фыз къыпхудошэ!» - жаlэурэ, лIыжьхэм я деж щlалъафэ, къыщlалъэфыжурэ лъэзэхэпхъэ хъуауэ, ищIэнри илэжьынури ищIэжкъым, и щхьэр хэунэзыхьащ.
Нысащlэри «унэишэ, къишэж» жаlэурэ зэралъафэурэ, мо мьщlыху куэдым и щхьэр ягъэунэзащ, а лlы къыщlыхьэжынум егупсысурэ и акъылыр фIэкlуащи, дунейр кlагъэпшагъэ хуэдэу нэмыщI и нэм илъагъуркъым, зы бэлыхь къыщыщIыну фlэщlу гужьеящ.
Мис апхуэдэ щытык1эм иту, щIалэжьыр къыхущIинэрти щауэкъуэтыр къыщlэкIыжырт.
ЩIалэжьым хабзэ къекlуэкIхэм хищIыкI щыIэкъым, бгъэдыхьэкIи, бгъэдэкIыкIи, былымхэм я хабзэм нэмыщl. ЩIалэжьыр и закъуэу къызэрыщlэнэу, нысащIэм жьэхэфыщIыхыи игъэшынэрт. Мо быlуэбышэр нысащIэм имычэзууэ щыжьэхэфыщIыхькlэ, «мыр зэрыжывlэ дыдэм хуэдэщ, сунэхъуащ, сыщIитхьэлыхьынщ»,- жиIэрти гужьейти, нысащlэр шынауэ нэху к1eкIт.
«Щlэхыу, нысащlэр сымаджэ хъуащ. шынауэ нэху къекIащ»,- жаIэрти, молэр къраджэрт. Молэм дыуэ хуитхт, дыуэпс иригъафэрт, епщэт.
- Мыбы и Iуэхум бзаджэнаджэ Iуэху хухэтщ, щlэхыу жэи Iэзэ къыхуэфлъыхъуэ! - жиIэрти, молэм унафэ къахуищIт.
Фыз Iэзэр хьэзырыххэт, И «жинхэр» и гъусэу къэсырти, еплът-къеплъыжт.
- Алыхь-алыхь, си дахэ цIыкlу мыгъуэ, укъэмыс щIыкlэ узыфэ Iейр дэнэ мыгъуэм къипха, дэнэ мыгъуэм къыпхуиукI? - жиIэти, нэхъри игъэгужьейрт.- Узыр хэмытlасэу, и Iэпкълъэпкъ псоми зримыгуашэ щIыкlэ, сыту фlыуэ псынщIэу гу лъыфта,- жиlэурэ, еIэзэну щlидзэрт.- Алыхь-алыхь, си дахэ цIыкlу мыгъуэ, мыбы бзаджэнаджэ къебгъуэуащ, жин фlьщlэ зэран къыхуэхъуащ, цlэ къемыгъэтьщу Iэмал иIэкъым! - жиIэрти, лажьэ зимыlэ нысащlэр игъэгужьейрт.
- Цlэ къэт,- жаIэрти, лажьэ зимыlэр зэрахуэу щlадзэрт. ИмыщIэм сыт къитынт, дэнэ кърихыу къитынт? Ар жыхуаlэр выми шыми ищIэртэкъым. Зыри къащыхуимыткlэ, нысащlэр яубэрэжьу щlадзэрт, ягъэшынэу кърагъэтыну. Ари щымыхъукlэ, нысащIэм и Iэхэр япхти, мафIэм ирагулlу щlадзэрт. А мафIэмкlэ ягъэшынэу цlэ кърагъэ-
тыну. Арщхьэкlэ цlэри бжьыдзэри ищlэртэкъым а зэр,ахуэм. Мо ягъэгужьеяр, мэгурымри мэlущащэ, апщlондэху жин Iэзэм зыгуэрхэр итх хуэдэу ищlурэ мафIэм пэредзэр.
Мис а щIыкIэм тетурэ, лажьэ зимыlэр зэхаубэражьэрт, игъэгужьейрти, сымаджэ дыдэ ящlырт. Мис апхуэдэ бэлыхьхэр къикIт, цlыхубзхэр зыхуэмей е имыцlыхум залымыгъэкlэ иратыным, мылъкукlэ иращэным.
УНЭИДЗЫХЬЭР
ХАБЗЭ МЫХЪУМЫЩIЭТ
Унэидзыхьэр - хабзэ Iейуэ адыгэм яхэлъахэм я нэхъ Iей дыдэ зыт. Сыпхуейкъым жызыlэ цlыхубзыр лIыгъэкlэ къыпхуей пщIыну иужь уихьэныр хьэкIэкхъуэкlагъэт! Ар цlыхугъэтэкъым. Дыгъужь хабзэт. Ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкlэ уеплъмэ, сыт хуэдизкlэ Iуэху Iейуэ щыт пэтми, унэидзыхьэр къызыхэкlамрэ ар къызэрежьамрэ адыгэм яхэлъа лIыгъэхэм ящыщыуэ къозыгъэлъытэн хэлъу щытащ. Ар адыгэлIым пудыгъэ кърахыу зэримыдэнум къызэрыхэкlар белджылыщ. Псалъэм щхьэкlэ, «уэ лъэпкъкlэ сэ нэхърэ унэхъ пудщ, унэхъ икlэщ»,- къыжраIэным, .лlыгъэ зиlэ адыгэлlыр хуэмышэчу хуабжьy къигъэгубжьт. А псалъэм игъащIэми мыхъумыщlэ къыпыкlыу къэгъуэгурыкlуэт адыгэхэм щхьэкlэ. Унэидзыхьэри а пудыгъэхэм ящыщ зыщ къызыхэкlауэ щытар.
Унэидзыхьэр къызыхэкlар Iуэхугъуэ Iэджэм епхауэ щытауэ жыпlэ хъунущ: адыгэ хабзэм идэу щытакъым, цlыхубзыр езыр зыфlэфlым дэкlуэну. Нэгъуэщlу жыпlэмэ, цlыхубз дэкlуэ щыlакъым, атlэ, ятрэ ящэрэт щыlар. Ар хуейми хуэмейми иубыду Iыхьлыхэм лIыгъэкlэ зыхуэмейм иратын, иращэныр арат хабзэу яхэлъыр.
Щlалэмрэ хъыджэбзымрэ зэпылъурэ зэгуакlуэрт, зэрышэнуи зэгурыlуэрт. Ауэ хъыджэбзым езым и унафэкlэ дэкlуэ зэрымыхъунур ищlэрти, щlалэм жриlэрт:
- Сэ уэ псэуэгъуу сыбдэкlуэну си гуапэщ, икlи сыхьэзырщ, ауэ си lыхьлыхэр зэрыткlийр уэри уощlэ, къыслъыхъуи сыкъуатмэ, сыхьэзырщ.
Хъыджэбзыр арэзыуэ жэуап къызэрыритам щlалэр игъэгушхуэрти, хъыджэбзым лъыхъун иригъажьэрт. Апхуэдэ Iуэхухэм фlыуэ щыгъуазэ лlы хэплъыхьа къилъыхъуэрти игъакlуэрт хъыджэбзым лъигъэхъуну. Зэрыхабзэти, кlyap хъыджэбзым я деж дэмыхьэу, нэхъ зыхуэфащэ гуэрым бгъэдыхьэрти, «мыпхуэдэм сралIыкlуэщ, мыпхуэдэ фи хъыджэбз цlыкlумкlэ благъэ фыкъащIыну мурад къыфхуащlауэ сыкъагъэкlуащ»,- жиIэрти, зекlуэ хабзэм тету lэджэ къыхуригъэкlуэкIырт.
_ Захуэщ, хъыбар зыщlапхъэхэм яжесIэнщи, жэуапыр бжесlэжынщ, мопхуэдэ махуэм къакlуэ,- жиIэти,
къаутIыпщыжт. Ар къыжезыIэр анэшынкIэ хъунт, пхъурылъхункIэ хъунт, адэ къуэшынкIэ хъунт.
Абы пхъур зейхэм хъыбар яригъащIэт. «МыпхуэДэм благъэ фыкъащIыну мурад ящIауэ къыфлъохъу!» жиlэрти. Хъыджэбзыр зейхэм къыжраIэт:
- Фэрэ дэрэ лъэпкъкlэ дызэхуэдэкъым, дызэфызщIэгъукъым, фэ фхуэфащэ зыгуэр къэвгъуэти къафшэ!жаIэрти, ауэ къудеи зрагъэпсалъэртэкъым.
Абы лъыхъу щIалэм и щхьэр зэригъэгугъэжымкlэ, а зылЪыхъум и дэлъхухэм хуэдэр кlэсу къихьыну лlыгъэ иIэт. Ауэ имыIэр лъэпкъьщIэт. Мобыхэм ауэ зэрыщlэупщIа къудейр я гум темыхуэу къагъэпудат. Къагъэпудыр езы щlалэр армыру, ауэ лъэпкъьщIэкlэ езыхэм нэхъ зыдрашейуэ зэрыщытыр арауэ. Лlыгъэ зиIэ адыгэ щlалlэр, а езым нэхърэ нэхъ икIэхэм къагъэпуду даryэ игу техуэнт?!
ЩIалэр абы хуабжьу къигъэгубжьырти, и щхьэр абы текIуадэми, хъыджэбзым и дэлъхуrxэм я щыщ IэщIэкlуадэми идэрт, хъыджэбзыр лIыгъэкIэ къатрихым.
Мис а зэгуэпым къыхэкIыу хъыджэ,бзыр лIыгъэкIэ къатрихыну мурад ищIырти, иужь ихьэрт. Хъыджэбзыр зыпэщIигъэхуэн щхьэкIэ, Iэджэрэ иужь итт.
Пасэрей хъьщжэбзхэр къэпхьын хуэдэу дэнэ и дежи къыщыппэщIэхуэртэкъым, дэнэ хуейми ягъакIуэу щытакъым. Ар зэкъуэхуауэ къыпэщIэзыгъэхуэн къилъыхьуэрт. Дауэ хъуми щlалэм и ныбжьэгъу гуп дэщIыгъуу кlуэрти, хъыджэбзыр къихьырт.
3ы лъэныкъуэкIэ хъыджэбзым ехъуэпсамэ, етlуанэ лъэныкъуэкIэ хъыджэбзым и дэлъхухэм яхузэгуэпамэ, хъыджэбзыр ауэ хейуэ къелынт? Хъыджэбзыр и Iыхьлыхэм яIэрыхьэжми кърамытыну Iэмал имыlэу Iэрубыд ищIт.
Хъыджэбз яхьамэ, и Iыхьлыхэр хуабжьу къызэгуигъэпырт. Пхъэрыр кIэлъыщIэпхъуэрти, кlэлъыщIыхьэу щIалэ зыхьыр яукIыуи къэхъут е хъыджэбзыр къыщытрахыжи щыIэт. Ауэ пхъэрыр щIэрымыхьэми, яхьуи къэхъут. Дауэ хъуми, благъэ, ныбжьэгъу жаIэми, хъыджэбзыр зыlэрагъэхьэжти яхьыжт. «Алыхьым иритами едмытын, цIыхум иратами едмытын!» - жаIэрти, Тхьэ яIуэрт.
Хъыджэбзым щеупщIкIэ:
- Сэ къысхуей щыIэжкъым, Iуэхур зэрызэфIэкIынкlэ унафэ фщIы! - къажриIэрт. КъажримыIэми, «яхьа» и цlэ щыхъуакIэ, ар хейуэ къызэрызэтемынэр ящIэт. Абы иужькIэ хъыджэбзым зыри къыхуеижынутэкъым, зышэну щытахэм ящыщ. Мис абы къыхэкIыу Iыхьлыхэм Iэмал ямыгъуэтыж хъурти, хъыджэбзыр зыхьам иратыжт. Ар зылъэныкъуэ.
1 Мыпхуэдэуи къэхъут: щIалэм хъыджэбз гуэр къишэну мурад ищIт. Хъыджэбзым епсалъэрти, къишэну мурад зэрыхуищlар жриIэрт.
Алыхь-алыхь, зэуэ уигу къызэрыкIа къудейр сыту фIыт, уэ пхуэдэ дыдэт сэри къэслъыхъуэр, зэрыжыпlэххэу занщlэу сыбдэмыкlуэни! - жиIэрти, хуабжьу къигъэпуду щlалэм жэуап къритт, къызэримыпэсу, езым хуабжьу лъэпкъыцIэкlэ зыдришейуэ.
~<Mыp мыпхуэдизу къызэпэгэкlыу, жэуап къудей щызмыгъуэтауэ»,- жиIэрти, щlалэр абы хуабжьу къызэгуигъэпырт. 3эгуэпым къыхэкIыу а хъыджэбзыр къимыхьыну Iэмал имыlэу иужь ихьэрт. Апхуэдэр игъащIэкIэ кърамытынуми, хъыджэбзыр зышэну щытахэм къызэрамыпэсыжу Iумпэм ящищIырт. Ари.етIуанэ Iуэхугъуэт.
ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ фlыlейуэ зэрылъагъуу, зэрышэнуи зэрыгъэгугъауэ, хъыджэбзыр езыр зыхуэмей нэгъуэщI зыгуэрым иратыну зэрахуэ щыхъукlэ, хъыджэбзым зыпылъ щIалэм хъыбар иригъащIэрт:
«3алымыгъэкIэ лIы сратыр, лlыгъэ уиIэмэ, уэ пщIэныр уэ пщIэжынщ»,- жиIэрти. ЩIалэ зи гурбияныгъуэр абы къигъэгубжьт, «сlэщIокI», жиIэрти, гужьейти, хъыджэбзыр къимыхьыну Iэмал имыIэу иужь ихъэрт. Ари ещанэ лIэужьыгъуэт.
Щlалэмрэ хъыджэбзымрэ Iей дыдэу зэгуэкlуауэ; Iэджи щIауэ зэпылъу, лъэпкъкlи зэхуэдэу уащрихьэлlэ щыIэт. Ауэ уасэ куэд къыжраlэрэ, щlалэр къулейсызрэ уасэу яритыныр хузэфIэмыкlыу хъыджэбзыр нэгъуэщIым иратын хъумэ, щIатыр абы къигъэгужьейрти, зыгуэркlэ зэфIэкIыжынщ, жиIэрти, гузэвэгъуэм къыхихырти, къихьт. Ар еплIанэ лIэужьыгъуэт. Мис абыхэм яхуэдэ Iуэхугъуэщ хъыджэбз яхьыныр къызыхэкIыу щытар.
Унэидзыхьэм и хабзэр зэрекIуэкlыу щытар:
Хъыджэбзыр къэзыхьыну мурад зыщIа щlалэм и ныбжьэгъу гуп къызэхуишэсырти, тIэкIуи иригъафэт, Iуэхум нэхъ тегушхуэн щхьэкlэ. Абы иужькlэ ахэр къыщIриджар яжриIэрт, «фыкъыздэIэпыкъу!» жиIэрти, ныбжьэгъухэм елъэIут, къуэш хуэдэу къыдэIэпыкъуну зэращыгугъри яжриIэрт. Апхуэдэу игурэ и щхьэрэ зэтелъу щелъэlукIэ, дэтхэнэ адыгэ щIалэр арат, «сэ сошынэри сынэкIуэфынукъым»,- жызыIэнур? Псори хьэзырт и лъэlур хуагъэзэщIэну. Ныбжьэгъур зымыгъэпэжынрэ, абы щхьэкlэ зи псэр зымытынрэ зыри яхэттэкъым. Пасэрей адыгэхэм ныбжьэгъур къуэш дыдэм хуэдэу ялъытэу щытащ.
- Силъ сщIэжынущи, си бийм сыпэлъэщкъым, накIуи къыздэукI,- жиIэмэ, ныбжьэгъуп псалъэ химылъхьэу бгъурыувэнурэ кIуэну щытащ .. Абы и лъэlур хуимыгъэзэ-
щlэныр къэрабгъагъэт, лlыгъэншагъэт. Адыгэлlым «къэрабгъэщ, лlыгъэншэщ» зыхужримыгъыlэн щхьэкlэ и псэр итынут.
Унэидзыхьэ кlуэнум, ауэ нэуф1ыцlщхьэрыуэу гуп ир ишажьэртэкъым. Япэ щIыкlэ хъыджэбзыр къезыгъэхьыр ар закъуэхуауэ къыпэщlэзыгъэхуэн, зэкlуэлIэну щlыпlэр зэригъэпэщт. Зэкlуэлlэну щlыпlэр Iупщlу иришажьэрт. Ар зэпсэлъа и хэгъэрейми хъыбар къригъащlэрт: «мопхуэдэ пщыхьэщхьэм фыкъекlуалlэ»,- жиlэрти. Гур зэщlащIэт, щlалэхэр итIысхьэрти кlуэрт. А зэпсэлъылlам екlуалlэрти, хъыджэбзыр къапэщlигъахуэрт.
Хъыджэбзым и Iыхьлыхэм псынщlэу хъыбарыр 'зэхахмэ, пхъэрыр щlэхыу и ужь ихьэт. Пхъэрыр къащIыхьэмэ, хьэлэч зэрыщlти, хъыджэбзри трахыжт.
Пхъэрыр къащIэмыхьэу хъыджэбзыр яхьмэ, зыхь щlалэм я унэм ихьтэкъым. Я унэм ихьмэ, псынщlэу къагъуэтынурэ трахыжынут. Нэмыс зиlэу къуажэм дэс нэхъ лъэрызехьэlуэм я деж ирихьэлlэрти, абы къан хуищlырт. Хъыджэбзыр абы игъэтIысти, езы щlалэри я унэ мыкlуэжу, зыгуэрым я деж кlуэрти, щауэ къан захуищlырт.
Зэрыхъумкlэ, «къэхьыныр си Iуэхути къэсхьащ, зэфlэгъэкIыныр уэ уя Iуэхущи, зэфlэгъэкl»,- жиlэу игъэтlыса хуэдэт. Арат зэрыщытри. «Къан къыдахьэлlащ»,- жаlэрти, зрахьэлlа унагъуэми къажыхьт.
Хъыджэбзыр зрахьэлlам а Iуэхур зэфlимыгъэкlыфу хъыджэбзыр фlахьыжмэ, и напэр тeкlaт, и лlыгъэри къутат, и нэмысри кlуэдат. Абы папщlэкlэ и къарури и гупсысэри Iуэхум иритауэ иужь итт, и напэр имыгъэукIытэн папщlэ.
Япэр арати, зрахьэлlар хъыджэбзыр зейм, къызыхэкlа лъэпкъым щlэупщlэрти зригъащlэрт, я лъэпкъым узыбгъэдыхьэу узэпсалъэ хъуну яхэтыр зригъащlэрт. Къэзыхьам хъыджэбзым и Iуэху лъэпкъ зэрихуэртэкъым, а зрихьэлlам зэрызэфlигъэкIынур, зыгуэр зэрырищIэнури ищIэрти. Псори а зрихьэлlам и пщэ дэхуат. А зрихьэлlам зэреджэр «тешэрэщт».
А зрахьэлlам лlы щхьэпэ къилъыхъуэрти, хъыджэбзым я деж игъакlуэрт.
- Фи хъыджэбз цlыкlур ди деж щыlэщ, фымыгузавэ.
Щlалагъэ хэлъу къызэрывжьэхэфыщlыхьар ди жагъуэ хъуащ. Ауэ тхьэм зэриухам хуэдэу хъуащи, Iуэхур дахэ тхьэм ищI, Iуэху угъур.лы тхьэм ищI. «Кхъэм яхь къахьыжкъым»,- жыхуаlэр аращи, адыгагъэ хэлъу хабзэкlэ дызэвгъэувалlэ, Тхьэм зэриухам хуэдэу Iуэхум кIэ едывгъэт, фи благъагъэр ди гуапэу аращ Iуэхур зытетщlыхьари, дахэкlэ дызэвгъэувалlэ" - жаIэри сыкъагъэкlуащ,- яжриlэрт.
Хъыджэбзыр здэщыlэр къызэращlэу, ар зейхэр къэсырт, хъыджэбзыр яшэжын мурад яlэу. Ауэ хъыджэбзыр кърагъэгъуэтткъым дауэ ящlми. Къуажэм цlыху хуэдэу дэсхэр Iуэхум къыхашэрт.
- «Яжьэжь ирадзар къэпхьыжкlэ хуабэ хъужыркъым»,- жыхуаlэр аращи, сыту щытми къахьащ, «яхьащ» и цlэ хъуащ. Зыри кIэрымылъми, ар къабзэ пхуэхъужынкъым. Мыр щыпэублэкъым икlи кIэухкъым, апхуэдэ защlэщ къэхъур. Къэхъуа псом зефлъыти, фыкъызэрынэжыну зыфщl, хабзэкlэ Iуэхур зедывгъэхьэ, адыгагъэкlэ, благъагъэкlэ дызэвгъэувалlэ,- жаIэрти, къэкlуахэм елъэlуу щlадзэрт.
- Ягъэлъхуауэ гущэкъуапэр иlыгъыу щытми, фэдмытын! - жаlэти, мыдрейхэм зрагъэпсалъэртэкъым.
А зрахьэлlам ауэ гу цlыкlукlэ къуитыжынутэкъым ар, мы дунейм цlыхурэ Iуэхурэ щыlэу. Хъыджэбзыр яшэжынути, кърагъэгъуэткъым. А здэщыlэм и нэмысым фlолlыкlхэри lей зыкъыхуащlу къажьэхэфыщlыхьыфкъым. Iуэхур щагъэткIийм, къуажэм цlыху хуэдэу дэсыр ираутIыпщырти, зэрыхъунумкlэ еуэхэрт.
Адыгэ лlыжьхэм апхуэдэ Iуэху Iэджэ зэфlагъэкlыурэ есати, кlэ ирамыту етIысэхынухэтэкъым. Арати, жылэр тегъуалъхьэрти, и нэчыхьыр ятхт. Псори зэфIэкlыу нысэр зеим ишэжын щыхъукlэ, зрахьэлlам, езым ипхъу яшэ хуэдэу, фызышэу дригъэшыжт.
Апхуэдэм уасэ зекlуэ Iaxт. Абы и щlыбкlэ «гъафlэжу» - жаlэрти, лейуэ зыгуэрхэр laxт, къызэрахьам щхьэкlэ. Арати, пхъур зейм уаситI Iэрыхьэрт.
Ауэ мыпхуэдэуи къэхъут:
- Нысэр фыдот, угъурлы Тхьэм фхyищI! Ауэ хъыджзбзыр ди унэм дымышэжу дунейм теткъым и нэчыхь зэредгъэтхын,- жаlэрэ къыпаубыду.- Хъыджэбзыр къыдэфтыжи, ди ужь иту фынакlуэ нэчыхьытхыр! - жаlэрэ абы яхутемыкlыу. Ари зэманым и хабзэхэм ящыщт. Ар хуамыщlэу мыхъун щыхъукlэ, хъыджэбзыр иратыжти, ирагъэшэжт. Ауэ ар щашэжкlэ, зрашэлlа тешэрэщым пхъу ищIти, иригъэшэжт икlи и къант.
Хуэфащэ саугъэти хуищlауэ иригъэшэжт. Нэчыхьытхыр и ужь иту кlуэрти, зэрызэпсэлъам пцlы къыхэмыкlыу и нэчыхьыр ятхт. Ар, зэрыхабзэти, жылэр къагъэгугъэу щыдашыжакlэ, пцlы къыхэкIыжынутэкъым. Хабзэ екlуэкlым тету, зи нэчыхь ятха нысащlэр илъэскlэ дэст къамышэу.
Унэидзыхьэр мы зэрыжытlам хуэдэу дахэ цIыкlуу зэфIэкIтэкъым. Абы гуауэщхьэуэ Iэджэ къыхэкIт. А Iуэхум пхъур зеихэр къызэгуигъэпт, икъукlэ къигъэгубжьт.
Унэидзыхьэ кIуэм и мурадыр къехъулIэну и гугъ кIуэрт. Ауэ здэкIуам ар зымыдэн зыгуэрхэр къарихьэлIэжырти, хьэлэч къызэтрищIэрт. Хъыджэбзыр кIийуэ къыщыдахкIэ, абы и Iыхьлы гуэр къарихьэлIэмэ, зыгуэр имыукIауэ е имыуlауэ яригъэхьынутэкъым. Ар кIийуэ дахыу зыдэн Iыхьлы щыIэтэкъым.
Хъыджэбзым фlэфI дыдэу зригъэхьми, «фIэфIу кlуащ» жримыгъэIэн щхьэкlэ, мыкIиину Iэмал иlэтэкъым. Абы зыгуэр щарихьэлIэкIэ, зыгуэр еуIэ, е еукIри лъэпкъитlыр бий зэхуохъу. Мис а щIыкIэм тету а Iуэху мащIэ хэкlуадэртэкъым.
Апхуэдэ бэлыхь зи Iуэхум къыхэкIа хъыджэбзри «угъурсызщ» жаIэти, зышэну щытахэми къамыдэж хъути щIыбагъдэдзэ хъужырт.
Унэидзыхьэм и бэлыхьым къыхэкIыу Инэрыкъуей мыпхуэдэ бэлыхь къыщыхъуауэ щытащ 1914 гъэм:
Зы щlалэрэ зы хъыджэбзрэ зэгуэкIуауэ зэрышэну зэпылът. ЩIалэм къишэну мурад щищIым, хъыджэбзым къыжриIащ: - УкъыслъыхъукIэ зэфIэкIынкъым, сыхь! – жиIэри. Хъыджэбзым и анэ къилъхуауэ дэлъхуиплl иIэт. Ахэр щ1ыдэмыс зы пщыхьэщхьэ гуэру зыхуигъазэри, щIалэм зигъэхьэзыращ къихьыну. ЩIалэм и благъэ, и ныбжьэгъу гуп зэхуишэсри яжриIащ:
- Мыращ си мурадыр, хъыджэбзымрэ сэрэ дызэгурыIуауэ къэсхьынущи, фыныздэкIуэ! - жиIэри. Зэрыха-, бзэти, фадэбжьи зэдрафщ, гу зэщIащIэри кlуащ. ЗдэкIyaм, пэжу, зэрыгугъам хуэдэу тыншу къапыщlэхуэри, хъыджэбзыр къыщIахащ.
Хъыджэбзыр бжэм къыщlаха къудейуэ, унагъуэр зейм, я пхъурылъху зы лIыжь гуэр Iуэху иIэу дыхьащ, зыри химыщIыкIыу. ЛIыжьым сэшхуэжь пцIанэ иIыгът, зыщIыпlэ кърихыжуи, мо зэрызелъафэ гупыр щилъагъум, яхэлъадэри яхэуэу хуежьэри, зы анэм къилъхуауэ тIy яхэтти, тIури иукIащ. Хъыджэбзыр зыхь щIалэм епыджри уlэгъейуэ иуIащ. Абы хъыджэбзыр яIуэхужынт, хьэдитIри уIэгъейри къыдашыжри къыдэкlыжащ. ИукIа щIалитIым ади, ани, къуэши, шыпхъуи зыри яIэтэкъым ялъ зыщIэжыни, я бжэр хуащIыжащ. Мыдрей щIалэ уIэгъэри абы иужькIэ щIагъуэ дэмыкIыу лIащ. Дауэ хъуми, лIищыр. триукIащ.
Ахэр зэрыукIыу Iуэхур зэфIэкIакъым. Къэзыхьыну. щIалэм и анэ къилъхуауэ шынэхъыжь иIэт. Абы илъ имыщIэжу игъэгъуну Iэмал иIэтэкъым.
Хъыджэбзым и дэлъхухэм щIалэм и къуэшым и деж къыхуагъэкIуащ: «Бэлыхьыр къытхуэзыхьам Тхьэм къыхуимыгъэгъукIэ, Алыхьым и нэлатыр къытихуэ! Ди Iуэху хэлъкъым, дыщыIакъым. Къэхъуа Iуэхур уэ узэригуауэм: ещхьыркъабзэу дэри ди гуауэщ. Бэлыхьыр дяку къыдэзылъхьар. уэ узэрибийм ещхьыркъабзэу,. дэри ди бийщ!» -жаIэри. КIэщIу жыпIэмэ, гуауэр зейхэм зэрагуауэм ещхьу езыхэми зэрагуауэмкIэ хабзэкIэ хъыбар кърагъэщlащ:
Пэжу, я Iуэху хэлътэкъым, зыри хащIыкIтэкъым.
Лажьэ зимыlэ лъэпкъитIыр бий зэхуэхъуащ, и къуэшми илъ имыщIэжыну Iэмал имыIэу ари къапэплъэ хъуащ. Ауэ хъыджэбзым и дэлъхухэм яхуэзэми я гугъу ищlтэкъым, «абыхэм сыт я лажьэ»,- жиlэрти. Ахэр зыукIам и анэ къилъхуауэ къуэш иlэти, абыи и гугъу ищlтэкъым:
«Ар жейуэ пlэм хэлъащ, сыт и лажьэ»,- жиlэрти. Ахэр къэзыукIа дыдэм ещэури къыпььщ1эхуэри, еуэри иукlыжащ. А иукIыжам и къуэшым лIыкIуэ хуищIащ:
- Си къуэшыр иукIати, уи къуэщыр сыукIащ. Ар умыдэнумэ, уэри абы укIэлъызгъэкIуэну сыхьэзырщ! жиIэри.
- КъуищIар епщIэжащ, куэдрэ си къуэшми, лей зэрихьати, къыхуэгъуакъым, зыкIи биигъэ пхузиlэкъым! -
жиIэри абыкIэ яухащ зэбииныр.
ЦIыху1бз хьыным и зэранкIэ а зы цIыхубзым текIуэдащ. Езыри «цIыхубз угъурсызщ», жаIэри, къыдэнэжри, и ныбжьри хэкlуэтауэ зы лIыжь ишэжащ.
Ар зыукIыжар сытым и дежи хуэхьэзырт абы къиукIа лlы бжыгъэм хуэдиз иукIыжыну. Ауэ а Iуэхумкlэ лажьэзиIэ игъуэтакъым, зыукIа закъуэм и нэмыщI. Езым лажьэ зимыIэ иукIыну хуейтэкъым.
Пасэрей фыз къэшэкIэм мис абы хуэдэ гуауэщхьэуэрэ нэщхъеягъуэрэ къыхэкIт. Апхуэдэ бэлыхьхэр къыхэкIыу щIыщытар, цIыхубзыр и щхьэ хуиту, езыр зыфIэфIым дэкlуэ хъууэ зэрыщымытар аращ. А бэлыхь къомым хэмытын щхьэкIэ е хэмытыфу, фыз къыхуэмышэурэ lэджи. лlыжь хъурэ лIэжу щытащ.
Хъыджэбзри уасэшхуэ къыщIахыну я гугъэу къылъыхъум ирамытурэ къыдэнэжти, икIэм зыхуэмей лIыжь гуэрым иратыжти, хуэмейуэрэ дэпсэурт.
Iыхьлыхэр нэхъ зэплъу щытар - уасэ нэхъыбэ къэзытыфын, былым нэхъыбэ зиIэр арат. А зратыр сыт хуэдэми гузавэртэкъым, быIуэбышэми, делэIуделафэми абы зыкIи еплътэкъым, «ищIэнрэ ишхынрэ щигъуэтынущ»,- жаlэрти, арат зэплъыр.
Хъыджэбзыр и шэгъуэ зэрыхъуу щIалэ куэд къызэдежэрти къылъыхъут. Ауэ езы хъыджэбзыр зыфIэфIым ираттэкъым. Хэти уасэшхуэ паубыдт, хэти лъэпкъьщIэкIэ лIиплI ямышэу гуэрым
ягъэпудт. Хъыджэбзыр зейхэм зыдрашейуэрэ, къылъыхъур пагъэкIыурэ къылъыхъун дзыхь ямыщIэжу къыдэнэжт.
Хъыджэбзыр и шэгъуэ щыхъуам ирамытурэ и пIалъэр икIа нэужь, дэкIуэни щIали фIэмыIуэхуж хъурти, щIалэхэми къашэну яфIэIуэхужтэкъым, и Iуэхуи зэрахуэжтэкъым.
Куэдрэ къыщыхъу щыIэт: зэкъуэшитIым зыр быIуэбышэу, ныкъуэдыкъуэу, адрей и къуэшыр щIалэ къабзэ зэкIэлъыкIуэу. БыIуэбышэм къыпхуашэн зэрыхъуу, и къуэш щIалэ зэкIэлъыкIуэр хъыджэбзым и лъэпкъым ирагъэлъагъурти, хъыджэбзым ирагъадэрт, абы тету нэчыхь ирагъэтхырт. Хъыджэбзыр къашэу хьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIа нэужь, быIуэбышэр щIагъэхьэжт. Абы и бампIэм хъыджэбзыр ихьт.
КIэщIу жыпIэмэ, цIыхубзыр лIы дэкIуэн щыхъукIэ, зыкIи езым и Iуэху хэлъу щытакъым, зращэм дэкIуэ мыхъумэ. ЦIыхубз уэрэдхэм я нэхъыбэр абы траусыхьащ. Езы хъыджэбзыр дэкIуэну къащIамэ, сыт къратми, а езым фIэфIым иратынутэкъым, «дэ дымыщIэу уэ лIы щэху зошэри»,- жаIэрти.
Хъыджэбзыр залымыгъэкIэ ящэу зэрыщытам и щапхъэ куэд къэтхьыфынущ. Абыхэм ящыщ зыщ мыр:
Зы къуажэ гуэрым щыщ зы щIалэ гуэр нэгъуэщI зы къуажэ гуэрым щыпсэу зы хъыджэбз гуэрым лъыхъууy щIидзащ. Хъыджэбзыр езым я къуажэ зы щIалэ гуэрым дэкIуэну ехъуэпсати, а къылъыхъум яхудэкIуэн идэртэкъым. Пэжу къылъыхъур зыдэкlуэ хъуну щIалэт.
Зыгуэрым лъыхъуэу къуамытыныр икъукIэ пудыгъэу ялъытэу щытащ. Абы папщIэкIэ зэ лъыхъуу щIадзамэ, кIэрыкIтэкъым зыгуэр къикIыlу. Арати, дауэ хъуми, цlыху зыбжанэ хагъэхьа хъущ Iэхуми, хъыджэбзыр зей ирагъэдащ иратыну.
- Мопхуэдэ пщыхьэщхьэм нэчыхьытх фыкъакIуэ! _ жаIэри пIалъэ иратащ пхъур зейм хъыджэбз иратынум Iуэхум зыри химыщIыкIыу.
Къуажэм нэхъ лIыжьыфIу дэсхэм ящыщ зыкъом молэи яхэту, гуфIэхэри нэчыхьытх ягъэкIуащ, пIалъэм ирихьэлIэу. Ар къызэрищIэу хъыджэбзыр щтапIэ ихьэжри зигъэпщкIуащ, «си щхьэр фIамыхауэ сыдэкIуэнкъым»,жиIэри.
ХьэщIэхэр ирагъэблагъащ. Хъыджэбзым дэлъхуищ иIэти, Iуэхум иужь ихьащ, нэчыхьыр ирагъэтхыну. Хъыджэбзым зыгуэр уэчыл кърагъэщIын хуейти, бгъуэтым къащтэ, шыпхъур ягъуэтыжкъым. Я благъэ щIалэжь Iэджи къызэхуэсауэ щыIэти, гузэващ, ~ «ди шыпхъу дгъуэтыжкъым жытIэу мы лIыжь хъарзынэхэм дауэ яжетIэну»,- жаIэри. Сыт ящIэнт, щIалэхэр кIуэри зыри жамы. Iэу лIыжьхэм ящхьэщыIвэжащ.. ЛIыжьхэми я нэчыхь тхын къижауэ Iуэхум хуэпIащIэу зэхэст, щIалэхэм къатыну жэуапым пэплъэу. ЩIалэхэри укIытащи зыри жамыIэу зэхэтщ. Щымыхъум, лIыжь нэчыхьытх къэкIуахэр щIэупщIащ:
- ИIэркъэ, тIасэ, щхьэ дывгъэгувэрэ! - жаIэри.
- Уэлэхьи, мырам зэрыщытыр, хъыджэ6sым зыгуэр уэчыл къедгъэщIынути, зигъэпщкIуащи дгъуэтыжкъым!
Сыт ящIэжынт, лIыжьхэми я щхьэр къыфIэхуащ. Зыкъомрэ нэщхъея нэужь, Лыжьхэм ящыщ зы хьэжы гуэрым ерагъыу зыкъищIэжри.
- Уа, щIалэхэ, дэ фыкъытщхьэщымыт, моуэ зы лIыгъэ гуэр хэфлъхьэ Iуэхум,- жиlащ.
ЩIалэхэр укIытэри щIэкlащ.
«Сыт тщIэнур, ди напэр текIащ»,- жаIэри гузэващ.
ПцIырыпцIу зэрыгъэIущри, къыщIыхьэжхэри лIыжьхэм жраIащ:
- ЗэфIэкIащ, Къэдгъуэтыжащ, мор уэчыл къищIащ, ар уэчыл къызэрищIамкIэ мобырэ мобырэ щыхьэтщ,жаIэри.
- АтIэ Тхьэр арэзы къыфхухъу, армыраи хабзэр! - жаIэри, къызэщIэтаджэри, нэчыхьыр ятхащ пцIырыпцIу.
Хъыджэбзым дэсын ирикъури яшэну фызышэу къыщыкIуэм, «си щхьэр памыупщIа, уэ сыдэкIуэнукъым»,жиIэу гъуэгыурэ гум ирадзэри ирагъэшащ. Езыри «бампIэм ихьащ», жаIэу куэдрэ мыпсэууэ лIащ.
Апхуэдэ Iуэху пщхьэмыпэхэр къэхъунутэкъым, иджы хуэдэу цIыхубзыр и щхьэ хуиту дэкIуэу щытыгъатэм.
Хъыджэбз гуэр фIыуэ илъагъу щIалэм дэкIуамэ, напэтехыу ялъытэу щытащ, «кIуэсащ, к1yэпэчщ, къэхьпэщ, лъэпкъ напэр трихащ»,- жаIэрти дунейм тет хьэбыршыбырыгъэр кIэралъхьэрт. Дэ ди лъэныкъуэм кIуасэр щыхьэдыгъуэдахэу щытащ. Ауэ Псыжь лъэныкъуэм мыкIyaсэу ятыр щыемыкIут, «А Iейм Iыхьлыхэм лIы къыхуамылъыхъуэу езым къигъуэтыжыфакъым»,- жаIэрти.
Ахэр зэреплъыр нэхъ тэмэмт, дэ дызэреплъым нэхърэ.
Гуащэмрэ
нысэмрэ яку зэхуиль хабзэхэр
Гуащэмрэ нысэмрэ нэмысышхуэ яку зэхуилъу щытащ.
Гуащэм и унафэр нысэм и дежкIэ хабзэт, гуащэм и Iизыныншэу абы унагъуэм зыри ирилэжьыхьтэкъым - къыхуищIыр и унафэт. Унагъуэм lуэхур зэрыщыту гуащэм и IэмыщIэ илът. Илъэс заул дэкIыху пщэфIэнрэ шхын уна-
фэрэ нысэм и пщэ дэхуэртэкъым. А зэманым нысэм нэхъ и Iуэхур дэн-бзэныр арат.
Илъэс зыкъам дэкIыу, хуэфащэ зэманым нэсу, нысэри бын хъууэ, гуащэм и ныбжьри хэкIуэтэхукIэ, нысэм унагъуэ Iуэхухэр и пщэм дэхуэртэкъым. Ауэ гуащэр жьы хъууэ и ныбжьыр хэкIуэта нэужь «нысэм лэжьэн щIидзащ» жаIэу и гуащэм дэIэпыкъуу, и лэжьыгъэхэр дигъэпсынщIэу щIидзэрт, дэпщафIэ хуэдэурэ, и гуащэм къыхуищI унафэхэр игъэзащIэ хуэдэурэ иригъажьэрт. Ауэрэ тIэкIу-тIэкIуурэ гуащэм лэжьыгъэкlэ Iуэхум хищIыхьы:шхуэ щымыIэу, нысэм унафэ хуищIурэ игъэлажьэу щIидзэрт. Ауэрэ гуащэри нэхъыжь хъууэ, нэхъ лъэрымыхь щыхъукIэ, нысэри фызыпIэ щиувэкlэ, шыуани, тэбакъи-пщэфlапlи, гъэши, шыпси, ерыскъы хэкlхэри нысэм и IэмыщIэм ирилъхьэжти, езы гуащэм пщэфIэн щигъэтыжырт. Ауэ пщэфIэн щигЪэтыжа щхьэкlэ, нысэм ищIэн хуейхэмкIи, иупщэфIын хуейхэмкlи унафэр зыщIыр гуащэр арат. Нысэм пщэфIэныр и Iуэху хъуа щхьэкlэ, и гуащэм емычэнджэщу, абы хуитыныгъэ къыIимыхыу, езым и закъуэ акъылкIэ зыри илэжьтэкъым.
Хьэщlэ къэкlуауэ джэд иукIын хуейми, къаз иукIын хуейми унафэр зыlэщlэлъыр гуащэр арат. Ауэ ныш яукIын хъумэ, ар цlыхухъу унафэти, яукIмэ, иупщIэфт.
Унэ нысэр тly хъумэ, щы хъумэ, гуащэм и унафэкlэ нысэхэм пщэфlэгъуэ чэзу яхуищlт. Махуэм зыр пщэфlамэ, пщыхьэщхьэм псори игъэкъэбзэжт, зэхитхьэщlэжри, къыкIэлъыкlуэ махуэм пщэфIэнум Иритыжти, ар зэрыпщэфlэным хуэхьэзыру нэху къекIт. А щlыкIэм тету етlуанэ махуэм адрей нысэр пщафlэт.
Хьэщlэхэр куэд хъурэ нышри гъэвэн хуейуэ, пlастэри шыуанышхуэкlэ щlын хуейрэ зи пщэфlэгъуэм и закъуэкlэ зэфIэмыкIынумэ, гуащэм и унафэкlэ нысэхэр зэдигъэlэпыкъурт. Ахэр зы цIыхукlэ зэрызэфIэмыкIынум зэрихулlэрт. А къамыр зы цIыхукlэ зэфlэкIыхункlэ хьэщlэхэр ауэ зэхэс хъунутэкъым.
Нысэхэм гуащэмрэ тхьэмадэмрэ нэмысышхуэ хуащIт, щlыхь хуащlт, фlэлlыкlырт. Тхьэмадэмрэ гуащэмрэ я унафэмнысэри къуэри ебакъуэртэкъым. Адэмрэ анэмрэ мыгъуэлъыжауэ къуэмрэ нысэмрэ гъуэлъыжыну eмыкlyшхуэу ялъытэрт. Абы ещхьыркъабзэу, пщэдджыжьым адэ-анэр къэмытэдж щIыкlэ къуэмрэ нысэмрэ къэтэджын хуейуэ хабзэт.
К:ъуэр пщыхьэщхьэм хэкlуэтауэ къекlуэлlэжами, япэ щlыкlэ и адэмрэ анэмрэ я деж щlыхьэу ахэр зэрыщытыр зэримыгъащlэу и лэгъунэм щlыхьэжтэкъым. Щlыхьэжынуи eмык1ут. Хабзэр япэ щIыкlэ и адэ-анэм я деж щlыхьэу, ахэр зэрыщытыр зригъэщlэн,у арат. Абыхэм хуит къащlа нэужь, итlанэт и лэгъунэм щыщlыхьэжыр.
Адыгэ цlыхубзым и лlыр жэщныкъуэ хъухункlэ къемыкlуэлlэжами, зимытlэщlу, мыгъуэлъыжу пэплъэу щыст. Адыгэ хабзэкlэ цlыхубзым и лlыр къемыкlуэлlэжу фызыр гъуэлъыжыну eмыкlyy щытащ. И лlыр къэкlуэжу и вакъэлъейхэр хулъихыу имыгъэгъуэлъыжыныр адыгэ хабзэкlэ емык1ут, е и лIым щlыхь хуищlтэкъым, е фызыр мыкlуэмытэ гуэрт. Хабзэу зэманым щыIэхэм нэмыс зэхуащIыным ехулlа ищlт. А гъуэгум утекI мыхъуу хабзэ пыухыкlахэр яlэу щытащ.
Нысэ къашагъащIэм и дыщымкIэ къикIыу зыгуэр къыкIэлъыкlуамэ, ар цIыхухъуи щрет, цlыхубзуи щрети, жэщым къызыкIэлъыкlуа'ныIащlэм и лэгъунэм щlагъэлът, илlри щIамыгъэхьэжу. Ахэр зытраухуэр, нысэм гумызагъэ гуэрхэр, гукъеуэ гуэрхэр иlэмэ, зыщышынэрэ зыщыукIытэ щымыlэу, зыми зэхимыхыу ищэху хуиlуэтэн щхьэкIэт. Нысэм и дыщымкlэ къикlыу къыкIэлъыкlуар, япэ щIыкlэ зэрыхабзэти, унэмкlэ ирагъэблагъэрти, зэрагъэхьэщIэнум хуэдэу ягъэхьэщlэрт. Ирагъэфэнури ирагъэшхэнури псори зэфlэкIырти, щыгъуэлъыжынум и дежти шыпхъум и лэгъунэм щыщlашэр.
Нысэр лъхуа нэужь, зэман зыкъомкlэ сабийр зыгъэгъуэлъри, къэзыгъэтэджри, гущэм хэзыпхэри и гуащэр арат. Нысэм и сабийр гъыкlэ и гуащэр щысу щlиупскlэртэкъым, быдзи иригъафэртэкъым, и гуащэм нэмыс хуищlу. Ар дэнэ къэна, хамэ цlыху щысу иригъафэр:экъым. Иригъафэми хабзэншэт. Ауэ и гуащэр щысу сабийр гъымэ, «умыгъагъыу быдз егъафэ!» - жиlэрти, и гуащэр щэкIт.
И бын лlакlэ нысэр цIыхум ялъагъуу гъыну eмык1ут.
И гуащэмрэ и тхьэмадэмрэ ялъагъуу нысэр и сабийм еуэнуи, хуэгубжьынуи, ебзэрэбзэнуи eмык1ут, хабзэншагъэт.
Нысэм пщыкъуэ нэхъыжь техьэмэ, Iэмал имыlэу техьэпщlэ хуищIт.
САБИЙ
КЪАЛЪХУМЭ, К1ЭЛЪЫЗЭРАХЬЭ ХАБЗЭХЭР
Сабий къалъхумэ, ха6зэ Iэджэ кIэлъызэрахьэрт. Сабийр къалъхуу зы тхьэмахуэ е нэхъыбэIуэ зэрыдэкIыу цIэ фIащт. ЦIэ фIэзыщынур щхьэхуэу щыIэтэкъым, и цIэр хэт фIищынуми хуитт. ЦIэуэ фIащыну зыкъом къагъэлъагъуэм, сабийр зейхэм нэхъ яфIэфIыр къыхахт. Е абыхэм ящыщу нэхъ нэмыс зиIэм къигъэлъэгъуа цIэр фIащырт. абы жиIар ямыдэну яфIэемыкIут.
Е хьэщIэ гуэр щыIэу сабий къалъхуамэ, Iэмал имыIэу сабийм цIэр а хьэщIэм къыфIищт. Сыт хуэдэ къыфIищми ар ямыдэну eмык1ут. Зэрыхабзэти, цIэ къыфIэзыщам сабийм джанэ къыхуищIын хуейт. Абы «цIэфIэщ джанэкIэ» еджэрт. Ауэ джанэм инэмыщIу нэгъуэщI зыгуэрхэри къыщIагъут, дыщIымыгъуми емыкIутэкъым. ЦIэ фIэзыщыр. нэхъыбэрэ сабийр зейхэм я благъэ, я ныбжьэгъу, я пыхъуэпышэ гуэрт. Ауэ зыми намыгъэсу, нысэр зэрылъхуэу. анэжь-адэжьхэм яфIэфI цIэ фIащуи хъурт.
Сабийр зекIуэу зэрыхуежьэу, лъэтеувэ тхьэлъэIу хуащIт. ИпэкIэ лъэтеувэу хуащIу щытар хугу лъэса мэжаджэт. Абы «лъэтеувэ мэжаджэкIэ» еджэрт. Ауэ иджы хьэлыуэ Iэнэ хуабэ, нэгъуэщI Iэджи хуащI. Лъэтеувэ хуамыщIмэ, сабийм и лъэр быдэ мыхъуу, джалэрей хъууз жаIэрт. Лъэтеувэ зыхуа~I сабийм и Iэнэм хьэпшып цIыкIу зыкъом тралъхьэрт: къамышы, сэ, къамэ цIыкIу, тхылъ, къарэндащ, къинэмыщI Iэджэ. Абы сабийр ирашалIэрти, абыхэм щыщу дэтхэнэр къищтэми, ар IэщIагъэ хуэхъуну жаIэрт.
ЩIалэ къалъхумэ, нэгъуэщI хабзэ иIэт. Нысэр япэ дыдэ щылъхуэм щIалэ къилъхумэ, Iэмал имыIэу «къуэ ныш» xyaук1ырт. «Къуэ ныш» жыхуаIэр - сабийм и цIэкIэ вышlэ, е жэмыщlэ, е мэл яукlыу арат. Ар зыукIын хуейр къуэ зыхуалъхуа щIалэм и хьэблэ ныбжьэгъухэр арат. Нысэр лъхуэуэ къызэрытэджыжу, хьэблэ щIалэхэр зэрыгъэIущырти сабийр зыкъуалъхуам я деж кIуэрти, жэмыщIэ яIэми, выщIэ яIэми «къуэ ныш» жаIэрти, яукIыну къралъэфажьэрт. Абы щхьэкlэ унагъуэмй нэгъуэщIми еупщIтэкъым. Хабзэ екIуэкIым тетти, абы щхьэкIэ зыри япэрыуэнутэкъым. Ауэ нысэм и гуащэр щIалэхэм яхыхьэрти ялъэlурт:
- ФыукIынри содэр, ар зыщIыпIи кIуэнкъым, ауэ сэ зыкIи сыхьэзыркъыми, си хьэтыр къэфлъагъуи, моуэ махъсымэ тIэкlу сщlыуэ зызгъэхьэзырыху фымыукIыу фыкъыспэплъэ,- жиIэрти, щIалэхэм ящыгуфIыкIыу елъэIypт. ЩIалэхэри абыкIэ арэзы хъурти, пIалъэ иратырти, махъсымэр хьэзыр хъуху пэплъэрт. Хьэзыр зырыхъуу, къызэхуэсхэрти выщIэри фIагъэжырт, махъсымэри утыкум кърагъэувэрт. Ефэ-ешхэр ирагъажьэрт. Aбы зэджаи зэмыджаи Iэджэ кърихьэлIэрт.
Хъыджэбз, щIалэ Iэджэ къызэхуэсырти, джэгур яублэрт.
Iуэхур абы къыщынэртэкъым. «Нэгъуей хъринэ» хущIащIэрт, «кхъуейплъыжькIэрыщIэ» хуащIт. «Нэгъуей хъринэкlэ» щIеджэр, а хабзэр нэгъуейэм я деж япэ дыдэ щалъэгъуати арат. ПкъоуитI хатIэрт лъагэу, абы пхъэ щыкъуэтэн быдэ къыфIабдзэжырти, кIапсэ быдитI иращIэрт. А кlапситIым я кIапитIым пхъэбгъу цIыкIу иращIэрт, цIыхуитI теувэ хъун хуэдэу. А цIыхуитIыр зэпэщыту теувэрти зыщIаупскIэрт. Арат нэгъуей хъринэр.
«КхъуейплъыжькIэрыщIэр» зищIысыр мырат: пкъо лъагитI хатIэрт. Абы пхъэшыкъу быдэ къыфlабдзэжырти, ику дыдэм щlэп кIапсэ лэрыгъу иращIэрт, дагъэ е сабын щыхуауэ, цlанлъэу, убыдыгъуейуэ, яIэщIэжу щытын щхьэкIэ. КIапсэри защIэт. А кIапсэр зэрыщIам и деж шыкъуэтэным кхъуей плъыжь гъэгъуа къэпщхьэпскIэ кIэращIэрт, и кур угъуэнарэ зы къэпщхьэпс закъуэ илъэфауэ. Ар кIыxьу къыкlэрылэлу, ящIт, уецырхъамэ, зеуалэу, къэубыдыгъуейуэ. Кхъуейм инэмыщlуи Iэджэ кIэращIэрт: бэлътоку, сабын, дыху, чысэр, къинэмыщI Iэджэ.
А кIапсэ лэрыгъу цIанлъэмкIэ дэпщейуэ абыхэм ящыщ къыпихыу къехыжын хуейт, е а кхъуейм едзэкъэн хуейт, IэкIэ емыIусэу, жьэкIэ къиубыду. Ауэ а кIапсэм дэкIуеинри, а кхъуейр жьэкIэ къэбубыдынри икъукIэ гугъут. KIaпсэр цIанлъэти, IэщIэжти, хуэубыдыртэкъым, кхъуейр зеуалэрти, жьэкIэ къиубыдын лъэкIтэкъым. ЦIыху тIoщIым зы къахэкIтэкъым абы дэпщеифын. Дэпщеифами, зыри къыхупымыхыу, кхъуейми емыдзэкъэфу, ешти къехуэхыжт. IэкIэ еIусэну кIапсэр иутIыпщ хъуртэкъым, жьэкIэ зыри хуещIэртэкъым. АпщIондэхункIэ жылэр абы щыдыхьэшхт. Хъыджэбзым «бэлътокур, е дыхур къысхупых!» - жиIэрти зыпылъ щIалэр иутIыпщт. Е зыри жрамыIами, зыпылъ хъыджэбзым зыгуэр къыхупихыну и мураду щIалэр дэпщеину хуежьэрт. Ауэ ар зыпылъ хъыджэ6зым и пащхьэм и деж дэмыпщеифу къыщехуэхыжыныр куэду укIытэгъуэт. Мис а щIыкIэм тету ауан ящIу, дыхьэшхыурэкъызэхуэсахэм я нэгу зиужьт. ИкIэм джэгу тращIыхьыжти, Iуэхур абыкIэ яухт .
Бынунэм
хабзэу зэхуаIэхэр
Дэтхэнэ унагъуэми хабзэ щхьэхуэ яIэт, «зэгъунэгъуитl я мэл бжыкIэ зэщхькъым», жыхуаIэм хуэдэу. Ар цIыхухэм я гупсысэкIэр зэрызэхуэмыдэм ещхьт, хабзэри зэрызэхуэмыдэр. Мис абы теухуат дэтхэнэ зы унагъуэм илъ хабзэри. Дэтхэнэ бынунагъуэми езым къызэрыфIэщIым хуэдэу хабзэ яку зэхуилът. Псалъэм щхьэкIэ, унагъуэм зэдисщ: адэ-анэ, къуэ, пхъу, нысэ. Ауэ а гупым псоми я унафэр щхьэж зэрыфIэфIым хуэдэу иригъэкIуэкIтэкъым. А псоми я унафэр зыщIыр адэрт. Мылъкури, унагъэ Iуэхури зи пщэ дэлъри, хуитри - адэр арат. Къуэуи пхъууи щрет, адэм и унафэншэу зыгуэр къащэхунуи ящэнуи хуиттэкъым. Къащэхунуми къызэращэхун ябгъэдэлътэкъым. Къуэм и фыз е и бын щхьэкIэ зыгуэр къищэхуну хуиттэкъым. Къищэхуми eмык1ут, хабзэншэт и адэр псэууэ, езыхэр зэхэсу щытмэ. Уеблэмэ, «си фызым, си быным зыгуэр къыхуэщэхун хуейщ», жиIэну хуитыныгъэ иIэтэкъым. Хэт сыт хуейми (быным ящыщу) зылъагъунури къэзыщэхунури адэр арат.
Унагъуэм зыгуэр кърахьэлIэми, зыгуэр къахэхъуэми зыбгъэдыхьэр адэр арат. Бынхэм ящыщ зыгуэрым и щхьэм папщIэ, и фыз, и бын щхьэкIэ унафэ ищIмэ, адэм идэнутэкъым, «хьэмэ къилъхуа, унафэр уэ уи деж къэса»!- жиIэнурэ. Ар апхуэдэу лъыта-пщытауэ щIыщытар, иджы хуэдэу къызыхэкIри зыхыхьэжри ямыщIэу унагъуэм хэхъуапIэ куэд зэримыIар арат. Ар зэщхьу щытар: аргъуейм и куэпкъыр къутауэ Iэзэ къашати, «къупщхьэр къыхэхын хуейщ» щыжиIэм «къызыхэпхми еплъ, зиусхьэн, зыхэплъхьэжми еплъ!» жиIащ жи аргъуейм. Абы нэхъей, абы щыгъуэм къызыхахыни зыхалъхьэжыни ямыгъуэту щытащ.
Гъавэ тIэкIу къалэжьмэ, зращэнрэ зыщэхунрэ ямыгъуэту яфIэкIуэдыжт. Я фIэщ кърагъэкIмэ, къуажэм тыкуэн щызиIэхэм щэкI Iэрэмылъхьэ тIэкIу, хьэбыршыбыр гуэрхэр къратти, я гъавэ тIэкIур уасэ пудкIэ IэщIагъэкIт. Ари адэм и унафэт. Мис а зэхэтыкIэм теухуауэ быным я жыпмM зэи ахъшэ кIуэртэкъым .
Унагъуэм къэрал къулыкъукIэ ахъшэ итын хъуми, ар зи Iуэхур адэрт. Унагъуэм ахъшэ щIыхуэ телъу ипшыныжын хъуми, зи пщэ дэлъри зэпсэлъэнури адэр арат армыхъумэ, быным я Iуэху зыкIи хэлътэкъым.
Унагъуэм щхьэкIэ Iэщу щрет, къинэмыщI зыгуэру щрети, къэщэхуныр зи Iуэхур арат. Абы щыгъуэм апхуэдэ къэщэхушхуи щыIакъым
Щыгъыныжь тIэкIу яIэмэ, лэжьэху ядыжурэ езым щыщыр умьщIыхужыху ядыжт. ИтIанэ бдыжи мыхъужу ящыхупэмэ, зыгуэр къащэхут. Ари адэм и гурыфI къикIмэ, къахуищэхут, къимыкIмэ, я лыр къищу къакIухьт.
Лэжьыгъэм и IуэхукIэ унагъуэм иригъэкIуэкIын хуей псами я унафэр зыIэщIэлъри адэрт. Пщэдджыжьым нэху къекIмэ, сыт хуэдэ лэжьыгъэ быным ирагъэкIуэкIынуми, пщыхьэщхьэм адэм унафэ яхуищIауэ нэху къекIт.
Нэмыс зэрылъ унагъуэм бынхэр адэм дэтIысу дэшхэртэкъым. Ауэ и къуэ нэхъыжь дыдэр здигъашхэу къэхъункIэ хъурт. Абы и ныбжьыр хэкIуэтауэ щытмэ, eмык1y къыхуэзыщIын хьэщIэ щымыIэмэ.
Быным ящыщ зыщIыпIэ кIуэну мурад ищIмэ, адэм имыщIэу, абы и унафэншэу кIуэну хуиттэкъым. Адэм сыт къыжриIами, быныр пэпсэлъэжыну хуиттэкъым.
Адэ зиIэ къуэм и гъащIэкIэ фыз къыхуамышами, «къысхуэфшэ», жиIэнутэкъым, И адэр псэууэ «фыз къэсшэн хуейщ», жиIэу езым хьэрычэт ищIынутэкъым. Абы къишэн хуейрэ хуэмейрэ адэм илъагъун хуейт, унафэр зыIэщIэлъри арат. Ар зытеухуэф уасэу ятын хуей мылъкур адэм зэрыIэщIэлъыр арат.
Къуэм езым сыхуейкъым жиIэу имыдэми, адэм мурад ищIамэ, Iуэхум кIэ игъуэтат. КIэщIу жыпIэмэ, къуэм и фыз къэшэныр эытеухуар - адэм унафэ зэрищIт.
Апхуэдэ къабзэу, къуэм и фызыр иригъэкIыжыну мурад ищIми, адэр ар азы хъууэ хуит имыщIу, иригъэкIыж хъунутэкъым. Ар къуэм щIримыгъэкIыжыфынури, ар адэм имыдэныр къызыхэк1ынури, псари зытеухуар нысэм и нэчыхь сам 200 унэм илъыр иримытыныр арат. Мылъкур , адэм ейщи, къуэр хуиткъым иритыну. Адэм ар иримытын щхьэкIэ, иригъэкIыжу идэртэкъым. Къуэр мылъкум eIyсэну хуиттэкъым. Мылъкур иримыту фызыр иригъэкIыжыну хуиттэкъым икIи хузэфIэкIынутэкъым. А мылъкум ещхьыркъабзэу, къуэри нысэри а адэм и мылъкут, тIури зэкIэлъхьэужьу дихуну хуитт.
Къуэр хэмыкIыу мыхъун хъурэ, лъэныкъуэегъэз зищIыну мурад ищIамэ, адэр хуитт, зы кIэпIейкIэ иримыту и къуэр дихуну, е игу пыкI тIэкIу щрити щыIэт.
Е зыхигъэкIыну езы адэм мурад ищIамэ, зыгуэрхэр иритырти зыхигъэкIырт. Ар зэрыритыр мыпхуэдэут: фыз къимышауэ нэгъуэщI къуэ иIэмэ, а къызыхуишам тригъэкIуэдам хуэдиз къэзымышам хухихти, къанэмкIэ зыдигъэгуашэрти, лъысIамэ, иритырти зыхигъэкIырт. Фыз къэмышэм и Iыхьэр хихрэ ягуэшын зыри къэмынэмэ, зыри иримытузыхигъэкIырт. Зыгуэр къыIрихыну къуэр адэм едауэми зыри къыхуащIэртэкъым.
Хабзэ зэрылъ адыгэ унагъуэм сабийхэри балигъхэри зэдагъашхэртэкъым. Шхэгъуэ зэрыхъуу япэ щIыкlэ сабийхэр ягъашхэрти, итlанэ балигъхэр шхэрт. Ар апхуэдэу щlащIым щхьэусыгъуэ Iэджэ иIэт: сабийхэр балигъхэм ядэшхэу есэмэ, хьэщlэ щысми Iэнэм тефыщlыхьу хъунут. Сабийр умыгъашхэу ар къаплъу ушхэмэ, сабийр Iумацlэ, шхын щlэхъуэпс хъунут. Сабийр мэжэщlалlэуэ Iэнэ бгъэувмэ, хьэщlэ щысми къамыгъанэу Iэнэм тефыщlыхьынут.
Адыгэ хабзэкlэ хьэщlэ здэщыс Iэнэ сабий теlэбэну eмык1ут. Атlэ, япэ щIыкlэ сабийр гъашхи утIыпщыжи, уэ сыт пщIэми илъагъунукъым, и ныбэм изу щытмэ, уеджэми къыпхуекIуэлIэнукъым.
Гъэсэныгъэ хабзэ зэрымылъ унагъуэм, шхэгъуэ зэрыхъуу сабийхэр щIыбым щlахурти, шхэн яухыху къыщlагъыхьэртэкъым. Абы хуэдэ сабийр шхынкIэ IумацIэ мыхъункlэ Iэмал иIэтэкъым. Сабийр пэбубыд псомкIи IумaцIэ мэхъур, абыкlэ нэпсей мыхъуну хузэфIэкIкъым. Мис арат, сабий мэжэщIалIэ къенэцIу щIэмышхэр.
Акъыл зиIэ фызым сабийхэр адэм дигъашхэртэкъым.
Унагъэри лэжьыгъэри зи пщэ дэлъ лIым нэхъ къару зиlэ шхын иригъэшхт. ФызыфIыр лIым хуэсакът и шхынкlи и тыншыпIэкIи.
Адэмрэ бынымрэ нэмыс зэхуаIэт. Адэрэ къуэрэ зэдэщIыгъууэ кlуэмэ, къуэр адэм япэ иту кIуэртэкъым. Адэр япэ иту къуэр И ужь иту кlуэрт. ЦIыхум къалъагъуу лIыуи щрет, фызуи щрет и быным еуэртэкъым икIи щIэгубжьэртэкъым. Еуэми eмыкIy къыхуащIт, «иджыпсrукъым быным и гъэсэгъуэр», жаIэрти. Ар адыгэ ха6зэкIэ eмык1ут. Быныр щагъасэр зыми къыщимылъагъум и дежт. Адэр щыхуей дыдэм деж зыхуей гъуэгум быныр теувэнукъым, нэхъапэ иту гъэсэн хуейт. «ЩакIуэхьэр щагъашхэр щакlуэ щыкIуэну махуэр аракъым»,- жыхуаIэм хуэдэт. «Уи унэ зыщыгъаси, хасэм кlуэ»,- жаIэрт.
ПАСЭРЕЙ
IЭНЭ ПЭРЫСЫКIЭ
Пасэрей адыгэхэм нэмысышхуэрэ хабзэшхуэрэ яхэлъу щытащ. Адыгэ хабзэр фадафэ Iэнэми щащегъупщэу щытакъым. ТхьэлъэIукIэ, гуфIэгъуэкIэ цlыхухэр зэхыхьамэ, абы щызэрихьэлIа псари зы гупу зэхэтlысхьэу щытакъым. Нэхъыжь здэщыс Iэнэм. щlалэгъуалэ щытIысыну хабзэм идэртэкъым. Ар зэрымыгъэлъапIэу аратэкъым, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ зэхуащI нэмысым къыхэкIыу арат. «Нэхъыжь зимыIэ нэхъыщlэфI щыIэкъым, нэхъыщIэ зимыIэ нэхъыжьыфIи щыIэкъым»,- жаIэрт. Абы къикIыр, «нэхъыжьым игъэIущурэ къэм:ытэджа щlалэр хабзэрэ лlыгъэрэ хэлъу лIы хъункъым, щIэблэ иIэу абы имыгъэгушхуэ нэхъыжьри, нэхъыжьыфI хъункъым»,- жыхуаIэт. Ар псалъэ тэмэмт.
Ауэ нэхъыжьхэм я Iэнэм щlалэгъуалэ щымытlыс щхьэкIэ, щIалэхэри ауэ зэфIэту щагъэттэкъым. «Щхьэж и ныбжьэгъу и гъуджэмажьэщ»,- жыхуаIэм хуэдэу, ныбжькIэ зэрызэхуэхъункIэ зэхагъэкIырти, гуп щхьэхуэурэ унэ щхьэхуэхэм щIагъэтIысхьэхэрт. Нэхъыжьхэри ауэ къагъанэртэкъым, нэхъыжьхэм яхуэфэщэн нэхъыщIэхэр щхьэгъырыту яIэт.
Нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэпэжыжьэу унэ щхьэхуэ щIэс пэтми, зэщыгъупщэртэкъым, я Iуэху зыIутыр зрагъащIэт. Фадафэу зэхэс щIалэгъуалэхэм щIалитI зыхагъэкIырти, нэхъыжьхэм я деж ягъакIуэрт, «ФыкIуи ди нэхъыжьхэр къэфлъагъу, я Iуэху зыIут зэвгъащlэ! Дэ дызэфэр зыхуэдэри евгъэлъагъу»,- жаIэрти, фадэбжьэрэ шхын тепщэчрэ яIыгъыу нэхъыжьхэм я деж ягъакIуэрт.
Абы ещхьыркъабзэу нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэм якlэлъыкIуэт. Нэхъыжьхэм ящыщу тIy хахти, нэхъыщIэхэм я деж ягъакlуэт. «Ди нэхъыщIэхэр дауэ щытми зэвгъащIэ, ирафын яIэ, яшхын яIэ, дэ дызэфэр зыхуэдэри евгъэлъагъу!»-жаIэрти, фадэбжьэрэ шхын тепщэчрэ яIыгъыу. Апхуэдэу ягъэкlуахэр хуабжьу къащыгуфIыкlыу ирагъэблагъэт, я фадэбжьэри Iахырти, хуабжьу техъуэхъухьт. К1уахэми фадэбжьэ къратырти ирагъафэт. Ауэ апхуэдэр ягъэтIыстэкъым, хуабжьу фIыщIэ къыхуащlу, къыдэкIуатэу хъуэхъукIэ къыщIагъэкIыжырт. МыдэкIэ къыздэкlуэ-
жам, «гуп махуэ апщий!» - жаIэрти, къахыхьэжырт. Зыхуэфащэхэри тэджырти кърагъэблэгъэжырт. Гуп махуэбжьэ иратырти ирагъафэрт. Абы иужькIэ къэкIуэжахэми фIыщIэ хуащIт, унафэр зэрагъэзэщIам щхьэкIи, я пIэм ирагъэтIысхьэжырт.
ГуфIэгъуэр зейр гупхэр зыщIэс унэхэм щIыхьэурэ яхэплъэт, фадэ яхуей, шхын яхуей, псори зригъащI.эрти, абыхэм я унафэр езыгъэкIуэкI щхьэгъырытхэм унафэ яхуищIт, зыхуейхэр къызэрагъэпэщыну.
Гуп зэхэсым зы тхьэмадэ яIэти, псори абы и унафэт зэрекIуэкIыр. Гупым ящыщ щIэкIын хъумэ, щхьэгъырытхэм ящыщ дыщIэкIт. ЩIэкIахэр къыщыщIыхьэжкIэ, япэ итым сэлам къитырт. Гуп махуэбжьэр а сэлам къэзытам иратт, а бжьэр зратам и ужьым зыгуэр итмэ, бжьэр абы иритти иригъафэт. Фадэр кърагъахъуэрти, ефам къратыжти, абы япэ иту къезытам иритыжт, абыи бжьэр къезытам иритыжти, езыр и тIысьшIэм тIысыжыну хуит хъуати, тIысыжт. Бжьэр езым и ужь итым ириту иригъэфэныр Джылахъстэней хабзэщ. Ауэ Къэбэрдей лъэныкъуэм езы зратам иреф.
гупым яхэмысауэ зыгуэр къыщIыхьамэ, зыхуэфащэхэр тэджт. КъыщIыхьар нэхъыжьу щытмэ, псори тэджт, тхьэмадэм фIэкIа къэмынэу. Ауэ тхьэмадэр тэджыну хабзэтэкъым. КъыщIыхьар нэхъыжьми нэхъыщIэми, сэламчэтыбжьэр иримыфауэ т1ыс хъунутэкъым.
Сэламчэтыбжьэм техъуэхъухьтэкъым. Ар ирифрэ бжьэр къезытам Иритыжа нэужь, т1ысынy хуит хъуати, хуэфащэ тIысыпIэм ягъэтIыст.
КъыщIыхьар хьэщIэу щытмэ, жьантIэмкIэ драгъэкIуэтейрти, тхьэмадэм и гъунэгъуу ягъэтIыст.
Гуп тхьэмадэр щIэкIын хъумэ, къыщIыхьэжыху гуп унафэр и пщэ дэлъу зыгуэр и пIэм къринэрт. Езы тхьэмадэм щхьэгъырытым имызакъуэу, гуп зэхэсым ящыщи дыщIэкIт, тхьэмадэм нэмыс хуащIу. Ар къыщыщIыхьэжкIэ гупыр псори тэджт. Гуп махуэбжьэ ирату иримыфауэ т1ысыну хуиттэкъым. Абы ещхьыркъабзэт, хьэщIэр щIэкIын хъуми.
Фадэ ефэу зэхэс гупым фадэбжьэр зыIыгъыр щефэкIэ, Iэмал имыIэу ефа нэужь, зритыну и гъунэгъум еджэн хуейт, «нокIуэ си гъунэгъу!» - жиIэу. А гупыр зэрефэр псори зы пхъэшынакъти, ижьырабгъумкIэ ирагъэкIуэкIырти, зыр ефэм къыбгъэдэсым иритт. Ауэ щефэнум и деж «нокIуэ» жиIэу зритыну и гъунэгъум хъыбар ИримыгъэщIамэ, и гъунэгъум Iихынутэкъым, «укъызэджакъым, къызэджи ефэ!» - жиIэрти, къригъэгъэзэжырти, eтIyaнэу иригъафэрти, итIанэ Iихырт.
Ефэу зэхэс гупым ящыщ зыгуэрым гупыж ищIрэ, а щысхэм ящыщ зыгуэрыр иригъэфэну мурад ищIамэ, шынакъыр къызэрыIэрыхьэу, «си бжьэ укъысхуефэну си гуапэщ!» - жиIэрти, къэтэджырти иритт. Зритари къэтэджырти фадэбжьэр Iихт, быдэу ехъуэхъут къезытами, ефэрти иритыжт. «Уи хьэлэлщ, щэрэ лырэ Тхьэм пхуищI!» - жиIэрти, къыIрихыжти тIысыжт.
Пасэрей махъсымафэм хабзэу яхэлъу щытащ, ирафынри яшхынри зэфIэкIауэ, бысымым къахуищIэнур къахуищIа нэужь, езы гупыр Iэмал имыIэу фадэм щIэупщIэу Щытащ. «Фадэм щIэмыупщIэмэ, е фадэр хуэмыхущ, е ефар хуэмыхущ»,- жаIэр., дэнэ кърахми, зы махъсымэбжьэ къыхуамыхьауэ тэджыжтэкъым.
Сыт хуэдиз ирафми, пасэрей ди адыгэхэр чэфым щышынэу щытащ. «Чэф игъуэтащ»,- жаIэмэ, и акъылыр фIэкIуэдауэ арат. И ныбэ щхьэкIэ ар жригъэIэнутэкъым.
ГЪУЭГУ
ЗЭДЫТЕТ АДЫГЭХЭМ ЗЭХУАIЭ ХАБЗЭХЭР
Адыгэ хабзэхэр лlэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшащ. Дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми хабзэ пыухыкlа иlэщ, абы тeкlaм eмыкly хуащlу, хабзэншэу ялъытэу. «Хабзэ мыщlэ емыкlухьщ»,- жаlэрт. А ягъэува хабзэхэм дэтхэнэ зыми щlагъэувами зытраухуами зы мыхьэнэ гуэр иlэщ.
ЦIыхуитI зэдэщlыгъууэ кlуэмэ, жыжьэу къаплъэм ищlэн хуейт, а т1ум нэхъыжьымрэ нэхъыщlэмрэ. А т1ум нэхъыжьыр Iэмал имыlэу ижьырабгъуlмкlэ щытын хуейт. Абы нэхъыжьыр зэрагъэлъапlэр къикIт. Ауэ цlыхуищу зэдэщlыгъумэ, нэхъыжьыр я зэхуакум дэтын хуейт, абы кlэлъыкlуэр. нэхъыжьым и сэмэгумкlэ щытын хуейт, нэхъыщlэ дыдэр нэхъыжьым и ижьырабгъумкlэ щытт. Ар апхуэдэу шlащlар, абыхэм ящыщ зыгуэр Iуэхутхьэбзащlэ Iук1ын хъумэ, IукIынур Iэмал имыlэу я нэхъыщlэ дыдэр арат. Ар зэрыlукlыу мыдрей тlyp зэрыщытын хуейм хуэдэу къанэрт. Апхуэдэу имыщlмэ, я увыпlэр зэрахъуэкlыжу ежэкIкъежэкlыжу иужь итын хуейт. Шууэ щыкlуэкlи ардыдэрт хабзэр.
Зыгуэр зы щlыпlэ и деж щыту е щысу нэгъуэщl зы блэкIмэ, блэкlыр арат сэлам зытын хуейр.
Мо жытlа хабзэхэм темыту нэгъуэщlу къыщыхъуи щыlэт. Зэдэщlыгъуу кlуэ тlyp анэшрэ пхъурылъхурэу щытмэ Iэмал имыlэу анэшыр ижьымкlэ щытын хуейтнэхъыщlэу щытми. Нэхъыщlэр ижьымкlэ щыту ща.i'Iъагъукlэ, а нэхъыщlэр адрейм и анэшу зэрыщытыр зылъагъухэм ящlэрт.
Мыпхуэдэуи къэхъуу щытащ: ипэкlэ нэхъыжьыгъэ, нэхъыщlагъэр зэрагъэувыр, ныбжьым елъытауэ мыхъуу, лъэпкъьщlэкlэ ягъэуву щытащ. Лъэпкъыцlэкlэ ягъэнэхъыфlу (пщы, лlакъуэлlэш, уэркъ къинэмыщl) щытмэ, сыт хуэдизкlэ нэхъыщlэми, ижьырабгъумкlэ ягъэуву, нэхъ жьантlэ тlысыпlэмкlэ драгъэкlуэтейуэ щытащ. Абы ещхьыркъабзэу, хьэрып тхылъ еджахэри нэхъыщlэу щытми, нэхъыжьхэм япщэкlэ ягъэуву, жьантIэмкlэ нэхъыжь тlысыпlэр и1эу щытащ. Уеблэмэ, пщыжь-уэркъыжьхэм япщэкlэ ягъэувт, «лlакъуэлlэшри духьэшыри зэпащlащ»,- жаlэрти.
Шурэ лъэсрэ зэдэщlыгъуу кlуэмэ, лъэсыр ижьырабгъумкlэ щытынущ, нэхъыщlэ.У щытми, нэхъыжьу щытми. Ар апхуэдэу щlащl,ар, шур епсыхын хъумэ, лъэсыр псынщlэу епхъуэу шум и шхуэмылакIэмрэ и лъэрыгъыпсыфэмрэ иубыду къригъэпсыхын хуейти, сэмэгумкlэ щытмэ, ар ижьымкlэ къекlуэкlыху пэплъэн хуейт, пэмыпъэуy къепсымэ,, лъэсым къытеувэнут. Шури къызэрепсыхынур сэмэгумкlэщ. Шурэ лъэсрэ зэхуэзауэ зэдэщlыгъуу кlуэмэ, лъэсыр нэхъыжьу щытмэ, шым тесыр къепсыхырти, и шыр lэдэжу иlыгъыу лъэсым бгъурыту кlуэрт.
ЛIитI лъэсу е шууэ зэблэкIмэ, я сэмэгурабгъур зэхуэгъэзауэ зэблэкIын хуейт. Ар зытраухуар, япэр арауэ, шууитI зэхуэзар къепсыхын хуй хъумэ, я шыхэр я зэхуакум къыдэмыувэу, езы тlyp зэувэлlэныр арат. Етlуанэр арауэ, я lэщэр зэхуэгъэзауэ зэблэкIын, lэщэ зэраlыгъыр ягъэлъагъуэ,у- къамэри, фочкlэщlри, сэшхуэри зыкlэрылъыр сэмэгумкIэт. А lэщэхэр щlригъэлъагъум мыпхуэдэ хабзи хэлъащ: пасэрей адыгэлlхэр зэрызэуэным хуэщlауэ къакIухьу щытащ. Ауэ lэщэ зымыlыгъым адыгэлl езауэу щытакъым. Мис абы папщIэкlэ, и lэщэр иригъэлъагъун хуей хъурт, «укъызэзэуэнумэ, сыпхуэхьэзырщ»,жиlэу къикlыу. Пасэрей адыгэхэм зэбий куэд яхэту щытащ. Ауэ и бийм зэкъуэхуауэ хуэзарэ, а зыхуэза бийм lэщэ имыlыгъмэ, и бий пэтми езауэу щытакъым. Ахэр зыхуейри зыпылъри зэпэуврэ къеуэм еуэжурэ зэзауэмэ арат. Зэпэуврти, «япауэр зейр уэращи, къауэ, уэ ухьэщlэщ!» - жаlэу хуит ящlу щытащ.
Нэхъыжьыр лъэсу, нэхъыщlэр шууэ зэрихьэлlамэ, нэхъыщlэр шым тесу нэхъыжьым сэлам ирихыныр eмык1ут, къепсыхыу ирихын хуейт. Ауэ тlури шууэ зынэхъыжьрэ зы нэхъыщlэрэ зэрихьэлlамэ, епсыхын хуейкъым, тlури шым зэрытесу сэлам зэрахт. Нэхъыжьыр шууэ нэхъыщlэр лъэсу зэрихьэлlамэ, нэхъыжьыр шым къепсыхын хуейуэ хабзэтэкъым.
Цlыхубзым блэкIмэ, lэщэр зыкlэрылъ лъэныкъуэр хуимыгъазэу ижьырабгъур хуигъэзауэ блэкIын хуейт, ар лъэсу къакlуэми гукlэ къакlуэми.
Ауэ а хабзэм темык1ыну Iэмал имыlэу къыщыхъу щыlэт.
Цlыхухъурэ цlыхубзрэ къуажэбгъум щызэрихьэлIэк1э, хабзэм тету ижьырабгъур иритмэ, цlыхубзыр губгъуэ лъэныкъуэмкlэ хуэза хъууэ щытмэ, цlыхубзыр губгъуэ лъэныкъуэм иримыгъэзын щхьэкlэ хабзэр икъутэу сэмэгурабгъур ириту, къуажэбгъур цlыхубзым къыхуигъэнэн хуейт, езым губгъуэ лъэныкъуэр зыхуигъазэу.
Сыт хуэдэ цIыхубз балигъри цlыхухъум и ижьырабгъумкIэ щытын хуейт, ауэ и щхьэгъусэр и лIым и сэмэгумкIэ щытын хуейт, «а дэщIыгъур и щхьэгъусэщ»,- жаIэу къаплъэм яцIыхун щхьэкIэ, и фызым нэ хьэрэмкIэ цIыху къемыплъыным теухуауэ.
ЦIыхухъурэ цIыхубзрэ щызэрихьэлIэкIэ цIыхубзыр хуабжьу ягъэлъапIэрт. А т1ум зэхуащI нэмысым къыхэк1ыу, цIыхубз здэщыс щIыпIэм цIыхухъу блэкIмэ, цIых.убзыр мэтэдж, цIыхухъум нэмыс хуищIу. Ещхьыркъабзэу цIыхухъу здэщысым цIыхубз блэкIмэ, цIыхухъур мэтэдж, цIыхубзыр блэкIыху.
ЦIыхухъу здэщыс щIыпIэм цIыхубз гум ису блэкIмэ, цIыхухъур мэтэдж, цIыхубзми тIэкIу зытриIэтыкI хуэдэу зещIри, и щIыбыр мащIэу къыхуегъазэ.
ИпэкIэ цIыхубзхэм къызэракI,ухьу щытар выгут, гущхьэ телъу, гущхьэр упщIэкIэ щIэуфауэ, упщIэр щагъэ хужь бгъуэшхуэкIэ тепхэжауэ. ЦIыхухъухэм къызэракIухьыр шууэт. ЦIыхубз ису гу къакIуэу шу гъуэгурыкIуэ ирихьэлIамэ, гум дигъазэрти, зыкъомрэ дэкIуатэрт. Гур псым зэпрыкIын хуейуэ ирихьэлIэмэ, Iэмал имыIэу псым зэпригъэкIырт, зыри къащимыгъэщIу. Ипэкlэ псыхэм лъэмыж телъакъым, цIыхухэр къулейсыз хэхъухьырт.
ЦIыхубзым пхъэ икъутэу цlыхухъу ирихьэлIамэ, джыдэр къыIихырти пхъэр хуикъутэрт, цIыхубзыр игъэлъапIэу.
Шу закъуэ кIуэуэрэ нэхъыжь гуэр къакIуэу ирихьэлIамэ, зэрыадыгэ хабзэти, нэхъыжьым дигъазэрти дэкIуатэрт, «насыпыфIэ ухъу, гъазэ!» - жиlэу , хуит къищlыжыху. Хуит къызэрищIу, «гъуэгу махуэ», жиIэрти, къигЪэзэжти и гъуэгу теувэжырт. Луэ лIыжьым гъазэ къыжримыIэмэ, лIыжьыр здэкIуэм дэкIуэн хуейт.
Адыгэ хабзэм цIрIхубзымрэ нэхъыжьымрэ икъукIэ щIыхь яхуищIт. Нэхъыжь щыту щIалэгъуалэ псалъэртэкъым. ЩIалэгъуалэхэм туты н ирафу нэхъыжьхэм ирагъэлъагъутэкъым. Адыгэхэр тутын ефэу къызэраублэрэ куэд щIакъым, къахозыхьари урысхэрщ. Тутыныр къыщаублагъащIэм, зыгуэр тутын ефамэ, къуажэ псом ящIихьэрт и мэр. Тутынафэ зырыз джэгум кIуамэ, «туты н бамэ къыпкlэрех»,- жаIэрти, джэгум Iуэгъыхьэртэкъым. Къуажэм тутынымэ къыдэзэрыхьамэ, «урыс тутынафэ блэкIащ»,жаlэрт. «Къэбэрдейхэм тутын ефэну икIи тутын ягъэкIыну хуиттэкъым 1807 гъэм ягъэува лъэпкъ хабзэмкIэ»,- етх Нэгумэ Шорэ.
ЦIыхум зыгуэр къеджамэ, «къоджэр нэхъыжьщ»;жыхуаIэр аращ, жаIэрти, псынщIэу кIуэрт, къеджар нэхъыщIэу щытми, пщIэ хуащIырт. «Къоджэм и лъэдакъэр пыпчу кIуэ!» - жыхуаIэ псалъэжьыр ягъэзащIэу псынщlэу кIуэрт. Абы къикIыр - «къоджар куэдрэ зыпомыгъаплъэ»,- жиIэу арат.
Адыгэр ерыскъым елъэпауэртэкъым, ягъэлъапIэрт.
«Къеблагъи си шыгъупIастэ шхы»,- жызыIэм ублэмыкI, зэ лей уемыдзэкъэфынуми. Ар «ерыскъым уемылъэпауэ!»- жыхуаIэр арат.
Шууэ кIуэм къамышыр уплIэнщIауэ иIыгъыну eмык1ут. Къамышы удыныр Iэщэ удыным хуагъадэт, адыгэм. Шууэ здэкIуэм япэкIэ шу закъуэ Iуэуэ илъагъумэ, абы кIэлъыущу щIэрыхьэныр адыгэ хабзэт.
Е и закъуэ шууэ кlуэрэ къызэплъэкIрэ и ужькIэ шу закъуэ къакIуэу илъагъумэ, къэувыIэу зыщIэригъэхьэн хуейуэ адыгэ хабзэт.
ШууэздэкIуэм зы шyjw;уэрым щIэрыхьэмэ, И сэмэгумкlэ бгъурыувэну, е езыр къакIуэрэ къыкIэщIыхьэмэ, и сэмэгумкIэ къыбгъурыувэну адыгэ хабзэт. Ар апхуэдэу щIащIыр «а узыщIыхьар нэхъыжьу е хьэщIэу къыщIэкIынкIэ хъунщ»,- жаIэрти арат. А т1ум языхэзу къыщIэкIмэ, зэрыбгъурыхьар тэмэмт. Армырауэ, а зыбгъурыхьар мыхьэщIэмэ, икIи нэхъыжьу щымытмэ, езыр къекIуэкIыу и сэмэгумкIэ къыбгъурыувэн хуейуэ адыгэ хабзэм игъэувырт .
3и сэмэгумкIэ увар щIалэми, хьэщIэу щытмэ, я щIым икlыу, езы хьэщIэм и щIым ихьэжыхункIэ ижьырабгъур иlыгъыу кlуэнут. Ауэ хьэщIэм и щIым ихьэжа нэужь, сэмэгумкlэ щытыр хьэщlэ хъуащи, езыр къекlуэкIыv и сэмэгумкlэ къыбгъурыувэ« хуейуэ хабзэт. Арат, хьэщIэм дэкlуатэмэ, и сэмэгумкlэ бгъурыту я щIым щlрагъэкIыжыр.
Бысымым хьэщlэр и щIым иригъэкlыжыхv, хьэщIэм къыщыщIымкlэ бысымыр емыкIулыт. Ауэ и щIым иригъэкlыжа нэужь, хьэщIэм къыщыщIымкlэ бысымым eмыкly иIэжтэкъым. Псом хуэмыдэу зекIуэ зэдэщыIамэ, е зекIуэ къикlыжу къыдыхьамэ, е лъэlуакlуэ къыхvэкlуауэ зыхуейр хуищlауэ иутIыпщыжмэ, Iэмал имыIэу бысымыр хьэщIэм дэкlуэтэн хуейт, хьэщIэм щхьэкlэ шынагъуэ щымыlэжыху. Армырмэ, хьэщIэм зыгуэр къыщыщIмэ, бысымым щхьэкlэ напэтехт.
И щIым итуэ и хьэщIэм зыгуэр къыщыщIмэ, и напэр тeкIaт, и адыгагъэри и лIыгъэри кIуэдат, фэи къраплъыжынутэкъым.
Абыхэм хуэдэ хабзэ дахэ куэд лъэпкъ набдзэу адыгэм къадэгъуэгурыкlуащ. ЛIыгъэншэщ жримыгъыIэн щхьэкIэ, адыгэлIым и псэр итынy щытащ.
АДЫГЭХЭМ
Я ЗЭБИИК1ЭУ ЩЫТА ХАБЗЭР
Адыгэхэм игъащIэми къадогъуэгурыкIуэр лей лъысар имыгъэгъун щхьэкIэ и гъащIэр итыну. Зыгуэрым къиуIамэ е удын къридзамэ, адыгэлIыр и гъащIэкlи тхьэусыхакlуэ кlуэнутэкъым, «лей къызихащи, унафэ къысхуэфщI, суд тефщlыхь»,- жиIэу. АтIэ и псэр пытмэ, къращIар ярищIэжынут. КъауIамэ, иуIэжынут, удын кърадзамэ, иридзыжынут. КъауIар езыр лъэрымыхьу, къращIар ярищIэжыну хузэфIэмыкIмэ, абы и лъэпкъым цIыхухъу ису щытмэ, хуагъэгъунутэкъым. КъауIами, а къращlар ирамыщIэжмэ, лIыгъи цIыхугъи яIэтэкъым. Ар иращIэжмэ, арат судуи унафэуи зыхуейри.
Зыгуэр къауIамэ е къаукIамэ, удын зрадзамрэ удыныр зыдзамрэ я лъэпкъитIыр къанэ щымыIэу зэбийт. А къэзыуIа лъэпкъым ящыщу, хэт къапыщIэхуэми яуIэжыну, яукIыжыну арат хабзэр. Ауэ удыныр къезыдза дыдэр къапэщIэхуэмэ, арат нэхъ къащтэр. Къэзыукlар яукIыжу, ар зыукIыжар къаукIыжурэ лъэпкъитIыр хьэлэч щызэрыщI куэдрэ къэхъурт. ЛъэныкъуитIми ящыщ пхуэтхьэусыхэнутэкъым. Абы хуэдэ Iуэху гуауэшхуэ къуажэм къыдамыгъэхъуэн щхьэкIэ, къуажэм лIыжьу дэсыр иужь итт Iузxvp ягъэvнкlыфIыну, лъэпкъитlыр зэгурагъэIуэну, нэгъуэщI къайгъэ къамыгъэхъун щхьэкIэ.
Япэр арати, къуажэ лIыжьыр зэкIэрыщIауэ удыныр зрадзам и деж кIуэрти хуэгузавэрт:
- Фэбжь хъуами, Тхьэм лажьэ имыщIкIэ, удын къыплъысар хvабжьу ди жагъуэ хъуащ. Лей къывэзыхам тхьэм къыхуимыгъэгъукIэ, дэри хуэдгъэгъункъым, фи удыныр Тхьэм псынщIагъуэ къыфщищI,-жаIэрти ягv щабэ хуащIт. Я уlэгъэр зыхуэдэри Iуэхур къызыхэкlари зрагъащIэрти, лIыжьхэр къыдэкIыжт. Яуlар къуаншэу щытми, зыуIар нэхъ ягъэкъуаншэт. Абы къыдэкIыжти, лIыжьхэр зэрызэрыIыгъым хуэдэу удыныр зыдзам я деж кIуэрт.
- Фыкъуаншэщ, фыбзаджэщ, фыIэпей-лъэпейщ, къуажэм бэлыхь къыдэфлъхьащ, къуажэм дамыгъэсу дахум фыхуэдэщ, фи угъурсызагъэр къуажэм дэхуэркъым! - жаIэрти быдэу ягъэшынэрт, ящlам хущIагъэщтэжыт. АбыхэмкIэ ягъэшынэу, жыIэщIэ къащIу, «дыкъуэншэщ, унафэ къытхуэфщI»,- жрагъэIэну арат.
- Къуажэм узыхь дыфхухъу, дыкъуэншащ, къытхуэвгъэгъу, жылэм фэ къытхуэфщIыр ди унафэщ,- жаIэрти, лIыжьхэм я IэмыщIэ зралъхьэт. Арат лIыжьхэри зыхуейуэ зиужь итри, хуит хуэхъуат Iуэхум. Удын зыдзам удын къазэрытехуэжынур фIыуэ ящIэрти, а удыныр зытрамыгъэхуэжын щхьэкIэ сытри къыпхуащIэнут. Арат ар псынщlэу Iуэхум къыщIеувалIэр.
АбыкIэ хуитыныгъэ къаIэрыхьа нэужь, лIыжьхэр аргуэру уIэгъэм и деж кIуэрт. УIэгъэм еплът, Iэзэм еупщIти зэрыхъужыну зэманыр зыхуэдизыр жрагъэIэрт," IэзапщIэу яриухылIэр зыхуэдизыр зрагъащIэрт. Ахэр псори зрагъэщIа нэужь, уIэгъэм епсалъэу щIадзэрт:
- Удын къыптехуар ди жагъуэщ, лей къыфлъысауэ долъытэр. ЛIы ущыхъукIэ, е укъауIэнщ, е ууIэнщ, атIэ уфызу щытамэ, зыри къыпщыщIынтэкъым. Уэ .ущыпэублэкъым, укIэухкъым, апхуэди къохъу, «Iей мыхъу фIы хъужкъым», жыхуаIэр аращ, лей къуахар ях;уэдгъэгъункъым, къуажэ щыхъукIэ апхуэди къохъу, апхуэдэ Iэджэми унафэ тращIыхь. Уи Iуэхур тIэкIу мыхъумыщIэ хуэдэу хъуами, тхьэм захуэм хуигъазэ. Ди IэмыщIэ зыкъифлъхьэу фи Iуэхум унафэ тетщIыхьыжыну хуит дыкъэвмыщIу ди гуапэкъым икIи дарэзыкъым,- жаIэрти елъэIурт.
Удын зытехуа адыгэлIыр абыкIэ арээы хъункIэ Iэмал иIэтэкъым, къращIар яримыщIэжауэ. Ар зыхуейр езым и лыр зэрагъэузам хуэдэу я лыр игъэузыжыну арат.
- Берычэт бесын, жылэ, ди Iуэхур фыфIэIуэхууэ, фыкъызэрыкIуам нэхърэ нэхъ гугъуехь Тхьэм къывимыткIэ, жылэр бэлыхьым Тхьэм фыщихъумэ, жылэм щхьэузыхь дыфхухъу! Ауэ къыдащIар етщIэжынщи, итIанэ жылэм сыт хуэдэ унафэ фыхуейми къытхуэфщI! Дэ ди удыныр мыхъужу зыри вжетIэфынукъым,- жаIэрти, лIыжьхэр зрагъэпсалъэртэкъым.- Ди унафэр дэ тщIыжынщ,- жаIэрти, зрамыгъэпсалъэурэ тIэуи-щэи зыкIэлъагъакIуэрт.
Ауэ абы хуэдэ джэгу цIыкIукIэ ягъэбэяужыну иужь ихьэртэкъым лIыжьхэр.
- Фи Iуэхур ди IэмыщIэ къифлъхьэу унафэ тетщIыхьыну хуит дыкъэвмыщIмэ, нобэ щыщIэдзауэ фи пщIантIэ дыкъыдыхьэнкъым, фылIэми фыщIэтлъхьэнкъым. Нобэ фыкъыдэмыдаIуэми, жылэм фащыхуей къэхъункIэ хъунщ, жылэм емыдаIуэу фIы зэхъулIа щыIэкъым, фыщIегъуэжынщ. Жылэм фыкъыдэлъэпауэу аракъэ? ДяпэкIэ къыфщыщIынур фщIэрэ? - жаIэрти ягъэшынэрти, я Iуэхум унафэ тращIыхьыну хуит зыкърагъэщIт.
Зэманым екIуэкI хабзэм тету, лIыжьхэм я унафэкIэ «медатыр» жаIэрти лъэныкъуитIми лIы тlypытI храгъэхырт. «Медатыр» жыхуаIэр «мыбы си Iуэхум и унафэр
ищIарэт», жиIэу езым фIэфI лIитI хихыныр арат, и Iуэхум хигъэплъэну, унафэр иригъэщIыну. Ар къуажэм щыщми, хамэ къуажэ цIыхуми ядэрт.
А лIы т1урыт1ыр т1ысырт, къуажэ старшынэр лъэныкъуитIми я зэхуэдэу яхэтIысхьэжырти, унафэ ящIт. Псом япэу медатыр хахахэр уIэгъэм и деж кIуэрти еплът, Iэзэм lэзапщIэу къариухылIэнур зрагъащIэт, Iуэхум хаухыхьынур ящIэн щхьэкIэ. ЩIадзэрти, удыныр зыдзам уIэгъэм хуищIэн хуейхэм унафэ тращIыхьт.
Зы мазэкIэ уIэгъэм пхъэуэ игъэсыну мыпхуэдиз, фашыгъуу, хугуу, хьэжыгъэу, дагъэу, уэздыгъэ дагъэу мыпхуэдиз. УIэгъэр зэратхьэщIын сабынуэ, уIэгъэр зэрапхэн щэкIыу мыпхуэдиз. Сымаджэр хъужыху хуэлэжьэну зы лIыщIэ. ЩIэпщакIуэм яшхыну зы выщIэ е жэмыщIэ, Iэзэм иратыну IэзапщIэр, хъужа нэужь, гъэфlэжу мыпхуэдиз,- жаIэрти, мыхэр псори зы мазэм ейуэ ягъэувт. УIэгъэр мазэкIэ мыхъужмэ, аргуэру еплъыну. МазэкIэ хъужмэ, ящIа унафэр унафэу къанэрт. МазэкIэ мыхъужмэ, аргуэру зэхэтIысхьэрти, унафэщIэ тращIыхьырт. Мы къомыр псори тхылъым иратхэрти, медатырхэми старшынэми Iэ традзэжт.
Ауэ а унафэм зы цIыхуми гу лърагъатэртэкъым, щэхут. Псори унафэу ящIыныp ящIа нэужь, зэбий лъэныкъуитIми распискIэ къыIрахт: «Фэ фщIа унафэмкIэ дарэзыщ»,жаIэу, унафэу ящIар сытми ямыщIэ, зыми зэхамыха щIыкIэу. Мыри унафэм хаухыхьырт: сымаджэр хъужу къэтэджыху, зэбиитIым гъуэгу зэхущанэну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, а зэбий лъэпкъитIым ящыщ зэIууэмэ, удыныр зыдза лъэпкъым жыжьэу гъуэгум дидзыIыыy заIуимыгъэуэну, мыдрейр кIэлъыдэхрэ еуэну хуежьэрэ къиукIмэ, хэкIуэдауэ. Е мыдрей дэзыдзыхын хуейм димыдзыхыу закъыIуигъауэрэ, къеуэрэ къаукIмэ, хэкIуэдауэ. Мыхэр псори зэрызэфIэкIыу, унафэу ящIам лъэпкъитIми къахуеджэрт, Iуэхум щыгъуазэ ящIт.
Мылъкур зытынур, дауи, арэзы хъуртэкъым, унафэу ящIар фIэкуэдыщэ хъурти. Ауэ мы дунейр хъурейуэ къикIухьами, дэнэ щIыпIэ щытхьэусыхами, медатырым ящIа унафэр къэзыкъутэ щыIэтэкъым. Апхуэдэри яфIэкуэдыщэ хъурти, куэд тхьэусыхэрт. Ауэ зыри къимыкIыу икIи къамыкъутэу унафэр зэращIам тету къанэрт.
УIэгъэр зэрыхъужу, унафэ зэращIам тету гъэфIэж хурагъэщIырти, зыуIар къиуIам я деж ягъакIуэрти, «сыкъуэншащ, къысхуэгъэгъу»,- жиIэрти я Iэр зэрагъэубыдыжырти, биигъэ зэхуамыIэу я пIэм къинэжырт.
УкIыгъэ гуэр къуажэм къыщыхъуми, «нэгъуэщI гуауэ къэмыхъу щIыкIэ, щIэхыу»,-жаIэрти, къуажэм дэс лIыжьхэр ежэрти ямыгъэбауэу зэрагъэкIужырт. Ауэ зыукIам иукIам лъыуасэ ирырагъэтырт сом 2000-3000, къэхъуа Iуэхумрэ къыщIэхъуамрэ теухуауэ. Ари зыукIар зэрылъэпкъыу яукIам я деж ягъакIуэрти зэрагъэкIужт, я Iэр зэрагъэубыдыжт. Ауэ ар нэхъ Iуэхушхуэт, зэрыуIам хуэдэтэкъым. Къуажэ лIыжьхэр абы зэман кIыхькIэ елIалIэрт. Да.уэ ящIми, нэгъуэщI гуауэ къамыгъэхъуу зэгурагъэIуэжыху, къуажэ лIыжьхэр етIысэххэртэкъым, «нэгъуэщI бэлы,Хьи къэхъуурэ, къуажэр къаигъэм хэкIынукъым»,- жаIэрти, тегужьеикIауэ зэрыжылэу иужь итт.
Ауэ хейуэ къаукIауэ, леищэ къащыщIамэ, езыхэри пхъашэ лъэпкъмэ, къуажэми лIыжьхэми зыкърамыгъэгъуэту загъэпщкIурэ, я хьэдэри щIалъхьэну иужь имыту, къэзукIар къагъуэтрэ яукIыжу къыщыхъуи щыIащ, лIыжьхэми, судми, законми намыгъэсу, я судыр езым ящIэжу.
АдыIээ зэбиикIэми лIыгъэ хэлъу, хабзэ хэлъу щытащ.
Зыгуэрым бий иIэрэ имыукIыну Iэмал имыIэу къыкIэлъикIухьурэ, щIыпIэ зэкъуэхуам щрихьэлIауэ иукIыну щыхусжьэкIэ, а иукIыну и бийм Iэщэ имыIыIъыыy лIы пцIанэмэ, адыгэ хабзэкIэ Iэщэ зымыIыгъ лIым езауэ хабзэтэкъым. Езауэми лIыгъэншэт, фызым пащIырт.
- А бетэмал eI, сыту дэгъуэу укъыспыщIэхуат, Iэщэ пIыгъыу щытамэ, уи гъащIэр бухат. Ауэ Iэщэншэу фыз нэхъей дауэ узукIын, дяпэкIэ Iэщэншэу зыкъысхуумыгъазэ, - жиIэрти иутIыпщыжырт.
ПасэреилIхэр я щхьэм щымытхъужын щхьэкIэ ящIа лIыгъэр яIуэтэжтэкъым. ИIуатэми лIыгъэ иIэу ябжтэкъым, лIыгъэншэу, щхьэрывэу ябжт.«СщIа псор жысIэжым мы лIыжь щхьэщытхъур къысфIащ»,- щIыжиIэр аращ Нартыгу и уэрэдым. И щIалэгъуэм зэрихьа лIыгъэр лIыжь хъуху иIуэтакъым. Ауэ и хьэдрыхэ кIуэгъуэм уэрэ· ду иIуэтэжащ.
Адыгэ нэмысым щыщт: цIыхубз здэщытым щымыхъуэ· нэньiр, губжьауэ, Iуэхум тэмакъкIэщIыгъэ хилъхьауэ закъримыгъэлъагъуныр, цIыхубз здэщытым Iэщэ къыщрамыхыныр. Зэщымыхьэну, зэмызэуэну Iэмал имыIэми, цIыхубз къарихьэлIамэ, цIыхубзым хуащI нэмысым папщIэкIэ зэрыгъэбэяужырт. Iэщэкъызэхурахыпауэ щытми, Iуэхум цIыхубз хыхьамэ, укIытэжауэ Iэщэр иралъхьэжт.
«Iэщэр щыхуэфащэми щыхуэмыфащэми къыщумых, къипхамэ, хуэфащэ ирумыщIауэ йамылъхьэж! ЦIыху ирибгъэшынэн щхьэкIэ нэпцIу Iэщэм уримыджэгу, къыщIипхын хуейуэ щыхуэфащэр япэ щIыкIэ зыгурыгъаIуэ»,жаIэрт. Iэщэ къипхауэ цIыхубз къыуихьэлIауэ ар йамылъхьэжыныр напэтехыу ялъытэрт.
АДЫГЭХЭМ
Я СУД ЩIЭК1ЭУ ЩЫТАР
Пасэрей адыгэхэм я хабзэр, я унафэ щIыкlэр я зэдэпсэукlар икъукlэ гъэщlэгъуэнт. Бзэ зыщlи, тхылъ зыщlи яхэмыту, къуажэ лIыжьхэм Iуэхуу щыlэ псоми унафэ тращlыхьыфу щытащ.
Адыгэ къуажэхэм сыт хуэдэ Iуэху къыщыхъуми, езы къуажэм дэс лIыжьхэмкlэ зэфIэкlыу, кlэ иратыфу, щытащ. Къуажэм зы Iуэху къыщыхъуамэ, а къуажэм дэс лlыжьхэр зэхуэсырти, «урыс Iуэху мыхъу щIыкlэ» н. ж. законым Iэрымыхьэ щIыкIэ жаIэрти, Iуэхум псынщlэу кlэ иратыну иужь ихьэрт. Сыт хуэдэ Iуэху къэхъуами, къуажэм дэс адыгэ лlыжьхэм унафэ тращlыхьамэ, Iуэхум кlэ игъуэтат. Ауэ Iуэхур зейм леищэ къылъысарэ, лlыжь унафэм пимыгъаплъэу законым иритамэ, абы щыгъуэм лIыжьхэм зыри хащIыхьыжтэкъым, «урыс Iуэху хъуащ»,- жаIэрти, и Iуэху зэрахуэжтэкъым.
Ауэ законми Iэрымыхьэу, лIыжьхэми я Iэмыщlэ имыхуэу, къуажэм и кlуэцIкlэ къуажэ судым суд щытрищlыхьрэ унафэ хуащlуи хъурт.
Къуажэ къэскIэ абы къыщыхъу Iуэхухэм унафэ тращlыхьыну хуиту «къуажэ судкIэ» еджэу, лIыжьитI хахыу щытащ, зы молэ ещанэу. Молэр щlыгуадзэр, шэрихьэткlэ игъэдурысын, Тхьэ яIуэн хуей хъумэ, Тхьэ яригъэlуэн щхьэкlэт. Къуажэм суду хахыр. езы къуажэм дэсхэм ящыщу нэхъ лIыжь губзыгъэ, Iуэхум фIыуэ ry лъызытэ, дуней Iуэхухэм фIыуэ щыгъуазэт. Суду хахынур къэзыгъэлъагъуэр, къуажэ Iуэхухэр зезыхьэу, къуажэм хаха выборнэхэр арат. Абыхэм къагъэлъэгъуар къуажэ зэIущlэ ящlырти, а зэIущIэм халъхьэрт. Къуажэ зэlущIэм IэIэткlэ къащтэрти, хаха хъуат. Арат къуажэм къыщыхъу псомкlи суд зыщIэр.
Къуажэ судым къуажэм и кlуэцIкIэ суд щытрищlыхьыну хуитт сомищэм нэсыху. Ауэ абы нэхърэ нэхъыбэмэ, хуиттэкъым. Къуажэ судым суд зытрищlыхьыр мыпхуэдэ Iуэхухэрт: зыгуэрым зыгуэр фIэкlуэдарэ, абыкIэ белджылыуэ е гурыщхъуэкIэ дауэгъу иIэмэ: и унапIэм щыщ и гъунэгъум фlиубыдарэ къримытыжмэ: и гъавэ фlадыгъуауэ е фlаутэри Iисраф фlащlауэ, и мэкъупlэр нэгъуэщIым пиупщIауэ. е и мэкъур нэгъуэщIым къишауэ, зыгуэрым
щIыхуэ иритарэ къримытыжым, н. къ. КlэщIу жыпIэмэ, цIыхуитlыр щIызэгурымыIуэу я зэхуакум дэлъ псомкIи унафэр яхуэзыщIыр къуажэ судыр арат.
Судыр зэращIэри мыпхуэдэут: зыгуврым и гъавэ е и мэкъу ядыгъуащ. Ар зыдыгъуар зылъэгъуа зыгуэрым къыжриIащ, е езым зыгуэрым гурыщхъуэ хуещI, е зыгуэр къыхуэхэшащ. ЗыфIэкIуэдар кIуэрти судым хуэтхьэусыхэт. Судым мылъкур зыфIэкIуэдам зэрыжиIэм тету унафэ ищI хъунутэкъым. Къуажэм дзыхь хуащIу хахауэ зылI довернэу щыIэт. Ар щыхахым КъурIэнкIэ Тхьэ ирагъаIуэрт: «Iуэхум мыгъуагъи, махуагъи, ижыгъи, благъагъи, ныбжьэгъугъи хэзмылъхьэн, зэрыслъэкIкIэ, си акъылым къызэриубыдкIэ цIыхур зэхуэзгъэдэнмэ»,- жиIэрти.
А довернэр судым къриджэрти унафэ хуищIт:
- Кlуэи, мыпхуэдэм и гъавэ ядыгъуам еплъи, зыхуэдэри зыхуэдизри зэгъащIи, уаси хуэщIи къыджыIэж! - жиIэрти. А довернэр зи мылъку кIуэдам дэщIыгъуу кIуэрти еплът, сыт хуэдиз уасэ хъунуми мэсхьэт ищIырти, къэкlуэжти, судым яжриIэжырт, зыхуэдизыр, дунейм зэрыщызекIуэмкlэ и уасэнур.
Зей кlуэдамрэ и дыгъумрэ судым къриджэрт. Япэ щIыкlэ зей кIуэдар щlашэрти къеупщIырт:
- Уэ къoдыrъyap мырауэ пщIэрэ, нэгъуэщIым пщIэрэ?- жаIэрти.
- Сэ абы гурыщхъуэ нэпцlкIэ седауэркъым. Щыхьэт сиIэщ, мыпхуэдэм илъэгъуащ,- жиIэрти щыхьэт къигъэлъагъуэрт.
- Уи щыхьэтыр щыэ,. къэпша? - жиIэрти, судыр щIэупщIэрт.
- ЩыIэщ, си щыхьэтри къэсшащ.
Абы иужькIэ и дауэгъур къыщIашэрти еупщIырт:
- Мыпхуэдэр къызэродауэр пщIэрэ? - щIэупщIэрт судыр.
- СощIэ.
- АтIэ абы щхьэкIэ щхьэ бгъэтхьэусыхэрэ, щхьэ йомытыжрэ?
- Сэ игъащIэми цIыхум зэран сыхуэхъуакъым, збгъэдэлъу щытмэ, естыжынт,- жиIэрэ заримыгъэумысмэ, щыхьэтыр къыщIашэрти кърагъэумысырт. Е щыхьэт зэриIэр къыщищIэкIэ, къызэраумысыныр ищIэрти, зиумысыжырт.
Щыхьэтыр ауэ нэпцIу увынутэкъым, Тхьэ зэрырагъэIуэнур ищIэрти. Ауэ гурыщхъуэ зыхуащIым «пцlыуэ къыстрелъхьэр»,- жиIэрэ, заримыгъэумысмэ, щыхьэтыр къыщIашэрти, «си нэкIэ сымылъэгъуа жызмыIэн, ижыгъэкIэ пцIы кIэрызмылъхьэн»,- жиэрти, КъурIэнкIэ Тхьэ ирагъаIуэрти, зэрыхъуа, зэрилъэгъуар кърагъэIуатэрт.
Абы иужькIэ ягьэкъуаншэр пцIыми пэжми мысэ хъуат.
Е щыхьэт имыIэмэ, езы гурыщхъуэ зыхуащIым Тхьэ ирагъаIуэрти, хей хъуат. Щыхьэт щимыIэкIэ езым Тхьэ иIуам, зыри епщIэ хъунутэкъым. Е Тхьэ имыIуэфмэ, мысэ хъуати, пшынакIуэт.
К1эщIу жыпIэмэ, суд щIэкIэу щыIэр щыхьэтрэ тхьэрыIуэрт. Щыхьэт иIэмэ, ямыгъэпсалъэу пшынакIуэ ящIырт. КIэрылъми кIэрымылъми КъурIэнкlэ Тхьэ иIуамэ, хей хъуат. Ауэ Тхьэ иIуэным ипэкIэ молэр хуабжьу епсалъэрт Тхьэ зыIуэнум:
- Мыр къызэродауэр зы хьэ ныбэ щызщ. Апхуэдиз умыщIэххэу пкIэрохури уфIокIуэд, абы щхьэкIэ Алыхьыр бийуэ къыумыщтэ! МылIэжын щыIэкъым, Тхьэр бгъэпцIауэ улIэмэ, уунэхъуащ! А псом ухэмыту етыж,- жиIэрти, игъащIэкlэ темылъми игъэшынэу иригъэтыжын хуэдизкIэ епсалъэрт.
- Сэ мы IуэхумкIэ зыкIи шынагъэ сиIэкъым. Ауэ Тхьэ сIуэн дэнэ къэна, мыпхуэдэ IуэхукIэ фи пащхьэм сыкъимыхьэн щхьэкIэ, стелъми стемылъми хуэспшынынт, ауэ мышх дыгъужьыфэ къызэрыстеуэным сыфIолIыкI армыхъумэ,- жиIэрт.
- АтIэ мыдэ къэкlуати, сэ зэрыжысIэм хуэдэурэ уэри жыIэ! - жиIэрти, молэм къригъажьэрт:
- Iэхьузу билахи минэшейтIани рэджим, бисмылахь рэхьмани рэхьим, уэлэхьи, уэбилахьи, уэталахьи, тхьэуэ мыр зи къурIэн, мыр къыщIызэдауэ Iуэхум сыхуэхейм, зыри хэзмыщIыкI! - жиIэрти, Тхьэ иригъаIуэрт. Абы щыгъуэм молэр къэтэджауэ щытт, судым щIэс псори къэтэджауэ зэхэтт. «Тхьэр игъэпцIмэ, къызэгуиудынущ»,- жаIэрти, цIыхуу щIэтыр гужьеяуэ еплъырт. Абы щыгъуэм бгъэдэлъми бгъэдэмылъми хей хъуати, зыри епщIэжыфынутэкъым. Ауэ мыпхуэди къэхъурт: зариумыгъэумысурэ КъурIэным зэрырашалIэу, молэр шынагъуэ пылъу къызэрепсалъэу, шынэжрэ телъми темылъми хуипшыну. ЗэрыхъумкIэ, щыхьэт имыIэмэ, ямыгъэпсалъэу Тхьэ ирагъаIуэрти хейуэ хэкIт, щыхьэт иIэмэ, ямыгъэпсалъэу пшынакIуэ ящIт. Е Тхьэ имыIуэфми, пшынакIуэ ящIт.
Къуажэ судым къыхуищIамкIэ арэзы мыхъуамэ, е Iуэхушхуэрэ къуажэ судымкIэ зэфIэмыкIынумэ, Налшык дэт судщIапIэшхуэм иратырт. Псалъэм щхьэкIэ зыгуэрым и шыр мопхуэдэм идыгъуауэ гурыщхъуэ хуещI. Ауэ гурыщхъуэ нэмыщI щыхьэти бэтэджи зыри иIэкъым. Гурыщхъуэ зыхуищIым лIыкIуэ хуигъакIуэт:
- Си шыр уэ уфIэкIакъым, сумыгъэтхьэусыхэу сишыр къызэтыж! - жиIэрти.
- Уиши уиви слъэгъуакъым, уфlэфIыху тхьэусыхэ, nлъэкI къыумыгъанэ! - жиIэрти, ауэ къудей зримыгъэпсалъэу къиутIыпщыжт.
Еуэрти, а гурыщхъуэ зыхуищIым и цIэкlэ судым прошенэ иритт. И пlалъэр къэсти, шыр зейри гурыщхъуэ зыхуищIри суды м ираджэрт. Япэ щIыкIэ шыр зейр щlашэрти, судыр къеупщIт:
- Уи шыр абы зэридыгъуамкIэ щыхьэт уиIэ, зылъэтъуа щыlэ?
- Хьэуэ, зылъэгъуаи щыхьэти сиIэкъым, ауэ си шыр абы фIэкlакъым,- жиIэрти, щхьэусыгъуэ гуэрхэр игъэувт гурыщхъуэ щlыхуищIымкIэ. Абы иужькIэ гурыщхъуэ зыхуищlыр ираджэт:
- Мыпхуэдэр къызэродауэр пщIэрэ? - жаIэрти къеуnщIырт.
- СощIэ.
- АтIэ щхьэ иумытыжрэ, щхьэ бгъэтхьэусыхэрэ?
- Къэздыгъуауэ щытамэ, естыжынт, дэнэ къисхыу естыжын? Абы и Iуэхум зыри хэзщIыкIкъым,- жиlэу защримыгъэумыскIэ, шыр зейр къыщlашэжти жраIэт:
- Уи дауэгъум уи шыр имыдыгъуауэ жеIэри зыдигъэумыскъым. Уэ шыхьэт уиIамэ, ар пшынакIуэ пщIынут, уэ щыхьэт ущимыIэкlэ, абы Тхьэ едмыгъаIуэу хъунукъым! Дауэ уеплърэ? Уарэзы?
- Абы Тхьэр хуэмыгъэпцIыну си шыр идыгъуакъым. Абы Тхьэ евгъаIуэкIэ сэ сыарэзыкъым. Хабзэм ищтэмэ, тхьэрыIуэщхьэлъ (тхьэрыIуэ щыхьэткIи еджэт) схутефIуэну судым солъэ1у,- жиIэрти, зиш ядыгъуар лъаIуэт. Ар зэманым щыIа хабзэм ищтэрт. Ауэ тхьэрыIуэщхьэлъыр къэзыгъэлъэгъуэн хуейр мылъкур зыфIэк1уэдар арат, езы гурыщхъуэ зыхуащIыратэкъым. Гурыщхъуэ зыхуащIым езым фIэфIыр тхьэрыIуэщхьэлъу зытриIуэну хуиттэкъым. Мылъкур зыфIэкIуэдами Iэмал зэригъуэткIэ щыхьэту къыхуэмыувынт къигъэлъэгъуэнур. Гурыщхъуэ зыхуищIым и жэгъуэгъу дыдэу щытми триIуэну хуитт. «Ар си жэгъуэгъущи къыстумыIуэ»,- жиIэну хуиттэкъым дыгъур .
- АтIэ жыIэ, хэт тхьэрыIуэщхьэлъу тепIуэну узыхуейр?
Езым фIэфI дыдэр триIуэну хуитт. Дауэр зейр егупсысыт, щыхьэту къыхуэмыувын къилъыхъуэу.
Абы къигъэлъагъуэм «мыбы и шыр мыбы къидыгъуакъым>,-- жиIэу КъурIэнкIэ Тхьэ щиIукIмэ, дыгъур хей хъуащ. Ауэ щимыIукIмэ, пшынакIуэщ. Абы идыгъуарэ имыдыгъуарэ дауэ ищIэну, езыр жейуэ хэлъащ? Уеблэмэ, дыгъуми бий дыдэ тхьэрыIуэщхьэлъу траIуэну хуитт.
«Ар си бийщи къыстомыlуэ»,- жиlэнкlэ дыгъур хуиттэкъым. Апхуэдэм щыхьэту Tpalyap, зэрыжытlам хуэдэу, и бий зыгуэру щытмэ, пшынакlуэм абы я деж лlыкlуэ яхуигъакlуэрт:
- Фэрэ дэрэ дяку зэхуилъыр сщыгъупщакъым, ауэ «тхьэрыlуэщхьэлъу» фыкъыстраlуащи, сыхейуэ сывмыгъэпшынзу щыхьэту фыкъысхуэувыну сыныволъэlу, ди якум Iуэху зэхуилъмэ, абы иужькlэ итlани дуней щыlэщ,- жиlэти.
Адыгэлlым и щхьэ хуигъэфащэртэкъым «сэ щызибийкlэ сыти къыщрещl»,- жиlэну. И лlыгъэми и щхьэми хуигъэфащэртэкъым, лажьэ зимыlэ лlы хей, езым и зэранкlэ игъэпшынэну. Щыхьэту хуэувынуи игъэгугъэрт.
- Сэ биигъэ хузиlэмэ, удынкlэщ сызэрибийри, сыт щыгъуи къэзгъуэтынщ. Абы щхьэкlэ жагъуэгъум и насып къытезгъэкlуэнкъым,- жиlэрти, Тхьэ щиlукlыну псалъэ иритт. Ауэ, зэрыхабзэти, дыгъуу ягъэлъэгъуам а Iуэхур зэрыкIэрымылъыр а щыхьэту къытраlуам быдэу и фlэщ ищlын хуейт. Диным апхуэдизкlэ щышынэрти, тхьэрыlуэщхьэлъу увыным икъукlэ Iуэхушхуэ пылът, «мы Iуэхур мыбы къимылэжьа»,- жиlэу уву Къурlэнкlэ Тхьэ щиlукIыну. Ар абы сыткlэ ищlэрэт?
ТхьэрыIуэщхьэлъу къытраlуар зытраlуам биигъэ хуимыIэмэ, езыр абы и деж кlуэрти:
- Мыращ, щыхьэту укъыстраlуащи, сынолъэlуну унэрыхъэ сыкъыпхуэкlуащ, лажьэ симыlэу сумыгъэпшынэу щыхьэту схуэув. Лажьэ сызэримыlэмкlэ, а Iуэхум сызэрыхуэхеймкlэ быдэу уи фlэщ сщlынщ,- жриlэрти.
- Захуэщ,- жи1эрти къиутIыпщыжырт. Ауэ щыхьэту хуэмыувыныр адыгэ лlыгъэми адыгэ напэми хуэфащэтэкъыми, «хьэуэ» къыжриlэфтэкъым. Ар езыр жейуэ пlэм хэлъащ, шыр щадыгъуам. А шыр абы къидыгъуарэ къимыдыгъуарэ дэнэ щищIэрэ, сыткlи ищlэнут? Тхьэ ирамыгъаlуэми, къидыгъуакъым жиlэу дауэ утыкум иувэнут, укIытэгъуэтэкъэ.
Абы пцlырэ напэншагъэрэ къыхэмыкIын щхьэкlэ, lэмалу иlэр мырат: япэр арати, дыгъу ящlам и лъэпкъым цlыхухъуу исхэм ящыщ зыкъом кърашалlэрти, тхьэрыlуэщхьэлъу къытраlуам Тхьэ хуаlуэт, а щыхьэту къраlуам и фlэщ ящlын щхьэкlэ, шыр абы къимыдыгъуамкlэ. Абы и фlэщ ящlын щхьэкlэ къызэхуишэса и къуэшхэр а дыгъу ящlам табу-щхьэщэщкlэ елъэlухэрт:
- Мы шыр къэбдыгъуауэ щытмэ, Тхьэ дыбгъаlуэу зэрылъэпкъыу думыгъэунэхъу, Тхьэр думыгъэгъэпцl, дызэхыхьэнщи пхуэтпшыныжынщ,- жаlэти. - Мы бэлыхь къомым фыхэзмыгъэтын щхьэкlэ а шыр лажьэ сызэримыlэм хуэдэу сыпшынынт. Ауэ лажьэ симыlэу фэ lей къызэрыстеуэнум сыфlолlыкl, армыхъумэ. Зыш щхьэкlэ дауэ тхьэр фэзгъэгъэпцlын! - жиlэрти, япэ щlыкlэ езы дыгъуауэ ягъэкъуаншэм и къуэшхэм КъурIэнкlэ Тхьэ яхуиlуэрт: - Сэ мыр къыщlызэдауэ шым и Iуэхум зыри хэзмыщlыкI, къэзмыдыгъуа, къэзыдыгъуаи сымыщlэ,- жиlэрти.
Абы и тхьэрыlуэр я фlэщ хъурти, и къуэш къызэхуэсахэм Тхьэ яlуэрт:
- Мыр къыщlедауэ шыр мыбы къимыдыгъуа, къэзыдыгъуаи имыщlэ,- жаlэрти. А къомым Тхьэ зыхуаlуар а тхьэрыlуэщхьэлъу къытраlуар арат, абы и фlэщ ящlу, пцlы зэрыхэмылъыр къабыл ирагъэщlу щыхьэту ягъэувын щхьэкlэ. Мис а къомым Тхьэ къыхуаlуа нэужь, пцlы зэрыхэмылъыр и фlэщ хъурти, итlанэт тхьэрыlуэщхьэлъым щыхьэту увыну дзыxь щищlыр.
Абы тетурэ пlалъэр къэсырти, судыр къеджэрт. Зыфlадыгъуари, дыгъури, щыхьэтри екlуалlэрт. Щыхьэтыр зылlу триlуэнуи лlитlу триlуэнуи зыфlэкlуэдар хуитт.
Япэ дыдэ мылъкур зейм къеупщlырт:
- Уи шыр дауэ зэрыкlуэдар? Жэщт, махуэт, шэщым щlадыгъукlа, губгъуэм щадыгъуа, сыт щыгъуэ щадыгъуар? - жаlэрти. Ар щlаутlьшщыкlыжырти, дыгъуу зытралъхьэр ираджэрт.
- Къыпкlэралъхьэ, къызэроудауэр пщlэрэ?
- Сощlэ.
- Атlэ щхьэ йомытыжрэ? Емыкlукъэ уэ пхуэдэ щlалэжь иш къыкlэщlэбдыгъукlыу фlэпшхыну!
- Сэ дыгъуэ си хабзэкъым. Шы тlощl щхьэкlэ фи пащхьэм сыкъихьэнтэкъым. Ауэ абы къыскIэрилъхьэм сэ зыри хэсщlыкIкъым, дунейм теткъым сызэрыщыгъуазэ хэсщlыкlи,- жиlэрти, ауэ къудей зытригъыхьэртэкъым ..
- Атlэ уи тхьэрыlуэщхьэлъхэр къэкlуа?
- Къэкlуащ, щыlэщ.
Зыфlадыгъуари, дыгъури, щыхьэтхэри псори зэдэщlыгъууэ щlашэрт. Iэмал иlэм шыр зейм хуипшыныжу суд Iуэху хэмылъу, езыр-езырурэ зэгуригъэlуэну и мураду судым къригъажьэрт:
- Суд Iуэху хэмылъу, фэр-фэру фызэгурыlуэ! Судым насыпышхуэ изыхи щыlэкъым. Зыш щхьэкlэ мо цlыху хейхэми Тхьэ йомыгъаlуэ, фэри фымыlуэ, Алыхьыр бийуэ къэвмыщтэ, мылlэжын щыlэкъым! - жиlэрти еущиерт.Ар былыми шхыни фхуэхъункъым!
- Хьэуэ, абы сыхуэхейщ, абы щхьэкlэ си щхьи си ныби узынкъым,- жиlэрти, зытралъхьэм зыкlи зытригъыхьэртэкъым.
~ АтIэ къакIуэ мыдэ! - жиIэрти, судыр къэтэджт.
ЩIэс псори зэщIэтаджэрт. Зытралъхьэр КъурIэным ирашалIэрти, молэм къригъажьэрт: «Iэхьузу билахьи минэшейтIани рэджим, бисмилахьи рэхьмани рэхьим, уэлахьи, уэ билахьи, уэ талахьи, Тхьэуэ мыр зи КъурIэн, нобэ мыр къыщIызэдауэ и шыр къэзмыдыгъуа, зыдыгъуаи сымыщIэ! - жиIэрти. Абы зэрыжиIэм хуэдэурэ зытралъхьэми жиIэрт. МыдэкIэ щыт цIыхухэр а тхьэ зыIуэм еплъхэрт, зы бэлыхь гуэр къыщыщIын я гуrъэу.
Абы иужькIэ тхьэрыIуэщхьэлъыр ирашалIэрти, абыи апхуэдэу Тхьэ ирагъаIуэрт. А псом иужькIэ, дыгъу ящIам епсалъи едауи хъужынутэкъым. Хей хъуат.
Зытралъхьэм щыхьэту хуэувар, зэрыжытIам хуэдэу, и бий гуэру щытмэ:
-Щыхьэту схуэуври хей сищIащ жыпIэу бэлэрыгъауэ зыкъысхуумыгъазэ, дяку зэхуилъыр уощIэж,- жиIэрти, еуэти хыхьэжт, судыр зэрызэфIэкIыу, зэрызэбийуэ къэнэжхэрт. Адыгэ лIыгъэм папщIэкIэ щыхьэту хуэува щхьэкIэ, я зэбииныгъэр зыкlи къигъэщэбатэкъым.
Мыбы нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэну нэгъуэщI суд щIэкIи щыIэт:
Зыгуэрым иш ядыгъуамэ, зыдыгъуари имыщIэмэ, гурыщхъуэ зыхуищIыни имыгъуэтмэ, «си шыр зыдыгъуар къызжиIэу, хэт къысхуэхашэми сом 50 изот, хэшапщIэу», жиIэрти игъэIурт.
Зэман тэлай дэкIырти, зыфIадыгъуам и деж зыгуэр къакIуэрт.
- Уи шыр зыдыгъуар бжесIэнущ, сом 50 къызэптынум,- жиIэрти.
- Уэлэхьи, уэстынум,- жиIэти, зыфIэкIуэдар гуфIэрт. Абы сыт хуэдиз иритми зыфIадыгъуар зыкIи гузавэртэкъым, ар дыгъум и фэм къыдэкIыжынут. ЗыфIэкIуэдамрэ хашэмрэ зэгурыIуэрт, зыфIэкIуэдам ахъшэр хашэм иритыну, хашэм шыр зыдыгъуар къыжриIэну. Ауэ ар къызэрыхуэхэшэнур щэхуут. Зэрыхабзэти, хашэр яIуатэртэкъым, зыдыгъуар бий къыхуэмыхъун щхьэкIэ. ЗыфIадыгъуар кIуэрти, я гъунэгъуитI е и ныбжьэгъуитI къриджэрт.
- Мыращ, мыр си шыр зыдыгъуамкIэ къысхуэхэшэну къэкIуащи, щыхьэт фыкъысхуэхъу! - жиIэрти елъэIурт.
- Алыхь-алыхь, сыту фIыт,- жаIэрти, къыхуэгуфIэрт.
ЗыфIадыгъуам а къриджаитIыр щыхьэт трищIыхьт. Ауэ ахэр щыхьэт трищIыхь къудейкIэ хашэм зыри къажриIэнутэкъым. А къиша щыхьэтитIми шыр зыфIадыгъуами КъурIэнкIэ Тхьэ хуаIуэрт хашэм, дунейм тетыху я жьэм къыжьэдамыгъэкIыну, къазэрыхуэхэшар ямыIуэтэну. Абыхэм тхьэ яIуа нэужь, хашэм ахъшэр Iехри и шыр зыдыгъуари, здэщыIэри, зэрыхъуари къажриIэрт. Ахъшэр и жыпым ирилъхьэрти, «уи шыр зыдыгъуар мыпхуэдэщ, зрищар мыпхуэдэщ, шыр здэщыIэр мыпхуэдэ щIыпIэрщ»,жиIэрти, псори белджылы къaщищIт. «Аращ зэрыщыр, фыслъэгъуакъым сыкъэфлъагъужакъым»,-- жиIэрти, еуэрти хыхьэжт. Шыр зыфIадыгъуар гуфIэрти, зыдыгъуам и деж лIыкIуэ игъакIуэрт:
- Си шыр уэ бдыгъуащи, урыс Iуэху сумыгъэщIу къызэтыж,- жиIэти.
- Сыт абы щхьэ иудэгур, хэт абы и шыжь бэгум енэцIыр, уэлахьи, и ши и ви сымылъэгъуа, фIэфIыху тхьэусыхэну хуитщ,- жиIэрти игъэкIуар зримыгъэпсалъэу къихужт.
ДахэкIэ щымыхъукIэ, зыфIадыгъуар еуэрти судым прошенэ иритт: «Мыпхуэдэм сиш идыгъуащи, къысхуевгъэпшыныжыну солъаIуэ»,- жиIэрти.
И пIалъэр къэсырти, судым ириджэрт, зыфIадыгъуари зыдыгъуари.
Япэ щIыкIэ зыфIадыгъуар щIашэрти къеупщIт:
- Уи шыр сыт щыгъуэ щадыгъуар, дэнэ зыщадыгъуар?
- Мыпхуэдэ зэманым жэщу си шэщым щIадыгъукIащ.
- АтIэ ар сыт щхьэкIэ абы теплъхьэрэ? Идыгъуу плъэгъуа, зылъэгъуауэ щыхьэт уиIэ? Хьэмэрэ ауэ гурыщхъуэ хуэпщIу ара?
- Хьэуэ, щыхьэти сиIэкъым, икIи гурыщхъуэкъым, сэ абы игъащIэкIи гурыщхъуэ хуэсщIынтэкъым, ауэ хашэ сиIэщ.
Хабзэу къызэрыгъуэгурыкIуэти, хашэр Iуэтэн хуейуэ щыттэкъым. «Къыпхуэхэшар хэт, дэнэ щыIэ уи хашэр? жиIэу игъащIэкIи судыр щlэупщIэнутэкъым. Хашэр дунейм къытебгъэхьамэ, дыгъумрэ абырэ зэрыукIынут. Аращ а хашэр езыри абы щIыхуэсакъыр. Ауэ хашэ зэриIэр къезыгъэщIэнур хашэ щыхьэтхэр арат.
- Хашэ къызэрыпхуэхэшамкIэ хашэ щыхьэт уиIэ? - щlэупщIэрт судыр. - Сиlэщ.
ЗыфIадыгъуар къыщlагъэкIырти, зыдыгъуар щlашэрт: - Мор къызэродауэ Iуэхур пщIэрэ?
- СощIэ.
- АтIэ абы иш къэбдыгъуар щхьэ йомытыжрэ? ЕмыкIукъэ, зыш щхьэкIэ утыкум фыкъызэрилъэфэну!
- Къэздыгъуауэ щытам естыжынт, дэнэ къисхыу естыжын,- жиIэрти заригъэумыстэкъым. Зыфlадыгъуар щIашэжырти, суд Iуэху хэмылъу,зэгурыIуэну судыр тIуми еущиерт:
- Зыш щхьэкIэ фызэмыдауэ, фэр-фэру фызэгурыIуэ! Судым насыпышхуэ изыхи щыIэкъым, судри фэ фхуэдэ цIыхущ. Судми щыхьэтрэ тхьэрыIуэрэщ. Напэншагъэкlэ зым и мылъку зым ишх хъунукъым. Абы щхьэкIэ Тхьэ фIуэуэ, Алыхьри бийуэ къэвмыщтэ! - жиIэрти. Зыдыгъуам заримыгъэумыс щыхъукIэ, зыфIадыгъуам къеупщIт:
- Щыхьэт уиIэ?
- СиIэщ.
Щыхьэтхэр щIашэрти къеупщIт:
- Мыбы иш ядыгъуамкIэ хашэ къызэрыхуэхэшамкIэ фыщыхьэт?
- Дыщыхьэтщ.
ЩыхьэтитIыр ирашалIэрти КъурIэнкIэ Тхьэ ирагъаIуэт: «зэхэдмыхарэ дымылъэгъуарэ жыдмыIэн, Iуэхум благъагъи, ныбжьэгъугъи, ижыгъи хэдмылъхьэн»,- жаIэрти. ЗыфIадыгъуам и деж къакIуэу хашэ къызэрыхуэхэшари, хашапщIэу тумэнитху зэрыритари, псори жаIэ жырт.
Хашэ е щыхьэт щыIэмэ, дыгъум щхьэкIэ тхьэрыIуэ щыIэтэкъым, пшынакIуэ хъурт. Суд къыхуащIэт: шыр къритыжын хуейуэ е шым и уасэ къритыну, уасэ зэрыхуащIкIэ. ХэшапщIэу ита тумэнитхури къритыжын хуейуэ. Махуэ пIалъэ къыхуащIти, къыщIаутIыпщыкIыжти, зэфIэкIат.
А жытIахэм нэмыщI мыхуэдэ суд щIэкIи щыIащ. Зыгуэрым и хьэпшып ядыгъуауэ, зыдыгъуар имыщIэм, зылъэгъуаи зыщIи имыгъуэтым, щыхьэти хаши имыIэмэ, судым ирит хъууэ щытащ. Къызэригъэбелджылын лъэпкъ имыIэми, судым ищтэу щытащ.
Апхуэдэр къызэрагъэбелджылыри суд зэрытращIыхьри тхьэрыIуэрэ щыхьэтрэт. Зылъэгъуа щымыIэми, тхьэрыIуэкIэ къыщIагъэщырт. Пасэрей адыгэхэр икъукIэ тхьэрыIуэм фIэлIыкIыу, щышынэу щытащ. Зыми къимылъагъуми, «Тхьэ сагъэIуэн хъумэ, сыкъыщIэщакъэ»,- жиIэрти, мыхъумыщIэ илэжьынv мурад ищIами, имылэжьу къигъанэрт. Арат Iуэхуу щыIэр къызэрыщIагъэщыр. Тхьэр имыгъэпэжауэ ящIэмэ, ягъэпуду щытащ.
Псалъэм щхьэкIэ, зыгуэрым Тхьэ иIуащ, зы Iуэху гуэр илэжьыну жиIэри. А Iуэхур хуэмылэжьу зыгуэркIэ фIызэблэури, тхьэр игъэпцlащ. «Тхьэр игъэпцIащ»,- жаIэрти, Iумпэм ящIт. Абы иужькIэ ар щыхьэту ягъэувтэкъым, «пэжыгъэ бгъэдэлъкъым»,- жаIэрти. «Тхьэр зыгъэпцIам, цIыхури игъэпэжынкъым»,- жаIэти, дзыхь хуащIыжтэкъым. Езы Тхьэр зыгъэпцIари, «сунэхъуащ, Тхьэр згъэпцIащ»,- жиIэрти, цIыхуу зилъытэжтэкъым. Ар Алыхьым екIужа хъун щхьэкIэ тезыр гуэрхэр тралъхьэрт.
Чэфэрэ
Иджы Тхьэ зэригъэпцIауэ щытар и Тхьэм къыхуигъэгъун щхьэкIэ, Iэмалу щыIэр мырат: а Тхьэр зыгъэпцIам езым и мылъкукIэ факъырипщI джанэ яхуищIын е факъырэ плIыщI зэ шхэгъуэ игъэшхэн хуейт. Ар игъэзащIэмэ, и щхьэр къищэхужауэ, муслъымэн хъужауэ арат. Абы зэреджэр «чэфэрэт». Арат Тхьэм къызэрихуигъэгъуну Iэмалу щыIэр. Ар нэгъуэщIу жыпIэмэ, тхьэгъэпцIыпщIэщ. «Чэфэрэ» итащ» жиIэмэ, «гуэныхь ищIам щхьэкIэ и щхьэр къищэхужащ, зигъэкъабзэжащ», жиIэу apaт.
Тхьэр имыгъэпцIауэ, ауэ нэгъуэщI зы гуэныхь гуэр къилэжьауэ ар къыхуэгъун щхьэкIэ, зы псапэ гуэрхэр къилэжьами, абыи зэреджэр «чэфэрэт». ЗэрыхъумкIэ, гуэныхьу къилэжьам хуэдиз ипэу къилэжьыжмэ, а тIyp зэпэкIуэжти, езыр хейуэ къэнэжт.
Диныр гъэщIэгъуэнщ, мыхъумыщIэ ищIами, фIыгъуэ тIэкIу къилэжьыжмэ, абы пагъэувырти, хейуэ къагъэнэжырт.
КЪУАЖЭ
IУЭХУХЭР 3Е3ЫХЬЭУ ЩЫТАХЭР
Пасэрей адыгэ къуажэхэм бзэрэ тхылърэ зыщlэ дэсу щытакъым. Ауэ Iуэхуу щыlэр къуажэ лIыжьхэм зэрахьэрт. Къуажэ Iуэхухэр зезыхьэу къуажэм дэсахэр: зы старшынэ, абы и къуэдзэу зылI, зы писыр (урысу), зы довернэ, хьэтхауитI (хьэгъэбанэкlи еджэрт), зы гъyo, зы тхылъзехьэ, зы казначей, къуажэ ахъшэр Iэщlэлъу.
Къуажэ унафэр зыщIыр старшынэр арат. Ауэ Iуэхушхуэ щыIэмэ, къуажэ унафэкlэ екlуэкIын хуейт. Зыгуэр къэхъуху къуажэ псор къызэхуашэс нэхърэ нэхъ. Iуэху зэфIэкlыу, нэхъ Iуэху псынщIагъуэу ялъытэу «Выборкlэ», еджэу лlыжь гуп (къуажэм и инагъым елъытауэ лlыжь 15-20) хахти, абыхэм ящI унафэр къуажэ псоми ящlауэ хъурт. Къуажэм я цIэкlэ тхылъ гуэр тхын хуеиуэ унафэ гуэр щыIэмэ а лIыжь гупыр къызэхуашэсти, Iуэхуу щыIэм и унафэр ирагъэщIт. Тхын хуейр писырым итхт. Абы итхам. а лIыжьхэм я Iэр традзэти, Iуэхум кIэ игъуэтат. Iэ зэрытрадзэу щытари мыпхуэдэут: и Iэпхъуамбэшхуэр шакъэм хигъауэрти Iэ зытедзэн хуей тхылъымпIэм тригъауэрт. Абы и Iэпхъуамбэр зытригъэуам и занщIэкlэ а лIыжьым и унэцlэр писырым питхэжти, Iэ тридза хъуат. Аращ «Iэ тедзэ. Iэпэ щlэдз», жыхуаIэ псалъэр къызытекIар.
ЦIыхухэр нэхъ губзыгъэlуэ хъуа нэужь, урысхэри къытхэзэрыхьа нэужь, а выбор лIыжьхэм я Iэпхъуамбэ курытым хуэфIу дыжьын Iэлъынышхуэ хурагъэщlауэ щытащ и цIэм и пэм ит зы хьэрфымрэ и унэцIэм ипэ хьэрфымрэ тету. Iэ зытридзэн хуейм а Iэлъыныр шакъэ защlэ ищIти тригъауэрти, лIыжьым и унэцIэр писырым питхэжт. Старшынэми апхуэдэут зэрытридзэр. Мис а щIыкIэм тету, абыхэм тхылъыр зэрагъэпэщамэ, уи ней щыхуэ абы итlанэ, ар къуажэм ятха хъуати, къутапIэ и1эжкъым.
Абыхэмкlи зэфIэмыкIыну Iуэхушхуэ къэхъумэ, балигъ хъуауэ цIыхухъуу къуажэм дэсыр зэlущlэ ящIти ирагъэдаIуэрт, Iэ щIаIэтынум теухуауэ зыгуэр тепсэлъыхьти, Iуэхур ягуригъаlуэрт: абыкIэ арэзымрэ мыарэзымрэ Iэ IэткIэ зэхагъэкIти, арэзыр нэхъыбэ хъуамэ, Iуэхур къащтауэ арат.
- Аращ зэрыхъун хуейр, къуажэр абыкIэ дарэзыщ.
- Аракъэ псоми жыфIэр? - жиIэти, къуажэм яхэупщlыхьт.
Псоми, ягурыIуами ягурымыlуами, «Дарэзыщ!» - жаIэти зэрыгъэкIийрт. Абы тету Iэ яlэтырти, зэфIэкlа нэу,жь, «сыт Iэ щIыдагъэIэтар?» - жаIэурэ зыр зым еупщIыжурэ зыгурагъаIуэрт зыкъомхэм, зыкъомхэми ягурымыlуагъэххэv абыкIэ яухырти, зэбгрыкIыжт. Абы иужькlэ а хахауэ щыIэ лlыжьхэр къызэхэнэжти, кьуажэм ящIа унафэр тхылъым иратхэрт. Абыхэм я Iэр традзамэ, къуажэм ятха хъуат.
Ипэкlэ «дыгъу къэфт» жаIэу къуажэхэр щызэрахуэ куэдрэ къэхъуу щытащ. Мис абыхэм щыгъуэм, дыгъуу ягъэлъагъуэу ягъэкlуэдынуми, е «Iэпей-лъэпейщ, къуажэм дэдгъэсынукъым»,- жаIэу приговор ятхрэ а лIыжьхэм я Iэ традзэжамэ, абы нэхърэ нэхъ хей щымыIэми, зэфIэкlат, къэгъазэ иIэтэкъым. «,Къуажэ приговоркIэ ягъэкIуэдауэ щытащ»,- жаlэу зыpи темыплъэжу ягъэкlуэду щытащ. Иджыри лIыжьхэм хъыбар щаlуэтэжкlэ куэдрэ жаlэу зэхыбох: «Ар дыгъуу ятри къуажэ приговоркIэ ягъэкIуэдауэ щытащ»,- жаIэу.
А. лIыжьхэм Iуэхукlэ яхуей щыхъум деж, гъуо ягъэджэрт: «Iуэху щыlэщи, пщэдей IуэхущlапIэм фыкъекlуэлIэн хуейщ!» ~ жиIэрти. Гъуом «балигъ хъуар фыкъекlуалlэ»,- жимыlамэ, абы щыгъуэм зыхуейр а лIыжьхэр арати, ар езыхэми къагурыlуэрти лlыжьхэр зэхуэст. Ар къуажэ зэlущIэтэкъым.
Къуажэ унафэхэр езыгъэкlуэкIыну хах лIыхэр хэзыхыр къуажэ зэIущlэр арат. «Дэ дыкъэзыгъэпэжын, гугъу зыкъытхуезыгъэхьын»,- жаIэрти, нэхъ цlыху пэжу, нэхъ укIытэ зиIэу яфIэщIыр хахырт.
Довернэр щыхахым и деж ягъэувырти къурIэнкlэ тхьэ ирагъаIуэт: «Iуэхум бла,гъагъэрэ ныбжьэгъугъэрэ хэзмылъхьэн, ижыгъэ хэзмылъхьэн, цIыхум семыижын, си акъылым къызэриубыдкIэ Iуэхур захуэм хуэзгъэзэнмэ, зэрысхузэфIэкIкIэ цIыхур зэхуэзгъэдэнмэ»,- жиIэрти. Абы и фэм дэлъыр мырат: къуажэ цIыхуитI зэгурымыIуэу, зыгуэр зэпаубыдмэ, псом япэу абы я Iуэхум еплъын. Довернэм и унафэншэу, ар пэмыплъауэ къэтхьэусыхэм и Iуэхум суд тращIыхь хъунутэкъым. ТIyp щызэгурымыlуэкIэ, лей зылъысар кlуэрти, къуажэ судым хуэтхьэусыхэрт. Абы довернэр игъакIуэрти, Iуэхур зэрыщытым иригъэплът, щlызэгурымыlуэ щIэтхьэусыхэм еплъти, мэсхьэт (уасэ хуригъэщIт) иригъэщIти, абы къажриIэжым тету судым суд хуащIэт.
ХьэтхауитIым я къулыкъур мырат: зыгуэрым Iуэхущlапlэр хуей хъуамэ, ягъакIуэрти IуэхущlапIэм кърагъашэрт. Къэрал подэтыр къуажэм къыхахт, зыгуэрым къитын имыдэмэ, е къимытыфмэ, кIуэрти лIыгъэкlэ къытрахт, е
етхьэкъурти абы и уасэ хъун хьэпшып къытрахырти, Iуэхущlапlэм къахьт. Ар къуажэ зэlущlэ ящIырти, нэхъыбэ къезытым иращэрти, елеекIамэ, хьэпшыпыр зейм иратыжт. Е хьэпшыпыр зейм яримыгъащэу къитын хуей ахъшэр къихьмэ, и хьэпшыпыр иратыжт. Къуажэм сыт къыхэхын хуейми ахэр арат къыхэзыхыр. Зыгуэр ягъэтIысынумэ, абыхэм къашэрти ягъэтIысырт.
Къуажэм къыхэхын хуейуэ зыгурхэр трагуэшамэ, ахэр арат къыхэзыхыр. Суд зытращIыхьам къитын имыдэмэ, кIуэти етхьэкъути къытрахт. КIэщIу жыпIэмэ, къуажэм унафэу щащIыр зыгъэзащIэр арат.
Къуажэм я ахъшэ зэхэлъ щыIэмэ, зыбгъэдэлъыр казнэчейр арат. Къуажэм ахъшэ гуэрхэр трагуэшауэ къыхэхын хуеймэ, къахэзыхынури ахъшэр зыхъумэнури казначейр арат. Ауэ ахъшэр къыщыхахкIэ казначейм имызакъуэу, довернэри хьэтхауитIри гъусэ хуащIт. Къуажэм хэхъуэу яIэри хэщIу яIэри а казначейм и IэмыщIэ илът. Мис ахэр арат къуажэм я Iуэхур зезыхьэхэр,, зэрызэрахьэри а щIыкIэм тетут.
Къуажэм я Iуэхур зезыхьэ къуажэ лажьакIуэхэм пщlэуэ яIэр, жылэм трагуашэу къыхах къэрал къалэным щыщ ирамыгъащIэу щхьэщахти арат.
Мыбыхэм янэмыщlу, «тхылъзехьэкlэ» еджэу зы мылицэ яIэт. Къуажэм тхылъ дэхын хуейми, къыдыхьэн хуейми, арат зи пщэ дэлъыр.
АДЫГЭМ
IЭЗЭУ ЯIАХЭР
Пасэм щыгъуэ адыгэм «Iэзэшхуэ» яIащ: дунейм темыта цIыхур дунейм къытезыгъыхьэу щытар фызгъалъхуэрт. ЛIэнур зымыгъалlэу къызытезыгъэувыlэу щытар молэрт. Хуабэ уз зэфыкIыу зи щхьэр зэIыхьар нэхъри сымаджэ зыщIыфыр «жин Iэзэрт» абыхэм нэхърэ нэхъ «Iэзэшхуэ» дэнэ къикIынт?
ЦIыхубзыр лъхуэн хуей зэрыхъууэ, «щIэхыу» жаIэрти, фызыжь гуэр къраджэрт. (Фызгъалъхуэ). Лъхуэну фызыр тасыжь фIей гуэрым иригъэтIысхьэрти, и Iуэхур зэфIэкIт. Къалъхуам и бынжэр пиупщIт, бзаджэр кIуэцIигъанэрти, фызыр ныкъуэдыкъуэ ихъукIт - илlыкIыпэрт.
Ауз абыхэм яхэтт а IуэхумкIэ куэду IэкlуэлъакIуэ хъуа фызыжьхэр. Дохутыр зэрыщымыIэм къыхэкIкIэ ахэр а Iуэхум хузэрашэурэ Iэзэ хуэхъуауэ псори тэмэму ягъэзащIэрт.
КъинэмыщIауэ ц1ыхур зыIуэркIээ сымаджэ мэхъу. Псалъэм щхьэкIэ, кIэтIий нэфкIэ, е кIэтIий зэрылъэдакIэ. «ЩIэхыу» жаIэрти, молэр къраджэрт. Абы узу щыIэр и зэхуэдэт: и хущхъуэр хьэзырыпст. Дыуэ, дыуэпс хуитхырти, дыуэр пщIэхалъхьэрт, дыуэпсыр (шакъэр) псыкIэ къыкIэрагъэкIырти, сымаджэр ирагъафэрт. Шакъэпсым хуэдэу хущхъуэ щыIэ. кIэтIий нэфым щхьэкIэ? Шакъэпсри дэIэпыкъурти, кIэтIий нэфыр псынщIэу къэкъутэрти, Iуэхум псынщIэу кIэ игъуэтт.
ЦIыхум хуабэ уз ефыкIыv хэIvхь-хэвыхьу зэрыхуежьэу. «щIэхыу» жаIэрти, «жинIэзэр» къашэрт.
- Алыхь-алыхь-алыхь, щIалэр фыукIащ, и узыр хэвгъэужьынащ. Апхуэдэ телъыджэ цIыхум ищIэрэ? Щхьэ зыгvэрым гу лъывмытарэ, хьэдэгъуэдахэ? - жиIэрти, зигъэбэлыхьу захузэкIэщIишт.
- Мыр дэнэ щыlа, мы узыр дэнэ къыщыжьэхэуар сыт хуэдиз хъуа? Бзаджэнаджэ къебгъуэуащ, жин ф1ыц1э зэран къыхуэхъуащ. ЩIэхыу джэд гъуэжь пыIэ щхьэрыгъыу къэвгъуэт, мы дунейм тетмэ!
А жыхуиIэр къалъыхъуэрти къыхуахьт. Джэд гъуэжьыр сымаджэм и щхьэм траубыдэу фJагъэжыну унафэ
яхуищIт. «И лъыр кIэрывмыгъэткIуу къысхуэфхь!» - жиIэрти, лъыри къыхуахьырт. Лъыр къызэрыIэрыхьэу, кlуэжыи хуэдэу зищIти, унафэ яхуищIт:
- Сэ мы лъымкIэ дыуэ стхынущ, дыуэмрэ а джэдым и къупщхьэмрэ зэхэлъу себжынурэ щIым щIэстIэнущи, джэдым и къупщхьэм щыщ хэмыкIуэдыкIауэ къысIэрывгъыхьэ! А къупщхьэм щыщ зы мастэнэбдз хуэдиз хэкIуэдыкIмэ, щlалэм зэран хуэхъунущ. Фыхуэсакъ, жин фlыцIэм фыфlадыгъуну иужь итынущ,- жиIэрти, щигъэшынэрт. Абыкlэ игъэшыиэу джэдыр езым зэрызыlэригъэхьэи Iэмал къилъыхъуэу арат. Джэдыр езы унагъуэм. яшхын дэиэ къэиа, ауэ еIусэиу дзыхь ямыщlу щигъэшынэрт. «Дэ мыбы дытеунэхъуэнщ»,- жаIэрти, шынапэурэ, джэдыр езы фыз Iэзэм иратырт.
- Мыр зэрыхъуным хуэдэу уэ зэгъэпэщ, дэ зыгуэр хэдгъэкlуэдыкIынщи, дытеунэхъуэнщ,- жаIэрти. Фызыжьри зыхуеиххэр арати, джэд гъуэжьыр яхиудырти, щlэущыхьу кIуэжт.
- Алыхь-алыхь, сэ а щIалэм щхьэкIэ сымыщIэн щыIэ, схузэфIэк1ыу,- жиIэрти, джэдыр зэрихьым и щIыlужкIэ, фIыщlэ зыхуригъэщIт.- Алыхь лъэщыгъуэр зиIэ, сэ ар зыхуей хуэзгъэзэнмэ, фымыгузавэ!
Абы дэиэ щыIэ щхьэусыгъуэр яхуищIурэ Iэджи яфIишхырт.
- А щIалэм щхьэкIэ жин хужьымрэ жин фIыцIэмрэ зэщыхьауэ зозауэри, дэ насып диIэмэ, жин хужьыр текlуэищи, абы щыгъуэмэ, ди Iуэхур хъуащ,- жиIэрти, абы пигъаплъэрт.
Абы апхуэдэ сымаджэ Iэджэ илъэгъуат. МылIэмэ, зэ зэрыхъужыиур ещIэ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, щымылIэкlэ зэ хъужынкъэ? Аращ ар езыри зыпэплъэр. А фызыжьыр апхуэдэм есащи, яжриIэн дапщи егъуэтыр.
Хъужу зэрыхуежьэу къакIэлъижыIьуy щIедзэр: «ди Iуэхур хъунущ, ди насыпыр Алыхьым игъэувынущ, жии хужьыр текIуащ»,- жиIэрти, сымаджэр зыгуэрхэм иригъафэу, зыгуэрхэр щIигъауэу щIидзэрт. Арыххэурэ сымаджэм и зыужьыжыгъуэ хъурти, зиужьыжт.
- Алыхь-алыхь, мы щIалэр угъурлыщ, аращ си жинхэми жаlэр. Абы и сэбэпкIэ жин хужьхэри текlуащ. Щ1алэм насыпышхуэ иIэщ,- жиIэрти, фIыщIэ зыхуригъэщIт, езым игъэхъужа къафIигъэщIу. Дауэ ищIми, къапихахэр къыхуарэзыуэ фызыжьым ишхт. А яфIишхам иэмыщIыжу иэгъуэщI Iэджи къыхуащIэт, «ди къуэр бгъэхъужащ» -жаIэрти, фIыщIэ къыхуащIурэ фызыжьым. Мис ахэращ Iэзэшхуэу диIахэр.
Уlэгъэ
дохутыру ди1ахэр
Ипэкlэ цlыхухэр зэщыхьэрейуэ, куэдрэ зэрыуIэу щытащ.
Сымаджэщи дохутыри щыIэтэкъым. Ауэ уlэгъэ ипхэфу, округ псом зы ису, зэрымысыххи щыlэу щытащ. У lэгъэ гуэр къызэрыхъуу, апхуэдэр къалъыхъуэрти, уIэгъэр ирагъапхэрт. «Тхуэгъэхъуж»,- жаIэрти, епсалъэрт. 3эгурыIуэрти, еIэзэну бгъэдэтIысхьэрт. УасапщIэр зэрызэгурыlуэт.
3эгурыIуэу еIэзэну зэрыбгъэдэтlысхьэу, «гынщхьэлъэкIыy» жиIэти, абы къикIыр «хущхъуэ уасэ» жыхуиIэт, зыкъом яIихырт, IэзапщIэм хигъэкIыжыну. Къэнар уlэгъэр зэрыхъужу иратыжыну зэгурыIуэрт. Ауэ хуэмыгъэхъужу уIэгъэр игъэфрэ илIыкIыу lэджэри къэхъурт. Хуэмыгъэхъужу лIэмэ, хущхъуэуасэу яIихар къыхуэнэрти, нэгъуэщI ираттэкъым. «УIэгъэм къупщхьэ хэлъщи, ар къыхэмыкIыу хъуиукъым»,- жаIэурэ уIэгъэр ягъащэт, лыр къарууншэ ящIурэ къупщхьэр къыхагъэхуну иужь итурэ уIэгъэр яфIэфт, е екIуэрти, Iэджи илIыкIт. Ауэ ерагъыу ягъэхъужыфи къэхъут. Нэхъыбэу уIэгъэм зэреIэзэу щытар удз лIэужьыгъуэ, сабын, фошыгъу, шыгъу - арат.
Къупщхьэ
къутам, гуэрэфым, шыным
Адыгэм икъукIэ лIыжь IэкIуэлъакIуэ яхэтащ къупщхьэ къутам, гуэрэфым, шыным еIэзэфу. ИкIи ягъэхъужт.
Къупщхьэр къутамэ, сабыншыкукIэ быдэу яшытIэурэ къупщхьэр зэпагъэyвэжырти, зэпыудар тэмэму и пIэм иувэжа нэужь, джэдыкIэпскIэ быдэу зэщIашхэрти, мыхъейуэ пхъэщIэпхэ хуащIырти, ягъэгъуэлът. ХъужыхункIэ еплътэкъым.
3и къупщхьэ къута сымаджэр ауэ пIэ къызэрыгуэкIым ягъэгъуэлътэкъым. Уэншэку тебзэм ху из ящIырти, И щхьэр быдэу щхьэщадыкIыжырти, абы трагъэгъуалъхьэрт. Ар апхуэдэу щIащIыр, сымаджэм уемыIусэу, тIэкlунитIэ зызэригъэхъейуэ езы хум игъазэрт. 3и кЪупщхьэ къутам уеIусэу уеIэбу къупщхьэ къутар бгъэхъей хъунутэкъым. А уэншэкур сымаджэм икъукIэ къыдэIэпыкъург. Ар узэIэб, узэIусэ хъу щIыпIэхэм и дежу щытмэ.
Ауэ, къутар и дзажэналъэ къупщхьэуэ щытмэ, и кIуэцIымкIэ еIэбыпIэ бгъуэттэкъым, абы нэхъ елIалIэрт. Абы зэпымыууэ хьэгулывэ, хьэнтхъупс хуащIурэ ирагъафэрт, и кIуэцIымкIэ быдэу къыдришейуэрэ, къупщхьэ зэпыудар зэпыувэжыи щхьэкIэ. И кIуэцIымкIэ абы зэпигъэувэжырт, и щIыIумкIэ джэдыкIэпскIэ быдэу зэщIашхэрти, ягъэхъужт.К1эщIу жыпIэмэ, къупщхьэкIэ икъукIэ Iэзэу лIыжь гъуэзэджэхэр щыIащ.
Абыхэм зэреIэзэм щхьэкIэ, адыгэ хабзэу къызэрыгъуэгурыкlуэти, пщlэ ираухылlэу, Iэзапщlэ къыlрахыу щытакъым. Ауэ «фlы къыпхуэзыщIэм, фlы хуэпщIэжын хуейщ»,- жаlэу зыгуэрхэр хуэзыщlэ щыlащ. Апхуэдэ къабзэу, шынри гуэрэфри зыгъэхъужыф Iэпэ щабэ яхэтащ. Ахэр быдэу къагъэкъабзэрт, гуэрэфхэм, шынхэм Iукlэ къришыну зи гум техуэ щыlахэщ. Ар мы зымахуэу, мы махуитlу зэман кIыхькlэ къыкlэлъакlухьу зрагъэлlэлlэфырт. Ауэ щыхъукlи, пщlэ щыгугътэкъым.
Дафэзехьэ
шыгъажэ
Ипэкlэ адыгэ къуажэхэм ящlу щыта шыгъажэхэм я нэхъыбэр дафэзехьэ шыгъажэт. А «дафэзехьэ шыгъажэр» лlам папщIэкlэ ящlу, нэщхъеягъуэ шыгъажэт. Иджы ящI шыгъажэр нэгузыужь шыгъажэщ. Нэгъуэщlу жыпIэмэ, щыгъажэр лlам щхьэкlэ ящlу щытащ. Лlам щхьэкlэ ящI дэтхэнэ зыми зэреджэр «хьэдэlусщ», «Дафэзехьэ шыгъажэри» а хьэдэIусхэм ящыщ зыт. Ауэ хьэдэlусу ящI псами нэхърэ нэхъ ягъэлъапlэу, нэхъ пщlэ хуащlу, нэмысышхуэ иlэу щытащ. «Дафэзехьэ щыlэщ»,- жаIэрти, къуажэм цlыху къыдэмынауэ жьыри щlэри зэрызехьэрт. Абы хуэдэ «дафэзехьэр» жьыкIэфэкlэхэ,ми балигъ мыхъуами хуащIтэкъым. Ар зыхуащlыр и дуней тетыгъуэу, цIыхум ягу къыщIитхъыу игъуэджэкъутэу, зы фэбжь гуэркlэ дунейм ехыжар арат.
«Дафэзехьэ шыгъажэ» жыхуаlэр зищlысыр мырат: ар дин лъэныкъуэм епха Iуэхугъуэт. «Лlам щхьэкlэ шы гугъу ебгъэхьым! бгъэпщlантIэм псапэщ»,- жаIэрт. Ауэ си лlам папщIэкlэ уи шыр гугъу схуегъэхь, къысхуегъэжыхь жыпIэкlэ хэт къыпхуижыхьынт? Ауэ шыр зейм къемыхьэлъэкlыу къижыхьын щхьэкlэ къагупсыса Iуэхугъуэт «дафэзехьэ шыгъажэр». И шым. зыгуэр къыхуихьын папщlэ къехьэлъэкI ынутэкъым.
Апхуэдэ хьэдэlус шыгъажэр щащlыр, Iэмал имыlэу нэщIикlыж хьид махуэшх,уэм е къурмэн хьид махуэшхуэм ирихьэлIэут.
Дафэзехьэ зыщIыну мурад зыщlам, а махуэшхуэр къэсыным мазэ, нэхъыбэ иlэу зызэригъэпэщу щIидзэрт. Дэ куэду къащэхути, дэхэр яугъуэнт, Iуданэ иплъэф хъуну. Баш пlащlэ цIыкlухэм къыхэщIыкlауэ кхъэлэгъунэ сурэт, уанэ сурэт, пыlэ сурэт, гущхьэ с,урэт н. ирагъэщIти, абыхэм дэхэр Iуданэ гъуабжэкlэ зэкlэрыпхауэ траблэрт, джанэ сурэт, лъахъэ сурэт, къамышы сурэт къинэмыщlхэр дэ зэкlэрыблауэрэ ящIти, шы къэжэнухэм зэрахуэфэщэнкlэ Iыхьэ ящIырти, махуэшхуэм хуагъэхьэзырт. Абы ирихьэлlэу шхын Iэджэ ящIт, ныш яукIт. Дэхэм языныкъуэр зыми трамыблэу ауэ лъалъэу къагъанэрт, цlыхухэм хуапхъын щхьэкlэ.
А махуэшхуэр къэсыным тхьэмахуэ, нэхъыбэ иlэу куейм къуажэу ис псоми хъыбар ирагъащIэрт, шы жэр зиIэхэр шыгъажэм къэкlуэну. А зэманым ирихьэлlэу шы жэр зиIэхэм я шыхэр хуагъэхьэзырти, а махуэм къызэхуэсырт. Хъыбар ирамыгъэщlауэ нэгъуэщI хэку щыпеэу шы жэр зиIэхэми, а хъыбарыр Iуэрыlуэтэжу зэхахамэ, я шыхэр къашэрти къакlуэхэрт. Абыхэми фlыщlэ хуащI нэмыщI eмыкly пылътэкъым.
Махуэшхуэр къызэрысу, шхыну ящlари дэуэ зэрагъэпэщари дашырти, шыджэр зыщрагъэкlуэкIыну къуажэбгъум яшэрт. А зы унагъуэр мыхъууэ, унагъуи 2-3 зэрихьэлlауэ хъункlи хъурт. Ахэр псори зэрыщlэу а зы зэманым зэрихьэлlэу дашырт. Псори зэхэту шыгъажэр зэдрагъэкlуэкIт.
Япэр арауэ, шыгъажэм и унафэр езыгъэкlуэкIын гуп хахырт.
«Дафэзехьэ шыгъажэм» еплъыну, яфlэгъэщlэгъуэну цlыхуу щыlэр къызэрыдэхырт. Лlыжьхэр псори дэкIырт дэр здашам. Лlыжьхэр хъэдэlус дашахэм еплъырт, дыуэ тращIэрт.
Шырэ уанэрэ зиlэ жылэм къыдэмынауэ зэрыдэхауэ зэхэтхэт.
Лlыжьхэр еплъу дыуэ тращlа нэужь, шухэм ящыщ шу гуп къахэкIти, зи гугъу тщlа дэ пкъыгъуэхэм ящыщ зы къащтэрти ирахьэжьэрт. Ар ешыхукlэ кърахьэкIт, шыжьэрутlыпщу. А гупыр зэрешу, къекlуэлIэжти, нэгъуэщI шу гуп къыхэкIти, нэгъуэщI зы пкьыгъуэ ирахьэжьэти, ец1ыху кърахьэкIт. А щIыкIэм тету, дэ лlэужьыгъуэу дашар зэрызэ ирикъухункlэ кърахьэкIт. Мис арат «дафэзехьэкlэ» зэджэри щlеджэри.
Ахэр зэфIэкlа нэужь, дэлъалъэ ямыблэу къагъэнахэр матэм иракlутэрти шу гупым ирахьэжьэрти, уэрамым дэr цIыхухэм хапхъэурэ къажыхьт. ЦIыхухэми зэрыфыщlу къащыпт. А зэманым хэкум дэ щыlэу щытакъым. Зы дэ цIыкlу къаIэрыхьэнри яфlэгъэщIэгъуэнт. Шхын дашахэр цIыхухэм хуагуэшырти, лIыжьхэми щlалэхэми яшхырт.
Ахэр зэфIэкlа нэужь, шыгъажэм и Iуэхур зи пщэ далъхьахэм я унафэкlэ шыгъажэм кlуэну шыхэр зэрахуэфащэкlэ гуп-гупурэ зэхадзырти, къагъэжэну яутIыпщт. Дэр куэду щытмэ, къэжэгъуэхэри куэд ящIырти, чэзууэрэ къагъажэрт. Шы къатежхэм зэрахуэфэщэнкlэ дэ пкъыгъуэхэм ящыщ иратырти, шыр зейри гуфlэу кlуэжырт, «си шым дэ Iыхьэ къысхуихьащ, къатежащ»,- жиIэрти .
Апхуэдэ шыгъажэр куэдым яхуэщIтэкъым, гугъуехьышхуэ пылът, мылъкушхуэ текIуадэрт, ар зыщIыфыр закъуэтlакъуэххэт.
«Дафэзехьэ шыгъажэр» нэхъыбэу зыщыерыщу щытар - Джылахъстэней лъэныкъуэрт. А IэщIагъэр зыщыерыщу щытар - мышкъышхэр арат. Джылахъстэнейр мышкъышхэм ябгъэдэсти, абы къытраубыдыкIа хабзэт. Ехьэжьауэ апхуэдэ шыгъажэшхуэ зыхузыфIэмыкIым. лIам къыщIэна и щыгъынхэмкIэ шыгъажэ хуащIу щытащ. щыгъынхэр Iыхьэу ягъэтIылъурэ. Шапсыгъхэм лIыхъужь къаукIам е лIам «IэщэгъэтIылъыж шыгъажэ» хуащlт. Дунейм ехыжа лIыхъужьым къыщIэна и Iэщэ-фащэмрэ и щыгъынымрэ и шым кlэрапхэрти дашырт. Шыр губгъуэм пкъо щыхатIэрти ирапхт, е жыг закъуэ итмэ, ари хъунут. Шухэр адэ жыжьэу къыщызэдэувырти, япэ къэсым игу ирихь lэщэр е щыгъыныр къыкIэриудурэ зыри къыкlэрымынэху къыкlэрачырт. Арат «Iэщэ гъэтlылъыж шыгъажэр» зищlысыр.
Дуней м ехыжам щхьэкlэ джылахъстэнейхэр цIыху:хъухэри цlыхубзхэри я макъым къызэрикIкlэ ину магъ. Ауэ къэбэрдейхэм цIыхубзхэм фlэкlа цlыхухъухэр гъыркъым.
Пасэм щыгъуэ хьэдагъэ къэхъуамэ, къэбэрдей къуажэхэм цlыхухъу хьэдагъэ пашэхэр щыlащ. А хьэдагъэ пашэм н закъуэт гъыр. Абы и цеикlэр дэупщIауэ, и Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ утыкум итт. Гуlэкlуэ къакIуэ дэтхэнэ гупми чэзууххэу гъуэгыу япежьэурэ пщlантIэм къыдишэурэ дунейм ехыжам я Iыхьлыхэм бгъэдишэрт, а гупыр дишыжырти, зи чэзу гупыр къыдишэрт. Апхуэдэурэ нэщхъеягъуэм къекlуэлlахэр къыдишэрт, дишыжырт.
Иджы хуэдэу нэщхъеягъуэм къекlуэлlа псори кхъэм нэсыху дэкlуатэртэкъым. Дуней м ехыжам и Iыхьлыхэм хуэгуlэрти, щхьэжи Iуэху яужь ихьэжт. Хьэдэр щIэзылъхьэхэр lыхьлы гъунэгъухэмрэ благъэхэмрэт.
ЧЭРЭЧЭ
«Чэрэчэ» жыхуаlэр - хьэрып псалъэщ мылъкур гуэшын жыхуиIэщ, езыр шэрихьэт Iуэхущ. Ар муслъымэн диным къытхипщауэ икъукIэ ягъэткIиЙуэ.. яхэлъащ ди цIыхухэм. Муслъымэн диныр зытраухуа къурlэнми итщ а гуэшыкIэр. Чэрэчэ жыхуаIэр мыращ: псалъэм щхьэкIэ, зы лIы гуэр лlащ. А Л;lам мылъку къыщlэнащ. А лIам и мылъку къыщlэнам и "ф'ызымрэ И бынымрэ хурамыгъэту, мылъкуу къыщlэнар ягуэшт. И гуэшыкlэр япэр арати. лlэм бгъэдэтIысхьэрти уэсят кърагъэщIт. и хьэдэм трагъэкlуэдэну зыхуеЙхэр. Мо зи псэм игъэгужьея сымаджэ хьэлъэм зыхуейри зыхуэмейри кърагъэбжт, «мопхуэдиз. мыпхуэднз схуэвгъэкlуэд»,- жрагъыIэрти. Мылъкур ямыгуэш щIыкlэ, езыр зытепсэлъыхьа хуагъэкlуэдынур хагъэкIырт. Абы адэкlэ лIам щIыхуэ телъу щытмэ. ари хагъэкIт. Ахэр хэкlа нэужь. къэна мылъкур ягуэшт. А мылъкур шэрихьэткlэ зыхуагуэшын хуейм хыхьэрт: лlам и адэр. и анэр, и къуэшыр, и шыпхъур (дапщэ иlэми), и быныр, и фызыр. Ауэ зэрахуэхъукIэ зэхуэдэу хуагуэштэкъым. Хэт Iыхьэ ныкъуэ, хэт Iыхьэ щанэ, хэт плIанэ, хэт еянэ. ЦIыхухъум лъысым и lыхьэ ныкъуэт цlыхубзыM иратыр. Лlам мы жыхуэтlахэм хуэдэ къыдалъхуа Iыхьлы гъунэгъу имыIэмэ, анэш хуэдэ, пхъурылъху хуэдэхэр гуэшэгъуу къыгуэувэрт. «Хьэсэбэкlэ гуэшэгъу къыхуохъу», - жыхуаlэр арат. И фызми зы lыхьэ гуэрхэр лъагъэсырти. арат мылъкуу и лlым къыщIэнам щыщу зыхуитыр. Мис аращ, «уи мылъкур чэрэчэкlэ яугуэшыж»,- жыхуаlэр. Мис аращ Хъымсад и уэрэдым: «Нэгъуей жэму сэ къысщlэпхар чэрэчэкlэ яугуэшыж!» - жыхуиlэр. Псалъэм къикlыр гыбзэщ.
Бын имыlэмэ. И фызым лъысар зыlэригъыхьэрти икIыжт. Ауэ нысэр къыщашам и нэчыхьу унэм илъыну хаухыхьауэ щыта сом 200-р мылъкур ямыгуэш щIыкIэ къыхихыну. хуитт. Ауэ и лlыр зэрылlэу lыхьлыхэр ежэрти, а нэчыхь сом 200-р ирагъэгъэгъурт. Ар зищIысыр мырат: фызым и лlыр лlэмэ е ирагъэкIыжмэ, нысэм унэ мылъкум къахихыну хуиту унэм илът. А лlам нэхърэ нэхъ иринэщхъейт lыхьлыхэр а нысэм ирихыну сом щитIым. Ар ирамыгъэхьын щхьэкlэ, молэри, хьэжыри, нэхъ нэмыс зиlэ
лlыхэри ирагъажэрти, мо хэгужьеихьа фыз тхьэмыщкlэр къэгъэдаlуэрти хурагъэгъэгъут. Абы иужькlэ фызыр хуитыжтэкъым къыхихыну.
- Ар нобэ лlамэ, уэ пщэдей улlэнущ, абы емыкlуэлIэжын зыри щыIэкъым, дуней былымым зыдумыгъэхьэхыу хуэгъэгъу, псапэ уиlэнщ,- жаIэрти къытрагъыхьэрт, лlам зы фlыгъуэшхуэ къыхуилэжь къыфIагъэщIырт, къагъапцlэрти, «си нэчыхьыр хузогъэгъу и анэ зригъэфа быдзышэм хуэдэу хьэлэл хухъу»,- жрагъыIэрти, хурагъэгъэгъут.
Абы игъэгъуа сом щитlри а ягуэшырти хыхьэт. Фыз тхьэмыщкIэм гъэпцlагъэкlэ къыlэщlатхъырти, ари езы фызым и лэжьыгъэу, зи Iуэху хэмылъхэм иратт. Апхуэмыдэу цlыхубз губзыгъэ щыIэт, сыт жаIэми, сыт кърагъэкlуэкlми, къахуэмыгъэдаIуэу, япэкlэ и Iуэху зэрыхъуным егупсысрэ, дэнэ щыlэ щхьэусыгъуэр яхуищlурэ яхуигъэгъун имыдэу.
- Си lыхьлыхэр къэмысу сэ си закъуэ акъылкlэ зыри жэуап фэстыфынукъым! - жиlэрэ, яхуигъэгъун имыдэу. Абы хэту фызым и дыщхэр къэсырти, и нэчыхьыр игъэгъуу ядэртэкъым. Мис а щlыкIэм тету, лlам къыщIэна мылъкур зэхагуэшэныр арат чэрэчэр. Захуагъэ лъэпкъ зыхэмылъ унафэ щlыкIэт. Ауэ дэтхэнэ лlам и мылъку къыщlэнами арат унафэу тращlыхьыр.
Ауэ мыпхуэди хэлъащ Iуэхум: фызым и дыщым жэмыщlэ къратауэ, аlбы техъукlыурэ былым зы-тlущ хъуами, ар чэрэчэкlэ ягуэшым хэхуэртэкъым, фызым зэрейуэ къанэрт.
НЭЩЭНЭХЭР
(Адыгэхэм
ф1ыщ, ф1ыкъым жыхуа1эу щытахэр)
Абгъуэм абгъуринэ кърамынэу, джэдыкlэ псори кърахтэкъым.
Адакъэпщыр фlэбгъэжыжмэ, абы и лъэпкъ псори докlуэдыж, жаlэрт.
Адакъэр бжэlупэм къыIуувэрэ и щlыбыр къэгъэзауэ Iуэмэ, фlыкъым жаlэрт.
Адакъэр Iуэмэ, хъыбар гуэр зэхэтхынущ жаlэрти: «хъер, хъыбарыфl»,_ жаlэрт.
Адыгэм хьэдэр жэщым унэм ирагъэлътэкъым, мыфlу къалъытэрти.
Алмэстым и щхьэц налъэр пхъэвылъэм, иумылъхьэмэ, къегъуэтыж, жаlэрт.
Анэм и быдзыщхьэр шхэмэ, и бын сымаджэ мэхъу, жаlэрт.
Анэщlэр Iуэну фIыкъым - угъурсызщ, хужаlэрт. Апхуэдэр яукIти яшхыжырт. «Джэд Iya трашхыхьа?» - жыхуаlэ псалъэжьыр абы къытекIащ. .
Асмыжыр Iэ сэмэгук1э бгъэкъабзэрэ уи пIэщхьэгъым щIэбдзрэ угъуэлъыжмэ, узышэнур пщIыхьэпIэу уолъагъу, жаIэрт.
Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъуну жаlэрт.
Бэдж къоджыхмэ, щыгъыныщIэ къыпхохъуэ, жаIэрти, кIэрапIытIэрт.
Бэдж зэуар зы унэ гуэрым кIуэти: «уэ бэдж къоуа?» - жиIэу щеупщIкIэ, «уэ блэ къоуа?» - жиIэу къеупщIыжмэ, 6эдж зэуар мыбэгыу къанэу, къемыупщIмэ, бэгыу я гугъэт.
Бэдж цIыкIу ижьымкIэ къеджыхмэ, фIыщ, сэмэгумкlэ щIагъуэкъым, жаlэрт.
Бэджым бадзэ къыIэщIэбгъэкIыну фIыуэ къалъытэрт.
Бэлагъ ятхьэщlтэкъым - сэкlэ яупсырт, ятхъунщlырт. Бэлагъым ебзеймэ, уэлбанэ хъууэ жаIэрт.
БэлагъкIэ уеуэну фIыкъым, жаIэрт.
Бэлагъым егъуртэкъым.
Бэлагъым уебзеймэ, бзэгузехьэ уохъу, жаIэрт.
Бэлагъым хъыджэбз ебзеймэ, и фызышэр уэлбанэ мэхъу, жаlэрт.
Бэрэжьей пщэдджыжьым къэбгъуэта блафэр Iэзэгъуэу ябжырт.
Бэрэжьей ягъэстэкъым, мыфIу ялъытэрти. Бэрэжьей махуэм щыгъыныщIэ ядыртэкъым.
Бещто лъэныкъуэмкIэ зызэIуибзмэ,- уэфщI, жаIэрт. Бещто уэфIу къепщэмэ, уэлбанэ мэхъу, уэлбанэу къепщэмэ, уэфI мэхъу, жаIэрт.
Бещтоужьыр къепщэмэ, гъэр гъэфI хъунущ, жаIэрт. Бещто щIыбкIэ пшэр къыщытэджмэ, уэлбанэ хъунущ, жаIэрт.
Бжэблыпкъым зыкIэрыбгъащIэмэ, тхьэмыщкIагъэ къишэу жаIэрт.
Бжэным и нэр хъурей хъумэ, жэщ хъуауэ жаIэрт.
БжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхмэ, узэщохьэ, жаIэрт. БжэщхьэIум укъелъэну, утетыну, утеIущIыкIыну фIыкъым жаIэрт.
БжэщхьэIум утету, е утесу уигу къэкIар мэхъу, жаIэрт.
БжэщхьэIур уи зэхуакуу узэпсэлъэну мыфlу ябжырт.
БжитIым я кум уитыну фIыкъым, жаIэрт.
Бжыхь я зэхуакуу ахъшэ зэIахтэкъым.
Бжьыным фэ куэд трищIэмэ, щIымахуэр щIыIэ мэхъу, жаIэрт.
Бжьыныфэ, бжьыныхуфэ, джэдыкIафэ ягъэстэкъым- тхьэмыщкIагъэ къешэ, жаIэрти.
Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щlагъуэ щыIэнукъым, пшэрмэ, уэсышхуэ щыIэнущ, жаIэрт.
Бжьыхьэм деж, нэху мыщ щIыкIэ, вагъуэбэр пхъэщхьэкIэм и гъунэгъу хъуамэ, пхъэ щхьэкIэр мэдийри, жыгым и хэхъуэныгъэр абы щоувыIэр, тхьэмпэр къыпыхуу щIедзэ,- бжьыхьэм щIидзащ, жаIэрт.
Бжьыхьэм пасэу уэс къесамэ, «гъэм щинэжащ», жаIэти я жагъуэ хъурт. «И чэзум и деж псори фIыщ»,- жаIэрт.
Бзаджэр бжэкъуагъым щыщIатIэрт. Ар щыщIатIэкIэ бынжэпкъ цIыкIур егъэзыхауэ щIатIэмэ, и гъащIэкIэ и анэр лъхуэжьшукъым, Бынжэпкъыыp дэгъэзеяуэ щlатIэмэ, фызыр лъхуэрей мэхъу, жаIэрт.
Бзэгу зепхьэну гуэныхьышхуэщ, жаIэрт.
Бзэгу пшхымэ, бзэгузехьэ уохъу, жаIэрт. Бзэгупэр шхэмэ, пцIы къыпкIэралъхьэ, жаIэрт.
Бзу абгъуэм уиIэбэмэ, Iэ бэгу уохъу, жаIэрт.
Бзылъхугъэм кIэпхыныр лъакъуэмкIэ фIахтэкъым, щхьэмкIэ фIах мыхъумэ.
Бзылъхугъэм и щхьэцыпэр щыпагъэлъэтыр махуэм и хэхъуэгъуэмрэ жэщым и хэхъуэгъуэмрэт.
Бзыхьэхуэщlэ бгъэсыну фIыкъым, жаIэрт .
Блэ букIар башыпэкIэ къапщтэу ижь зыщlумыгъэху, жаIэрт.
Блэ зэраукlа башыр къыумыщтэ, жаIэрт.
Блэ куэд зэхэсмэ, я щlагъым налкъутналмэс щlэлъу ялъытэрт.
Блэ къоуар уэ нэхърэ нэхъапэ псы ефамэ, улIэну къафlэщIырт.
Блэр ныкъуэукI пщIауэ къэбгъэнэжыну фIыкъым, жаIэрт.
Блэ щIымахуэм плъагъумэ, Тхьэ ущlелъэlур къыпхуещlэ, жаIэрт.
БлэгущIэм ущlэlэбэурэ бгъэкIылыну фIыкъым, жаIэрт.
Блэгъум уемыгъу - фIыкъым, лыр сэкlэ къыкlэрыбгъэжурэ пшхын хуейщ, жаIэт.
Блэгъур жьэдумычу хыфlэбдзэну ядэртэкъым.
Блэм уи гъуэгу зэпиупщIыну фIыкъым, жаIэрт.
Блэм япэ шындырхъуо плъагъумэ, уи Iэпкълъэпкъыр псынщlэу гъэр ибох, жаIэрт.
Блэр къоуауэ умыукlыжу къобзеижмэ, улIэну къафlэщIырт.
Блэрэ хьэндыркъуакъуэрэ зэрубыдауэ лъэщыджэ хуэзамэ, зэкlэрихуу я кумкlэ дэкIыну фlыщ, жаIэрт.
Бостейм е къэпталым и щIыlур зэблэпхыкlамэ, щыгъыныщlэ щыптlэгъэнущ, жаIэрт.
Брулым шибл я гуащlэ хэлъщ, жаIэрт.
Былым букlамэ, уи гъунэгъухэр хэбныну фIыкъым, жаIэрт.
Былым къозытыр щlэмыфыгъужмэ, мэбагъуэ, жаIэрт.
Былымыр, насыпыр къызыдэкlуэр бынырщ, жаlэрт.
Бын зыщIэмыхъуэм и сабийр къыщIэхъуэн папщlэ хьэ цIыкIу дапIырт, «хьэ» хэту цIэ фIащырт: «Хьэгуцырэ», «Хьэзешэ», «ХьэтIутI» хуэдэхэр.
Бын лIа зиIэ анэр мэрем махуэм бзэртэкъым икIи дэртэкъыи.
Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ, жаIэрт.
Вагъуэ убжмэ, убжам и зырыз хьэмцlыракIэ къыптекIэну къафIэщIырт.
Вагъуэбэр гъавэм хэплъэмэ, къэкIыгъэхэр псори хохъуэ, жаIэрт.
Вагъуэбэр къыхэмыплъауэ, нартыхум зиIэткъым, апщIондэху хэхъуэгъуейщ, жаIэрт.
Вагъуэбэр щIым зэрынэсу, щIыри псыри мэщтри щIымахуэм щIедзэр.
Вагъуэбэр щIым хэпсэмэ, къэб къуэпсым зедз, жаIэрт.
Вагъуэиж зэралъагъууэ «си мывагъуэу къыщIыкI»,жаIэрт.
ВакIуэ удэкIауэ уи вапIэм бжэн къытелъадэмэ,- yrъypсызщ, кхъуэ къытелъадэм,- угъурлыщ - бэв мэхъу, жаIэрт.
Вакъэ лъэныкъуэу шхэртэкъым. Вакъэм зиIубмэ, фIыкъым, жаIэрт.
Вакъэм кърахыжа шабийр бгъэсмэ, ар зи вакъэм илъар лъэужьей мэхъу, жаIэрт.
Вакъэр зэкIэсмэ, уежьэнущ, жаIэрт.
Вакъэр лъэмбыIууэ плъыгъыну фIыкъым, жаIэрт.
Вакъэрэ пыIэрэкIэ хъуахъуэртэкъым.
Вы щIэпщIар къепсмэ, уэлбанэ хъунущи щIэтIыкIыж, жаIэрт.
Вындыжьхэр зэрызехьэмэ, джэгумэ, уэлбанэ хъунущ, жаIэрт.
Гыбзэр быным я нэхъ хейм тохуэ, жаIэрт.
ГуэгушыхъуитI зэзауэ зэкIэрахутэкъым, зэкIэрызыхур щхьэузырылэ мэхъу, жаIэрт.
Губгъуэм ит былымыр джэгумэ, дунейр къызэIыхьэнущ - уэлбанэ, уае къэхъунущ, жаIэрт.
Гуэрэфыр узыгъуиблым поув, жаIэрт.
ГунэщIу пщэдджыжьым хьэрыхьуп джэ макъ зэхэпхмэ, укъигъэпцIауэ аращи, а гъэм пцIы къыптралъхьэнущ жаIэрт.
ГунэщIу ужеину фIыкъым, жаIэрт.
Гущэ нэщI щIэбупскIэну фIыкъым, жаIэрт.
Гущэм ин ирагъэгъуалъхьэркъым, фIыкъым, жаIэри.
ИтIысхьэми «си жей къызонэ», - жиIэу къикIыжын хуейщ, жаIэрт.
Гущэм илъ сабийр къыдэгъутхьэреймэ, щIалэ тралъхуэнущ, егъутхьэхмэ, хъыджэбз тралъхуэнущ, жаIэрт.
Гущэм цIыбэ къибнэну фIыкъым, жаIэрт.
Гъавэм утеувэмэ, берычэтыр xокI, жаIэрт.
ГъавэщIэр зейм япэ Iухуэжмэ, нэхъыфIщ, хамэм Iухуэ нэхърэ, жаIэрт.
Гъатхэ удз къэкIыгъащIэр къипфыщIыкIыну фIыкъым уи адэ и жьакIэ къофыщIыкIыж, жаIэрт.
Гъатхэм жьыр щIым и гуущ, жаIэрт.
Гъатхэм уафэр бзуукъуэкIэ къыщыгъуагъуэрэ уэшхыр дэ къыттешхэмэ, «уэшхым и лъагъуэ дыхъуащ», жаIэрти, гуфIэрт.
Гъатхэм уафэр Iуащхьэмахуэрэ Къаблэмрэ я зэхуакукIэ къыщыгъуагъуэмэ, «уэлбанэр ищхьэм кIуащ».- жаIэрт.
Гъатхэм пасэу уафэр гъуагъуэмэ, «гъэм щинэжащ»,жаIэрти, я жагъуэ хъурт.
Гъатхэм япэ плъагъу хьэндрабгъуэм ещхьу уи фэр йокIуэкI, жаIэрт.
Гъатхэм япэу хьэндрабгъуэ плъыжь плъагъуну фIыщ, жаIэрт.
Гъатхэм япэу чыцI плъагъумэ, нэхъыфIщ, щынэ нэхърэ: щынэ плъагъумэ, Iэпкълъэпкъыр хьэлъэу гъэр йокIуэкI, жаIэрт.
Гъэмахуэм псыр фиймэ, зыгуэр псым хэкIуэдэнущ, жаIэрт.
Гъэр гъэфIмэ, пшагъуафэщ, жаIэрт.
Гъатхэр гъэгъа нэгумэ, бжьыхьэр гъавэ гуплIэщ, жаIэрт.
Гъэрэ щIырэ щызэхэкI уи унэ къихьам и Iуэхум уи Iуэхури ирокIуэ, жаIэрт.
Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм шэджагъуэ пщIондэ уаеу, жьапщэу щытмэ шэджагъуэ нэужьым уэшх тIэкIу къешхрэ дыгъэ къепсыжмэ, гъэр гъэфI хъунущ, жаIэрт.
Гъэрэ щIырэ щызэхэкIым деж уэсыр ебэкIмэ, гъатхей мэхъу, уэфIыр текIуэмэ, гъэфI мэхъу, жаIэрт.
Гъэрэ щIырэ щызэхэкIым и деж «мафIэщхьэджэд» (мафIэщхьэтыхькIи йоджэ) яукIырт, «гъэмкIэ, унагъуэмкIэ фIыщ», жаIэрти. ,
Гъуэбжэгъуэщ япэу щыплъагъум уи гу къэкIыр къохъулIэ, жаIэрт.
Гъуэбжэгъуэщыр джатэу плъагъумэ, зауэ къэхъунущ. жаIэрт.
Гъуэгу утету уи шым и налыр щIэхуну фIыкъым, жаIэрт.
Гъуэгу техьам кIэлъыпхъанкIэртэкъым, пхъэнкIий кIэлъырадзтэкъым, псым икIыху.
ГъуэгурыкIуэм и гъуэгу зэпаупщIтэкъым.
ГъуэгурыкIуэм хьэкъущыкъу нэщI зыIыгъ ирихьэлIэмэ, иIубти блигъэкIт, гъуэгурыкIуэм и мурад къехъулIэн щхьэкIэ, жиIэрти.
ГъуэгущхьэIум пхъэщхьэмыщхьэ жыг щыхэпсэну фIыщ, жаIэрт.
Гъуэжь уз зэфыкIым джэд гъуэжьыл ебгъэшхмэ мэхъуж, жаIэрт.
Гъубж махуэм Iуэху яублэртэкъым, гъуэгу техьэртэкъым.
Гъубжымрэ бэрэжьеймрэ кхъуэ пэтрэ и кхъуэц зыхигъэхукъым, жаIэрт. Бзэртэкъым, дэртэкъым, Iэбжьанэ паупщIтэкъым, бзылъхугъэм и щхьэц паупщIтэкъым.
Гъубжым Iэбжьанэ иубзи, бэрэжьей гыбзэ къыптихуэ, жаIэрт.
Гъуджэ пIэщIэкъутэну фIыкъым, жаIэрт.
Гъуджэиплъэ пщIыну фIыкъым, жаIэрт.
Гъуджэр щыту къэчамн, е яIэщIэхуу къутами, зы гуауэ гуэр къащыщIыну жаIэрт.
Гъунэгъур бий пщIыну фIыкъым, жаIэрт.
ГъущIкIэ дзэм удэIэбэну фIыкъым, жаIэрт.
ГъущIыпэ къэбгъуэтыну фIыщ, жаIэрт.
Дэп шу мафIэм пэрыувэмэ, хьэщIэ къокIуэ, жаIэрт.
Дэп шур бгъэджалэмэ, хьэщIэ къакIуэм къулейсызыгъэ къыщощI, жаIэрт.
Дей жыг унэм къебгъэтIысылIэмэ, цIыхухъум папщIэкIэ фIыкъым, жаIэрт.
Дунейр бзыгъэми, Iуащхьэмахуэ и щыгум пшэ тIэкIу телъмэ - уэфIкъым, къабзэмэ - уэфIщ, жаIэрт.
Дыгъэ къепсу уэшх къешхмэ, «бланэ малъхуэ, щыхь мэлъхуащIэ», жаIэрт.
Дыгъэ къухьэгъуэм ужеину фIыкъым - уи псэр дыкъуохьэ, жаIэрт.
Дыгъэм пшэкIухь иIэмэ, пщы малIэ е зауэ къохъу, жаIэрт.
Дыгъэм Iэпэ хуэпшиину фIыкъым, жаIэрт.
Дыгъэр жьыуэ къыщIэкIмэ, уэлбанэ мэхъу, жаIэрт.
Дыгъэр иубыдмэ, мазэр иубыд нэхърэ нэхъ гузэвэгъуэщ, жаIэрт.
Дыгъэр къухьауэ зыбгъэпскIмэ, щхьэузырилэ ухъунущ, жаIэрт.
Дыгъужь бэгум зимыгъэпскI щIыкIэ зыбгъэпскIыну фIыщ, жаIэрт.
Дыгъужьбзэгум лыр кьекъутэри гъущIыпэр къыхеш, жаIэрт.
ДыщэхэкI уи унэ илъыну фIыщ, жаIэрт.
Джанэ зэгъэдзэкIа пщыгъыу зыгуэр къобгмэ, къыптохуэ, жаIэрт.
Джэбын бгъэтIылъмэ, хьэдэпэплъэ уохъу, жаIэрт.
Джэгу пщIыхьэпIэу плъагъумэ, уонэщхъей, жаIэрт.
Джэд гъуэлъхьа уиIэу джэдыкIэ пэрыпхъумэу бгъажьэ хъунукъым, жаIэрт.
Джэд хъубжэ ящэртэкъым, яттэкъым: бгъэхъуну узыщыгугъ джэдкъаз лъэпкъыфIым щыщ птымэ, а лъэпкъыр абы докIуэд, жаIэрт. .
Джэд щIэкIэцIам къикIэцIа джэдыкIэр е абы къриша джэдыр тхьэлъэIу пщIыну фIыщ, жаIэрт.
Джэд Iуэмэ, гухэщI къохъу, жаIэрт.
Джэдкъазым и лъэпкъиплIри бгъэхъуну фIыкъым, зыр хьэрэм щIын хуейщ, жаIэрт.
Джэдкъазыр пасэу емылъэжмэ, гъавэр кIэщхъынкIэ мэхъу, жаIэрт.
Джэду къэбгъафэмэ, уэлбанэ мэхъу, жаIэрт.
Джэду фIыцIэ уиIэну фIыкъым, жаIэрт.
Джэдум и щIыбыр мафIэм хуигъазэмэ, уае хъунущ, жаIэрт.
Джэдум лъакъуэ ижькIэ зитхьэщIмэ, уэфI хъунущ, лъакъуэ сэмэгукIэ зитхьэщIмэ, уэлбанэ хъунущ, жаIэрт.
Джэдум уи гъуэгу зэпиупщIыну фIыкъым, жаIэрт.
Джэдур арджэным епIэстхъмэ, уэлбанэ хъунущ е хьэщIэ къэкIуэнущ, жаIэрт.
Джэдур жыхапхъэм епIэстхъмэ, хьэщIэ къэкIуэнущ, жаIэрт.
Джэдур жьэгупащхьэм дэгъуалъхьэмэ, зыгуэр сымаджэ мэхъу, жаIэрт.
Джэдууц хъыджэбзым Iухуэмэ, делэгъуафIэ мэхъу, жаIэрт.
Джэдхэр щахуэмыкъурткIэ щыпэлъхур бзэудэкъук1э яхэуэмэ, джэдхэр мэкъурт, жаIэрт.
ДжэдыкIэр абгъуэм цIыхухъум кърихмэ, апхуэдэр къуртым щIалъхьэрт.
ДжэдыкIампIэ бгъэсмэ, уи джэд кIэцIыжкъым, жаIэрт.
ДжэдыкIампIэм утеувэмэ, лъэужьей уохъу, жаIэрт.
ДжэдыкIэ пщIыхьэпIэу плъагъумэ, уае къос, жаIэрт.
Джэдым щыщу щхьэлъэныкъуэ пэлъытэр и нэгэгъурщ.
Джэдым и мыIуэгъуэу Iуэмэ, къуажэм и бий блокI, жаIэрт.
Джэдынэ зышхыр мастэнэкIэ Iэзэ мэхъу, жаIэрт.
Джэдыр е Iэщыр щыфIэбгъэжкIэ къоплъмэ, и лыр пшхыну хьэрэмщ, жаIэрт.
Дзэлыр пхъащхьэм хэплъхьэну фIыкъым, жаIэрт.
Ежьам кlэлъыгъэхуабэ кIэлъащIырт.
Ежьам кIэлъыджэртэкъым, кIэлъыгъыртэкъым, фIыкъым, жаIэрти.
Ежьауэ кIуэ шум и шыр пырхъамэ е хущхьамэ, фIыкъым, къигъэзэжын хуейщ, жаIэрт.
Ерыскъы зытелъ Iэнэм уи щIыб хуэбгъэзэну фIыкъым, жаIэрт.
Ерыскъы пшхынур къэпым илъми, утемытIысхьэ, жаIэрт.
Ерыскъым уелъэпэуэну фIыкъым, зэ дзэкъэгъуэ нэхъ мыхъуми едзакъэ, упэуджэжынщ, жаIэрт.
ЕрыскъыщIэр унагъуэм щымыщ щахэмытым деж япщэфIыжти яшхыжт, хамэ ерыскъы мыхъун щхьэкIэ, жаIэрти.
Жэм лъхуам бзаджэр кIэрымыхумэ, блэ зэраукIа башкlэ теуIуэрт, е жыгей пхъэдзакIэ кIэращIэрт.
Жэм лъхуам и бзаджэр ишхыжмэ, и гъэшым кIэреч, жаIэрт.
Жэм лъхуам и бзаджэр бэкхъыщхьэм драдзейрт.
Жэм лъхуам ущытхъумэ, зокlуэкl, жаlэрт.
Жэм лъхуэщlэпам и кIэм хъыдан плъыжь кlэращlэрт.
Жэмым и пэр щlым егухауэ гъуэгмэ, фlыкъым, щlыр мэхъей, жаlэрт.
Жэмым и шэр мафlэм пэрыткlуэмэ, жэм быдзыр зэпытхъыу жаlэрт.
Жэмым и нэр топым хуэдэу къижмэ, бжьэкIэрэфмэ, и кIэпкъыр и кlэбдзым фlэкIмэ, езыр лъакъуэ псыгъуэм, зэрыгъэшыфlэм и нэщэнэщ, жаlэрт.
Жэмыр жьэгъуашхэмэ, фlыщ, гъэшыфlэщ, жаlэрт.
Жэмыр зэрылъхуа бжыгъэм и зырыз зэпытхьэлыкlыпlэ и бжьакъуэм къытредзэ, жаlэрт.
Жэп темыхауэ къэбыр хъуркъым, жаlэрт.
Жэщ мазэхэм зы вагъуэ закъуэ ижамэ, а вагъуэр зейр лlэнущ, жаlэрт.
Жэщу жьыщlэпс иумыкlут, фlыкъым, жаlэрт.
Жэщу щхьэр бжьыну фlыкъым, щхьэц кIэрыхумэ, лъэпкъым и дежкlэ фlыкъым, жаlэрти ядэртэкъым.
Жэщым адакъэ Iуэгъуэ мыхъуауэ Iуэмэ, унэм я нэхъыжьыр лlэнущ, жаlэрт.
Жэщым гъуэгу тету лlам тепсэлъыхьыркъым.
Жэщым гъуджэм уиплъэмэ, псэхэхыр плъагъункlэ хъунущ, жаlэрти, иплъэртэкъым.
Жэщым куэншыбым хыхьэртэкъым.
Жэщым удэну фlыкъым, жаlэрт.
Жэщым псыежэхым ухэфыну фlыкъым, жаlэрт.
Жэщым пхъэнкlийр бжэкъуагъым къуатхъуэртэкъым пэшхьэкум, жьэгум иратхъулlэрт.
Жэщым пщlыхьэпlэ lей плъагъуурэ гугъу уригъэхьамэ, къэтэджи уи пlэщхьэгъыр зэхъуэкlи гъущlыпэ гуэр щlэдз, жаlэрт.
Жэщым ущыгъуэлъыжкlэ тlэу укъепсмэ, пlэхъуэж пщlынущ, жаlэрт.
Жэщым щхьэцыр къыумытlатэу угъуэлъыжыну фlыкъым, жаlэрт.
Жэщым яжьэ пщтыр ирадзтэкъым.
Жэщыр бзыгъэмэ, щlыlэщ, уфамэ, пшагъуэмэ, хуабэщ, жаlэрт.
Жыпlэну къэбгупсысар уэ уяпэ зыгуэрым жиlамэ, уяпэ былым къыхохъуэ, жаlэрт.
Жыхапхъэр уэмэ, хьэщlэ къэкlуэнущ, жаlэрт.
Жьакlагъуэм хьилагъибгъу хэлъщ, жаlэрт.
Жьакlэр щаупскlэ ижьырабгъумкlэ къыщlэдзэн хуейуэ, жаlэрт.
Жьэгу мафlэр зэхэбгъэкIыжыну фlыкъым, жаlэрт.
Жьэпкъыпэ дыкъуакъуэм фызитI къешэ, лlитIым докlуэ, жаlэрт.
Жьэрымэ щагъэукlэ дагъэм пагъэткlурти мафlэм хагъаткlуэрт.
Жьы гуу къыщепщэм и деж «ппкъырыузагъэ» жаlэурэ жыгым теуlуэрт.
Жьынду къаджэмэ, зыгуэр малlэ, жаlэрт_
Зэи зэхамыха зыгуэр щызэхахым и деж, мыпсалъэу лъэбакъуищ ячыну фlыщ, жаlэрт.
Зэи узыщIэмылъа унэ ущIэлъу пщlыхь плъагъумэ, пэж мэхъу, жаlэрт.
ЗэпылъитI гъуджэм зэдиплъэмэ, я насып зы хъуркъым, жаlэрт.
Зей жыг лъэпкъыр угъурсызщ, жаlэрт.
Зеичкlэ узэуэм лъы къыдох, жаlэрт.
Зи бын зыфlэмащlэр мэрем махуэм иремыжьыщlэ, жаlэрт.
Зи бынжэ къыдэгъэзея джэшыр къыумыщтэу ублэкI хъунукъым, жаlэрт. _
Зи къупщхьэ къута сымаджэ зыщlэлъ унэм къамэ е нэгъуэщl lэщэ зыкlэрыщlа щlыхьэртэкъым.
Зи къупщхьэ къута сымаджэр щыжейкlэ къыхэмыщтын щхьэк:lэ, жаlэрти, и уэншэку щlагъым гъущlыпэ гуэр щlадзырт.
Зи сабий лlам и щхьэц игъэсыну фlыкъым, жаlэрт.
Зи тэмакъ узым и тэмакъыр Iупс гунэщlкlэ щlашытlыкlмэ мэхъуж, жаlэрт.,
Зи цlэ жыпlэм игу укъокl, уи гугъу ещl, жаlэрт.
Зи щхьэм щхьэц зэрыхъагъитI зиlэ щlалэм фызитI къишэнущ, жаlэрт.
Зи lыхьлы лlа сабийр куэдрэ мыгъын, куэдрэ а лlам емыгупсысын щхьэкlэ, иримынэщхъеин папщlэ, и лlам тратхъуэжам щыщ ятlэ тIэкIу дыдэ зыхэлъ псыкlэ а сабийр ягъэпскIырт.
Зилl лlа фызыр лlы щыдэкlуэж пщыхьэщхьэм илl лlам и кхъэм псы къубгъан тепкIэну фlыщ, жаlэрт.
ЗумытхьэщIауэ щlэжьей цlыкlухэм уахэплъэну фlыкъым, жаlэрт.
Зы быдзышэ ефа сабийхэр зэкъуэшу е зэшыпхъуу ялъытэрти зэрышэртэкъым.
Зы унагъуэ гуэрым и хьэр дэкlрэ нэгъуэщlым хуэкlуамэ, хьэр зейм хуэмыфlу, зыхуэкIуам и насыпу, жаlэрт.
Зы щlыпlэ Iуэхукlэ уежьауэ, унэм ущlэкlауэ къэбгъэзэж хъунукъым - уздэкlуэнур къохъулlэнукъым, жаlэрти.
Зы Iэнэм щхьэ лъэныкъуитI тралъхьэркъым.
Зыгуэр жыпlэну, а жыпlэнур пщыгъупщэжамэ, ар пэжщ, жаIэрт .
Зыгуэр зыфIэкIуэдам кхъузанэ игъэкIэрахъуэмэ, дыгъум и щхьэр уназэ мэхъу, жаIэрт.
Зыгуэр зыфIадыгъуам ва6дзэжькIэ хьэ игъэпIэнкIмэ, дыгъум и щхьэр уназэ мэхъу, жа1эрт.
Зыгуэр зыфIадыгъуам шыгъум ебжурэ мафIэм пэридзэмэ, дыгъум и щIыфэр пIэнкIыу щIедзэ, жаIэрт.
Зыгуэр ишхыну ептарэ абы игъэпсчамэ, и хьэлэлкъым, жа1эрт.
Зыгуэр щыпсалъэм и деж нэгъуэщI зыгуэр къепсамэ, жиIэр пэжщ, жаIэрт.
Зыгуэрым уи нэр тебубыдэу уеплъурэ уи Iупсыр ебгъэхмэ, и щхьэр уз мэхъу, нэ тохуэ, жаIэрт.
ЗыгъэпскIэпс жэщым иракIутыртэкым.
Зым жиIэну псалъэр абы ипэ ихуэу нэгъуэщI зым жиIамэ, абы нэхъапэ шхыныфI ешх, жаIэрт.
ЗыфIэкIуэдам дыгъужьыхуэ мафIэм пэридзэмэ, зыдыгъyaм и Iэр золъэ, жаIэрт.
3ыщахуапэкIэ - и щIагъкIэ къыщIадзэри драпхейуэрэ докIуей, зыщатIэщIкIэ - ятIатэурэ къох.
И жагъуэгъу и деж щIыхьауэ пыIэ зыщхьэрахтэкъым.
Имылъэгъуа зылъагъум и гъащIэм хохъуэ, жаIэрт.
ИпщэкIэ япэу уафэр щыгъуагъуэмэ, гъэр гъэфI мэхъу, бэв мэхъу жаIэрт.
Ищхъэрэжьыр къепщэмэ, гъэр гъей мэхъу, жаIэрт.
Куэдрэ упсэ цIыхур угъурсызщ, жаIэрт.
Куэдрэ фий цIыхур угъурсызщ, жаIэрт.
Кхъэм удэту уубэну фIыкъым, жаIэрт.
Кхъэм Iэпэ хуашийртэкъым, хуашиями едзэкъэжт.
Кхъузанэ хьэху яубыдыртэкъым.
Къагъуэта тыгъэ ящIыртэкъым.
Къаз джэдыкIэм блэ йощ, жаIэрти, япэ щIыкIэ ямыкъутэу ягъавэртэкъым. Нэхъыбэм яшхтэкъым.
Къаз хьэдэIус пщIыну фIыкъым, жаIэрт.
Къаз хъун умыт, къаз къыбдэхъужынукъым, жаIэрт.
Къазыр блэм къытехъукIауэ, куэдрэ бгъэхъуну мыфIу мэхъу, жаIэрт.
Къанжэ къэкIакIэмэ, хьэщIэм зыхуэгъэхьэзыр, жаIэрт.
Къанжэ къэкIакIэмэ, уи къэт къосыж, жаIэрт.
Къанжэр уи бжэIупэм къыщыкIакIэмэ, и кIэр здэгъэзамкIэ хьэщIэр къокI, жаIэрт.
Къанжэр унэ гупэмкIэ къыщыкIакIэмэ, хьэщIэр лIым и благъэщ, жаIэрт.
Къанжэр шыгъуэгукIэ къыщыкIакIэмэ, фызым и благъэ хьэщIэ къокIуэ жаIэрт.
КъаблэмкIэ къикIыу жьы къепщэмэ, уэфI нэщэнэщ, жаIэрт .
Къуаргъхэр зэрвзехьэмэ уэлбанэ хьэзырщ, жа1эрт.
Къуэ къалъхуамэ, жыг хуэбгъэт1ысыну ф1ыщ – мы1эрысей е къхужь1эрысей, жа1эти, хуагъэт1ысырт.
Къуэ къыщалъхуам деж «къуэныш» xyaук1ырт.
К1ыгуугум и Iупс къызыIуригъэжар къэзыгъуэтым насыпыр ейщ, жаIэрт.
KIыгуугум укъигъапц1эмэ, а илъэсым пцIытелъхьэпIэ уохъу, жаIэрт.
KIыгуугур къаджэмэ, мэкъуауэ дэкIыгъуэщ, жаIэрт.
КIуэцIым щыщу нэхъыжь Iыхьэр гур, жьэжьейр аращ.
К1урк1унау къаджэмэ, фIыкъым, жаIэрт.
К1урк1унаум фочкIэ уеуэну фIыкъым, жаIэрт.
Лэгъупыкъу къищIмэ, уэфl мэхъуж, жаIэрт.
ЛэныстэщIэм япэ щIыкIэ щыгъыныщIэ ирабзырт.
Лы цIынэ пщIыхьэпIэу плъагъумэ, фIыкъым, гуауэ къыпщыщIынущ, жаIэрт.
ЛъагапIэ утету плъагъумэ, фIыщ, жаIэрт.
Лъакъуэ ижьыр япэ яхуапэрт, сэмэгур япэ ятIэщIырт.
ЛъакъуэпцIэрыхьу унэм къыщакIухьтэкъым.
ЛъапцIэу щIы пцIанэм утемыувэ, жаIэрт.
Лъахъш цIыхуитIым зэIэпахтэкъым.
Лъэгум ущIэтIэхъуэну фIыкъым, жаIэрт.
Лъэгур шхэмэ, гъуэгу утохьэ, жаIэрт.
Лъэпэдыр зэгъэдзэкIауэ зылъыптIагъэмэ, пцIы къыптралъхьэнущ, жаIэрт.
ЛъэпхъуэмбыщIэм хэлъ къупщхьэ цIыкIухэр зэкIэлъыкIуэу ягъэтIылъти цIэ зэрызыххэ фIащт, хъыджэбзхэм е щIалэхэм я цIэ. Хьэр къраджэрти, япэ къищтэ къупщхьэ цIыкIумкIэ япэ яшэнури, япэ къэзышэнури, иужь къинэнури къащIэу жаIэрт.
Лъэщыджэм бгырыпх зыщIипхэ хъунутэкъым: сабийм и натIэр бгырыпхым зэпитхьэлыкIам хуэдэу дамыгъэ иIэу къилъхунущ, жаIэрт.
Лъэщыджэм 6дзэжьей илъагъумэ, сабий цIыкIур нэ къиж жаIэрт.
Лъэщыджэм пIастэ вэгъу ишхмэ, сабийр щхьэвэгъу мэхъу, жаIэрти ирагъэшхтэкъым.
Лъэщыджэм тхьэкIумэкIыхь илъагъумэ, сабийр ерыкъ (Iупэдыкъуакъуэ) мэхъу, жаIэрт.
Лъэщыджэр лъэгапIэ дэIэбеин хуейкъым, жаIэрт.
Лъэщыджэр лъхуэгъуей мыхъун щхьэкIэ, гъуэлъыпIэ гyгъycыгъyм щагъэгъуэлъырт.
Лъэщыджэр псым Iугъуалъхьэу ефэ хъунутэкъым, сабийр псы къыIурыжу къэнэнущ, жа1эрт.
Лъэщыджэр ужьгъэну, IэкIэ хьэжэну, гухъу кIуэну фIыщ, жаIэрт.
Лъэщыджэр щылъхуэкIэ абы и ныбэм фызгъалъхуэм «Тхьэм псынщIэу фызэIэпих»,- жиIэурэ жьэгурылъ яжьэ щихуэрт.
ЛIа гуэр и гугъу ящIу къепсамэ, абы и дамащхьэм теуIуэрт - мылIэн щхьэкIэ.
ЛIым къуэ къыхуалъхуамэ е къуэш къыхуалъхуамэ, ар къызыхуалъхуам и тхьэкIумэр я1уантIэрт, и пыlэр къыщхьэрачти, гуфIапщIэу зыгуэр кърагъащIэрт.
МазэкIэм щхьэ яупстэкъым.
МазэкIэм Iуэху лъэпкъ яублэртэкъым, щаублэр мазэпэрт.
Мазэм и ухьыр инмэ, дунейр къызэIыхьэнущ, жаIэрт.
Мазэм ит «мэлыхъуэр» нэхъ IупщI хъумэ, мэлыр мэбагъуэ, жаIэрт.
Мазэм куэдрэ уеплъыну фIыкъым, жаIэрт.
Мазэм пшэкIухь иIэу ялъагъумэ, къуажэпщыр лIэнущ, жаIэу щытащ.
Мазэм пщэкIухь кърищIэкIмэ, е зауэ, е уз къежьэнущ, жаIэрт.
Мазэм Iэпэ хуэпшийуэ и гугъу пщIыну фIыкъым, жаIэрт.
Мазэр иубыдмэ, «уз къежьэнущ», жаIэрт.
МазэщIэ къэунэхуам и къуапэхэр итIамэ, уэгъу мазэщ, и къуапэхэр къешэхамэ, уэлбанэ мазэщ, жаIэрт.
Мартым шым ятIэ матищ ешх, жаIэрт.
Мастэм Iуданэ фIэлъу зэIэпахтэкъым.
МастэщIэкIэ дзэмыхэр къатхъыхьмэ, мэхъуж, жаIэрт.
МастэщIэм щыгъыныщIэ япэу ирадырт.
Матэ зэгъэдзэкIа утетIысхьэну фIыкъым, уи насыпыр щIэпIубэжауэ утесщ, жаIэрти трагъэтIысхьэртэкъым.
МафIэ къызэIа щыгъыным мафIэ сахуэр къыхагъэжт.
Мафlэ сахуэ хъуар нэгъуэщI псэуалъэ халъхьэртэкъым, фIыкъым, угъурсызщ, жаIэрт.
МафIэм гъавэ пэрыбдзэу бгъэсыну фIыкъым, гуэныхьщ, жаIэрт.
МафIэм «зуу» жиIэмэ, «хъер, хъыбарыфI» жаIэрти, щэкI Iуж пэрадзэрт.
МафIэм пэрубжьытхэ хабзэкъым, фIыкъым, жаIэрт.
МафIэм пэрылъ дэпыр къэува нэужь, дэп шу къэуващ хьэщIэ къытхуокIуэ жаIэрти, пэрыIэбэмкIэ къратхъэрт: гъуэгур кlэщI ящIынумэ - занщIэу, кIыхь ящIынумэ - нэшэкъашэу.
МафIэм уилъ лъэIэсыну фIыкъым, жаIэрт.
МафIэм упэрыуэну фIыкъым, жаIэрт.
МафIэм уриджэгуну фIыкъым, жаIэрт.
МафIэр къэпIэнкIмэ, зыгуэр пэрадзэрт.
МафIэр къэцIычмэ, «хэту пlэрэ къыттецIычэнур?» жаIэрт.
МафIэр щхъуантIэу, мафIэ бзийр хэлыдыкIыу Iэуэлъауэу хъумэ, жьы къепщэнущ, жаIэрт.
МафIэс пщIыхьэпIэу плъагъуну фIыкъым, жаIэрт.
Махуэм дыгъэр иубыдмэ, зы щlыпIэ гуэрым гузэвэгъуэ щыIэщ, зауэ, лъыгъажэ щыIэщ, жаIэрт.
Махуэм и хэщIыгъуэм деж щхьэи яупстэкъым, Iэбжьани паупщIыртэкъым, щыгъыныщIи ябзыртэкъым.
Махуэм уи щхьэукъуэн къакIуэмэ, уэлбанэ хъунущ, жаIэрт.
Махуэр уэму, дыгъэр гуащIэу къепсмэ, мыгувэу уэлбанэ хъунущ, жаIэрт.
Мэзыр вууэ щIидза нэужь, гъуэгу утехьэ хъунукъым: дунейр къызэIыхьэнущ, жаIэрт.
Мэл яукIам и щхьэлъэныкъуэ ижьыр унэм ирахтэкъым. Ирахыр сэмэгурт.
Мэлым и нэхъыжь Iыхьэр тхыбзиймрэ шхужь кугъуанэмрэт.
Мэлыхъуэнэпсыр (мэлыхъуэпсынэ) мафIэм пэрадзэрти зыхупэрадза фыз лъэщыджэм къилъхунур къащIэу жаIэрт: занщIэу къыдриутхеймэ - щIалэщ, «цыф» жиIэу и щIагъымкIэ псыр ежэхмэ, хъыджэбзщ жаIэрт .
Мэлыр пасэу хуэжмэ, гъэр щIыIэ мэхъу, жаIэрт.
Мэрем гъэш гъэшыншэм ептыну фIыщ, жаIэрт. Мэрем джэдыкIэри апхуэдэу ятырт.
Мэрем пшыхь къэс гъавэр умытмэ, берычэт хъунукъым, жаIэрт.
Мэрем пшыхьым сабыныпс ипкIутыну фIыкъым, хьэдэм щIолъадэ, жаIэрт.
Мэрем пшыхьым уэздыгъэ щIумыгъанэу кIыфIу узэхэсыну фIыкъым, жаIэрт.
Мэрем пшыхьымрэ гъубж пшыхьымрэ цы япхтэкъым, яджтэкъым, ятIэ зэрахьэртэкъым, фIыкъым, жаIэрт.
Мэрем пшыхьым пхъэнкIий ирадзтэкъым.
Мэремымрэ гъубжымрэ Iуэху яублэртэкъым, гъави ясэртэкъым.
Мей, кхъужьей жыгхэр къибупщIыкIыну, бгъэсыну фIыкъым, жаIэрт.
Мывэ сэрейуэ уи пщIантIэр къэпщIыхьыну фIыкъым, жаIэрт.
МыIэрысэ зэгуэт фызым ирагъэшхтэкъым, тIy къелъху зэуэ, жаIэрти.
МыIэрысей бжьыхьэм къэгъэгъэжмэ, фIыкъым, жаIэрт.
Набдзэ ижьыр шхэмэ, уогуфIэ, жаIэрт.
Набдзэр шхэмэ, хьэщIэ къокIуэ, жаIэрт.
Нал къэбгъуэтыну фIыщ, жаIэрт.
Напэ мытхьэщIу уи пэр плъэщIмэ, пэкъиж уохъу, жаIэрт.
Напэ мытхьэщlу ягъашхэртэкъым, шейтlан къыбдашхэ, жаIэрти.
Напэ мытхьэщlу Iэщым хыхьэртэкъым, ерыскъым еlэбыртэкъым.
Напэ мытхьэщlу Iэщым яхэплъэртэкъым, ней мэхъу, жаIэрти.
Напэ мытхьэщIым уIуплъэну дурыскъым, жаIэрт.
Напlэр хэлъэтмэ, хэти мэгуфlэ, хэти и жагъуэ хъун зэхех, жаIэрт.
Напщlэ уфар угъурлыкъым, жаIэрт.
Нартыху плъыжь дыхэпсэмэ, гъавэр бэв мэхъу, жаIэрт.
Нэр плъызмэ, хьэщlэ къакIуэ, жаIэрт.
Нэр шхэмэ, угъынущ, жаIэрт.
Нэхъ Iыхьэ пэрыту ялъытэр: джэдым щыщу бгъэлыгубэр, нэлэгъур, кlапэр арт.
Нэхъыжьым Iэ сэмэгукlэ зыри хуашийртэкъым.
Ныбэ нэщlу гуп яхыхьэртэкъым.
Нысэ къашагъащIэм япэ дыдэу фа хущlахьэрти ирагъэшхырт, унэри лъэпкъри IэфI щыхъунущ, жаIэрти.
Пащхьэр къежэхмэ, хьэщlэ къэкlуэнущ, жаIэрт.
Пэр шхэмэ, уэлбанэщ, жаIэрт.
Пэрыlэбэкlэ ууэну фIыкъым, жаIэрт.
Псы ептам зэптар хэпсчэмэ, «уи хьэлэлщ», жаIэрт.
Псы къахьыр здахьым нэмысауэ хэбгъэфыну фIыкъым, жаIэрт.
Псы къудей къэбгъэкъуалъэмэ, уи вым и пщэр мэкlуэд, жаIэрт.
Псы макъыр ипщэкlэ къыщыlумэ, уэфI хъунущ, жаIэрт.
Псы макъыр ищхъэрэкlэ къыщыlумэ, уэлбанэ хъунущ, жаIэрт.
Псы утхъуа пщlыхьэпlэу плъагъуну фIыкъым, жаIэрт.
Псы пщlыхьэпIэр нэпсщ, жаIэрт.
Псы фалъэ ныкъуэу яттэкъым.
Псым кlуэуэ фалъэкlэ къахьтэкъым.
Псым хэмыплъэу ирафыртэкъым.
Псыр здежэхымкlэ уи щхьэр гъэзауэ ужеину фIыкъым, жаIэрт.
Псыр къыщибгъахъуэкlэ ищхьэрэкlэ ебгъэзыхыу къибгъэхъуэну фIыкъым, пэгуныр ипщэкlэ бгъазэурэ къибгъэхъуэн хуейщ, жаIэрт.
Псы джэдыр фlэзыгъэжамрэ зыгъэжьамрэ яшхыну фlыкъым, гыбзэ къатехуэнущ, жаIэрт.
Псыхьэ кlуэм кIэлъыджэркъым «къэкlуэж», жаlэу.
Птам ущIэфыгъужыну фIыкъым. Ар къеIыпхыжми хъер пхуэхъужынукъым, жаIэрт.
Пхъанкlэрейр угъурсызщ, жаIэрт.
Пхъэдакъэжьым и фэр тепхыну фIыкъым, жаIэрт. Пхъэжь яупстэкъым, еlущlауэртэкъым.
Пхъэр ныкъуэкъутэу унэм яхьын щlадзэртэкъым, зыкъутэ лIым и фызыр малlэ, жаIэрти.
Пхъэщхьэмыщхьэ бгъажэмэ, уэлбанэ мэхъу, жаIэрт.
Пхъэщхьэмыщхьэр хьэпlацlэуахуэ мыхъун щхьэкlэ жыгым мывэ гъуанэ кlэращIэрт.
Пхъу куэд зиIэм, къуэ иIэн щхьэкlэ, иужькlэ къалъхуа хъыджэбз цIыкlум «Хуэмей» фlащт.
Пшагъуэр здэщыIэмкlэ жьыр къикIмэ, уэл6анэ хъунущ, жаIэрт.
Пшапэхэдэ уд мэхъу, жаIэрт.
Пшапэр зэхэуауэ бжьыхьэкlапэ ущIэмыувэ, жаIэрт.
Пшапэр зэхэуауэ псы къахьтэкъым, къахьми пхъэдзакIэ хагъауэрт, е фалъищ щхьэщакIыкIт.
Пшапэр зэхэуауэ псыунэм кlуэ хабзэтэкъым .
Пщэдджыжь мафlэр зэщIэнэгъуафlэу зэщIэнэмэ, а махуэм уи Iуэхур псори тыншу зэфIэкIынущ, жаIэрт.
Пщэдджыжь пшэплъым узэригъэплъэкIкъым, жаIэрт.
Пщэдджыжьым жьыуэ псы къэпхьыну, бжэхэр Iупхыу жьы къабзэ къыщlебгъэхуэну фlыщ: абыхэм насып къадокlуэ, жаIэрт.
Пщэдджыжьым зумытхьэщlу пщlыхьэпlэ пlуэтэну фlыкъым, жаIэрт.
Пщэдджыжьым пшэкlэплъ къищ1мэ, махуэр уэлбанэ хъунущ, пщыхьэщхьэм къищ1мэ уэф1щ, жа1эрт.
Пщэдджыжьым пщIантIэм зэрыдэкlыу ипщэкlэ плъэн хуейщ япэу, жаIэрт.
Пщэдджыжьым укъэуша иужь, гъуэлъыпIэм лъакъуэ сэмэгукlэ укъеувэхмэ, а махуэм узыхуежьэ Iуэхур хъунукъым, жаIэрт.
Пщыхьэщхьэ пшэплъыр махуибл уэфlщи, пщэдджыжь пшэплъым узэригъэплъэкIкъым, жаIэрт.
Пщыхьэщхьэм унэ япхъэнкIтэкъым, пхъэнкlии ирадзтэкъым.
Пцlащхъуэр щIылъэрыкlуэмэ, уэшхыр къэкlуэгъуафlэщ, жаIэрт.
Пщlантlэ лъагъуэм удз къытекIэну фIыкъым, жаIэрт.
Пщlащэр гъуэжь хъуамэ, бжьыхьэщ, жаIэрт.
Пщlыхьэпlэр жэщым яlуатэркъым, пIэм укъимыкlауэ пIуэтэну фIыкъым, жаIэрт.
ПыIэм ехъуэхъутэкъым, узэхъуэхъур щхьэузылэ мэхъу, жаIэти.
Пlастэ вэгъу щlалэ цIыкlухэм ирагъэшхтэкъым.
Пlэщхьэгъым гъуэншэдж щIэбдзмэ, пщlыхьэпlэ Iей уолъагъу, жаIэрт.
Сабий жейм ба хуэпщIмэ, зыгъэгусэрей мэхъу, жаIэрт.
Сабий зи хэхъуэгъуэ асмыж иумыгъэгъу, лъэIужьей мэхъу жаIэрт.
Сабий зекIуагъащIэр щызекIуа махуэм вэнвей хагъэувэрт, Iэщ дэбэгъуэнущ жаIэрти.
Сабий къалъхуамэ, сабийр гущэм хамыпхэ щIыкIэ, джэду хапхэрт, сабийр гъырей мыхъун щхьэкIэ, жаIэрти.
Сабий къэбгъэпцIэну фIыкъым, жаIэрт.
Сабий къыщIанэу щыщIэкIым и деж, жыхапхъэ ираупсейрт .
Сабий цIыкIум и лъакъуэхэр зэтридзэмэ, и анэр аргуэру лъхуэнущ: ижьыр и щIыIу ищIмэ - щIалэ, сэмэгур и щIыIу ищIмэ, хъыджэбз къилъхунущ, жаIэрт.
Сабийм и щхьэр бжьымэ, къуий мэхъу, жари яжьтэкъым.
Сабий цIыкIур къызэралъхуу и нэр къигъаплъэмэ, Iущ мэхъу, жаIэрт.
Сабийр япэ губгъуэм щыдахкIэ, лъапэ махуэ ирихьэжьэну, жаIэрти, мышхэми шхын Iыхьэ худахт.
Сабийм балигъ щыIуплъэкIэ, фIыщ, дахэщ жаIэмэ, нэ техуэну къафIэщIти, «пу, Iеижь цIыкIу!», жаIэрт.
Сабийм и дзэр къэкIыху гъуджэ ирагъаплъэртэкъым, и дзэр къэкIыгъуей мэхъу, жаIэрти.
Сабийм и дзэ щIыIур япэ къэкIмэ, куэдрэ мыпсэууэ малIэ, и щIагъыр япэ къэкIмэ, куэдрэ мэпсэу, жаIэрт.
Сабийм и дзэр къэкIыу япэ зылъэгъуам занщIэу щIихыу вэнвей хуабэм хигъэувэн хуейт, и дзэр къэкIыгъуафIэ хъунущ, жаIэрт.
Сабийм и дзэр япэ щыIухум деж «кхъуейм игъэжь, лыжьым IуищIыкI» жаIэрти, фIамыщI, шыгъу дыщIагъурти унащхьэм драдзейрт, «мэ си щыпэдзэр, уэ гъущIыдзэу къызэтыж»,- жаIэурэ.
Сабийм и дзыгъуэщхьэцыр япэу зыупсам ещхь мэхъу, жаIэрт.
Сабийм и лъэтеувэм хуащIа шхынхэр псори зэуэ Iэнэм тралъхьэрт. Абы и гъусэу щIопщ, джыдэ, уадэ, лъакъуэубыд цIыкIу, дыд, зэрылажьэ Iэмэпсымэхэм щыщ зыкъом тралъхьэрти хагъэIэбэрт, абы япэ къищтэ хьэпшыпым хуэдэ IэщIагъэ игъуэтынущ, жаIэрт.
Сабийм и пэбгыр щхъуантIэмэ, щIалэ тралъхуэнущ, жаIэрт.
Сабийм и пщIыхьым къикI щыIэкъым, жаIэрт.
Сабийм и хъеигъуэм и деж, и анэр зыIуплъэм сабийр ещхь мэхъу, жаIэрт.
Сабийм и Iэбжьанэр пыбупщIым, и лъэгум ущIэуэмэ, зекIуэгъуей мэхъу, жаIэрти, ядэртэкъым.
Сабийм и Iэр и бэкъум дэлъу жейуэ ядэртэкъым - фыздэубзэ хъунущ, жаIэрти.
Сабийм и Iэхэр и щхьэмкIэ щыIэу - жеймэ, лIыхъужь, лIыфI хъунущ, жаIэрт.
Сабийм япэ жиIа псалъэращ и насыпыр, жаIэрт.
Сабийр дыгъэ къухьэгъуэм ягъэжейртэкъым, и псэр дыкъухьэнущ, жаIэрти.
Сабийр жейуэ дыхьэшхмэ, шейтIаным ягъэдыхьэшх, жаIэрт.
Сабийр зекIуэу щыхуежьам деж, зэи мыджэлэн щхьэкIэ, лъэ быдэу щытын щхьэкIэ жаIэрти, лъэтеувэ, мэжаджэ хуащIырт.
Сабийр куэдрэ умыгъэдыхьэшх, гъыжынущ, жаIэрт.
Сабийр къепсрэ мыпсэлъэфми зыгуэрхэр къибжмэ, Iущ хъунущ, жаIэрт.
Сабийр къыщалъхум и деж бгъукIэ тIылъамэ, куэдрэ псэунукъым, и гущIыIу дэгъэзеяуэ тIылъмэ куэдрэ псэунущ, жаIэрт.
Сабийр мэрем пщыхьэщхьэм ягъэпскIыртэкъым.
Сабийр напэ мытхьэщIу щIагъэкIыртэкъым, фаджибл ябжь къытохуэ, жаIэрти.
Сабийр натIэбгъуэмэ, угъурлыщ, жаIэрт.
Сабийр упсэреймэ,насыпыншэ хъунущ, жаIэрти, ягъэупсэртэкъым.
Сабийр цIыхуищым зэIэпахыну фIыкъым, жаIэрт.
Сабийр хущхьэрей хъуамэ, нэ техуауэ жаIэрт.
Сабийр щыдыхьэшхкIэ и нэкIуитIыр кумб хъумэ, и адэр хуэарэзынущ, жаIэрт.
Сабийр япэу гущэм щыхапхэкIэ «гущэхэпхэ хуащIт».
Благъэхэм шхын хъугъуэфIыгъуэхэр къыхуахьурэ гущащхьэм далъхьэрт, къыдахыжурэ яшхыжт.
Сабийр япэ зыщIыхьа унэм зыгуэр кърамытмэ, фIыкъым, щхьэкъуий мэхъу, жаIэрт.
Сабийр япэ псым щрахкIэ джэдыкIэ хадзэрт, «ди Тхьэ, и узри и лажьэри дэгъакIуэ»,- жаIэурэ.
Сэ, къамэ хуэдэхэр цIыхум хэпIу хуэдэу пщIыуэ ядэртэкъым, илъ къыбохь, жаIэрти.
Сэдзэм зыкъыдригъэзеймэ, Iэщ гуэр фIигъэжынущ жаIэрт.
«Сызыбыр убалъэм изулъхьэ», жаIэрт и тхьэкIумэ сэмэгур щыплъым деж.
Сымаджэм гъубжым щIэупщIэртэкъым.
Сымаджэр щэ зэкIэлъыпытy къепсмэ, хъужынущ, жаIэрт.
Сыным тетха тхылъым укъемыджэ, гуэныхьщ, жаIэрт.
Сыным Iэпэ хуэпшиину фIыкъым, хуэпшиями, уи Iэпэм едзэкъэж, жаIэрт.
Тебэм илъу хьэлу ябжыртэкъым.
Техьэгъуэ къызытехьэм, техьэгъуэ къызарытехьэу хуэпауэ псым зыхидзэм, мэхъуж, жаIэрт.
ТхьэкIумэ ижьыр плъымэ,- къыпщотхъу, сэмэгур плъымэ - уауб, жаIэрт.
ТхьэкIумэкIыхь, шы, къаз - а щым я зыхэзым ил хьэрэм щIын хуейщ, жаIэрт.
ТхьэкIумэкIыхьым и лъатэм сабийр щрагъэфэнум деж, и цIэ ираIуэртэкъым «къэзыжыхьым и лъатэт» зэреджэр.
ТхьэкIумэр зумэ, зыгуэр я гум ираубыдэрти, и псэлъэгъум еупщIти, къищIамэ - къехъулIэну, къимыщIамэ - къемыхъулIэну, жаIэрт.
Уафэ джабэ нэгъыхур уаялъэщ, жаIэрт.
Уафэгъуагъуэшхуэ, щыблэ щыщыIэхэм и деж бжэри щхьэгъубжэри Iупхыну фIыкъым: Iупхмэ, унэм къыщIэуэнкIэ хъунущ, жаIэрт.
Уафэр Бещто ищхъэрэкIэ ехрэ къыщыгъуагъуэмэ, уэлбанэр къумымкIэ кIуащ, ищхъэрэкIэ ехащ, жаIэрт.
Уафэр имычэзууэ гъуагъуэмэ, фIыкъым, мэкъумэшыр шэджэлъаджэ мэхъу, жаIэрт.
Уэгъу щыхъуам и деж, хьэндыркъуакъуэм бостей хуащIырт, щатIагъэрти, ягъэщIэращIэрти псым xaут1ыпщхьэжырт, уэшх кърагъэшхыну жаIэрти.
Уэгъу щыхъум и деж уэшх къешхын папщIэ щыблэ зытехуа щIыпlэм мывэ кърахти псым халъхьэрт.
Уэгъум и деж щыпэлъхум пхъэхьыр iiсым ихьрэ игъэпскlым, уэшх къошх, жаIэрт.
Уэгъум и деж Тхьэм уэшх къригъэшхыну елъэIуурэ хъыджэбзхэм хьэнцигуащэ кърашэкIт. Хьэнцигуащэр къыщрашэкIкIэ щхьэж игу пыкI шхын къратт, хьэнцигуащэм псы къытраутхэрт. Шхыну къыхахар псыхъуэм яхьырти, «псыхэлъафэм» щашхыжырт.
Уэгъум и деж фызыжьхэм «псыхэлъафэ» ящIт, уэшх кърагъэшхын я гугъэу.
Уэлбанэ щыхъунум дей фэ шыуар, лы шыуар псыIэ мэхъу.
Уэлбанэрилэу щыту дыгъэ къухьэгъуэм дыгъэр къыщlидзыжмэ, дыгъэр къеплъэкlыжащи уэфI хъужынущ, жаIэрт.
Уэсэпс къемыхауэ нэху къекIмэ, уэлбанэ хъунущ, жаIэрт.
Уэсыр куумэ, гъэр фIы мэхъу, жаIэрт.
Угъыу пщlыхьэпlэу плъагъуну фlыщ, жаIэрт.
Удз тхьэмпищ уи пIащхьэгъым щIэбдзрэ ужеймэ, уи насып зыхэлъыр пщIыхьэпlэу уолъагъу, жаIэрт.
Удзыр къэкlауэ гъатхэм япэу уафэр щыгъуагъуэм деж, и зэману уафэр гъуэгъуащ, жаIэрти удзыщlэ цIыкlухэр къафыщIт, ар фалъэм иралъхьэрт, псы щlакIэрти, ди гуэныр гъавэ щумыгъащlэ жаlэурэ унэм, гуэным ираутхт, гуэным бэлагъкIэ еуэрт. Аращ «уафэр гъуагъуэмэ щхьэж и гуэн йоуэж»,- щIыжаlар.
Уежьауэ уи щlакlуэр уутхыпщIыну фIыкъым, жаIэрт.
Уежьауэ укъепсмэ, къэгъэзэж, къохъулIэнукъым, жаIэрт.
Ужьэ уи бэкъум дэжмэ, мыхъумыбз уохъу, жаIэрт.
Ужьэ уи щIыпIэм къихьэну фIыкъым, жаIэрт.
Уи нэм уеlусэжрэ уи нэвагъуэр умылъагъужмэ, махуэ плlыщIкIэщ узэрыпсэужынур жаIэрт.
Уи нэр плъызмэ, хьэщIэ къокlуэ, жаIэрт.
Уи пащIэр шхэмэ, лыщIэ уошх, жаIэрт.
Уи пщlантIэкIэ псы дaxынy фIыкъым, жаIэрт.
Уи унэм тхьэгъылэдж къыщыджэну фlыщ, жаIэрт.
Уи хьэ дэкIыу кIуэдыну фIыкъым, жаIэрт.
Уи щыгъын щадым Iуданэ зэрылъэдамэ, щыгъын махуэкъым, жаIэрт.
Уи Iэбжьанэр к1ыхьым, шейтlан тlысыпlэщ, жаIэрт.
Уи Iэр уи блэгущIэм щIэплъхьэну фIыкъым, жаIэрт.
Уи Iэр уи щхьэщыгум щызэрыбдзэну фIыкъым, жаIэрт.
Уи Iэгур шхэмэ, зыгуэр къыпхохъуэ е пхощI, жаIэрт.
Уи IитI зэхуакум укъыдэплъыну фIыкъым, жаIэрт.
Уи Iитlыр уи жьэпкъыпэм щlэгъэкъуауэ ут1ысыну фIыкъым, жаIэрт.
Уи Iупс зыгуэрым Iухуэну фIыкъым, жаIэрт.
Уи Iупсыр тэмакъым тенамэ, зыгуэр къыпхуоупсэ, жаIэрт.
Укъепсми ухущхьэми уи Iэр уи жьэм Iульхьэ, жаIэрт.
Улъэтауэ пщlыхьэпIэу плъагъуну фlыщ, жаIэрт.
Умылъэгъуа плъагъум, зэхыумыха зэхэпхмэ, уи гъащIэм хохъуэ, жаIэрт.
Умысымаджэу сымаджагъэ зытепlуэну фIыкъым, жаIэрт.
УмыщIэу уи щIыlу зэблупхыкIмэ, уи щыгъын зэгъэдзэкlауэ зыщыптlагъэмэ, зыгуэр къыпхэхъуэнущ, жаIэрт.
Унагъуэм я хьэкъущыкъу къутэмэ, быным ящыщ гуэрым и бэIутlэlу а6ыкlэ щхьэщыкlауэ къалъытэрти, «хъер ухъу!», жаIэрт .
Унэ кlуэцIым ущыфиину фIыкъым, жаIэрт.
Унэ кIуэцIым чын щагъэджэрэзэкъым, фIыкъым, уи былым щхьэзэ мэхъу, жаIэрти.
Унэ пщIымэ, бжыкъу зэпэбж йоумылъхьэ, жаIэрт.
Унэ щыхаса махуэм шыуан нэщI, матэ нэщI яlыгъыу бгъэдыхьэртэкъым, фIыкъым, жаIэрти.
Унэ ящIыну, е псэуалъэ ящIыну кърагъажьэ псоми япэ бжэгъур угъурлыщ жыхуаlэ цIыхум храгъатIэрт.
Унэм цIыв къыщIыхьэну фIыщ, жаIэрт.
Унэм зыгуэр къышlыхьауэ зыри жимыIэу щIэкIыжыну фIыкъым, ар угъурсызыгъэщ, жаIэрт.
Унэм ущыщIыхьэкIэ ущIэмыпкIэ, фIыкъым, жаIэрт.
Унэм ущыщIыхьэкIэ лъапэ ижьыр нэхъапэ щlэшие, жаIэрт.
Унэр зэрапхъэнкIа жыхапхъэр зумыгъэlусэ, къоIусами еубжьытх, жаIэрт.
Унэр зытеунэри зытеунахъуэри щы мэхъу: хьэр, шыр, фызыр, насыпыp къызыдэкIуэри зыдэкlуэжри аращ,
жаIэрт.
Упщlэ бгырыпх зыщIэпха къобгмэ, къыптохуэ, жаIэрт.
Уфиймэ, жьы къопщэ, жаIэрти ядэртэкъым.
Ухъыджэбзу, уи лъэгу шхэмэ, укъэфэнущ жаIэрт.
Ушха нэужьым уи Iэр зэрумыгъэlуэтыхь, фIыкъым, жаIэрт.
Ушхамэ, узэрышхар Iуамыхыжу умытэджыж: улIмэ - уи фызым укъыщинэнщ, уфызым - уи лIым укъыщи-
нэнщ, жаIэрт.
Ущылъу ушхэну фIыкым, жаIэрт.
УщышхэкIэ упсэлъэну фIыкъым, жаIэрт.
УщыщыскIэ уи куэр зэгуэбгъэуэну фIыкъым, жаIэрт.
ФафIэ узым и цIэ ираIуэртэкъым, «дахэкlэ» еджэрт.
Фэбжь зытехуар гъущIыпэкIэ къатхъыхьырт, бзаджэнаджэ зэран хуэдгъэхъункъым жари.
Шым идзар гъущIыпэкIэ къатхъыхьырт.
Февралым и блым мылым утемыхьэ, жаIэрт.
Фом губзыгъэ уещI, жаIэрт.
Фор Iэзэгъуэщ, и гъуэм блумыгъэкI, жаIэрт.
Фыз лъэщыджэ зыщIэс унэм чы щагъэлыцIтэкъым, сабийм и щIыфэр къолъэлъ жари.
Фыз лъэщыджэм гуэгуш джэдыкIэ ишхмэ, сабийр уэгууэ, бдзэжьей ишхым и нэр къижу, фо ишхмэ, Iупсыжэу къилъхуу, жаIэрт.
Фыз лъэщыджэм и ныбэр папцIэмэ,- щIалэ къилъхуу, бгъуэмэ - хъыджэбз къилъхунущ, жаIэрт.
Фыз мылъхуэм джэдкъаз хуобагъуэ, жаIэрт.
Фыз нащхъуэ умыгъабгэ, жаIэрт.
Фыз хей ибгъэкIыжмэ, берычэтыр здрех, жаIэрт.
Фызабэ бгъэбгэну фIыкъым, бгъэхъуэхъуэну жаlэрт.
Фызым и жьыщIыгъэм дыгъэпс махуэ къытехъуэмэ, и лIым фIыуэ къилъагъуу, къытемыпсэмэ, къимылъа-
гъуу жаIэрт.
Хадэжь пчэтхъэну фIыкъым, жаIэрт.
Хадэм жыг делэ къикIэмэ, фIыкъым, жаIэрт.
Хадэм псыунэпIэжь куэд итыну фIыкъым, жаIэрт.
Хьэ дзэкъапIэм езы хьэм иц гъэлыгъуа тебудэмэ, мэхъуж, жаIэрт.
Хуэ зышхым и щхьэцыр к1ыхь мэхъу, жаIэрт.
Хуэмурэ шхэи куэдрэ упсэунущ, жаIэрт.
«Хъер ухъу» жамыIауэ уи пщIыхьэпIэ умыIуатэ, жаIэрт.
Хъыджэбзым и быдзышэ Iыхьэм щIалэ цIыкIу ебгъэфэну фIыкъым, жаIэрт.
Хъыджэбз къалъхуамэ, сабий цIыкIухэр хъринэ ещIэрт. Хъыджэбз къалъхумэ, къыпцIей е пхъэгулъей хуагъэтIыст.
Хъыджэбз цIыкIур гъыринэмэ, дахэ мэхъу, щIалэ цIыкIур гъыринэмэ и бынжэр къокI, жаIэрт.
Хъыджэбз цIыкlум и набдзэ зэхуакум фlьiцIагъэ итхъа иIэмэ, щlалэ тралъхуэнущ, жаIэрт.
Хъыджэбзыжь къыдэнэжам пхъуантэдэлъ куэд игъэтIылъмэ, яшэ, жаIэрт.
Хъыджэбзыр вагъэсеплъ еплъмэ, къыдонэж, жаIэрт.
ХъумпIэцlэдж абгъуэ пкъутэмэ, уэлбанэ мэхъу, жаIэрт.
Хьэр къугъмэ, мелэIыч елъагъу, жаIэрт.
Хьэбз зи щыпэлъхуэм зы лей къимылъхумэ, къилъхуар фIы мэхъу, жаIэрт.
Хьэ гъуэлъыпlэ угъуэлъмэ, хьэкхъупIэ уохъу, жаIэрт.
Хьэдэ дахым и гъуэгу зэпаупщIтэкъым.
Хьэдэ зэрыщIалъхьэ бел зэlэпахтэкъым.
Хьэдэм куэдрэ ухуэщыгъуэну фIыкъым, гуауэ къытохъуэ, жаIэрт.
Хьэдэр илъу загъэпскIыртэкъым.
ХьэкIэ къызытеуа цIыхум и жагъуэ хъун, гущIыхьэ къыщыхъун зыгуэр жепIэрэ къэбгъащтэмэ, щегъэтыж,
жаIэрт.
Хьэкlэ къызытеуам и гугъу ящI, жаIэрт.
Хьэкъущыкъу къута зэрахьэртэкъым.
Хьэкъущыкъу ныкъуэ къутакlэ ушхэну фIыкъым - уи тIасхъэр къыщIощыж, жаIэрт.
Хьэкъущыкъу мафIэкlэ бгъэгъущыну фIыкъым жаIэрт.
Хьэм и кlэр пыбупщIыну фlыщ, жаIэрт.
Хьэм удз ишхмэ,гъэр бэв хъунущ, жаIэрт.
Хьэм уеджэу зумышалIэ, къакIуэмэ, думыхуж, жаIэрт.
ХьэмаскIэм и кlэ шэрэзар ижьырабгъумкlэ щыIэмэ, угъурсызщ, жаIэрт.
ХьэмцIыракlэр убжмэ, мэбагъуэ, жаIэрт.
ХьэмцIыракIэр текIуэдыкIыжын папщIэ, хъыданым шыгъу кIуэцIашыхьырт, гъуэгущхьиблым тралъхьэти, ар къэзыщтэм хуэкIуэу жаIэрт.
Хьэндыркъуакъуэ бгъэпскIмэ, уэлбанэрилэ хъууэ жаIэрт.
Хьэндыркъуакъуэ букIыну фIыкъым, жаIэрт.
Хьэндыркъуакъуэ щэ къыпкIэлъыпкIэну фIыкъым, жаIэрт.
Хьэр къэбгъапцIэмэ, накIэгуу ухъунущ, жаIэрт .
Хьэр къыббгъэдэувэрэ и кIэр иридзэкI-къридзэкIыу щытмэ, фIыкъым, жаIэрт.
Хьэр къугъреймэ, гузэвэгъуэ щыIэу, жаIэрт.
Хьэр хьэIус пщтыр ебгъэфэреймэ, щIэхыу дэгу хъууэ, жаIэрт.
Хьэрыхьупым и щхьэщыгу уиплъэмэ, улIэнущ, жаIэрт.
Шы пщIэнтIа псы ирагъафэркъым.
Шы фIэбгъэжыну фIыкъым, жаIэрт.
Шы щIыбыр къыхэлъэтамэ, дыжьынкIэ къатхъыхьт, узри и пIэм йокIуэдэж, жаIэрт.
Шыгъу, гъавэхэкI ипкIутынуи утеувэнуи фIыкъым, жаIэрт.
Шыгъур гъущIэмэ, уэфI нэщэнэщ, жаIэрт.
Шыгъур щIэупсапсэмэ, дунейр къопсэпсауэ, жаIэрт.
Шылъэгу кIий макъ зэхэпхмэ, дэгу ухъунущ, жаIэрт.
Шым и лъакъуиплIри лъакъуэхумэ, угъурлыщ, жаIэрт.
Шым и сокур шэсрабгъумкIэ щыIэмэ, угъурлыщ, жаIэрт.
Шыр хущхьэреймэ, угъурлыщ, жаIэрт.
Шыуаным щIали хъыджэбзи ирагъэшхыкIтэкъым, и фы.зышэр уае мэхъу, жаIэрти.
Шыугъэ яIэщIэщIэмэ, е шыгъу иракIутмэ, унэм къайгъэ къихъуэнущ, жаIэрт.
ШыщIэ Iурыжыр хущхъуэщ, жаIэрт.
ЩакIуэ ежьам зыхуагъэукIурийрт, къехъулIэн щхьэкIэ, жаIэрти.
Щиху бгъэкIыну фIыкъым, жаlэрт.
Щхьэгъубжэм уи щхьэр къыдэгъэжауэ ууэршэрыну фIыкъым, жаIэрт.
Щхьэнтэ зэтесыр къехуэхмэ, хьэщIэ къэсащ, жаIэрт.
Щхьэфэм IэпапIэ хужь хэтмэ, ар зыхэтыр ныбэм щилъым и анэр дыщэ кIадэ теувауэ щытащ, жаlэрт.
Щхьэц налъэ ижьымкIэ къыщепсыхмэ, хъыбарыфI къыпIэрыхьэнущ, жаIэрт.
Щхьэц налъэ къыхэжмэ, хьэщIэ къыпхуэкIуэнущ, жаIэрт.
Щхьэц налъэ сэмэгумкIэ къыщепсыхымэ, хъыбар Iей зэхэтxынущ, жаIэрт.
Щхьэц налъэ тхъуа къыхэпчыну фIыкъым, жаIэрт.
ЩхьэцыкIэ зэрадзэртэкъым, насыпым зызэредзэ, жаIэрти.
Щхьэцым утеувэну фIыкъым, жаIэрт.
Щхьэцыр щIэтIэн хуейщ, бзум абгъуэ ищIмэ, щхьэузырилэ уохъу, жаIэрт.
Щхьэцышхуэр насып пэлъэныкъуэщ, жаIэрт.
Щхьэшхуэр акъылышхуэщ, жаIэрт.
Щыблэ уамэ, уэлбанэ кIыхьщ, жаIэрт.
Щыгъын плъыжь пщыгъыу кхъэм удыхьэну фIыкъым, жаIэрт.
ЩыгъыныщIэ пщыгъыу хьэдагъэ урикIуэну фIыкъым, жаIэрт.
ЩыгъыныщIэр зейм япэ зыщимытIагъэмэ, фIыкъым, жаIэрт.
ЩIакхъуэ щагъажьэм деж, и щхьэфэр къэушырыбамэ, жагъуэгъу диIэщ, жаIэрт.
ЩIакхъуэр къудейщ жып1эмэ, дзэ уз уохъу, жаIэрт.
ЩIакхъуэр мыжьами, тIэу гъажьэ ящIтэкъым, фIыкъым, жаIэрт.
ЩIалэ къыхуалъхуамэ, хугу хьэжыгъэр фокIэ пщауэ яшхт, щIалэр гъyp мэхъу жаIэрти.
ЩIалэгъуалэхэм ирагъэшхтэкъым пхъэщхьэмыщхьэ зэгуэт, кугъуитI зэрылъ джэдыкIэ, фIыкъым, жари.
ЩIалэ цIыкIу къалъхуар и пэбгыр фIыцIэмэ, аргуэру къалъхунур щIалэщ, жаIэрт.
ЩIалэ цIыкIур къуейщIеймэ, щlалэфI хъунущ, жаIэрт.
ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ мастэ зэIэпахтэкъым, зым игъэтlылъти адрейм къищтэрт, армыхъумэ.
ЩIэжьейм нэ трамыгъэхуэн щхьэкIэ псым кърамыха хьэмкIутIей пхъэшку цIыкIу и пщэм иращIэрт.
ЩIым уэскIэ зимыгъэнщIамэ, уэшхкIэ зигъэнщIыжкъым. жаIэрт.
ЩIыр хъеямэ, дыгъэр иубыдмэ, мазэр иубыдмэ, узышхуэ къежьэну хъыбар щыIэмэ, мафIэщхьэ джэд яукIт, яукIри джэд фIыцlабзэт.
ЩIыIу зэрымыт джанэ щыптIэгъэну фIыкъым, жаIэрт.
ЯжьэмэгъукIэ ерыщыныр фIыкъым, жаlэрт.
Я мыхабзэ къэбублэну фIыкъым, жаIэрт.
Я мыхабзэ къэзыублэм и анэр щыблэм eукI, жаIэрт.
Япэ къеса уэсым щыщ джэдкъаз Iусым хакIутэрти, ирагъэшхт.
Япэу къешх уэшхым щыщ еIyбт, уэ къехми яшхырт.
Япэу уэс щыплъагъукIэ хъуэхъуэн хуейщ, жаIэрт.
ЯтIэ гуащэ пщIыну фIыкъым, жаIэрти ирагъэщIтэкъым.
Яшхыр я тэмакъым тенамэ, зыгуэрым хьэлэл къыхуимыщIа къафIэщlт.
lэ ижьым и Iэбжьанэм хужь дапщэ хэтми, абы и зырыз щыгъыныщIэ къыхэхъуэну къафIэщIырт.
Iэ сэмэгукIэ къыпхуашияр къеIыпхыну фIыкъым, жаIэрт.
Iэ сэмэгукIэ ушхэныр угъурсызыгъэу къалъытэрт.
Iэбжьанэ-лъэбжьанэр щыпбупщIкIээ бгъэлъеину фIыкъым, жаIэрт.
Iэбжьанэ нэф уиIэныр угъурлыгъэм щыщу къафIэщIырт.
lэбжьанэ пыупщIам теувэр лъэужьей мэхъу, жаIэрт.
Iэбжьанэ пыупщIахуэр ягъэст, армыхъумэ хыфIадзэртэкъым.
Iэбжьанэхэр паупщIа нэужь, псы дамыгъэжэхамэ, ф1ыкъым , жа1эрт.
Iэбжьанэр унэм щыпыбупщIыну фIыкъым, жаIэрт.
Iэбжьанэр пщэдджыжьым, лъэбжьанэр пщыхьэщхьэм паупщIырт.
Iэгур шхэмэ, ахъшэ къысхэхъуэнущ, жаIэрти фIэрафIэм и натIэм щахуэрт.
Iэгъэбэгум еIусэм и Iэр бэгу хъуну къафIэщIырт.
IэлъэщI зытралъхьэм и кIапитIыр зэтекIуэтамэ, а IэлъэщIыр зытезылъхьам тIуанэ тращIэнущ, жаIэрт.
Iэщ щысыр елъэпауэу къагъэтэджтэкъым.
Iэщым уегуэуэну фIыкъым, жаIэрт.
Iэщыр сэ дзагуэкIэ фIагъэжтэкъым.
IэщIыбкIэ псы къибгъэхъуэну фIыкъым, жаIэрт.
Iуащхьэмахуэ пшагъуалъэмэ, уэлбанэ пэплъэщ, жаIэрт.
Iуэху бублэну, жыг хэпсэну, жылэ хэпсэну, тхьэмахуэр, щэбэтыр бэрэжьейр фIыщ, жаIэрт.
Iуэху гуэр мурад пщIауэ укъепсмэ, къохъулIэ, жаIэрт.
Iуэху уиIэу уежьэнумэ, зей баш здумыщтэ, жаIэрт.
Iуданэ хужь къыпкIэрыпщIэмэ, зыгуэр къыппоплъэ, жаIэрт.